ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэшым и дуней телъыджэр

2023-01-28

  • Наужьыдзэ Iуащхьэм километрищкIэ нэхъ ищхъэрэIуэу щыIэщ Инал Iуащхьэр. Ар щIыпIэ дахащэщ, гъэщIэгъуэнщ, IуэрыIуатэшхуэ зэпхащ, ауэ удэкIыну гугъущ, я нэхъ цIыху быдэ дыдэм и узыншагъэр зыпэмылъэщщ. Арами, адыгэхэм абы ижь-ижьыж лъандэрэ шы щагъэхъу. Уеблэмэ Кавказ псом зы къуапэ щыIэкъым шы гъэхъунымкIэ Инал пащIу щыта. Дауи, ар зи фIыщIэр и щIыуэпсырщ. Сыту жыпIэмэ, Инал щIыпIэр лъагэ дыдэщ — метр мини 3-м щIегъу.

  • Апхуэдэ лъагапIэм и псым къаруушхуэ хэлъщ, и удзым къэуат щIэлъщ, и хьэуари къызэрымыкIуэу къабзэщ. А псом къищынэмыщIа, мы щIыпIэм къыщыхъуа шыр адрейхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъ губзыгъэщ. Губгъуэм къыщыхъуа шыр шынагъуэ куэдым ирохьэлIэ. Псом япэрауэ, дыгъужьым е мыщэм. Абы и закъуэкъым, хакIуэхэри куэдрэ зэпэщIоувэ. Апхуэдэ-хэм деж шыр мэгупсысэ, дауэ яIэщIэкIа хъунуми, дауэ япэлъэщынуми, зихъумэжынуми. Инал щIыпIэм и хьэуар, зэрыжытIащи, къабзэщ, ауэ икъукIэ хьэлъэщ икIи мащIэщ. Аращ мы щIыпIэм ущыпсэуну щIэгугъур. Апхуэдэ гугъуехьхэм еса, ар зышэчыф шым и Iэпкълъэпкъым фIыуэ зеузэщIри, ямылейуэ бэшэч мэхъу.
  • Шыхъуэхэр тхьэмахуэ къэс Инал дэкIыурэ, шыхэм я Iуэху зытетыр зрагъащIэ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ахэр жэщи махуи губгъуэм итщ, мэхъуакIуэри. ЦIыхухэр абыхэм я псэукIэм зыкIи зэрыхэмыIэбэным иужь итщ, щэхуу яхъумэ мыхъумэ. Апхуэдэу шыхэр мази 8 — 9-кIэ щыIэщ бгыщхьэм.
  • Адыгэхэм шым и ныбжьыр илъэси 5 — 6-м нэмысауэ ягъасэу я хабзакъым. А ныбжьым нэсыху шыхэр Инал губгъуэм итын хуейт.
  • ШыщIэм и ныбжьыр махуищ фIэкIа мыхъуами, Къущхьэхъу драшейт. А гъуэгуанэм шыщIэм къыщегъэлъагъуэ хузэфIэкIынури, и къарур здынэсри, здынэсынури. КIэщIу жыпIэмэ, гъуэгуанэр — гъэунэхупIэщ. Мы мывэ къырхэм, гъуэгу бгъузэхэм дэкIыфа, гъуэгуанэ хьэлъэ зэпызычыфа шыщIэращ шы лъэщ хъунур. А псор шыщIэм хузэфIэмыгъэкIамэ, къехьэлъэкIамэ, ар шы хъунукъым, зыщIебгъэлIэлIэни щыIэкъым. Сыт хуэдизу мыгущIэгъуншэми, апхуэдэ шы махэхэр псэуну хуиттэкъым: шы лъэпкъыфI къызэбгъэпэщыну ухуеймэ, фIым я нэхъыфIхэр къыхэщыпыкIыпхъэщ. Абы папщIэ, зэрыжытIащи, гъэунэхупIэ щыIэщ — къыр гъуэгуанэр.
  • Инал и хъупIэхэм унэсын папщIэ, къыр защIэкIэ километр 12-кIэ удокIуей. Шы нэсым ар зы сыхьэтым къриубыдэу зэпичын хуейщ. Абы и закъуэкъым! Уанэри зэрытелъу, тхьэмахуэкIэ зы цIыху зрикъун шхын щIыгъуу, килограмми 100-м нэс щIалэ тесу икIун хуейщ а гъуэгуанэр.
  • Iуащхьэм гъуэгу екIуалIэркъым, шууэ фIэкIаи удэкIыфынукъым. Ауэ щыхъукIэ, Инал ущыпсэунумэ, дэIэпыкъуэгъу ухуэныкъуэщ — хьэфI. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, мэлыхъуэхьэ. Ахэр икъукIэ дэIэпыкъуэгъу щхьэпэщ икIи, гъэщIэгъуэнракъэ, а псэущхьэхэр (шыхэмрэ хьэхэмрэ) зозэгъ. ГъэщIэгъуэнщ, хьэхэм я къару псори шыхэр хъумэным зэрырахьэлIэр, жэуаплыныгъэшхуэ зэрахэлъыр, я лэжьыгъэр къазэрыгурыIуэр. Апхуэдэ зы хьэм и зэфIэкIхэр цIыху зытIущым я лэжьыгъэм покIуэ.
  • Шыхъуэ пщыIэм я нэщэнэ нэхъыщхьэ дыдэр — берычэтращ. Ерыскъыр куэду уиIэнырщ. ХьэщIэ къыпхуэкIуами, гъуэгурыкIуэ къуихьэлIами «Къеблагъэ!» жыпIэу, уи жьэгум мафIэ дэлъу, тхъурымей-бжьэрымейкIэ упежьэн хуейщ. Сытым дежи уи жьэгум лыгъур илъыныр къызэрыгуэкI Iуэхущ шыхъуэм, мэлыхъуэм дежкIэ. ПщыIэм нэхъыжьу лэгъупэжь тесын хуейщ. Зэрыхабзэщи, абы псори йодаIуэ, и жыIэм щIэтщ. Езыр сыт хуэдэ Iуэху къэмыхъуами, псоми щыгъуазэу щытыпхъэщ, и къалэн нэхъыщхьэри — пщэфIэнращ. Адыгэхэм ар хабзэ дахэу яхэлъащ — шыхъуэхэр ерыскъыкIэ зэпэщ зыщI лэгъупэжьым пщIэшхуэ хуащIырт, абы жиIэми зыри ебакъуэртэкъым. Губгъуэм итым дежкIэ псом нэхърэ нэхъыщхьэр ерыскъыращ.
  • Шыхэм деж дгъэзэжынщи, абыхэм мы щIыналъэхэм щахъуэкIу удзым къищынэмыщIа, нэгъуэщI зыри яIухуэркъым, ауэ иныкъуэхэм деж шыгъу ират. Кавказ щIыналъэр сытым дежи шыгъукIэ къулейсызу щытащ. Абы къыхэкIыу, шыхэр апхуэдизу зыхуэныкъуэ шыгъур псэущхьэхэм худрамыхьейуэ хъуртэкъым. Адрей зыхуеину псори бгым щагъуэтырт.
  • Шыхъуэхэр зытес шыхэм датепсэлъыхьынщи, ахэр гугъу нэхъ йохь, лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIахым къыхэкIыу, я шхыныр щхьэхуэщ, Iус ират. Жэщ псом хъуэкIуа уанэшхэр пщэдджыжьым кърашэлIэжри, Iус ирагъэшх, ягъэкъабзэ, зэпаплъыхь. Псори тэмэму щытмэ, махуэм зэрылэжьэным хуагъэхьэзыр.
  • Мыпхуэдэ къуакIэбгыкIэхэм хуиту ущызекIуэн папщIэ, шым адыгэ уанэ телъын хуейщ. Тхыдэми IуэрыIуатэми IупщIу къахощ уанэр шы и уасэу зэрыщытар, ар шыми шуми хуэфащэу щытын зэрыхуеяр. Шымрэ уанэмкIэ къацIыхуу щытащ адыгэ шур.
  • Ди щIыналъэхэм уанэ щызэрахьэхэм уахэплъэмэ, ахэр тхууэ ягуэш. Япэр — Инджылызым къикIа, шы къызэрагъажэ уанэращ. ЕтIуанэр — испаниолэ — Америкэм нэхъ щызэрахьэ, ауэ ди щIыпIэхэми ущрохьэлIэ. Ещанэр — драгун — Фран-джым нэхъ щызекIуэу щытащ икIи лIэщIыгъуитI ипэкIэ Урысейм куэду къыщагъэсэбэпырт. Ди гуапэ зэрыхъунщи, дунейм лъэпкъыу тетым я уанэхэм зыкIи емыщхьщ ди адыгэ уанэ, адыгэ щхьэнтэ зытелъыр. Апхуэдэ уанэм шур быдэу иIыгъщ, шым хуиту тезэгъауэ. Къапщтэмэ, илъэс мин бжыгъэ тхыдэ иIэщ абы, нобэр къыздэсми щIэупщIэ иIэщ, фIы дыдэу къалъытэри.
  • Ди адыгэ щIыналъэхэм хъыбар гъэщIэгъуэнхэр щаIуатэ шым теухуауэ. Псалъэм папщIэ, Тызыл аузым узэпрыкIыу щытмэ, Уафэбгыкъу (Къэнжал) уолъагъу. Псоми дощIэж илъэс 300 ипэкIэ абдеж щекIуэкIауэ щыта зэхэуэ гуащIэр. А зауэм адыгэхэм я дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэу щытар шыхэращ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэ лъагапIэм дэкIуеифын шы лъэпкъ куэд дунейм теткъым. Ди текIуэныгъэр зи фIыщIэр адыгэлIхэм я закъуэкъым, атIэ а лъагапIэ задэм дэзыша шыхэми къагъэлъэгъуа зэфIэкIырщ.
  • Тхыдэм ухэплъэу щытмэ, япэ дыдэу узрихьэлIэ шы лъэпкъыр «хуарэ» жыхуаIэращ. Нарт эпосым къыхощ ар IупщIу, Бэтэрэз и шыр хуарэщ, жиIэу. Хуарэ шы лъэпкъыр гупиплIу ягуэшу щытащ икIи зэманыр кIуэху абыхэми захъуэжырт. Хуарэм и ужьым иту «щолэхъу» шы лъэпкъыр къэунэхуауэ щытащ. Щолэхъум теухуауэ хъыбар хьэлэмэти уэрэди щыIэщ, КъардэнгъущI Зэрамыку итхыжауэ.
  • Шы гуартэр куэд хъуа нэужь, зэхэмызэрыхьын папщIэ, Iэмал имыIэу дамыгъэ трагъауэрт, шым и куафэм шэсыпIэ лъэныкъуэмкIэ хуэзэу. А тегъэуэкIэми хабзэ иIэт. Хуабэ хъуауэ, ауэ иджыри бадзэр къэмыхъеяуэ, къуажэм дэс цIыхухъухэр зэхуэсырт, ныш яукIырти, джэгу ящIырт. ЩызэхэкIыжкIэ, шыхэм дамыгъэ трагъауэрт.
  • Адэм и ныбжь нэсарэ, и шы гуартэр и къуэхэм ятригуэшэжын хуей хъумэ, лъэпкъ дамыгъэм хуабжьу ещхьу, ауэ зыр зым тIэкIу къытещхьэхукIыу зэшхэм къалъыса шыхэм дамыгъэ трагъауэрт. Абы къыхэкIыу, зы шы лъэпкъым и дамыгъэм зэхъуэкIыныгъэ игъуэтырт, теплъэ зытIущ, уеблэмэ плIы-тху иIэу.
  • Мыпхуэдэ къырым къыщыхъуа шыхэр, нал щIэмылъми, гугъуехьыншэу мывэхэм пхокIыф. Апхуэдэшхэр кIуэ пэтми нэ-хъыфI мэхъу, заузэщI. НобэкIэ диIэ лъэпкъыр, илъэс мин бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ щыIахэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыфIу жыпIэми, ущыуэну къыщIэкIынкъым. Ди щIыналъэхэм къыщыхъуа шыр лъакъуэ кIыхь хъункIэ Iэмал яIэкъым. Адыгэхэм апхуэдэшхэм щхьэкIэ «бжэIупэш, хьэгъуэлIыгъуэш» жаIэу щытащ, икIи щIэупщIэ яIэтэкъым. Нэхъыбэу щIэупщIэ зиIар гъуэгуанэ кIыхь зэпызычыфхэмрэ жэнымкIэ бэшэчхэмрэт. Иджыпсту ди къырхэм къыщагъэхъур апхуэдэшщ.
  • Адыгэшыр хьэтхэм деж къыщежьауэ къалъытэ. Хьэтхэм хуэдэу а зэманым къэралыгъуэ лъэрызехьэ зыбжанэ щыIащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Вавилон, Мысыр, Ассирие, Шумер. Абыхэм шым мыхьэнэшхуэ ирату, бгъэдыхьэкIэ зырыз яIэу щытащ. ГъэщIэгъуэнращи, мы кIуэдыжа къэралыгъуэхэм къащIэна шыхэмрэ ди адыгэшхэмрэ куэдкIэ зэщхьщ, зэтохуэ. Ар телъыджэщ. Псом хуэмыдэу, Испание ипщэм, Андолузием, шы хьэлэмэт дыдэхэр щыIэщ. Ахэри ди адыгэшым хуэдэу, лъэрызехьэщ, гуащIэщ, я щхьэр къэрэкъэшщ. КIэщIу жыпIэмэ, я шыфэлIыфэкIэ ди шы лъэпкъхэм хуабжьу ещхьщ. Андалуз лъэпкъыр нэхъ жьы дыдэхэм ха-бжэ.
  • Шымрэ шумрэ зэпхауэ, а тIур зым хуэдэу, лIым зыгуэр и щхьэм къихьамэ, шым псэкIэ къищIэрэ, игъэзащIэу щытащ. ЛIыр пщэдджыжьым жьыуэ шым шэсрэ, пщыхьэщхьэ хъуху зэгъусэу махуэр кIуамэ, а тIур зэгурымыIуэнкIэ, зэмысэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Шым и тхьэкIумэхэм фIы дыдэу зэхах, жыжьэу къэIу макъыр цIыху тхьэкIумэм къимыцырхъэ щIыкIэ шым къеубыд. Абы и зыщIыкIэмкIэ, и зыгъэхъеикIэмкIэ куэд дыдэ къыбгуригъэIуэфынущ. Псалъэм папщIэ, мэзым ущыщIэткIэ, шым и тхьэкIумэ сэмэгур мащIэу игъэхъеймэ, а лъэныкъуэмкIэ Iэуэлъауэ гуэрхэр щыIэу аращи, а щIыпIэр бгынэн зэрыхуейм ар и нэщэ-нэщ.
  • Гуартэм къыщекIуэкI хабзэхэри гъэщIэгъуэнщ. Псалъэм папщIэ, шыщIэ къалъхуам зэрыгуартэу кIэлъоплъ, яхъумэ. Хамэ къахыхьамэ, зыр зым зэрыдэIэпыкъуным хущIокъу, зэкъуэтщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр — гуартэм дыгъужь къызэребгъэрыкIуэм хакIуэм и чэзум гу лъитэнырщ. Абы гу зэрылъитэу, хакIуэпщIэр зэхуехус, шыщIэхэр гуартэм и кум хагъэувэ, шыбзхэр и хъуреягъэм къоувэкI, щхьэж и шыщIэм бгъуроувэри, дыгъужьхэр зыкIэлъэщIамыгъэхьэну, щIопхъуэ. ХакIуэмрэ шыщIэ зимыгъусэ шыбз бгъэхэмрэ иужь зыкърагъанэри, дыгъужьхэмрэ хакIуэпщIэмрэ я зэхуакум блыну доувэ. Дыгъужьхэр гъунэгъу щыхъукIэ, ахэр къызэуэкIыурэ, хакIуэпщIэр фIыуэ япэ ирагъэщ. ИтIанэ, гуартэр жыжьэу ягъэIэпхъуа нэужь, езыхэм зрачыжри, дыгъужьхэр зыкIэрагъэхупэ.
