Псэр зыгъэтынш ди Маринэ
2023-01-28
- Лэжьэгъур къызэрыпцIыхур и лэжьэкIэрщ. ЦIыхум и теплъэми, и купщIэми, и хьэлми куэд къыбжаIэ, ауэ гупым абы щиIэ пщIэр къызэрихьыр псоми зэгъусэу ягъэзащIэ къалэным хилъхьэ жэуаплыныгъэрщ, напэрщ, гумызагъагъырщ.
- «Лэжьыгъэм щышынэркъым», «ЛэжьэкIэ ещIэ», «ЗэIусэм псэ хелъхьэ». А псалъэ дахэ псори хуэфащэщ нобэ и махуэ лъапIэр щхьэусыгъуэ тщIауэ, ди газетеджэхэм нэхъ гъунэгъуу къедгъэцIыхуну мурад зыхуэтщIа Дол (Абазэ) Маринэ.
- Газетыр абы еджэм и пащхьэм и чэзум нэсын папщIэ, редакцэм зэфIигъэкI лэжьыгъэхэр куэд мэхъу. Тхыгъэр зыгъэхьэзыр журналистым, къезэгъ-къемызэгъ и лъэныкъуэкIэ абы хэплъэж редакторым, яIэщIэкIа щыуагъэхэр къыхэзыгъэкIыж корректорым уакъыфIэкIмэ, зыхуей хуэза сатырхэр тхылъымпIэм зэриувэну жыпхъэр зэзыгъэзахуэр адыгэбзэкIэ зэкIэ зи цIэр димыIэ, «верстальщик» IэнатIэм Iутырщ. НапэкIуэцI къэс зы цIыху хэха иIэу, газетым и теплъэр зыщIхэм я пщэ къыдохуэ хьэрфыр нэм кърихыфын хуэдэу, IупщIу, тхыгъэр езым хухаха игъэувапIэм ихуэу, псалъащхьэхэм нэм зыкъыщIадзэу, напэкIуэцIыр «сыкъеджарэт» жыпIэу ищIыныр. Дауи, хьэрфхэр удз гъэгъакъым, уепэмурэ удихьэхыу. Газетым узэрызришалIэр абы ит тхыгъэхэм ящIэлъ къарурщ, мыхьэнэрщ, щIэщыгъуагъырщ. Зэ IуплъэгъуэкIэ, цIыхур машинэм ещхьу щIэзыщIэ, псэ зыIумыт лэжьыгъэ гъущэу къыпщыхъу Iуэхур жьы зыщIэт Маринэ и IэбэкIэм зэрихъуэжым гу лъумытэну гугъущ. Курыт школым къыщIэкIыу институтыр къызэриухрэ щолажьэ ар «Адыгэ псалъэм». Сатырхэм я кIыхьагъ-кIэщIагъым, бгъуагъ-лъагагъым фIэкIа зэзымыгъэзахуэ верстальщикым «сыт и талант» хужиIэнкIи хъунщ хэзымыщIыкIым. ИтIани, и пащхьэ къихуа тхыгъэр зытеухуар зэхимыгъэкIыу, абы теухуауэ езым ищIэмкIэ къыбдэмыгуашэу, щIэмыупщIэу, димыхьэхыу, зытха журналистри, зи пащхьэ ирахьэну редакторри арэзы зэрищIыным емылIалIэу Маринэ тхыгъэ куэд зэрыIэщIэмыкIымкIэ журналист псори зэакъылэгъущ. ПщIэну щыткъым, лэжьыгъэм хилъхьэ псэр абы щыцIыкIум дэзыхьэхауэ щыта скрипкэ еуэным къыхихауи къыщIэкIынкIэ мэхъу. Макъамэ дахэ къригъэкIым ещхьущ ар зэрыIэбэри, зэрыпсэури, цIыхум зэрахэтри. «Нурыр къыщхьэщех» зыхужаIэ теплъэ гуакIуэкIэ Алыхьыр зыхуэупса Маринэ нэIурыту зэрыщытыр къыдалъхуами, лэжьыгъэкIи цIыхугъэкIи зэрыпсэгъэтыншыр езым къыхихыу зыхилъхьэжа хьэлщ.
