Федченкэ Людмилэ Михаил и пхъум деж
2020-12-17
- ПщIэ зыхуэтщI, Людмилэ! Ди гум къыбгъэдэкIыу уи махуэшхуэмкIэ дынохъуэхъу.
- ЦIыхум и гъащIэ гъуэгуанэ Iыхьэ дахэ къызэпыпчащ икIи адрейхэм сыт щыгъуи уакъыхэщащ, Iуэхум хэпщIыкIыу узэрыбгъэдыхьэмкIэ, лэжьыгъэр фIыуэ зэрыплъагъумкIэ, ехъулIэныгъэ зыIэрыбгъэхьа нэужьи къалэн нэхъ гугъужхэр зэрызыхуэбгъэувыжымкIэ. Абы щыгъуэми, сыт хуэдэ IэнатIэ уIумытами, зэпымыууэ цIыху хьэлэлу, жэуаплыныгъэ пхэлъу псоми уадэгъуэгурыкIуащ.
- Шэч хэмылъу, Къэбэрдей-Балъкъэрыр ефIэкIуэным уи къару епхьэлIэу узэрыхущIэкъуам къыпэкIуэжащ къэрал дамыгъэ лъагэхэр. Ауэ нэгъуэщI лъапIэныгъи уи гуащIэм къилэжьащ: ар узыхэтым пщIэ къызэрыпхуащIырщ, уи лъахэгъухэм укъызэралъытэрщ.
- Уи зэфIэкIымрэ Iущагъымрэ цIыхухэм адэкIи ящхьэпэнущ. Ди гуапэу дынохъуэхъу уи жыджэрагъым хэмыщIыну, узыншагъэ быдэрэ ехъулIэныгъэрэ уиIэу илъэс куэдкIэ упсэуну!
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэ.