УхуэныгъэщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъ
2023-02-22
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысейм и МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм и унэ яухуэнум и лъабжьэр щагъэтIылъым.
- КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ хабзэхъумэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я къалэнхэр тэмэму ягъэзэщIэнымкIэ, я Iэзагъэм хагъэхъуэнымкIэ, зыхуейхэмкIэ къызэгъэпэщыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Республикэм и Iэтащхьэм УФ-м и МВД-м и унафэщIым фIыщIэ хуищIащ апхуэдэ Iуэхухэм сытым дежи гулъытэ зэрыхуищIым папщIэ. КIуэкIуэ Казбек Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм ехъуэхъуащ республикэм щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыныр къалэн нэхъыщхьэу къыхуэзыгъэув я къулыкъур пщIэрэ щIыхьрэ яIэу ирахьэкIыну.
- Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василий район къудамэм и лэжьакIуэхэр щигъэгъуэзащ ухуэныгъэ кърагъэжьар Урысейм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм и жэрдэму зэрыщытым. УнэщIэр ухуэным къэрал бюджетым къыхэкIыу сом мелуан 704-рэ къыхуаутIыпщащ, ар хьэзыр хъунущ 2025 гъэм. Урысей МВД-м Iуащхьэмахуэ районым щиIэ къудамэр мы зэманым зыщIэс унэр 1936 гъэм яухуащ, ар Тырныауз бгы-гъэбатэ комбинатым и ухуэныгъэхэм ящыщ зыуэ щытащ. УхуэныгъэщIэр Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм хухэха унэ зыбжанэу зэхэтынущ. Абы хохьэ къатиплI хъу, администрацэр щылэжьэну корпусыр, спорт пэшышхуэр, машинэхэр зыщIэтыну гаражыр, кинолог IэнатIэм и унэр, инженер-коммуникацэ ухуэныгъэр, нэгъуэщIхэри. Ар иджырей IэмэпсымэхэмкIэ сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу къызэрагъэпэщынущ икIи жылагъуэр зыхуэныкъуэ къэрал Iуэхутхьэбзэхэр щагъуэтыфыным хуэщIауэ щытынущ.