ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Япэ  ищахэм  пщIэ  хуащI

2020-12-17

  • ЗэрытщIэщи, дыгъэгъазэм и 15-р я IэнатIэм пэрыту хэкIуэда журналистхэм я фэеплъ махуэщ. Мы гъэм абы ирырагъэхьэлIэу Iуащхьэмахуэ лъапэ щрагъэкIуэкIа зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэмрэ район администрацэм и лэжьакIуэхэмрэ.

  • Дызэрыщыгъуазэщи, зи лэжьыгъэр зыгъэзащIэу, адэкIэ-мыдэкIэ къыщыхъу зэпэщIэувэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм зи щхьэ хэзылъхьа журналистхэм фэеплъ махуэ яхухэхынымкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэрщ. Ар къыщыхъуар 1991 гъэращ. Ди республикэм и Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ Терскол къуажэм къыщхьэщыт лъагапIэхэм языхэзым зи гугъу тщIы Iуэхум ехьэлIауэ, «1994 — 1996 гъэхэм Кавказым щыхэкIуэда журналистхэр» и фIэщыгъэу, трагъэува фэеплъыр къыщызэIуахар 1997 гъэращ.
  • ДыгъэпскIэ гъэнщIа щыгум щекIуэкIа пэкIум хэтащ Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэ Залиханов Къанщобий зи пашэ гу-пыр, Урысей гвардием и республикэ къудамэм къулыкъу щезыхьэкIхэр, республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и щIыпIэ къудамэм и лэжьакIуэхэр, школакIуэхэр, абыхэм я гъэсакIуэхэр, журналистхэр.
  • — ЩIымахуэм и япэ мазэу гъэ къэс мы щIыпIэм дыкъокIуэ, зи лэжьыгъэр зыгъэзащIэу, зыIууа лъэпэщхьэпохэм къемыла ди лэжьэгъухэм я фэеплъ нэ-хум пщIэ хуэтщIын мурадыр диIэу, — къыхигъэщащ КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шаваевэ Разият, къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщыпсалъэм. — Ди жагъуэ зэрыхъунщи, адэкIэ-мыдэкIэ къыщыхъей зэпэщIэувэныгъэхэм хэкIуадэ журналистхэм ящыщу мы фэеплъым зи цIэ-унэцIэ-хэр тратхахэм я бжыгъэм иужьрей илъэсхэм къыхэ-хъуащ. Ахэр, зэрытщIэщи, Казиханов Тамерлан, Геккиев Казбек, КIуащ Тимур сымэщ.
  • 2007 гъэм Журналистхэм къащхьэщыжынымкIэ дунейпсо комитетыр (Committee to Protect Journalists) щыхьэт зэрытехъуамкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр нэхъыбэ дыдэу щыхэкIуадэ къэралхэм я деж Урысей Федерацэм ещанэ увыпIэр щиIыгъащ (Алжирымрэ Иракымрэ яужькIэ). Апхуэдэуи, 1992 — 2018 гъэхэм къэхъуа зэжьэхэуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм зи щхьэ хэзылъхьа журналистхэм я бжыгъэр Урысейм — 83-рэ, дуней псом — 1354-рэ щыхъуащ. Ди къэралым абыхэм фэеплъ щыхуагъэувар, Брянск областым къищынэмыщIауэ, Шэшэнымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэщ.
  • Зэхыхьэм хэтащ «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ:
  • — Зи кIэ диплъэ мы илъэс гугъуми мыхьэнэ ин зиIэщ зи IэнатIэ пэрыту зи псэ зыта ди лэжьэгъухэм я фэеплъ нэхум пщIэ хуэщIыныр. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, нобэ мыбдежым дызэрыщызэхуэсар къытщIэхъуэ щIэблэм я деж- кIи щапхъэгъэлъагъуэщ, журналист ныбжьыщIэхэми, ди япэ ищахэр ящымыгъупщэнымкIи, пэжагъ ин яхэлъу я лэжьыгъэм зэрыпэрыта и лъэныкъуэ-кIэ гъуэгугъэлъагъуэу яIэнымкIи зыдэплъеипхъэщ. БлэкIамрэ къэкIуэнумрэ иризэпытщIэу мыпхуэдэ Iуэхухэм дыхэтмэщ журналистхэр къэкIуэну зэман- ми гъуэгу захуэ дыщытетынур, пщIэрэ щхьэрэ диIэу дыкъыщекIуэкIынур, — жиIащ Къаныкъуэм.
  • ПэкIум къыщызэхуэса-хэр фэеплъым деж дакъикъэкIэ щыщыгъуащ, щхьэж зыщыщ IуэхущIапIэм къыбгъэдэкIыу удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ.
  • Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.