ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытеухуар   'Ди псэлъэгъухэр'

ДЗЭМЫХЬ  Къасболэт: МыкIуэдыжынщ Нэгумэ Шорэ  и  щIэин  лъапIэр

2021-03-25

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щэнхабзэ гъащIэм узыщыгуфIыкI хъун, гулъытэ хэхаи зыхуэщIыпхъэ Iуэхугъуэ къыщыхьащ. адыгэ узэщIакIуэ, еджагъэшхуэ, ди щIыналъэм щызэтеува тхыдэ, филологие щIэныгъэхэм я лъабжьэр зыгъэтIылъа Нэгумэ Шорэ Бэчмырзэ и къуэм и тхыгъэхэр къыщызэщIэкъуэжа, томи 4 хъу, «Ногмов Ш.Б. Исторические и филологические труды» фIэщыгъэр зиIэ къыдэкIыгъуэ хьэлэмэт иджыблагъэ дунейм къытехьащ. Ар игъэхьэзыращ тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэмрэ техникэмкIэ и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академик, РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр ЩIэныгъэ Центрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт. ЩIэныгъэм и илъэсу ди къэралым щагъэува дызэрыт 2021 гъэм къыдэкIа тхылъыщIэм тедгъэпсэлъыхьыну иджыблагъэ зыхуэдгъэзащ абы.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

Захуагъэмрэ пэжымрэ я телъхьэ

2021-03-16

  • «Захуагъэм тет Урысей» («Справедливая Россия») партым псори зыщIэхъуэпс, ауэ нобэр къыздэсым зрамыгъэхъулIэф Iуэхушхуэ зэфIигъэкIащ. Абы иджыри партитI зыгуигъэхьащ: «Пэжым и телъхьэу» («За правду») партымрэ «Урысей хэкупсэхэмрэ» («Патриоты России») цIэр зезыхьэмрэ. Иджы езым зэреджэми зихъуэжащ: «Захуагъэм тет Урысей — хэкупсэхэр пэжым щIобэн».

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

Адыгэ  гъащIэм  и  зы  нэз

2021-02-02

  • Арджэн щIыныр пасэрей IэщIагъэщ. Ижь лъандэрэ адыгэм къадэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэ дахэр мыкIуэдыжу нобэкIэ езыгъэфIакIуэхэм, зезыгъэужьхэм ящыщщ IэщIагъэлI щIалэ, сурэтыщI Мэзло Руслан. Еши щхьэхи имыщIэу арджэным Iуэху дэзыщIэ сурэтыщIым лъэкIащ абы теплъэщIэ иритын. НобэкIэ Руслан «къигъэпсэуж» арджэнхэр гъуазджэ щыпкъэм нэса къэгъэщIыгъэ екIущ, «музей гъэтIылъыгъэ цIэр зыхуэфащэ» фIэщыгъэ лъапIэр зрата Iэпэщысэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

Зейхэм  лъапIэныгъэу  къамылъытэмэ…

2020-12-01

  • Лъэпкъым и щыIэныгъэр ар зэрызыхуэсакъыжым, зэрызэплъыжым зэрелъытам шэч хэлъкъым. КъехъулIэ фIыр зэрилъагъум, зэриIэтым хуэдэу, къыжьэхэуэ мыхъумыщIэхэри Iуэху ищIу, абыхэм хэкIыпIэ яхуэхъунур къилъыхъуэу, зэребэкъуэн Iэмалхэр зэригъэзахуэу щымытмэ, щхьэдигъэIухрэ Iэпэдэгъэлэл ищIмэ, узыфэ бзаджэу къыхуинэнкIэ зыхуэIуа щыIэкъым. Лъэпкъыр щызыгъэIэри, зыми емыщхь зыщIри и анэдэлъхубзэрщ, къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэ-зэхэтыкIэрщ. Ахэр я пхъашапIэкIэ къэтIасхъэу щыхуежьа меданырщ цIыху лъэпкъыр щызэгупсысыжыпхъэр, зыIууа IэнатIэр зэрымыщIагъуэм щыхигъэплъапхъэр. ЩытыкIэ гугъум еIэзэн папщIэщ лъэпкъхэм фондхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр щIызэхашэр. Адыгэхэр нэхъ лейкъым. Куэд щIакъым къызэрыунэхурэ «Адыгэ дуней» фIэщыгъэр зиIэ лъэпкъ фондыр. Апхуэдэу щыт пэтми, иригъэкIуэкIыфа лэжьыгъэ мащIэм щIэупщIэ игъуэтащ, цIыхухэр дихьэхащ. Ар къэтлъытэри, Фондым и унафэщI ХьэцIыкIу Рае «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къедгъэблэгъащ, ар зи пашэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм теухуа упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

Сокъур Алим: Ди цIыхухэр лэжьакIуэшхуэщ, щIыуэпсыр къулейщ. Къалэныр — абыхэм защIэдгъэкъуэнырщ

2020-07-14

  • Урысейм и «Мэкъумэшбанк» акционер обществэр къызэрыунэхурэ блэкIа илъэс 20-м къриубыдэу экономикэм хуабжьу зиужьащ. Иджы ди къэралым къанэ щымыIэу езым зыкъызэрегъэпэщыж ерыскъыхэкIхэмкIэ, уеблэмэ, гъавэхэкIхэр нэгъуэщI къэралхэм куэду ирещэ. А псори къэхъуфынутэкъым, мэкъумэш IэнатIэм хуэфащэ щIэгъэкъуэн мылъкукIэ имыгъуэтамэ. Къуажэдэсхэм мылъкукIэ ядэIэпыкъунымкIэ иужь илъэсхэм къэралым щыпашэщ «Мэкъумэшбанк» АО-р. Абы Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и унафэщI Сокъур Алим нобэ ди псэлъэгъущ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

Мыщхъуэж (КIуащ) Залинэ:  Си гъащIэм и етIуанэ  Iыхьэу собж

2019-12-07

  • Ди газетеджэхэм си гуапэу фызогъэцIыху республикэм и сабий клиникэ сымаджэщым и «Пульмонологие» къудамэм и унафэщI КIуащ Залинэ Мухьэрбий и пхъур. Ар сэбэп зыхуэхъуа адэ-анэхэр къыхуэарэзыуэ сымаджэщым Интернетым щиIэ напэкIуэцIым щатх псалъэ гуапэхэр, фIыщIэм-  рэ щытхъумрэ гъунэжщ. «Дохутырым епсэлъа иужь сымаджэр нэхъыфI мыхъуамэ, ар дохутыр хъунукъым», — жиIэгъащ Бехтерев Владимир. Залинэ зэIэза сымаджэхэм, абыхэм я благъэ-Iыхьлыхэм, зыхэт гупым жаIэхэм ятепщIыхьмэ, Бехтеревым дохутыр нэсу къилъытэнухэм ар зэращыщым шэч къытепхьэжыркъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

Хэкупсэ нэс Къущхьэ Догъэн

2019-10-24

  • ЦIыхум и гум, и псэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щигъафIэ хабзэщ, ар лэжьыгъэм, унагъуэм ехьэлIауэ щрет, е гъащIэм щыщ нэгъуэщI хъуэпсапIэхэм епхауэ ирехъуи. Зи унагъуэ исыж, зи Хэку щыпсэуж цIыхум зыхимыщIэн куэд хэхэсхэм я гущIэ лъапсэм зэрыщаIыгъым сэ шэч къытесхьэркъым. Ар куэдрэ хьэкъ тщохъу, хамэ къэралхэр псэупIэ зыхуэхъуа ди лъэпкъэгъухэм я гурыгъу-гурыщIэхэр къыщытхуаIуатэкIэ. Ди газетым и редактор нэхъыщхьэ, и ныбжьэгъуфI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж къызэрыщIыхьар къэдгъэсэбэпри, дэ иджыблагъэ дыхуэзащ Тыркум щыпсэу адыгэ щIалэ ахъырзэман, хэкупсэ нэсу зэрыщытыр зи IуэхущIафэкIи дуней тетыкIэкIи наIуэ зыщI, адыгэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэу щыта хьэпшып куэдыкIейхэр зэхуэзыхьэсыжауэ зыхъумэ, ди щIэджыкIакIуэхэми Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу нэгъуэщI куэдми фIыуэ яцIыху Къущхьэ Догъэн. Лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуарэ нэгъуэщI зыгуэрым къытекIухьарэ сыщыщIэупщIэкIэ, Догъэн къыпогуфIыкIри, жэуап къызет:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

Сыту пIэрэ цIыхугъэм и шхэпсыр?

2019-08-01

  • Адэжь лъапсэм къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэр япэ дыдэу щагъэлъэпIар 1998 гъэращ. Абы щыгъуэщ Косовэ къыщыхъея зауэм къыхашыжа ди лъэпкъэгъухэм ящыщу зы гупышхуэ ди къуэш Адыгэ Республикэм къыщихьэжауэ щытар. Мейкъуапэ километри 4-кIэ пэжыжьэ щIыпIэм деж, къэIэпхъуэжахэм папщIэ, Махуэхьэблэ зыфIаща къуажэ цIыкIу къыщызэрагъэпэщат, а щIыналъэм и Iэтащхьэу а лъэхъэнэм щыта Джарым Аслъэн и жэрдэмкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм а махуэм гулъытэ хэIэтыкIа хуащIын щыщIадзар 2010 гъэм къыщегъэжьауэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

ДзыхьмыщI Анзор: Къуажэдэсхэм ди зэгурыIуэныгъэм, зэрыIыгъыныгъэм я фIыгъэщ ди ехъулIэныгъэхэр

2019-07-04

  • Тхыдэ къулей зиIэ, зэманым декIуу псэу, дызэрыгушхуэ цIыху щэджащэ куэд къызыдэкIа жылэжьщ сыкъыщыхъуа Хьэтуей къуажэр. Генерал-майор Анзор Хьэту и жылэр илъэси 170-рэ хъуауэ Урыху псым и сэмэгурабгъу лъэныкъуэм къыщысщ. ЖыпIэнурамэ, зыужьыныгъэ гъуэгуанэшхуэ и щIыбагъ къыдэлъщ икIи сытым дежи нэхъыфIым хущIэкъуу къогъуэгурыкIуэ. «Урыхупс ефахэр тхьэIухуду гуащэщ, Урыхупс ефахэр нарту лIы щэджащэщ», — щитхыгъащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Заур и усэхэм ящыщ зым. Хэт ищIэн, урыхупсым и Iубыгъуэр, абы и акъужьрагъэнщ къуажэдэсхэм я зэфIэкIым, я гуащIэм лъабжьэ хуэхъури. Нэхъыщхьэращи, я нэхъыжьыфIхэм я щапхъэр я гъуазэу жылэр зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу, къуажэм къыщрахьэжьэ Iуэхур псори зылI и быну зэкъуэувэрэ зэфIахыу мэпсэу. Пэжщ, апхуэдэ зэхэтыкIэр куэдкIэ елъытащ къуажэ тхьэмадэм. Абы и лъэныкъуэкIи ди насып къикIащ, а къалэныр зыгъэзащIэ ДзыхьмыщI Анзор и жылэм и нобэмрэ и пщэдеймрэ езэш имыIэу хуэлажьэ, абы и къэкIуэнум дахагъэрэ фIыкIэ хуэхъуапсэ, жэуаплыныгъэшхуэ зыхэлъ, къызэгъэпэщакIуэ жыджэру щыт унафэщIу къытхущIэкIащ. Къулыкъум зэрыпэрыт илъэситIрэ ныкъуэм къриубыдэу икъукIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ, зыхущIэкъухэр нэхъыбэжщ. И IуэхущIафэхэр хуэбгъэщIагъуэу псалъэмакъыр къыщIэбдзэмэ, Анзор занщIэу узэпеудри, жеIэ: «Си закъуэ къарукIэ сэ зыри схуэщIэнутэкъым, сытым дежи къуажэдэсхэр къыс- къуэуващ, адэкIи зыхуэдгъэувыж къалэнхэр зэгъусэу зэфIэтхынущ. Ахэр си щIыб къызэрыдэтыр зэрызыхызагъащIэрщ къару къызэзытри Iуэхушхуэхэм сытезыгъэгушхуэри».

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

Хьэгъундокъуэ Елдар: Си къалэнхэм я нэхъыщхьэр щIэблэр хэкупсэу згъэсэнырщ

2019-07-02

  • КъытщIэхъуэ щIэблэр псэукIэ узыншэм, спортымрэ физическэ щэнхабзэмрэ хуэущииным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Псом хуэдэжкъым а къалэныр мы зэманым — хъыбарегъащIэ Iэмэпсымэхэм заужьауэ псори Интернетымрэ телефонымрэ «къимыкIыу щис» лъэхъэнэм. Иорданием щыщ адыгэ щIалэ Хьэгъундокъуэ Елдар КъБКъУ-м спортымкIэ факультетыр къиухащ. Илъэситху ипэкIэ Налшык къэIэпхъуащ и унагъуэр и гъусэу. А зэманым къриубыдэу ныбжьыщIэ куэд спортым хуигъэсащ, нобэр къыздэсми абы и лъэныкъуэкIэ щIэблэм лэжьыгъэшхуэ ядрегъэкIуэкI икIи и гъэсэнхэм къахэкIащ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьахэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

БлэкIари  къэкIуэнури  зэпызыщIэ  Иуан  Аскэрбий

2019-06-04

  • Иуан Аскэрбий Iэмин и къуэр республикэм пщIэ зыщыхуащIхэм, фIы и лъэныкъуэкIэ къыщацIыхухэм ящыщщ. Апхуэдэ гулъытэм и лъабжьэр, дэ къызэрытлъытэмкIэ, абы бгъэдэлъ щIэныгъэ куурщ, и зэфIэкIырщ, цIыхугъэ лъагэрщ, гъэсэныгъэ дахэрщ. Аскэрбий и дуней тетыкIэри щапхъэ зытраххэм хуэдэщи, абыи, шэч хэмылъу, и къежьапIэр Иуанхэ Iэминрэ Зулихъанрэ зи нэхъыжьу щыта адыгэ унагъуэ щыпкъэрщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

Хабзэт къэбэрдейхэм уадэплъеиныр

2019-05-21

  • Пасэрей Iэщэр къызыфIэIуэху цIыхухэм зэхамыхыпIэ иIэкъым Аствацатурян Эммэ и цIэр. Мэзкуу дэт Къэрал тхыдэ музейм епхауэ зи гъащIэр зыхьа ермэлы бзылъхугъэр Кавказ Ищхъэрэми мызэ-мытIэу къэкIуауэ щытащ, хъыбар щхьэпэ куэди ди щIыналъэм теухуауэ къызэринэкIащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, цIыхубз щыпкъэр илъэс бгъущIым иту иджыблагъэ дунейм ехыжащ. Дигу къэдгъэкIыжыну ди гуапэщ щIэныгъэрылажьэ гумызагъэм илъэс зыбжанэ ипэкIэ Хайдаков Камил ирита интервьюм адыгэхэм ятеухуауэ щыжиIахэр. Бзылъхугъэ Iущым зыкъеумысыж «Кавказ лъэпкъхэм я Iэщэхэр» и тхылъ цIэрыIуэм и япэ къыдэкIыгъуэр щигъэхьэзырым (2004 гъэ), адыгэ Iэщэм теухуауэ щыуагъэ гуэрхэр, имыщIэныгъэкIэ, зэрыIэщIэкIамкIэ. Ар топсэлъыхь тхылъым «Шэрджэсей» Iыхьэр щихъуэжу щIэрыщIэу къызэрыдигъэкIыжынум.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

Бзур  щыплъагъур  уэгурщ,  артистыр  утыкурщ

2018-10-23

  • Нобэ ди псэлъэгъущ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и солисткэ ДзыхьмыщI Джульеттэ.
  • Къафэм и псэр макъамэрауэ къэзылъыти щыIэщ, ауэ нэхъыбэж елъытащ къэфакIуэм, абы макъамэр зэрызыхищIэм, и гупсысэм. Джульеттэ ящыщщ зи утыку итыкIэм уеплъкIэ зызыщумыгъэнщIхэм. Апхуэдэ зырызхэр арагъэнущ зи IэщIагъэм къыхуигъэщIа жыхуаIэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

МахуэлI Беслъэн: «Дэтхэнэ адыгэри зи анэдэлъхубзэр зыхъумэжыфын дыхъуным сыщIохъуэпс»

2018-06-23

  • Ди лъэпкъым и блэкIам, и нобэрей гъащIэм, и къэкIуэнум егупсыс, «хэкупсэ нэс» псалъэхэр зыхужыпIэ хъун щIалэгъуалэ ди мащIэкъым адыгэхэм, Тхьэм и фIыщIэкIэ. Апхуэдэ щIалэ жанхэм ящыщщ ди псэлъэгъур. Ар МахуэлI Беслъэнщ, Налшык дэт гимназие №1-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж IэщIагъэлIщ. Абы и цIэр фIыкIэ жаIэу зэхэзымыха къалащхьэм и егъэджакIуэхэм куэд яхэткъым. МахуэлIыр жыдждэру хэтщ, текIуэныгъэхэ-ри къыщехь къалэпсо, щIыналъэпсо, урысейпсо зэпеуэхэм. ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм доплъей и еджакIуэхэри. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ джынымкIэ абыхэм зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэм егъэджакIуэ щIалэм и лъэр нэхъри жан хуещI лъэпкъым и зыужьыныгъэм адэкIи хуэлэжьэным.
  • ЩIалэ жыджэрым, щIэныгъэ куурэ хьэл-щэн екIурэ зыхэлъым, иджыблагъэ зыхуэдгъэзащ икIи зыпэрыт IэнатIэм, и мурадхэмрэ и хъуэпсапIэхэмрэ тедгъэпсэлъыхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

Тхыдэм и къэхутакIуэ

2018-05-23

  • КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм и ТхакIуэхэми Режиссёрхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, тхыдэтх, экономикэ, философие щIэныгъэхэм я доктор, кинорежиссёр, сценарист, продюсер, композитор, уэрэдус, дирижёр, псапащIэ Къандур Мухьэдин «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым къытхуеблэгъащ. Ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэм къехъулIа лэжьыгъэхэм, иджыпсту зи ужь итхэм я гугъу къытхуищIащи, ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

« Раньше