Сабий гъэсапIэм и гуащэ
2022-01-15
- Ди псэлъэгъур Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт школ №1-м къегъэщIылIа сабий садым и унафэщIщ илъэс куэд хъуауэ. ЩыIэкъым сабийм и деж щыпхь жэуапым нэхърэ нэхъ ин. Иуан Агнессэ абы пэлъэщ къудей мыхъуу, зыпэрыт IэнатIэм гукъыдэжи къыхех. Ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ бзылъхугъэм и гупсысэхэм.
- — Агнессэ, IэщIагъэ пхуэхъуар сабий хъуэпсапIэм къыхэкIа хьэмэрэ нэгъуэщI гупсысэхэм кърикIуа?
- — Дохутыр сыхъуну сехъуапсэу щытащ сыщыцIыкIум. Класс нэхъыжьхэм сыщынэсам псом нэхърэ нэхъыфIу къызэхъулIэрт математикэмрэ физикэмрэ. Абы щыгъуэ тезухуат сызыхуеджэнур. Щапхъэ схуэхъуари математикэмкIэ ди школ егъэджакIуэрт.
- Курыт школыр къэзухри, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым физикэм сыщыхуеджащ. Си студент гъащIэр щIэщыгъуэт, си гур куэдрэ согъэнщIыж абы епха гукъэкIыжхэмкIэ. Курс лъэщт сызыхэсар. Къыддеджа, щIэныгъэлI хъуа куэдым фIыкIэ я цIэ ираIуэ. Иджыри дызэрыгъэкIуэдыркъым, илъэситху къэс дызэхуэсыныр хабзэ тхуэхъуауэ. Университет нэужьым физикэмкIэ егъэджакIуэу сылэжьащ. 1993 гъэ лъандэрэ сабий садым сриунафэщIщ. Япэ лъэбакъуэхэр сытым дежи гугъукъэ?! Сэри сытемыгушхуащэурэ къыщIэздзауэ щытащ. ИтIани, сэ схэлът сызыпэрыт IэнатIэм щынэхъыщхьэр — сабий фIыуэ слъагъурт. Псоми пIалъэ кIэщIкIэ сыхэзэгъащ, лэжьыгъэри си гум дыхьащ. Апхуэдизу си лэжьыгъэр сщыщ хъуащи, абы дэрэжэгъуэу къысхилъхьэмкIэ зызогъэнщIыж.
- Чырбыш заводыр здэщытымкIэ дыщыIащ япэ илъэсхэм. ДызыщIэс унэр жьы хъуат, сабий гупищ диIэу арат, дызыхуэныкъуэхэри куэд хъурт. Ауэ сыт хуэдэ щытыкIэ дихуами, ди гъэсэн- хэм датеплъэкъукIакъым. Мыбы дыкъызэрыIэпхъуэрэ илъэс 17 мэхъу. Дгъэкъабзэщ, зетхьэщ, зыхуей хуэдгъазэри дыкъэкIуауэ щытащ. Пэжщ, ди IуэхущIапIэр иджырейуэ дэщIеякъым, пщIантIэм и джэгупIэхэр щIэкъым, садыщIэ яухуэхэм хуэдэу сабийм уазэрыдэлажьэ псомкIи нэсу дызэпэщу схужыIэнукъым. Ауэ сабий сад нэхъ пэрытхэм дащыщщ, ди ехъулIэныгъэхэм я лъэныкъуэкIэ. Уеблэмэ адэ-анэхэм я быныр ди деж кърашалIэмэ нэхъ къащтэ. Сыту жыпIэмэ, ди пIалъэр ящIэ, ди лэжьэкIэр ягъэунэхуащ. Хэт и сабий нэхъыжьхэр дэ щIэдгъэкIащи, нэхъыщIэхэри къытхуешэ, хэти ди хъыбарыфI зэхехри, дыкъыхех.
- — Зы IуэхущIапIэ и унафэщIу ущытыныр тыншу къыщIэкIынутэкъым…
- — Си щIыбагъым си унагъуэр къыдэтащ япэ махуэхэм щегъэжьауэ, лэжьыгъэ IэнатIэм текIуадэ зэманымрэ гуащIэмрэ къызыгурыIуэ си щхьэгъусэм къыздиIыгъщ Iуэхуу зызэспщытыр.
- — Сабий садым къекIуалIэхэм заужьын папщIэ сыт нэхъ фызэлIалIэр?
- — Пщэдджыжьым адэ-анэхэм сабийхэр къытхуаша нэужь, махуэм ахэр зыхуей зэрыхуэзэнумкIэ ягурэ я щхьэрэ зэтелъу щIэкIыжмэ, ар дзыхь къызэрытхуащIым и нэщэнэщ. МыдэкIэ дэ мардэ щхьэхуэм дытету долажьэ. ЦIыкIухэр щIэх-щIэхыурэ зэпеуэ хэдгъэтщ. Зэрызэпебгъэуэн мащIэ?! Усэ къеджэнкIэ, къафэкIэ, сурэт е IэрыкI гъэщIэгъуэнхэр щIынкIэ. Зэпеуэм и мыхьэнэр сыт жыпIэмэ, абы сабийр нэхъыфI зэрыхъунум и гур хуэпабгъэу къегъэхъу. Махуэшхуэхэр щIэщыгъуэу яхудогъэлъапIэ. БгъэгуфIэху, я гур утIыпща мэхъу, я гупсысэхэр къызэрокI сабийхэм.
- — ГъэсакIуэхэм уахуэарэзы?
- — Ди гъэсакIуэхэр фIым я фIыжщ. Илъэс куэд хъуауэ лажьэхэри, нэхъ щIалэхэри диIэщ. А зи щIалэгъуэхэри нэхъыжьхэм ядоплъей. Сабий гъэсакIуэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ зэпеуэхэм жыджэру хэтхэщ, ехъулIэныгъэ щызыIэрамыгъэхьи къэхъуркым. Арэзы сыкъащI лэжьыгъэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэмкIэ, зыгуэр къалэн ящыпщIамэ, абы щIэщыгъуагъ гуэр халъхьэ Iэмал имыIэу. Нэхъыщхьэжращи, сабийр къыдахьэхыф, и бзэр ящIэ. Гупым щIэсхэм бгъэдыхьэкIэ зырызыххэ хуаIэщ, нэгъуэщIуи хъунукъым. Улахуэ щхьэкIэ ущылэжьэн щIыпIэкъым сабий садыр. ЦIыкIухэр гурэ псэкIэ зыхэпщIэн хуейщ, абы и псэ махэм ухуэсакъыу. А псори яхэлъщ ди гъэсакIуэхэм. Сэри сыунафэщI ткIийкъым. Гуапагъэм къимышэ фIы щыIэу къыщIэкIынукъым. Зы унагъуэ дахэм хуэдэу дызэдолажьэ, дызочэнджэщ, дыкъызэдокIуэкI.
- — Гу зэрылъыстамкIэ, цIыкIухэм я гум лъэпкъ гупсысэ къыщыгъэушынми гулъытэ хувощI…
- — Ди жагъуэ зэрыхъущи, сабийхэм я бзэр щащыгъупщэ, нэхъ пэжу жыпIэмэ, щыIэпауд зэманщ иджыпсту. Абы дытегузэвыхь къудей мыхъуу, ди деж къекIуалIэ цIыкIухэм зацIыхужу къыдэкIуэтеиным догугъу. Бзэр, хабзэр, щэнхабзэр я гум зэрыщытхъумэным и ужь дитщ. Дауи, абы папщIэ къэдгъэсэбэпыр сабийм и ныбжьым тещIыхьа Iэмалхэрщ. Псалъэм папщIэ, гущэхэпхэм теухуауэ теплъэгъуэ цIыкIухэр ягъэхьэзыр, адыгэ шхыныгъуэхэр ирагъэцIыху, усэ цIыкIухэр ирагъащIэ. Бзэм, ныпым, фащэм я махуэхэр гъэлъэпIэным сабийхэр къыхыдошэ! Псалъэм къыдэкIуэу, ди гъэсакIуэхэм Ныпым и махуэм ирихьэлIэу гъэсэнхэм нып цIыкIухэр я IэкIэ ирагъэщI. Ар сабийм и гум ихужынукъым.
- Бзэм и Iуэхум теухуауэ зы «ауэ» щыIэщ. Сабий садым щедгъэлъагъумрэ зэхедгъэхымрэ, унэм щыщIагъэбыдэжын хуейщ. Унагъуэм анэдэлъхубзэ щызэхамыхмэ, анэдэлъхубзэкIэ мыпсалъэмэ, хэплъэгъуэ мэхъу. Адэ-анэ куэд я бынхэм урысыбзэкIэ йопсалъэ. Абы Iэмал хуэдгъуэтыркъым.
- — Илъэс къихьам мурад хуэфщIа?
- — Мазаем «Илъэсым и гъэсакIуэ» зэпеуэр екIуэкIынущ. Абы зыхудогъэхьэзыр. МыдэкIэ, сабийхэм папщIэ длэжьхэм зэпыу иIэкъым, зэманыр щIэщыгъуэ зэращытщIын, гъэсэныгъэ зэрахэтлъхьэн — аращ ди гупсысэр зытеухуар.
- Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.