|
Январь, 2023
ЦIыхубз зэгухьэныгъэр щагъэгъуазэ
2023-01-21
- КъБР-м и Парламентым и депутатхэр яIущIащ «Надежда России» бзылъхугъэ зэгухьэныгъэ» урысейпсо жылагъуэ IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм хэтхэм. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым
Вэрокъуэ Затий: Уи щхьэр лъагэу пIэту «Сыадыгэщ!» щыжыпIэ мэхъу
2023-01-21
- Европэм щыIэ Адыгэ Хасэхэм я федерацэм лэжьэн зэрыщIидзэрэ илъэс 15-м нэблэгъащ. А пIалъэм къриубыдэу IуэхуфI куэд щызэфIагъэкIащ абы лъэпкъылI щэджащэхэмрэ адыгэгу зыкIуэцIылъ цIыхубэмрэ. Иджыпсту федерацэм и тхьэмадэм и къулыкъур зезыхьэр илъэс 40-м нэблэгъауэ а къэралым щыпсэу, хьэрычэтыщIэ Вэрокъуэ Затийщ. Ар хэкум къызэрыкIуэжар къэдгъэсэбэпри, «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым къедгъэблэгъащ нэмыцэхэм яхэс ди лъэпкъэгъухэм нобэ я Iуэху зыIутым, я псэукIэм, гупсысэхэм зыщыдгъэгъуэзэн мурадкIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
КъыхуащI дзыхьыр егъэпэж
2023-01-21
- ИгъащIэми жаIэ: «ЦIыхур зыгъэдахэр и Iэужьырщ, и зэфIэкIырщ, и Iэдакъэм къыщIэкIарщ». Псалъэ дахэ жызыIэу фIы зымыщIэм зэи пщIэ иIэнукъым, апхуэдэр паши хъуфынукъым. Мы тхыгъэм зи гугъу щытщIыну Беслъэней Борис Данил и къуэм къикIуа гъуэгуанэр ди щIалэгъуалэм дежкIэ щапхъэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Шэрджэс-хъан Iуэ Дыщэм и тепщэт
2023-01-21
- Монгол-тэтэрхэм я лъэхъэнэм псэуа, «Шэрджэс-хъан» цIэр зезыхьэу щыта тепщэ гуэрым и хъыбар куэд щIауэ зэхыдох. ГурыIуэгъуэщ ди лъэпкъыцIэ зэрызэрихьэ къудейм ар адыгэ зэримыщIыр. ИтIани, тхыдэ щIэныгъэлIхэмрэ монгол-тэтэрхэр къуэпс къежьапIэ зыхуэхъу лъэпкъхэм я лъахэхутэхэмрэ я деж дызыщымыгъуазэ куэд къыщыдощIэ. Абы и фIыгъэкIэ ди блэкIам и напэкIуэцIхэми еплъыкIэщIэкIэ дыбгъэдыхьэн хуейуэ къыщIокI.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Тхыдэ
Хьэмбылу зэпрыпщыпIэ
2023-01-21
- Зэрынэрылъагъущи, уахэр (хьэршыр) зэлъэщIэгъэхьэнымкIэ лъэпощхьэпо нэхъ ин дыдэу къэувыр абы иIэ абрагъуагъэу кIэи пэи зыдамылъагъурщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Гъуэгуанэм пызыщэхэр
2023-01-21
- «Шыхулъагъуэ» напэкIуэцIыр «Адыгэ псалъэ» газетым иIэу щытащ. Абы къытрадзэрт тхэн щIэзыдзагъащIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр, литературэм теухуа тхыгъэхэр. А напэкIуэцIыр зэман зэхуэмыдэхэм газетым щылэжьа ди тхакIуэхэм, усакIуэхэм ягъэхьэзыру къекIуэкIащи, дэри абы пытщэну ди гуапэ къудей мыхъуу, ди къалэнуи къыдолъытэ, адыгэ псалъэр гъэIуныр ди пщэрылъщи.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Шыхулъагъуэ
2023-01-21
- Псалъэжьхэр
- Къэмыфэфым пшынауэм трелъхьэ
- Щхьэгъусэ улъыхъуэмэ, благъи дэлъыхъуэ.
- ФIылъагъуныгъэр къупщхьэ зауэм хуэдэщ.
- Хамэм ухуэмыубэ, быным ухуэмыдзыхэ.
- Гъунэгъур гъуджэм хуэдэщ.
- Гъавэ зытетым бжьын жылэ тресэ.
- Делэр псоми я Iыхьэгъущ.
