IэщIагъэлI нэс, цIыху щыпкъэ
2020-05-19
- Къэбэрдей-Балъкъэр радиокомитетым и унафэщIу, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министру, КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым и декану щыта Къардэн Башир Мэхьмуд и къуэр псэуащ и псалъэмрэ Iуэхумрэ, и мурадымрэ Iэужьхэмрэ зэтехуэу. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрытами, зыхущIэкъур гупыр зэгурыгъэIуэнырт, лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщынырт икIи ар абы фIы дыдэу къехъулIэрт.
- Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызэрихьэу хэта, фэбжьышхуэ иIэу абы къикIыжа Къардэныр лъэпкъым хуэфащэу, щIэныгъэм и лэжьакIуэ емызэшыжу щытащ. Башир хуэмыарэзы къэгъуэтыгъуейщ, сыту жыпIэмэ, цIыхур зэхищIыкIырт, дэтхэнэми и пIэ иувэфырт, зэрыхузэфIэкIкIэ дэIэпыкъурт, гумызагъэт икIи ткIийт.
- Къардэн Башир и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуауэ и ныбжьэгъухэм я тхыгъэ гукъэкIыжхэр ди газетым и къыдэкIыгъуэ гъунэгъухэм язым тетынущ.
- ИСТЭПАН Залинэ.