Хэкум и IэфIагъыр нэхъ зыщIэр абы пэIэщIэращ
2021-11-09
- Нобэ «Адыгэ псалъэм» ди хьэщIэщ «хэхэс» цIэ жагъуэр «хэкурыс» цIэ лъапIэмкIэ пасэу зыхъуэжы-фа, нэхъыщхьэращи, зыхъуэжу хущIемыгъуэжа ди лъэпкъэгъу МэшхуэфI Нэждэт. Лъэныкъуэ куэдкIэ лъэпкъым Iуэху хуэзылэжьа, хуэзылэжь ди нэхъыжьыфIым ущепсалъэкIэ, и тхыгъэхэм ущеджэкIэ, хэкум кърит къарур, зэфIэкIыр, гушхуэныгъэр зыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Нэждэт и тхыгъэ купщIафIэхэр, гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм, «Зэкъошныгъ», «Псалъэ» журналхэм щIэх-щIэхыурэ къытрырегъадзэ.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэр къызэзыгъэпэщахэм яз, абы и Генеральнэ секрета-ру 1993 — 1996 гъэхэм щыта Нэждэт иджы ДАХ-м и КъэпщытакIуэ гупым хэтщ. Хасэр илъэс 30 щрикъум ирихьэлIэу МэшхуэфIым депсэлъащи, ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ къыджиIахэм.
- — Нэждэт, ДАХ-м и тхыдэр щIалэгъуалэм ящIэркъым. Уэ уащыщщ ар къызэзыгъэпэщахэми, сыхуейт Iуэхур къызэрекIуэкIам дыщыбгъэгъуэзэну. Ауэ нэгъуэщIкIэ къыщIозгъэдзэнут: уэркIэ сыт лъэпкъ Iуэхугъуэхэм я нэхъыщхьэр?
- — БлэкIа лIэщIыгъуэхэм къытхуахьа тхьэмыщкIагъэхэм адыгэр тlууэ дызэгуачащ. Лъэпкъым и нэхъыбэм хэкур зэрырагъэбгынам зи Iыхьэ мымащIэ хэлъ Уэсмэн империем адыгэр и щIым хьэдзэ зырызу дрипхъащ. Империер лъалъэри, хэгъэгу зэпэщхьэхуэ дыкъыщыхутащ. Хэхэсхэр иджыри зэ ягъэIэпхъуащ. Адыгэхэм аргуэру яхъуэжын хуей хъуащ я хэгъэгущIэр. Урысей империем къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэми хэкурысхэр зэпэIэщIэ ищIащ.
- Иджы хэкурысымрэ хэхэсымрэ зэхуэныкъуэхэщ, зэхуэибэхэщ. Зэлъэпкъэгъухэм ди гур зэхуоуз, ди хэгъэгухэр зыхэхуэ гузэвэгъуэхэм дызэдагъэгумэщI, гуфIэгъуэ къащыдэхъукIэ — дызэдогуфIэ.
- Пэжыр жыIэпхъэщи, ди лъэпкъым куэд и нэгу щIэкIащ, гъунэншэуи гугъу драгъэхьащ. Егъэзыгъэрэ гъэпцIагъэкIэ кIуэдыпIэ гъуэгум трашахэра нэхъ гугъу ехьар хьэмэрэ хэкум къинэныр зи насып къихьахэра? Нэрылъагъур — хэкурысхэм я насыпыр зэрытекIуаращ. Iыхьэ-Iыхьэу ягуэшами, лъэпкъыр къыщыхъуа адыгэщIыращ зытесыр. ЩыдэплъейкIэ, адыгэ уафэращ ялъагъур. Хэти щыгъуазэщ, хэкум къинэжар мащIэ дыдэт. Ауэ хэкур лъабжьэщ, лъабжьэр къарути, хэкурыс тIэкIум Урысейм хыхьэ республикэхэр яухуэн ялъэкIащ. Хэкурысращ бзэр ихъумэну, иригъэфIэкIуэну зи насып къихьар, уэрэдыжьхэр ноби зыгъэпсэур, усэщIэхэр зытхыр, уэрэдыщIэхэми дамэ езытыр. Гузэвэгъуэ щихуэкIэ, хэкурысыращ къэралыр и дэIэпыкъуэгъуу хэхэсым и хэку езыгъэгъуэтыжыр, хэхэсхэр апхуэдэхэм зэрадэIэпыкъур хэкур зыгъуэтыжахэм ялъэзыгъэIэсыр.
- — Хэкурысымрэ хэхэсымрэ зэзыпх ДАХ-р зэгъэпэща зэрыхъуам теухуауэ жаIэжхэмрэ ятхыжхэмрэ мащIэу зэщхьэщокI. Уэ 1978 гъэм «Родина»-м къригъэблэгъауэ Тыркум къикIа япэ адыгэ лIыкIуэ гупым уахэтат. 1991 гъэм ДАХ-р къызэзыгъэпэщыну Налшык къэкIуахэм уащыщщ, Тыркум къикIа ди лъэпкъэгъухэм уратхьэмадэт. Абы ДАХ-м и тхьэмадэ къуэдзэу ущыхахат, ноби ухэтщ абы и КъэпщытакIуэ гупым. ДАХ-р ухуа зэрыхъуам теухуауэ сыт къыджепIэнт?
- — Зы тIэкIу нэхъ жыжьэкIэ къыщIэддзэнщ Залинэ. Хэти щыгъуазэщ и лъэпкъым хуэпэж, абы иригушхуэ, лъэпкъыр иригъэфlэкlуэным, игъэдэхэным хуэлажьэ лъэпкъыпсэ-хэкупсэхэр зэрыщыIэм. Абы дэщlыгъууи зыпIа лъэпкъым и псэр хуэзыгъэтlылъахэр зэрымымащlэри зымыцIыху щыlэкъым. Аращи, лъэпкъ lуэхухэр зы нэрыбгэм е зы гупым зэфIахауэ жыпIэныр щыуагъэщ. Ауэ къохъу лъэхъэнэ зэблэкlыгъуэ, лъэпкъ насып къэгъэзэгъуэ. Насып къэгъэзэгъуэхэм лъэпкъым хуэблэжьым къыпэкlуэри нэхъ нэрылъагъущ.
- Хэкум къинахэмрэ хэхэс хъуахэмрэ зэпэIэщIэ щыхъуа япэрей махуэхэм щыщlэдзауэ зэхуэзэшу, зэлъэlэсыжыным щIэхъуэпсами, дунейм текъухьа адыгэхэм я лlыкlуэхэр япэу щызэхуэсыфар 1989 гъэм жэпуэгъуэм и 21-рщ. Хэку бгынэр илъэси 125-рэ щрикъум теухуа, «Щэнхабзэ тхьэмахуэ» зыфIаща зэхуэсыр махуиблкlэ екlуэкlат. Зэхуэсым и бысымыр Анкара дэт Кавказ Ищхъэрэ Щэнхабзэ Хасэр арат. Адэжь щIыналъэм, Сирием, Иорданием, Америкэм, Германием, Тыркум и къалэ зыбжанэм къикlа лlыкlуэхэр зыхэлэжьыхьа зэхуэсыр дуней псом хуэгъэза мы псалъэхэрат къызэрызэlуахар:
- «Дывгъэухуэ дуней:
- — А дунейм лъэпкъхэм я кум дэлъ мамырыгъэмрэ зэкъуэшыгъэмрэ щребыдэ, мамырыгъэ жьыбгъэм «зауэ» псалъэр бзэ псоми хрырелъэсыкl.
- — А дунейм, лъэпкъхэр цlыкlути инти жытlэу зэхэдмыдзу, цlыху псоми зэдай культурэхэр, щыдвгъэхъумэ.
- — А дунейм зы нэрыбгэ закъуи и гупсысэм, и фlэщым щхьэкlэ лей къыщытремыхьэ.
- — А дунейм и бзэрэ и культурэрэ хуэлэжьэну цlыхухэм пэрыуэгъу зыри щахуремыхъу.
- — А дунейм лъэпкъхэм я адэжь хэкур, сыт и мыщхьэусыгъуэми, щрамыгъэбгынэ.
- — Уа, захуагъэр, мамырыгъэр зыгъэлъапlэ цlыхухэ! Фэ дыныводжэ: фыкъакlуи, дызэгъусэу дунейр лъагъуныгъэрэ дахагъэкIэ дывгъэгъэщlэращlэ».
- Лlыкlуэхэм я мызакъуэу, цlыху мин бжыгъэхэр зыхэлэжьыхьа мы зэхуэсращ Дунейпсо Адыгэ Хасэ къызэгъэпэщыным щIэдзапIэ хуэхъуар. Мы зэхуэсыр ДАХ-м и япэ конгрессу къэзылъытэхэм ящыщщ Голландием щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Фэтхьи Рэджэби. Зэхуэсым къыщамыIэта лъэпкъ lуэху къэмынами, псом я нэхъыщхьэу зытепсэлъыхьахэр хэхэсым и хэку егъэгъуэтыжынращ.
- Етlуанэрей зэхуэсыр Голландие Адыгэ Хасэм и фlыщlэкlэ 1990 гъэм накъыгъэм и 4, 5, 6 махуэхэм а къэра-лым щекlуэкlащ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ «Родина»-м, Тыркум, Германием ит хасэхэм, бысым хасэм я лlыкlуэхэри яхэту, нэрыбгэ 61-рэ хэлэжьыхьащ зэхуэсым икlи, Анкара къикIа лIыкIуэм жиIар даIыгъыу, зэгурыIуащ 1991 гъэм накъыгъэм и 21-м Налшык щызэхуэсу Дунейпсо Адыгэ Хасэ къызэрагъэпэщыну.
- ЛIыкIуэхэм я мызакъуэу, ди республикищым я унафэщIхэр, лъэпкъым и цlыху цIэрыIуэхэр, ди лъэпкъэгъухэр зыщыпсэу лъэныкъуэ псоми къикlахэр мин бжыгъэкIэ 1991 гъэм накъыгъэм и 19-м Налшык щызэхуэсхэри, ДАХ-р яухуащ.
- Абы къыщымынэу, зэхуэсым къекlуэлlа мин бжыгъэхэр накъыгъэм и 21-м, Щыгъуэ-щIэж махуэм, Налшык стадионым щызэхуэсри зэхуэгузэващ. Тхьэлъэlуи ящlащ хэкум, лъэпкъым и псэр хуэзыгъэтlылъа, узым, гъаблэм ихьа, хэхэс гъащlэм зэгуиуда ди адэжьхэм жэнэт ягъуэтыну… Тхьэлъэlу ящlащ хэхэсым адэжь щIыналъэр игъуэтыжыну, лъэпкъым зиужьыжыну… Ящlащ тхьэлъэlу дунейр мамырыну.
- — Нэждэт, ДАХ-р къызэзыгъэпэщахэр сыт абы фызэрыщыгугъыр?
- — ДАХ-м и къалэн нэхъыщхьэр — адыгэхэм я адэжь щlыналъэ егъэгъуэтыжыныращ, и Iэщэри анэдэлъхубзэращ. Сыту жыпIэмэ, бзэр тхыдэщ, бзэр IуэрыIуатэщ, бзэр лъэпкъыр нэгъуэщIхэм яхэзымыгъэгъуащэщ. Хэкури цIыхум и гум къару зыщигъуэт, зэрылъэпкъыр зыщигъэпэж, лъэпкъыу зыщихъумэжыф щIы Iыхьэращ. Зэрыдижагъуэщи, къохъу лъэпкъхэм я щIыр щрагъэбгынэ.
- Хэкумрэ анэдэлъхубзэмрэ зэкIэрыпч мыхъуу быдэу зэхэпщащ. Зыр адрейм лъабжьэ, къару хуохъу. Хэкур къэзыгъуэтыжым анэдэлъхубзэри къегъуэтыж. Анэдэлъхубзэр зыIурылъ, анэдэлъхубзэр къэзыщтэж хэхэсыр хэкумкIэ къаплъэ, къэнацIэ мэхъу… ЗыхузэфIэкIхэм адэжь щIыналъэм къагъэзэж.
- Аращи, лъэпкъыр, хэкур, анэдэлъхубзэр зэгъэуIужыным хуэпсэуа дэтхэнэ зы адыгэри ДАХ-м и ухуакIуэщ.
- ДАХ-м и ухуакIуэщ хы Iуфэм нэмыс щIыкIэ къэзыгъэзэжахэр. И ухуакIуэщ и бын быдзафэр и бгъэм къыщIичу, хэкум къинэ адыгэ унагъуэм къыхуэзыгъэнахэр.
- ДАХ-м и ухуакIуэщ Тыркум щынэсам къагъэзэжыным къыщIэлъэIуу Урысей пащтыхьым тхылъ къыхуэзытхахэр. И ухуакIуэщ гъуэгум къытехьэжахэм ящыщу Уэсмэн империем и дзэлIхэм зэбграхуахэр.
- ДАХ-м и ухуакIуэщ 1908 гъэм щыщIэдзауэ хасэхэр зыухуа, анэдэлъхубзэр щадж еджапIэхэр къызэзыгъэпэща, хэкум егъэджакIуэхэр къэзыгъэкIуа хэкупсэхэр. И ухуакIуэщ абыхэм бысым яхуэхъуа, хы адрыщl плъэ зэпыта хэкупсэ-лъэпкъыпсэхэр.
- ДАХ-м и ухуакIуэщ и къуэшыр, и шыпхъур ирилъагъуэ къыфlэщlу мазэр из щыхъум еплъахэр, «СыщылIэкIэ си бгъэр хэкумкIэ гъэзауэ сывгъэтIылъ» уэсятыр къэзыщIахэр.