- ыщэ цей хуэпщI щхьэкIэ, пэ хуэпщIын.
- Джэду хьэжы зыкъещI.
- ДжэдыкIэм цы къыхех.
- Къэмыфэфым пшынауэм трелъхьэ.
- ЖьэкIэ маисэщ, IэкIэ сэмэгущ.
- Зи щхьэ зыфIэмыдэхэж щыIэкъым.
- Зумыхьэри уимыIэри зыщ.
- Зымылъэгъуа хашэ хъуркъым.
- ЗыщIэм жиIэркъым, жызыIэм ищIэркъым.
- Иужьрей Iуэху бзу кIагуэщ.
- Къапхъэнми имыгъапцIэ иубыдыркъым.
- Къалэн зыщыпщIыжыр къалэн пхуохъу.
-
- Шхыныгъуэхэр
- Джэш хьэнтхъупс, прунж хэлъу
- Джэш лъэсар псы щIыIэм хакIутэри, зэIащIэурэ зэ къытрагъэкъуалъэ, мафIэр ину блэуэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. МафIэр нэхъ щабэ ящIри, ныкъуэвэфI хъуху ягъавэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. Джэшыр зыхэвыкIа псыр иракIут, шыуаныр ятхьэщI, джэшыр иракIутэжри, шэ гъэпщта щIакIэ, шыгъу хадзэри, зэ къытрагъэкъуалъэ. Абы прунж лъэсар халъхьэри, зэIащIэ, зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. ИтIанэ мафIэр щабэ ящI, шыуаныщхьэр трапIэри, шэр щIимысыкIын щхьэ-кIэ зэзэмызэ зэIащIэурэ хьэзыр хъуху ягъавэ.
- Хьэзыр хъуа хьэнтхъупсым бжьын гъэлыбжьа традзэ, джэдгын хаудэ, шыуаныщхьэр трапIэри дакъикъитху-хыкIэ щагъэт IэфI къыщIыхьэн щхьэкIэ. Iэнэм шатэ текIауэ пщтыру трагъэувэ. ЩIакхъуэ, чыржын, лэкъум дашх.
- Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): джэш гъуэжьу — г 50, прунжу — г 30, япэу зэрагъавэ псыуэ — г 1500-рэ, шэ щIэмыхуу — г 400, шатэу — г 40, шыгъуу, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз. Бжьын гъэлыбжьам: тхъууэ — г 30, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 30, шыбжий сыр хьэжауэ — узыхуейм хуэдиз.
- Къубатий Борис.
-
- Фэ фщIэрэ?
- Домбей
- Ди лъахэм щыIэ псэущхьэхэм ящыщу нэхъ ин дыдэщ домбейр. Абы и кIыхьагъыр метри 3,5-м, и хьэлъагъыр кг 900-м щIегъу. Домбейм лышхуэ телъщ, и фэм щыгъын зэмылIэужьыгъуэхэр къыхэпщIыкI мэхъу.
- Илъэсищэ хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди къуршылъэ мэзхэм куэду щыпсэууэ щытащ а псэущхьэр. Кавказ домбейкIэ еджэрт абыхэм, апхуэдэ лIэужьыгъуэ нэгъуэщI щIыпIэхэм зэрыщымы-Iэм къыхэкIыу. 1920 гъэм ирихьэлIэу къэнэжа щIагъуэ щымыIэу зэтраукIауэ щытащ. ИужькIэ, Iэмалу щыIэр ирахьэлIэри, и бжыгъэр зэфIагъэувэжащ. Мы зэманым домбейхэр ди республикэ-ми щопсэу, ауэ я бжыгъэр зэкIэ мащIэ дыдэщ. Нэхъыбэу ахэр здэщыIэр Теберда щыIэ заповедникырщ.
- Домбейм и лым, и фэм, и бжьакъуэм щIэупщIэшхуэ яIэщ, абы и шэр IэфIщ, Iувщ.
- Домбейхэр хъумэн, зи бжыгъэр куэд щIыпхъэ псэущхьэхэм ящыщщ.
