КъызыхэкIа лъэпкъыр зыгъэин
2023-01-28
- «Адыгэ псалъэ» газетым и шофёр Соблыр Хьэсэнбий щIышылэм и 29-р къыщалъхуа махуэщ. Соблырыр унагъуэщ, хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ иIэщ. Гугъуехьым, лэжьыгъэм къыпимыкIуэт цIыхущ. Зыдэс Щхьэлыкъуэ жылэм фIы дыдэу къыщацIыху и IуэхущIафэкIэ, и дуней тетыкIэкIэ. Абы и ныбжьыр илъэс 55-рэ зэрырикъур къэдгъэсэбэпри, и гукъэкIыжхэмкIэ къыддэгуашэмэ ди гуапэу, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
- — Хьэсэнбий, уи сабиигъуэм сыт хуэдэ хъуэпсапIэхэр уиIа?
- — Сэ спортым сыдихьэхыу щытащ. Спортсмен сыхъунуи сыщIэхъуэпсырт, ауэ щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къахэкIыу ар къызэхъулIакъым. Си гъащIэм, си къекIуэкIыкIам я гугъу тщIыуэ щытмэ, курыт еджапIэр къэзуха нэужь 1986 гъэм дзэм сраджащ.
- — Дэнэ щIыпIэ къулыкъур щепхьэкIар?
- — ЯпэщIыкIэ Туркумэным и къалащхьэ Ашхабад къулыкъу щысщIащ. Абы зауэ хуэIухуэщIэхэм мазиплIкIэ дыщыхуагъэса нэужь, Афганистаным и Кандагар къалэм дашащ. 70-нэ бригадэм и 2-нэ батальоным и япэ тIасхъэщIэх гупым сыхэхуащ. ИужькIэ взводым и унафэщIым и къуэдзэу сагъэуващ.
- — Ди лъахэгъухэри уи гъусауэ къыщIэкIынщ.
- — Адыгэ щIалитI си гъусащ — Махуэ Арсенрэ ХьэцIыкIу Аскэрбийрэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ХьэцIыкIур иджы псэужкъым, ауэ ди гум ихуркъым. Дэ куэдрэ тIасхъэщIэх дыкIуащ дызэщIыгъуу. А щIалитIми лIыгъэ зэрызэрахьам щыхьэт тохъуэ ХьэцIыкIу Аскэрбий кърата «Вагъуэ Плъыжь» орденымрэ и «Хахуагъэм папщIэ» медалымрэ, Махуэм къыхуагъэфэща «Хахуагъэм папщIэ» медалыр.
- Сэри «Хахуагъэм папщIэ» медалу тIукIэ сагъэпэжащ. Япэр къызатащ уIэгъэ хъуа сэлэтыр зэуапIэм къызэрисхам, етIуанэр — тIасхъэщIэх дыщыIэу ди пщэм къыдалъхьа къалэныр Iэзэу зэрыдгъэзэщIам папщIэ. ИужькIэ къызатыжащ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъи.
- — Зауэ щыхъукIэ, псэзэпылъхьэпIэ куэд уохуэ. Абыхэм ящыщу сыт нэхъ уигу къэкIыжрэ?
- — Автоколоннэ блэдгъэкIыу моджахедхэр къыттеуат. Абы щыгъуэ яукIахэри уIэгъэ хъуахэри мащIэтэкъым, къыдэбгъэрыкIуахэр дэ нэхърэ зыкъомкIэ нэхъыбэт. УIэгъэхэр къахэтхри, дэ щытыкIэ гугъум дыкъикIауэ щытащ.
- — Афганистаныр езыр щIыналъэ къуейщIейщ…
- — А щIыпIэр ущыпсэуну сыт и лъэныкъуэкIи къызэрымыкIуэу гугъущ. Хуабэр градус 50-м щынэблагъэрт. ДызэрыщыIа илъэситIым нэблагъэм къриубыдэу уэшхи уэси тлъэгъуакъым. Къыумыгъэкъуэлъауэ япсми уефэ хъуртэкъым. Уз зэрыцIалэ зэмылIэужьыгъуэхэри щыетат. А щIыналъэм ебгъапщэмэ, дэ дыщыпсэур жэнэт лъахэщ.
- — Ди лъахэм къэбгъэзэжа нэужь, мамыр гъащIэм ухэзэгъэжыным гугъу удехьа?
- — Апхуэдэу жысIэфынукъым. Хабзэхъумэ IэнатIэхэм сыщылэжьащ, иужькIэ Лъэпкъ гвардием сыхэтащ, иджы «Адыгэ псалъэм» шофёру сыщыIэщ.
- — МыбыкIи сыноупщIынут: Афганистаным щевгъэкIуэкIа зауэр пщIэншэ, псыхэкIуадэ хъуауэ къэплъытэрэ?
- — Щхьэтечу жыпIэмэ, дэ дызауэлI къызэрыгуэкIт икIи ди къалэну къэтлъытэрт пщэрылъ къытщащIар дгъэзэщIэныр. А зэманым США-р СССР-м хуабжьу къыпэщIэтт. Ар хущIэкъурт езым и дзэ Афганистаным къригъэувэну. Сыт хуэдэу щытами, къыджаIэр арат. Апхуэдэ щытыкIэр Совет Союзым идэнкIэ Iэмал зимыIэт. Ди къэралым и сэбэп зыхэлъхэр ихъумэжауэ аращ. Мыбдеж дигу къыщыдгъэкIыжынщи, моджахедхэр дэ къыдэзэуащ американхэм я IэщэкIэ.
- — Зэманым зехъуэж. СССР-р лъэлъэжри, Урысей Федерацэ къэралыщIэр къэунэхуащ. Ди къэралым щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр сыт хуэдэу къэплъытэрэ?
- — Урысейм и пщIэр дуней псом нэхъ лъагэ щохъуж. Ди псэукIэри хуэм-хуэмурэ йофIакIуэ.
- — Сыт хуэдэ хъуэпсапIэхэр уиIэ?
- — Дыщыпсэу къэралыр, дунейр мамыру щытыныр, ди цIыхухэм узыншагъэ яIэу, лажьэу, дэтхэнэ зы унагъуэми насып илъыну сыхуейщ.
- — Хьэсэнбий, ди псалъэмакъым и кIэухыу мыбыкIи сыноупщIынут. Уэ узикъуажэгъущ икIи сощIэ цIэ лей узэриIэр: Щхьэлыкъуэ щыпсэу укъэзыцIыхухэр къызэроджэр АдыгэкIэщ. Сыт ар къызыхэкIар?
- — Пэжщ, «Адыгэр» си цIэ лейщ. КъызыхэкIари «сыадыгэщ» жысIэрейуэ зэрыщытарщ. Уеблэмэ, мыпхуэди къэхъуащ: «Хьэсэнбий щIэс?» — жиIэри ди деж зыгуэр ныIухьати, си щIалэ нэхъыщIэм: «Дэ апхуэдэ диIэкъым», — жиIэри IуигъэкIыжауэ щытащ.
- — Узэрыгушхуэ хъун цIэщ. Укъыщалъхуа махуэмкIэ ди гуапэу дынохъуэхъу, уи мурадхэр, хъуэпсапIэхэр Тхьэм къыуигъэхъулIэ.
- Епсэлъар НАФIЭДЗ Мухьэмэдщ.