ЩIыналъэм и зэIузэпэщым и хэкIыпIэхэр
2023-01-28
- КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIащ ухуэныгъэхэмрэ псэупIэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ ятеухуа зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, министрхэр, щIыналъэхэм я администрацэхэм я унафэщIхэр.
- Республикэм и Iэтащхьэр тепсэлъыхьащ цIыхухэм я псэукIэр, жылэхэм щызэфIах Iуэхутхьэбзэхэр егъэфIэкIуэным теухуауэ щIапхъэхэм. Я гугъу ищIащ муниципалитетхэр федеральнэ, щIыналъэ программэхэм хэтыну Iэмал зэраIэр, ухуэныгъэ, гъуэгу, транспорт, псэукIэм ехьэлIа Iуэхутхьэбзэ, нэгъуэщIхэри егъэфIэкIуэным теухуауэ.
- КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ IуэхущIапIэмкIэ и министрым и къуэдзэ, КъБР-м и архитектор нэхъыщ- хьэ Унэжокъуэ Астемыр жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ зэрызэхагъэувар щIыналъэм щекIуэкIыну ухуэныгъэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр зэIузэпэщ зэращIынур щыубзыхуа дэфтэрыр. 2019 гъэм щегъэжьауэ лэжьыгъэшхуэхэр йокIуэкI муниципалитетхэм я ухуэныгъэ дэфтэрхэр Урысей Федерацэм и ухуэныгъэ кодексым къигъэувхэм тегъэхьэнымкIэ. Ягъэбелджылащ щIыналъи 10-м, къалэ округи 3-м, къали 7-м, къуажэ 80-м я щIыпIэхэр зэрагъэтэмэмыну щIыкIэхэр, коммунальнэ, транспорт хуэIухуэщIэхэм зегъэужьыным теухуа Iэмалхэр.
- КIуэкIуэ Казбек унафэ ищIащ къалэ ухуэныгъэхэр къызэзыгъэпэщ советхэм я лэжьыгъэр щIагъэхуэбжьэну, проектхэм зэIухауэ тепсэлъыхьыну, щIыналъэхэм ухуэныгъэхэр къызэрызэрагъэпэщынур ягъэбелджылыну.
- КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн тепсэлъыхьащ гъуэгубгъухэм иIэ итхъахэм я щытыкIэм, ар зэрыратхъэ автотранспортхэр зэгъэпэщынымрэ гъуэгухэм мывэ кIэщхъ текIутэнымрэ теухуауэ щIыналъэхэм зэрадэIэпыкъупхъэм. Министрыр къытеувыIащ хьэлъэзешэ автотранспортхэр фIей якIэрылъу ухуэныгъэ щекIуэкI щIыпIэхэм къызэрыдэкIыжым къишэ зэраныгъэхэм, абы унафэ тещIыхьын зэрыхуейм.
- — А Iуэхугъуэм гулъытэ хуэтщIатэмэ, ди гъуэгухэри нэхъ къабзэу щытынут, — къыхигъэщащ ДыщэкIым.
- Налшык къалэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймураз жиIащ министрым зи гугъу ищIа Iуэхум ар зи пщэрылъхэр ГИБДД-м и лэжьакIуэхэр ящIыгъуу зэрелэжьыр.
- ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ псэупIэ-коммунальнэ IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр зэзыгъэуIу управленэ къызэгъэпэщы-ным. ЗэрыжаIамкIэ, апхуэдэ къулыкъущIапIэм Iэмал къаритынущ псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я фIагъымрэ щIат пщIэмрэ зэрызэхуэкIуэм тыншу цIыхухэр кIэлъыплъыфыну. ЗэIущIэм щызэгурыIуащ ар зыхуэдэнур ягъэбелджылыну.
- Лъэпкъ проектхэмрэ федеральнэ программэхэмрэ щытепсэлъыхьым, Iэтащхьэм къыхигъэщащ абыхэм я фIагъымрэ и пIалъэм ягъэзэщIэнымрэ зэхуэкIуэн зэрыхуейр. Мы гъэм республикэм щаухуэ е къагъэщIэрэщIэж еджапIэу 40. Школи 9 яухуэнущ, 7-м лэжьэн щIадзэну хьэзырщ. Республикэ клиникэ сымаджэщым сымаджэхэр япэу здекIуалIэ и къудамэщIэ хащIыхьынущ, зыхуей хуагъэзэнущ Налшык, Щоджэным и уэрамым тет сабий сымаджэщыр.