Шынагъуэншагъэр ягъэнэхъапэ
2023-02-04
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымкIэ, абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэсхэм я шынагъуэм пэщIэтынымкIэ комиссэм и зи чэзу зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, Урысейм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщI Надежин Михаил, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым КъБР-м къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, Правительствэм и лэжьакIуэхэр, министрхэр, муни-ципальнэ щIыналъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр. ЗэIущIэм къыщапщытэжащ УФ-м и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм 2022 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр икIи абы 2023 гъэм къыпэщыт къалэнхэр зэпкърахащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм