Зи пщIэр ин Къуэдзокъуэ Жамболэт
2020-05-14
- КъБР-м ЩIалэгъуалэм дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэ ядегъэкIуэкIынымкIэ и Жылагъуэ советым и унафэщI, МЧС-м и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм хэт, «Союз народовластия и труда» урысейпсо политикэ жылагъуэ зэщIэхъеиныгъэм дзыхь иригъэзу Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ, полковник Къуэдзокъуэ Жамболэт нобэми жыджэру мэлажьэ, и зэфIэкIым зэрыкIэримыгъэхуным, и къэухьым, и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным хущIэкъу зэпыту.
- Телъыджэр аращи, зи ныбжьыр пщэдей илъэс 87-рэ ирикъу Къуэдзокъуэ Жамболэт мы зэманми, дзэм ираджа ди щIалэгъуалэм я Iуэху зэрихуэу, къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыщIидзыфынущ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ зэрыщытар аращи, абы ди щIалэхэр здэщыIэ гарнизонхэм кIуэурэ, ящыщ гуэрхэр зыхэхуа Iуэху мыщхьэпэхэм зыбжанэрэ къахишыжыфащ. И гукъэкIыжхэм щIэгушхукIыжу, Къуэдзокъуэм ноби уигъэлъагъуфынущ республикэм и дзэ комиссариатым ар здиIуэхуауэ щыта частхэм я Iэтащхьэ-хэм зэрызыхуигъэза, къаIущIэу, хуей хъумэ, къадэIэпыкъуну зэрелъэIуа псалъэхэр зэрыт лъэIу тхылъхэр.
- ЩIэблэм дежкIэ щапхъэгъэлъагъуэ, ди нэхъыжьыфI Къуэдзокъуэ Жамболэт дохъуэхъу дяпэкIи и зэфIэкIым зэрыкIэригъэху щымыIэу, лъэпкъым жыджэру хуэлажьэу, яужь итхэм гъуазэ яхуэхъурэ узыншагъэ быдэ иIэу, иджыри куэдрэ Тхьэм игъэпсэуну!