-
- Гупсысэ кIэщIхэр
- Губзыгъэ псори жьакIуэкъым
- ЖьакIуэхэм — утыку, трибунэ къихьэу, фадэ-Iэнэ бгъэдэсу екIуу, Iэзэу псэлъэфхэм, хъуэхъу дахэ жызыIэфхэм — сехъуапсэу сыкъекIуэкIащ… иужькIэ гу лъыстэжащ нэхъыбэм а жаIэхэр (текстхэр) зрагъэщIауэ (Iэджэрэ жаIэжауэ) зэрыщытыр… ИкIи жэщым ахэр къэбгъэтэджыжми, а ящIэ тIэкIур жаIэжыфынущ. Ар щIыжысIэращи, Достоевскэм, акъылэгъу удэмыхъункIэ Iэмал имыIэу, мыпхуэдэ гупсысэ мызэ-мытIэу и тхыгъэхэм къыщыхигъэщащ: языныкъуэ щытыкIэхэм «цIыху губзыгъэм жиIэхэр куэдкIэ нэхъ мыхьэнэншэщ (уеблэмэ делагъэщ), жимыIэу къигъэнэжым нэхърэ». Арауи къыщIэкIынущ губзыгъэ псори щIэмыжьакIуэр, жьакIуэ псори щIэмыгубзыгъэр.
-
- КъэбгъэщIар ящыгъупщэмэ…
- Зы лъэныкъуэкIэ Iейуэ къыщIэкIынукъым дунейпсо поэзием ущыгъуэзэныр, ар Iэзэу уи тхыгъэхэм къыщыбгъэсэбэпыныр. Ауэ, цIэ-унэцIэ уиIэжу, усакIуэу зыкъыщыплъытэжкIэ, уи макъ уиIэжын зэрыхуейр пщIэжынри игъуэджэу къыщIэкIынукъым. Хэт ижь къыпщIихуми — ар емыкIукъым, узыдэплъеин щыгу уимыIэу лъагапIэхэм узэрыдэмыкIыфынури щэхукъым. УщымыгенийкIэ, жамыIа пхужыIэнукъым. Ауэ щыхъукIи, усэ щыптх-къыщыбгъэщIкIэ, зыми емыщхьу уэ езым уи макъ, уи хъэтI уимыIэжмэ, уусакIуэкъым, къэбгъэщI псори икIэм-икIэжым псыхэкIуадэ хъужу, уремесленникыу аркъудейщ (пIалъэ кIэщIым — илъэс зыбгъупщIым — къэбгъэщIар ящыгъупщэмэ, аракъэ псыхэкIуадэ хъужыр).
- Хьэту Пётр.
-
- Тхыдэ
- Пасэрей Iэщэхэр
- Археологхэм щIы щIагъым къыщIахыж пасэрей Iэщэхэм ящыщщ джыдэр. Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, мывэм къыхащIыкI зэрыхъу лъандэрэ пасэрейхэр джыдэм ирищакIуэу, иризауэу къэгъуэгурыкIуащ, ар шабзэми джатэми нэхърэ нэхъ пасэу къытехьащ дунейм. ЩIы щIагъым куэдыкIейуэ къыщIэкIыж пэтрэ, зэзэмызэххэщ нарт хъыбархэм джыдэм и цIэ къыщраIуэр: Iэщэу къежьами, абы и Iэщэ «къалэныр» хуэм-хуэмурэ фIэкIуэдри, унагъуэм щызэрахьэ Iэмэпсымэ хъуащ. Джыдэм Iэщэ «къалэн» щиIам пасэрей адыгэхэр абы зэреджэу щытар нэгъуэщI псалъэщ — «уэщ» («уэн» псалъэм и лъабжьэгъущ, ар щыхьэт тохъуэ джыдэр пасэрейхэм Iэщэу зэрызэрахьам). «Джыдэ» псалъэр нэгъуэщIыбзэм къыхэкIащ, ар адыгэбзэм къыщыхыхьам щыгъуэ джыдэм «Iэщэ» мыхьэнэ иIэжакъым — унагъуэм щызэрахьэ Iэмэпсымэ хъуакIэт (абы нэхърэ нэхъ IэщэфI къагупсысати), аращ хамэбзэм къыхэкIа псалъэм («джыдэм») адыгэ псалъэр («уэщ»-р) иригъэкIуэтын, абы и пIэ иувэн щIыхузэфIэкIар.
- «Уэщ» псалъэр лъэныкъуэ егъэза хъуа щхьэкIэ, ар адыгэбзэм хэкIуэдыкIыжакъым: «джыдэм» нэхърэ нэхъ мащIэрэ къагъэсэбэпми, адыгэбзэм ноби къыщызэтенащ, и мыхьэнэм зэрызихъуэжа щIагъуэ щымыIэу. Шабзэми джатэми нэхърэ нэхъыжьщ уэщыр — пасэрей цIыхум япэ дыдэ къищта Iэщэщ ар: япэщIыкIэ мывэм (псалъэм папщIэ, щтаучым), иужькIэ гъущIым (бронзэм) къыхищIыкIыурэ. Шабзэр, иужькIэ джатэр зэри-хьэ хъуа нэужь, пасэрейм гу лъитащ шабзэри джатэри уэщым нэхърэ зэрынэхъ Iэрыхуэм. Ар щхьэусыгъуэ хуэхъури, уэщыр IэщIыб ищIыжащ пасэрейм, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, ар унэм къринэри, шабзэрэ джатэкIэ зызэщIиузэдащ. Псэ быдэу къыщIэкIащ а тIур: адыгэхэм шабзэри джатэри зэрахьащ епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэ пщIондэ. Япэ дыдэ къежьа Iэщэм — уэщым — апхуэдэ гъащIэ иIакъым; нэхъ гъащIэ кIыхь хъуащ уэщым къытехъукIыжа Iэщэр — маит хъужыр (секирэ жыхуаIэр).
-
- Псалъэзэблэдз
-
- ЕкIуэкIыу: 1. Къуий здэщыIэм … къыщрахыркъым. 3. УкIытэ зиIэм насып … 7. … къэрабгъэ нысащIэ гъэшынэщ. 8. … ныкъуэрэ зэрыщIэркъым. 9. … щыкъун и пщIыхьщ. 12. Ахъшэр … хуэдэщ. 13. … здэщымыIэм дзыгъуэ щоятэ. 17. Къандзэгурэ … гу егъэуфэрэнкI. 20. Куэд зыгъэщIа куэд … 21. Уэшх блэкIам … кIэлъумыщтэ. 22. … имылъмэ, лъакъуэм и мыгъуагъэщ. 23. Бзэгур шэм нэхърэ нэхъ …
- Къехыу: 1. Мыщащхьэ плъагъуу, … лъэужь умылъыхъуэ. 2. … къэтэджамрэ щIалэу къэзышамрэ щIегъуэжыркъым. 4. … къашэри, вынэ ирищIащ. 5. … и зекIуапIэ и кIуэдыжыпIэщ. 6. Бэр зэкъуэтмэ, батэ … 10. Зумыхьэри уимыIэри … 11. Зым и зэран … йокI. 14. Лы зышхар … йофэж. 15. Зи цIэ ираIуэ бжэщхьэIу … 16. И анэ еплъи, ипхъу … 18. … зытI, … йохуэж. 19. Узыдэмыхьэ къуэладжэ лы … .
- Зэхэзылъхьар Бицу Жаннэщ.
- ЩIышылэм и 14-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу: 3. Амыщ. 5. Вынэ. 6. Дзыбэ. 7. Уанэ. 8. КIэс. 9. ЧыцI. 12. Мест. 14. Iулъхьэ. 16. Чынт. 17. Арму. 19. Фо. 20. Нэд. 21. Гъудэ. 22. Уд.
- Къехыу: 1. Набдзэ. 2. Шэрэз. 4. Щхьэпс. 5. Выуэч. 10. Гъум. 11. Сэ. 13. Тутын. 14. Iужажэ. 15. Хьэм. 16. Чэф. 18. Уэд.
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
2023-01-21
- «Гранд-Кавказ» хьэщIэщым щагъэлъагъуэ «Палитра» выставкэм хагъэхьащ республикэм и художник цIэрыIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэт тхущIым щIигъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гъэлъэгъуэныгъэхэр
ПщафIэ цIыкIу
2023-01-21
- Илъэс 14 зи ныбжь Куэцэ Инал пщэфIэным дихьэх къудейкъым, абы балигъ куэдым яхуэмыщI шейдефэхэр IэфI дыдэу ещI. Инал и къуэш нэхъыщIэ Идар теухуа тхыгъэ зыбжанэрэ ди газетым тетащ, абы «Детская Новая Волна-2022» зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къызэрыщихьам теухуауэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ЗыхуейхэмкIэ зыщIагъакъуэ
2023-01-21
- Бахъсэн щIыналъэм щыщу дзэ къулыкъум ираджэжахэм яхэхуа ди щIалэхэм зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ зыщIагъакъуэ. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэр къызэрагъэпэщащ къуажэдэсхэм, еджапIэхэм щIэсхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хэтхэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Урысейпсо зэхьэзэхуэр къапоплъэ
2023-01-21
- СпортымкIэ мастер, дунейпсо класс зиIэ, КъШР-м и депутату, дунейм самбэмкIэ и чемпиону щыта Къуныжь Мухьэмэд и фэеплъ урысейпсо зэпеуэ Черкесск къалэ щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм а зэхьэзэхуэм медалитху къыщахьащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Спорт
|