- ДАХ-м и ухуакIуэщ 1930 гъэхэм Сирием адыгэбзэр щадж еджапIэ къызэIузыхахэр, пщэдджыжь къэсыхукIэ еджакIуэ цIыкIухэм я гур хэкумкIэ гъэзауэ я гимн жезыгъэIахэр.
- ДАХ-м и ухуакIуэщ 1950 гъэхэм Иорданием адыгэбзэкIэ спектакль щызыгъэувахэр, адэжь щIыналъэм, хэку гъэзэжым теухуа гъыбзэ зэхэзылъхьахэр.
- ДАХ-м и ухуакIуэщ радиокlэ, тхыгъэкIэ хэхэсхэм ялъэlэсахэр, лъэныкъуитIымкIи «тхьэкIумафIэхэр» яужь зэритым зрамыгъэлъахъэу зэкIэлъыкIуахэр.
- ДАХ-м и ухуакIуэщ «Родина»-р зыухуахэр, хэхэс къуэшхэм яхыхьахэр, къуэшхэр хэкум къезыгъэблэгъахэр, щезыгъэджахэр.
- ДАХ-м и ухуакIуэщ 1970 гъэхэм адэжь щIыналъэм къикIауэ Тыркум щрагъэблэгъа я къуэшхэр я стипендиехэмкIэ зыгъэхьэщIа ныбжьыщIэхэр. И ухуакIуэщ нэдэплъыпIэ щымыIарэ пэт, хэкум гъэзэжыныр гугъэ лъагэу зыхуэзыгъэувыжахэр, журнал, газет къыдэзыгъэкIахэр.
- ДАХ-м и ухуакIуэщ хэхэсыр хэкум щIэзыгъэхъуэпса ди тхакIуэхэр, усакIуэхэр. И ухуакIуэщ ди уэрэдусхэр, ди пшынауэхэр, уэрэджыIакIуэхэр, лъэпкъ къафэхэр зыгъэпсэуахэр.
- Ауэ псом хуэмыдэу ДАХ-м и ухуакIуэщ Урысейм хыхьэ ди хэкухэр, республикэхэр зыухуахэр. И ухуакIуэщ ди хэгъэгур езыгъэфIакIуэ, хэхэсым гулъытэ хуэзыщI ди унафэщIхэр.
- Хэкум къинэжыныр зи насып къихьа, хэкужьым щыпсэуа, гугъу щехьа дэтхэнэ зы хэкурысри, хэкур, лъэпкъыр зи плъапIэ дэтхэнэ зы хэхэсри ДАХ-м и ухуакIуэщ.
- ИтIани, хэхэсыр нэгъэсауэ зэрымылъэпкъыфынури, хэкур хэхэсым зэрыхуэныкъуэри пэжми, ДАХ-м хэхэсым и хэку егъэгъуэтыжыныр и къалэн нэхъыщхьэм лъабжэ хуэхъуами, хэхэс псоми къызэрамыгъэзэжыфынур къыдгуроIуэ. Аращи, ДАХ-р дыгъуасэ зэлэжьари нобэ зэлэжьри зы къэралыгъуэ дыхъужынракъым, атIэ, зэпэщхьэхуэу псэу адыгэхэр анэдэлъхубзэкIэ зэгурыIуэу зы лъэпкъыу адэкIи дунейм дытетынырщ.
- Абы дэщlыгъуу ДАХ-м хэтхэм къагуроlуэ лъэпкъхэр зэбий зэрымыхъунур. Нэрылъагъущ мызэуа, бий зимыlа лъэпкъ дунейм зэрытемытыр. Ауэ илъэсищэ бжыгъэкlэ зэзэуахэри яхэтыжу, нобэ лъэпкъхэм зэгухьэн, зэгурыlуэн ялъокI. Урысхэри, адыгэхэр зыхэс нэгъуэщI лъэпкъхэри дызэгурыIуэу, Урысей Федерацэм и lэмалыр ди lэмалу, и къарур ди къарууэ дызэдэпсэумэ, лъэпкъыр зэрефIэкIуэнур, хэхэсхэм ящыщу адэжь щIыналъэмкIэ къеIэр къызэрытшэжыфынур шэч къызытумыхьэнщ.
- — А Iуэхур зэрымыкIуатэм, ДАХ-р къэралым зэрыпэмыувым щхьэкIэ зыгъэкъуанши щыIэщ.
