ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Шумахуэ ХьэзрэIил Салмэн и къуэр

2023-01-28

  • Ди республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтащ. И ныбжьыр илъэс 81-м иту дунейм ехыжащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и артист Шумахуэ ХьэзрэIил Салмэн и къуэр.

  • ХьэзрэIил адыгэ уэрэдыжьхэр зыгъэзащIэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэт. Зэпымыууэ зэрызэгугъужым, зыми емыщхь макъ дахэ зэриIэм я фIыгъэкIэ, абы хузэфIэкIат лъэпкъ уэрэдхэр Iэзащэу игъэIун. Езым хэлъ артистыгъэмрэ и теплъэ бжыфIэмрэ зылъагъу псори къыдахьэхырт.  
  • Шумахуэ ХьэзрэIил илъэс куэдкIэ щытащ КъБР-м и Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэу, иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и хорым хэтащ. ХьэзрэIил хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ ди макъамэ гъуазджэр республикэми нэгъуэщI щIыпIэхэми хэIущIыIу щыщIыным, абы зегъэужьыным.
  • Концерт гуимыхужхэр зэритым, лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр егъэфIэкIуэным зэрыхэлIыфIыхьым папщIэ, Шумахуэм къыхуагъэфэщауэ щытащ «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и цIыхубэ артист» цIэ лъапIэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэр кърыралъытат «Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист» щIыхьыцIэм.
  • Адыгэу дэнэ щIыпIэ щыпсэуми гуапэу я гум илъынущ зи къару емыблэжу лъэпкъым хуэлэжьа цIыху гуащIафIэр, зэчиифIэр.
  • КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэ.