ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ГъукIэ-Мэремкъул Маринэ: Сыт щыIэ щIэблэм я  гъэсэныгъэм нэхърэ нэхъыщхьэ?!

2021-11-23

  • ЦIыхум и дунейр щыщIэщыгъуэм деж и хъуреягъми фIыгъэкIэ догуашэ. Абы езыми и гур егъэнщIыж. Нобэ фыхэдгъэплъэнущ зы цIыху дуней дахэ, — ГъукIэ-Мэремкъул Маринэ и дунейм! Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр къиухащ, Налшык щыIэ «УСПЕХ» школым адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэщ. Маринэ тхакIуэщ. И IэдакъэщIэкIхэр республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ къытохуэ. И IэщIагъэм теухуа гупсысэ щIэщыгъуэхэм, и творческэ дунейм фыхэтшэну ди гуапэщ.

  • — Маринэ, сыт уи IэщIагъэр фIыуэ уэзыгъэлъагъур?
  • — Сабийхэм уадэлэжьэныр, щIэ гуэрхэм хуэбгъэсэныр тыншкъым. ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм щэху Iэджи хэлъщ, ауэ нэхъыщхьэр сабийр фIыуэ плъагъунырщ. ЩIэныгъэ уиIэу абыкIэ еджакIуэхэм уазэрыдэгуэшэн хэлъэт абы дыщIымыгъужмэ, мащIэщ къохъулIэнур. УегъэджакIуэным гуапагъэ хэплъхьэн хуейщ. Сэ сабийм бгъэдэслъхьэ щIэныгъэр дэслъагъужмэ, дэрэжэгъуэ къызет.
  • — ПэщIэдзэ классым щIэсхэри нэхъыжьыIуэхэри ибогъаджэ. Анэдэлъхубзэр тыншу къагъэIурыщIэрэ ди щIэблэм?
  • — Ди жагъуэ зэрыхъущи, дызэрыхуей дыдэм хуэдэу адыгэбзэр яIурылъкъым къыдэкIуэтей щIэблэм. Псом хуэмыдэу къалэдэс сабийхэм. Сэ езгъаджэ цIыкIухэм я гугъу сщIынщи, анэдэлъхубзэм хуэмышэрыуэ яхэтми, абыхэми яфIэгъэщIэгъуэнщ бзэм и Iуэхур. Лъэпкъ тхыдэм, бзэм теухуа гуэрхэмкIэ къыдызохьэх. СыщогуфIыкI адэ-анэхэмрэ адэшхуэ-анэшхуэхэмрэ сабийм и бзэм зрагъэужьыну щелIалIэм деж. Унагъуэм анэдэлъхубзэкIэ щызэпсалъэмэ, сабийри абы ирипсэлъэнущ, фIыуэ илъагъунущ. Согушхуэ, — унэ лэжьыгъэ естам нэмыщI, «нобэ нанэ (е дадэ) и гъусэу зэзгъэщIащ» жиIэу сабийм усэ цIыкIухэм е IуэрыIуатэм щыщ гуэрхэм сыщрагъэдаIуэм деж. Апхуэдэу куэдрэ сагъэгуфIэ пэщIэдзэ классхэм щIэс цIыкIухэм. НэхъыжьыIуэхэм нэхъ яфIэгъэщIэгъуэну гу лъыстащ тхыдэм щыщ Iыхьэхэм, абыхэм нэхъ щIоупщIэ. Сэри апхуэдэ Iэмалыр блэзгъэкIыркъым — дызэгъусэу дытопсэлъыхь, езыхэм я Iуэху еплъыкIэми сыкIэлъоплъ.
  • — Уи творчествэм и гугъуи дыгъэщIыт. Сыт абы къежьапIэ хуэхъуар?
  • — СышколакIуэу тхэн щIэздзащ. Усэ цIыкIухэр, рассказ кIэщIхэр стхыуэ къезгъэжьат. Зэзгъэлъагъуи езгъаджи щыIэтэкъым. Пэжщ, зэзэмызэ школым зэпеуэ гуэрхэр щекIуэкIмэ, къыщызгъэлъагъуэ щыIэт. Школыр къэзуха нэужьщ си рассказхэмрэ новеллэхэмрэ журналхэмрэ газетхэмрэ къытехуэ щыхъуар. Ар зи фIыщIэр тхакIуэ Хьэх Сэфарбийщ. ТхакIуэ, усакIуэ ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэригъэпэща «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм ар къыщыддэлэжьат.
  • — Маринэ, уи тхыгъэхэм соджэри, гупсысэ щIэщыгъуэ уиIэщ. Уи сюжетхэм гъэщIэгъуэну зыкъызэрыщIапхъуэтым гу лъыстащ. Ахэр гъащIэм къыхэкIрэ хьэмэрэ…
  • — Упсэу, си гуапэщ. Си рассказхэр нэхъыбэу художественнэ тхыгъэщ, зыщIыпIэ щызэхэсха Iуэхугъуэ е къэхъукъуащIэ гуэрхэм сызыхуаша гупсысэхэм къатехъукIаи яхэтщ. ГъащIэм куэдым ущрохьэлIэ. НэгъуэщIхэм мыхьэнэ зрамыт зы Iуэхугъуэм гупсысэ гъэщIэгъуэнхэм ухуашэнкIэ хъунущ. Апхуэдэ зы гупсысэ кIапэр тхылъымпIэм нэпхьэсын щIыбодзэри, къызэротIэпIыкI. Языныкъуэхэм деж си тхыгъэм сюжет хуэсщIынури зэрезгъэухынури сымыщIэу къызогъажьэри, езыр-езыру зешэщI.
  • — Сыт литературэр уэркIэ?
  • — Литературэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. ЩIэблэм и гъэсэныгъэр абы къыгуэхыпIэ имыIэу епхауэ къызолъытэ. Сыт щыIэ щIэблэм и гъэсэныгъэм нэхърэ нэхъыщхьэ?! ДыщыцIыкIум щыщIэдзауэ емрэ фIымрэ зэхэдгъэкIыу дрегъасэ литературэм, хьэл-щэн куэд абы къыхыдох. Уеблэмэ языныкъуэ художественнэ тхыгъэхэм хэт лIыхъужьхэр апхуэдизкIэ тпэгъунэгъу мэхъури, абыхэм задыдощI, куэдрэ щапхъэу къыдохь.
  • — Студент гъащIэм сыт къыхэпха?
  • — ФIыгъуэ куэд: щIэныгъэ, ныбжьэгъугъэ, гукъэкIыжхэр… Къыздеджахэри ди егъэджакIуэхэри гуапэу си гум илъщ. ЕгъэджакIуэфI, щIэныгъэлI лъэщхэм драгъэджащ, ди насып кърихьэкIри. Дэтхэнэми фIыщIэ хузощI, дунейм ехыжахэри яхэтщи, Тхьэм псапэу къаритыж дэ къыдата зыужьыныгъэр!
  • — Уи мурадхэм дыщыбгъэгъуэзэн?
  • — Си тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ дунейм къытезгъэхьэну сыхуейщ. Абы мы зэманым солэжь. Си IэнатIэм и гугъу сщIымэ, ари гурэ псэкIэ къыхэсхащи, си гуащIэ къихь себлэжынукъым.
  • Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.