Иджырей гъуазджэ
2023-01-28
- Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхь-кIэ щыIэ скверым щаухуа галереем мы махуэхэм къыщызэIуахащ Кавказым и иджырей гъуазджэм и гъэлъэгъуэныгъэ.
- Абы утыку къащрахьащ Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм, хамэ къэралхэм щыщу Америкэ Штат Зэгуэтхэм, Тыркум, Сауд Хьэрыпым я сурэтыщI 40-м я IэдакъэщIэкIхэр. ЩIышылэм и 21-м къызэIуаха гъэлъэгъуэныгъэр мазэкIэ екIуэкIынущ.
- СыткIэ гъэщIэгъуэн мыр жыпIэмэ, зи гугъу пщIын куэд бгъуэтынущ. Пэшым узэрыщIыхьэу, гу лъыботэ иджырей гъуазджэм «къыкIэрих пасэреимэм». Арагъэнщ абы удэзыхьэхыу хэлъыр. Нэхъри уатхьэкъу сурэтыщIхэм я лэжьыгъэхэр ди пащхьэ къызэрырахьэ Iэмалхэм. Языныкъуэхэр щIым щылъщ, адрейхэр хьэуам хэпщIам хуэдэщ, ауэ псоми зэгъусэу зы гупсысэ къагъэщIу зэкIуу зэхалъхьащ.
- Выставкэр зи жэрдэм «Платформа» IуэхущIапIэм и арт-куратор Аккизов Чэрим къызэрыджиIамкIэ, Кавказым и иджырей гъуазджэм теухуа гъэлъэгъуэныгъэ иджы етIуанэу ди деж щокIуэкI.
- Краснодар къикIа сурэтыщI Апиш Алексей кърихьэлIахэр щигъэгъуэзащ псынщIэу сурэт зэрыпщIыфыну Iэмал телъыджэм. Абы Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президенту щы-та КIуэкIуэ Валерэ и сурэт дакъикъитхум къриубыдэу къызыхуэтыншэу ищIат щапхъэ пэлъытэу.
- Дагъыстэным къикIа сурэтыщI, цIэ леиуэ Аль-Хала зыфIэзыщыжа хъыджэбзым, бзылъхугъэ IэлъэщIым къыхищIыкIа цIыхубз сурэтхэр гъэщIэгъуэн ящыхъуат къызэхуэсахэм. Абы къигъэсэбэп IэлъэщIхэм плъыфэр, зэхэлъыкIэр зэрыщигъэджэгум уеплъ пэтми зыбгъэнщIыркъым. Бгырыс бзылъхугъэхэм я гъэсэныгъэ дахэр, щэныфIагъэр гъэщIэгъуэну къатощ абыхэм.
- Дагъыстэным щыщ Астеми-ров Адиль и IэдакъэщIэкIхэм гупсысэ куэд къагъэуш. Бгым тет къуажэхэр зэрыухуар ди нэгу къыщIэдгъэхьэрэ, абы ищхьэкIэ дыкъыщыхэплъэмэ, сурэтыщIым и IэдакъэщIэкIхэм я щIагъыбзэр нэхъ гурыIуэгъуэ мэхъу.
- Аккизов Чэрим абы утыку къыщрихьа лэжьыгъэхэр балъкъэр лъэпкъыр хэкум зэрырахуам теухуащ.
- — Куэдым ялъэгъуа, а лъэхъэнэм траха сурэтым тесщIыкIащ мы лэжьыгъэр — адэшхуэ-анэшхуэм я къуэрылъху хъыджэбз цIыкIур ягъусэу зэрытыр. Сэ сыхущIэкъуащ а лъэхъэнэ гуащIэм хэпсэукIахэм ятелъа гузэвэгъуэр къэзгъэлъэгъуэну. КъыдэкIуэтей щIэблэм, лъэпкъым и натIэ хъунум игъэгужьея нэхъыжьхэм я Iуэхур тынштэкъым, дауи. Улъиин щIэзыдза гъущI къэгъэшахэр лъэпкъым игъуэта хэщIыныгъэм, абы къытрадза дыркъуэхэр нобэми зэрыхэмыгъуэщэжам я нэщэнэу къэзгъэсэбэпащ, — жеIэ Аккизовым.
- Зи гугъу тщIа гъэлъэгъуэныгъэм еплъыну къалэдэсхэм мазэ яIэщ. Сабийхэмрэ балигъ ныбжьым нэмысахэмрэ пап-щIэ къуажэхьхэр, упщIэхэмрэ жэуапхэмрэ зэрыт гъуэгугъэлъагъуэ цIыкIухэр ягъэхьэзыращ.
- АдэкIэ мы лэжьыгъэхэр Мейкъуапэ, Черкесск къалэхэм яшэну я мурадщ. КъайхъулIэмэ, Кавказ Ищхъэрэм и къалэ нэхъыбэм щагъэлъэгъуэнущ ахэр.
- Мы Iуэху дахэр Налшык зегъэужьынымкIэ «Платформа» институтым, Кавказым и иджырей гъуазджэм зегъэужьынымкIэ фондым, Налшык къалэ администрацэм зэгъусэу къызэрагъэпэщащ.
- Щомахуэ Залинэ.