- — ЩыIэщ икIи щыIэнущ. Абыхэм къагурымыIуэр мыращ: ДАХ-р политикэ парткъым, цIыхубэ организацэщ. ЦIыхубэ организацэхэм езым я къару закъуэкIэ хэхэсыр къызэрамышэжыфынури, анэдэлъхубзэр зэрамыхъумэфынури нахуэщ. Мы IуэхугъуитIыр зи пщэрылъри зыгъэзэщIэфынури ди республикэхэмрэ ахэр зыхыхьэ Урысей Федерацэмрэщ. Абы къыхэкIкIэ ДАХ-р унафэщIхэм япэувыркъым, ауэ икIи еубзэркъым. Йопсалъэ, лъэпкъым и гуращэхэр ялъегъэIэс, и къарум къихьыр ядещIэ. УнафэщIхэмрэ ДАХ-мрэ пщIэ зэхуащI, зэдэIэпыкъуу зэдолажьэ…
- — Нэждэт, илъэс щэщIым къриубыдэу ДАХ-м дызэрыгушхуэну хузэфIэкIам и гугъу къытхуэпщIын?
- — Япэрауэ, адыгэу дунейм тетыр зэзыпх, зэлъэзыгъэIэс ДАХ-р илъэс щэщI хъуауэ дызэриIэ закъуэр гуфIэгъуэщ. Узэхэмыхьэу, узэрымыIуэту узэрыщIэнукъым. Иджы езы хасэхэм я Iуэхуи хэмылъу ди лъэпкъэгъухэр зэкIэлъокIуэ, зэрощIэ, Iуэху зэдащIэ, зэрогъэхьэщIэ, зэблагъэхэр зэрогъуэтыж. Гуапэщ Урысей Федерацэм и лIыкIуэхэр адыгэхэр щыкуэд къэралхэм щыкIуэкIэ, ди хэгъэгу унафэщIхэм, депутатхэм ящыщ зэрыхагъэхьэр.
- Урысей Федерацэм адыгэхэри и хэкуэгъухэм зэрыхибжам и мыхьэнэр къэIуэтэгъуейщ. ЗэрытщIэжщи, 1991 — 2000 гъэхэм къриубыдэу къару зиIа хабзэр и лъабжьэу УФ-м и паспортыр посольствэхэм къыщрату щытащ абы щIэупщIэ хэхэс адыгэхэм.
- УзыгъэгуфIэщ иджырей Iэмалхэри къагъэсэбэп зэрыхъуар. Зи гугъу сщIыр хэхэс адыгэхэм онлайну адыгэбзэ, урысыбзэ курсхэр къыхузэрагъэпэщ зэрыхъуарщ.
- — Ди лъэпкъым сыткIэ захуэбгъэзэнт?
- — Ди къэралым федерализмэр зэрыщыбыдэм, демократием зэрызыщиубгъум елъытауэ, зэхэгъэгуэгъу лъэпкъ зэпэщхьэхуэхэм я зэкъуэшыгъэр нэхъри нэхъ быдэ, я зэхущытыкlэри нэхъри нэхъ дахэ хъунущ. Шэч хэлъкъым, хэкурыс адыгэхэм яIэ хуитыныгъэм, езыхэм lэмалу иратым елъытауэ, хэхэс адыгэхэр Урысей Федерацэм и гухуэкlуэ лlыкlуэ хъунухэщ. Абыхэм ирагъэфIэкIуэнущ зыщыпсэу къэралыгъуэхэмрэ Урысей Федерацэмрэ я зэхущытыкlэр.
- ЩIыхь зыхуэсщI ди лъэпкъэгъухэм иджыри зэ мыпхуэду захузогъазэ: «Адыгэр дунейм дызэрыщикъухьар, дызэрызэкъуэчар зыщыдвмыгъэгъупщэ!
- Дыщыпсэу хэгъэгухэм я гъэпсыкIэр, ярылъ унафэхэр зэрызэхуэмыдэр къыдвгъэлъытэ!
- ДызэлъэIэсыну лъэкIыныгъэ дызэримыIар зыщыдвмыгъэгъупщэ.
- Илъэсищэ бжыгъэкIэ зэзэуа лъэпкъхэри хэгъэгухэри щызэгурыIуэ, щызэхыхьэж, я къарухэр щагъэлъэщ лъагапIэм зэрынэсам гу лъыдвгъатэ!
- Дызэрыгъуэтыжамэ, дызэфIэзыгъэкIуэдыжын IуэкIэ-щIыкIэхэм защыдвгъэдзей!
- Ди хэгъэгухэм мамырыгъэ илъыным, я экономикэм зыкъиIэтыным, зэхущытыкIэ дахэ зэдаIэным дыхуэвгъэлажьэ!»
- Епсэлъар ЩОМАХУЭ Залинэщ.