- Плановскэ къуажэрщ Абазэ Толэрэ Любэрэ Налшык щадза къуэпсыр къыщежьэр. ЗэрымыщIэкIэ апхуэдэу ирихьэлIауэ, «Адыгэ псалъэм» Маринэ и шыпхъу нэхъыщIэ Ирини къыщыддолажьэ. ТIуми ядэтлъагъу Iуэху щIэкIэр къыздикIам дыщыщIэупщIэм, шыпхъу нэхъыщIэм къытхужьэдэшар мащIэ дыдэщ: «Ди адэр апхуэдизкIэ щабэу къыдэпсалъэрти, нэхъ къищтэр тIэщIэкIынкIэ дыгузавэу, ар етIуанэуи зэрыжедмыгъэIэжыным дыхуэсакъыу дыкъэхъуащ. Ди анэми адэм пщIэ лей зэрыхуэфащэр игъэнэхъапэ зэпытт». IэпкълъэпкъитIым ит зы цIыху жыхуаIэм ещхьу, зэшыпхъуитIыр апхуэдизкIэ цIыху гунэсщи, зым и гугъу щыпщIкIэ адрейр къыпщыгъупщэу къыпщохъу. Къалэм щапIа пэтми, тIуми адыгэбзэр щытепщэ лэжьапIэр насып зэрахуэхъуами зыгуэр къыбжеIэ ахэр къызыхэкIа унагъуэм теухуауэ.
- Редакцэм Маринэ зыбжанэ зэрыщыдиIэм къыхэкIыу, Долым и унэцIэр куэд щIауэ цIэ лей хуэхъужащ, псори дызэреджэр «Долщ». И нэщIыбагъкIэ сыт нэхъ зэхэпхыр жыфIэмэ, фыкъэдаIуэ: «Дол ищIамэ, уемыплъыжми хъунущ», «Дол иригъэхуэфынут ар», «КхъыIэ, Долым евгъэщI», «Долым щищIкIэ сигу мэзагъэ». И тхыгъэм «гуэпIэскIухьыжын» зи жагъуэ журналистым апхуэдэу къыпхужиIэным мыхьэнэуэ иIэр «цIыхум игу гъэзэгъэн» псалъэм къикIыр зыщIэм къыгурыIуэнущ. Аращ ди лэжьыгъэм къыпэджэж газетеджэхэм ди гуапэ хъун зэхыдагъэхмэ, журналистым и Iыхьэм хуэдиз дыдэ зи цIэр а тхыгъэм кIэщIэмыт «лIыхъужь цIэимыIуэхэми» къащIылъысыпхъэр. Дауи, Долым нэхъыбэрэ дызэрыщытхъум а IэнатIэ дыдэр зыхьхэм я къалэн ямыгъэзащIэу е ящIэр мыхъуу къидгъэкIыркъым. Ауэ зэIусэм псэ хэзылъхьэм уигукIэ Iэгу ухуемыуэну, нэхъ нэ лейкIи уемыплъыну плъэкIыркъым.
- Газетыр «къопсэлъэным» хуэдэу къызэтепхыу щытын зэрыхуейр къызыгурыIуэхэм язщ Маринэ. IэнатIэм ар щихабзэмэ, и хъыджэбзитIым къащIэхъуа пхъурылъхухэр зыгъафIэ ди лэжьэгъум анэшхуэ къалэнхэр улъэщIэмыхьэжыну хъуэпсэгъуэу зэригъэзащIэм шэч къытумыхьэххэ. Нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ я зэхуакум лъэмыж быдэу, щабэу, гумащIэу удэтыфыным нэхърэ нэхъ ехъулIэныгъэшхуэ щыIэу къыщIэкIынкъыми, шыпхъум хуэдэу фIыуэ тлъагъу ди лэжьэгъум и махуэ лъапIэр хуэфIыну, гъащIэм и пэжымрэ и IэфIым щыщу иджыри къэс зыхищIахэм нэхъри къахэхъуэну, Iэзагъ нэхъыщхьэу щыIэ и дуней тетыкIэ екIур дяпэкIи цIыхухэм щапхъэ яхуэхъуу, и гъуэгуанэм пищэну дохъуэхъу.
- ЧЭРИМ Марианнэ.