ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Январь, 2023

ЩIыналъэм и зэIузэпэщым и хэкIыпIэхэр

2023-01-28

  • КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIащ ухуэныгъэхэмрэ псэупIэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ ятеухуа зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, министрхэр, щIыналъэхэм я администрацэхэм я унафэщIхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Шумахуэ ХьэзрэIил Салмэн и къуэр

2023-01-28

  • Ди республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 81-м иту дунейм ехыжащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и артист Шумахуэ ХьэзрэIил Салмэн и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Иджырей гъуазджэ

2023-01-28

  • Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхь-кIэ щыIэ скверым щаухуа галереем мы махуэхэм къыщызэIуахащ Кавказым и иджырей гъуазджэм и гъэлъэгъуэныгъэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Псэр зыгъэтынш ди Маринэ

2023-01-28

  • Лэжьэгъур къызэрыпцIыхур и лэжьэкIэрщ. ЦIыхум и теплъэми, и купщIэми, и хьэлми куэд къыбжаIэ, ауэ гупым абы щиIэ пщIэр къызэрихьыр псоми зэгъусэу ягъэзащIэ къалэным хилъхьэ жэуаплыныгъэрщ, напэрщ, гумызагъагъырщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

КъызыхэкIа лъэпкъыр зыгъэин

2023-01-28

  • «Адыгэ псалъэ» газетым и шофёр Соблыр Хьэсэнбий щIышылэм и 29-р къыщалъхуа махуэщ. Соблырыр унагъуэщ, хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ иIэщ. Гугъуехьым, лэжьыгъэм къыпимыкIуэт цIыхущ. Зыдэс Щхьэлыкъуэ жылэм фIы дыдэу къыщацIыху и IуэхущIафэкIэ, и дуней тетыкIэкIэ. Абы и ныбжьыр илъэс 55-рэ зэрырикъур къэдгъэсэбэпри, и гукъэкIыжхэмкIэ къыддэгуашэмэ ди гуапэу, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу

Адыгэшым и дуней телъыджэр

2023-01-28

  • Наужьыдзэ Iуащхьэм километрищкIэ нэхъ ищхъэрэIуэу щыIэщ Инал Iуащхьэр. Ар щIыпIэ дахащэщ, гъэщIэгъуэнщ, IуэрыIуатэшхуэ зэпхащ, ауэ удэкIыну гугъущ, я нэхъ цIыху быдэ дыдэм и узыншагъэр зыпэмылъэщщ. Арами, адыгэхэм абы ижь-ижьыж лъандэрэ шы щагъэхъу. Уеблэмэ Кавказ псом зы къуапэ щыIэкъым шы гъэхъунымкIэ Инал пащIу щыта. Дауи, ар зи фIыщIэр и щIыуэпсырщ. Сыту жыпIэмэ, Инал щIыпIэр лъагэ дыдэщ — метр мини 3-м щIегъу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

НыбжьыщIэхэм я зэпеуэ

2023-01-28

  • Кэнжэ къуажэм щекIуэкIащ 2011 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я етIуанэ республикэпсо зэхьэзэхуэ. Тренеру илъэс куэдкIэ лэжьа Майсурадзе Альберт и фэеплъу ар къызэрагъэпэщат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Музыкэ театрыр  къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 55-рэ ирокъу

2023-01-28

  • 1968 гъэм Коган Лев и «Iэминат» балетымкIэ (либреттэр Проценкэ Александр ейт) къызэIуахауэ щытащ Музыкэ театрыр. Абы и пэ къихуэу КъБАССР-м и цIыхубэ артист, Таджик Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Проценкэ Александр Къэбэрдей-Балъкъэр культпросветучилищэм и хореографие къудамэм щеджэхэр хэту къызэригъэпэща балет труппэм игъэуват лэжьыгъэ зыбжанэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2023-01-28

  •  
  • Прозэу тха усэ
  • КъэщIэрей дыдэ
  • Мор-мыр жыхуаIэ къэщIэрей нэхъ цIэрыIуэхэр зэхуэсауэ я фIэщыпэу зэпеуэрт.
  • Щи, тхьэмадэр щIоупщIэ:
  • — Сыт псом нэхърэ нэхъ IэфIыр?

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Софият адыгэбзэр Амман щрегъэдж

2023-01-28

  • «Россия-1» урысейпсо телерадиокомпанием и щIыналъэ къудамэм и журналист Вэрокъуэ Софият Амман, пащтыхьыкъуэ Хьэмзэ и цIэр зезыхьэ Адыгэ школым, ирагъэблэгъауэ адыгэбзэр щрегъэдж.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щапхъэ