  • Шыхэр икъукIэ псэущхьэ губзыгъэщ. Зэманыжьым абрэджхэмрэ шыхэмрэ щытыкIэ гъэщIэгъуэнхэр ягъэлъагъуэрт. Псалъэм папщIэ, абрэджыр яубыдыну къаувыхьамэ, хэкIыпIэ имыIэжмэ, и шым уанэр трихырт, хуит ищIырти, губгъуэм ириутIыпщхьэжырт. Езым уанэр и блэгущIэм щIилъхьэрти, мэзым зыщигъэпщкIурт. Дауи, губгъуэм ит шым и ужь иувэрт пхъэрыр. Мо уанэ зытемылъ, зи щIыбыкум цIыху имыс шыр нэхъ псынщIэу япэ ищырт, зейр здэщыIэ щIыпIэм бийр Iуишырт, игъэгъуащэрти, езым мэзым къигъэзэжырт. Пхъэрыр абрэджым и лъэужь лъыхъуэу губгъуэм итыху, мыдрейр хуиту бауэу ежьэжырт. Апхуэдэшым зейм фIэкIа нэгъуэщI зы цIыху зыбгъэдигъыхьэртэкъым, къыпхуэубыдынкIи Iэмал щыIэтэкъым.
  • Шы гуартэм укIэлъыплъмэ, хьэлэмэт куэдым гу лъыботэ. Псалъэм папщIэ, цIыхухэм хуэдэу абыхэми яхэтщ щхьэхынэ, зыбгъэпсэхуну укъызэрыувыIэу занщIэу зезыгъэхуэх, псы щхьэкIэ лIэрэ зэрыхуэмыхьыжыр наIуэ пщызыщI. Апхуэдэуи гъунэжщ я щхьэр лъагэу Iэтарэ, я фэр лыдыжу, гуартэм и пэ ит зэпытрэ, хъупIэ къилъэгъуамэ, жэрэ ар зищIысыр зригъащIэрэ, къэсыжу. Апхуэдэхэращ гуартэм къыханэу илъэситхукIэ хагъэтыр.
  • Куэд щIоупщIэ, шым сыт егъэшхын хуейр жаIэри. Тэмэмыр шым зыри иумыгъэшхынырщ. Ар губгъуэм ибутIыпщхьэмэ, езым и шхыныр къигъуэтыжыфу щытын хуейщ. Аращ абы сэбэп хуэхъунури, зыхуэныкъуэри.
  • Адыгэ тхыдэми IуэрыIуатэми IупщIу къахощыж зауэлIымрэ шымрэ я зэхущытыкIэр. Псалъэм папщIэ, зауэлIыр уIэгъэ хъуарэ, и гуащIэр хэщIамэ, шыр щIым тIысырт, лIыр и щIыбым иригъэгъуалъхьэрти, унэм къишэжырт. Е, шур гъэр хъуамэ, шым унагъуэм къигъэзэжырти, тесар къызэрагъуэтыну лъагъуэм утришэрт.
  • Адыгэбзэм хэтщ лъабжьэшхуэрэ мыхьэнэ инрэ зиIэ псалъэ дахэ — «шыфэлIыфэ». Абы къеIуатэ адыгэм и гъащIэм шым щиубыду щыта мыхьэнэр зыхуэдизыр.
  • Фырэ Анфисэ.