МэкъумэшыщIэхэм сом мелуан 200-м щIигъукIэ зэщIагъакъуэ
2020-05-14
- Мы гъэр къызэрихьэрэ Урысейм и «Мэкъумэшбанк» акционер обществэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм сом мелуан 200-м щIигъу щIыхуэ яритащ. Ар нэгъабэрейм процент 14-кIэ щIегъур.
- Банкым и щIыхуэхэр яIэрыхьащ хьэрычэтыщIэ мащIэмрэ курытымрэ пыщIа IэнатIипщIым щылажьэхэм. Абы щыгъуэми процент нэхъ мащIэ зытехуэ кредитхэу сом мелуани 196-рэ ятащ.
- — ЩIыхуэхэр къагъэсэбэпащ зэрагъакIуэ мылъкур ирагъэкъужын, пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэхэр, Iэщ щагъэхъу комплексхэр яухуэн икIи ирагъэфIэкIуэн, къищынэмыщIауэ, мэкъумэш техникэрэ Iэщ лъэпкъыфIхэмрэ къращэхун папщIэ, — къыджиIащ «Мэкъумэшбанк» акционер обществэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI Сокъур Алим. — Нэгъабэ ята кредитым и куэдагъым зэрыхагъэхъуар и фIыгъэщ социальнэ программэщIэхэр къызэрежьамрэ мэкъумэшыщIэхэм ахэр нэхъ къагъэсэбыпыф зэрыхъуамрэ.
- «Мэкъумэшбанк» АО-м худэчых иIэу ит щIыхуэхэм адэкIи хигъэхъуэну и мурадщ. АбыкIэ щIэгъэкъуэныгъэ иратыну хущIокъур коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ щытыкIэ гугъум ихуа мэкъумэшыщIэхэм.
- — Кредиту ттым и куэдагъым хэдгъахъуэ зэпытурэ зэредгъэкIуэкIым Iэмал къет Урысей Федерацэм и ерыскъыхэкI шынагъуэншагъэр дгъэбыдэну икIи хьэрычэтыщIэ мащIэр дэтIыгъкIэрэ къуажэм щыпсэухэм я гъащIэр едгъэфэкIуэну, — къыхигъэщащ Урысейм и «Мэкъумэшбанк» акционер обществэм и правленэм и унафэщIым и къуэдзэ Жачкинэ Иринэ.
- Зэрыкъэралу къэпщтэмэ, мы гъэр къызэрихьэрэ банкым мэкъумэшыщIэхэм щIыхуэу яритащ сом мелард 394-рэ. Нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм ар процент 12-кIэ щIегъур. Кредитхэр къащтащ IуэхущIапIэ ин 400-м щIигъумрэ хьэрычэтыщIэ мащIэмрэ курытымрэ зыгъэлажьэ цIыху мини 2,3-мрэ. ПIалъэ кIыхькIэ ята щIыхуэр сом мелард 91-м нэсащ, пIалъэ кIэщIкIэ Iахар сом мелард 303-м щIегъур. Худачых (льготэ) кредитыр мы гъэм сом мелард 84-рэ хъуащ.
- Хьэтау Ислъам.