Пэжым лъэпкъхэр зэкъуегъэувэ
2020-05-19
- Накъыгъэм и 21-м Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 156-рэ ирокъу. ЦIыху тхыдэм зэи къыщымыхъуауэ ар кIыхьт икIи гущIэгъуншэт. Къэралхэм, лъэпкъхэм ящыщ куэд щыгъуазэкъым лъапсэрых зэрыукIым. БлэкIа лIэ-щIыгъуэрэ ныкъуэм а гузэвэгъуэр иджыри цIыхухэм я лъым хэтщ, зауэм и уIэгъэхэри кIыжакъым, сыту жыпIэмэ абы и жьыр нобэ псэу къэбэрдейхэми, кIахэхэми, шэрджэсхэми, шапсыгъхэми къащIеху.
- Дэ ди псэм хэлъ зэпытщ тхыдэр къызэрыдэкъуэншэкIар, сыту жыпIэмэ ди зэманми Урыс-Кавказ зауэм и пэжыр, адыгэ лъэпкъыр абы зыхидза гузэвэгъуэр хэIущIыIу ямыщIыну хэтщ.
- 1763 — 1864 гъэхэм екIуакIа зауэр къызэрагъэлъагъуэр зэтехуэркъым, сыту жыпIэмэ дэтхэнэ лъэпкъри абы езым и нэкIэ йоплъ. Апхуэдэу щыщыткIэ, лъэныкъуитIри зэгурызыгъэIуэфынур, зэ- зыгъэкIужыфынур пэ-жырщ, ар сыт хуэдизу ткIыбжьу щымытми. Пэжым лъэпкъхэр зэкъуегъэувэ, пцIым зэкъуеуд.
- Тхыдэм и гъуэгуанэр къыпхуеIуэнтIэкIыжынукъым, блэкIам къыпхуегъэгъэзэжынукъым. Ауэ абы и дерсхэр къилъытэурэ, Урысей Федерацэм нэхъ япэкIэ зэтрихьа гугъуехьхэр дигъэкIмэ, лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэри нэхъ тэмэму зэтеувэнут. Урыс-Кавказ зауэм хэкIуэдахэм (шэрджэсхэм, урысхэм, къэзакъхэм) я фэеплъ нэхъыфI дыдэ хъунут, адыгэ лъэпкъыр лъапсэрыхыу ягъэкIуэдыну зэрыхэтар псоми зэхахыу жаIэмэ. Апхуэдэ лъэбакъуэр захуагъэ зыхэлъ тхыдэ Iуэхуу, лъэпкъхэр зэзыгъэкIуж, зэгурызыгъаIуэу къалъытэнщ Урысей къэралыгъуэм и зэкъуэтыны- гъэр, Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм яку дэлъ мамырыгъэр зыфIэлъапIэ псоми.
- Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэр, ди къэралми нэгъуэщI хэкухэми щыIэ лъэпкъ-жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр щогугъ гузэвэгъуэ куэд къызэзынэкIа адыгэ-хэм (шэрджэсхэм) яхуэгъэзауэ политикэ и лъэныкъуэкIэ нэсу зэпэлъыта лъэбакъуэхэр Урысей Федерацэм и Президентым, УФ-м и Фе-деральнэ Зэхуэсым, Правительствэм ячыну — шэрджэсхэм я лъэпкъгъэкIуэдыр (геноцидыр) къалъытэну.
- ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
- КъБР-м и «Адыгэ Хасэ» жылагъуэ
- зэгухьэныгъэм и 19 тхьэмадэ.