НэхъыщIэ Iэнэмрэ нэхъыжьхэмрэ
2022-03-19
- КъекIуэкI Iуэхугъуэхэмрэ цIыхур зэрыт щытыкIэмрэ гъэщIэгъуэну зыдещI Адыгэ хабзэм. Сыт хуэдиз ткIиягъ хэлъми, асыхьэтым къызэрагъэпэщауэ дэхын хуей Iуэхум и дахапIэрэ и кIуапIэрэ теIэбэу Адыгэ хабзэм лантIэу зегъэш, емыкIуи щхьэкIуи къыхигъэкIыркъым. ЩIалэ Iэнэрэ нэхъыжь Iэнэу зэхагъэкI IэнитIым я зекIуэкIэр къыщхьэщокI адыгэ Iэнэгу хабзэ къызэрыкIуэхэм.
- Дызыщыгъуазэ мащIэм тепщIыхьмэ, нэхъыжь Iэнэм пэрыс хабзэмэ, щIалэ IэнэкIэ зэджэм пэрыту аращ. Ар къызыхэкI щхьэусыгъуэм Iэнэр нэхъыжьщ, жыхуиIэ псалъэжьым дрешэлIэж. Iэнэр щаублэкIэ, абы къытехьэ ерыскъыхэм хьэтыр яIэщ, зэблэкIыгъуэ къэс хуэфащэ Iулыджыр хуэщIын хуейуэ хьэкъ щыIэщ. Ар зыуэ. УзыпэрытIысхьа Iэнэм хабзэм джэж хуещI, жаIэ, хуэфащэмрэ хуэныкъуэмрэ хузэкIэлъигъэкIуэну къыхуриджэу. Къэзакъкъуэшхьэблэ (СоколовкIэ зэджэ мэздэгу адыгэ къутырщ) щыщ Семэн Гаврил зэрыжиIэмкIэ, хабзэм игъэдахэ Iэнэр Тхьэм и епсыхыпIэщ, и хабзэ нэхъыщхьэри ухуетIысэхынырщ. УетIысэхыу узыпэрытIысхьа Iэнэм теIуа шхыным и зэблэкIыгъуэр ирикъуху упэрысын хуейщ. Аращ хъуэхъубзэмрэ Iулыджымрэ нэхъыжьхэм зылъагъэсыр.
- ЩIалэ Iэнэм и гугъу пщIымэ, ар нобэ ди нэгу къыщIыхьэ Iэнэм хуэдэкъым. Iыхьищ иращIыкIа тхьэлъэIу мэжаджэм зыр гъуэгум здрахьэжьэ, етIуанэр езыхэм зэпачурэ зэтрагуашэ, ещанэри нэхъыжьхэм я Iэнэм зэрытралъхьэнум хуэдэу ягъэхьэзыр. Щхьэж къылъыса мэжаджэ бзыгъэр иIыгъыу хъурейуэ къеувэкIауэ зэхэт щIалэхэм я щытыкIэ-зэхэтыкIэращ щIалэ Iэнэ жыхуаIэри. Ар тIууэ. Нэхъыжь здэщыIэм щIалэтIыс щызекIуэркъым. Нэхъыжьыгъуэр зрат Iэнэм хуэфащэу кIэлъыплъынури кIэлъызекIуэнури зи псалъэрэ зи цIэрэ фIэлIыкI зиIэ нэхъыжьыфIращ. Iэнэм и кIыхьри и кIэщIри зэрегъакIуэ, жаIэ, пщIэ зиIэ нэхъыжьым щхьэкIэ. Ар щыуэ.
- Пщэдей хуэдэм зекIуэр къыдахыну нобэ хуэдэм иджыри зэ зэхохьэ. Мыбы зэреджэр зэхэплъэнщ. Зэрылъагъуну, псалъэ дахэ зэжраIэну, адыгэ жыIэкIэкIэ жыпIэмэ, щIалэм къыпэщылъ гъуэгур ягъэхуэбэну. Мы псэлъафэр нобэ адыгэбзэм зэкIэщIэпч мыхъу и псалъэ зэхэжыхьахэм ящыщ хъуащ. Гъуэгур гъэхуэбэн щыжаIэкIэ, абы техьэ цIыхум и гунэджыр къэIэтын, игу телъ зэщымыщхъур щхьэщыхын, здежьар къызэрехъулIэнумкIэ фIэщхъуныгъэ хэлъхьэн жиIэу кърагъэкIыу аращ. КIэлъыгъэхуабэр унэм къинэм и щIэлъщ, гъуэгугъэхуабэр ежьэм и телъщ, жаIэу щытащ.
- Къызэхуэсынур къызэхуэса нэужь, Iэнэ мащIэ ягъэув, куэд дамыгъэкIыуи Iэнэ егъэблагъэ жыхуаIэр ящIырт. Мис мыбдеж къыщыхэгъэщын хуейщ ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа мэжаджэр нэхъыжь Iэнэм гъэщIэгъуэну къызэрытехьэр. Нэхъыжь Iэнэм хъуэхъур зытрагъэIукIыну мэжаджэ Iыхьэр IэщIэлъу ар щIагъэш щIалэм и пшэрыхьыр абыхэм я деж ягъакIуэ. Езы щIалэр абы щIэмыкIуэр и шымрэ езымрэ я щытхъу едаIуэу щытыныр къригъэзэгъыртэкъыми аращ. «Нэрылъагъу щытхъурэ нэрымылъагъу убэрэ зэхуэдэщ» жаIакъэ? Пшэрыхь щIалэм къыхуэтэджа лIым мэжаджэр IэщIелъхьэри, лъэбакъуэ зыбжанэкIэ къокIуэтыж, жаIэнумрэ ящIэнумрэ пэплъэу. «ЕтIысэх» къыжраIэныр нэхъыжь хьэкъщ, «къыслъысыр къысхуэвгъэфэщащ» жиIэу жэуап яритыжынри пшэрыхьым и къалэнщ. Абдеж пшэрыхьым пщIэ етыныр хабзэкIэ къекIу Iуэхущ. Iэнэм пэрысу щысхэм языхэзыр къопсалъэри мыр жеIэ:
- Уи пщIэр лъагэу, щIалэфI,
- ФIым уриущиякIуэу,
- Ем уриIэщакIуэу.
- УщIызэкIуэжын къыхэмыкIыу,
- ИкIагъэ къыпхэмыхуэу,
- Хуарэр уи Iэдэжу,
- Жэрыр къыпщIэмыхьу
- ЩIалэпщIэр уи бэу упсэу!
- Мэжаджэм къищынэмыщIауэ, тхьэлъэIу шхыныгъуэу ягъэхьэзырхэм щыщщ махъсымэр, дэ купщIэ зыхэлъ хьэлыуэр, кхъуейлъалъэ зыдэлъ хьэлывэр, нышыр, лэпсыр, лэпстепхъэр. Псом щыщи зэхэлъу пшэрыхь щIалэм къыIэщIегъэувэри, нэхъыжьым и хъуэхъупэ еубыдыж. Абы щыщ текст зыбжанэ ди деж къэсащ. Нэхъыжьхэм мыбдеж щагъэшу щыта хъуэхъур ди деж къызэрысар кIахэ адыгэбзэщ, дэ къэбэрдей адыгэбзэм къыдолъхьэ.
- Уэ Алыхь!
- Гъуэгу махуэ егъажьэ,
- Я гъуэгур бзэпсу,
- Псыуэ зыIущIэр чэнжу,
- Я уафэхэр къащхъуэу,
- Я щIылъэхэр щхъуантIэу,
- ЩхъуантIэ кIэхуу зытесыр сабыру,
- Благъуэмрэ бзаджэмрэ IэкIэ ябзу,
- Зрадзыхмэ дыщэр къащыпу,
- КъыщагъэзэжкIэ я унэхэр
- уардэунэжьу,
- Пщышхуэхэр щепсыхыу,
- Уэркъышхуэхэр щызэхэзекIуэу,
- ЗекIуэ ежьахэр гъущIыпсэу,
- Псэ быдэу,
- БэгъащIэу,
- ГъащIэ кIыхь хъуну дахуолъаIуэ!
- Нэхъыжьхэм щIалэм къыхуагъэфэща Iэнэр къыIуихыу зекIуэ ежьэнум и пащхьэ щригъэувэжкIэ, абыи хуэфэщэн шыгъу-пIастэ зэхрегъалъхьэри, хъуэхъу жызыIам псалъэ дахэ зыбжанэ хурегъэхьыж:
- Мы хьэтырыр Iэнэм
- къыхуэзыщIа щIалэм
- И гъуэмрэ и бжьэмрэ зэтемызу,
- Узрэ бзаджэрэ къемыкIуалIэу,
- Гукъеуэрэ гухэщIрэ имыIэу,
- ФIыр и лъагъуэу,
- Игъуэр и гъуэгуу
- И лIыгъэкIэ жылэр къехъуапсэу,
- Зэхъуапсэ щымыIэу,
- Псэуныгъэ иIэу дунейм тетыну
- дыхуохъуахъуэ!
- Пщэдджыжь нэхущнэгъыр къызэкIэщIитхъын ипэ къихуэу джакIуэ зыхуащIа щIалэр мэшэсри, къуажэ хэгъуащхьэм къыдокI. Абдеж иджыри зэ нэхъыжьхэр якIэлъохъуахъуэ. ХъуэхъуитI щыжаIэ мы щIыпIэм: зыр — зекIуэ ежьэ шууейм и цIэкIэ, адрейр — шым щхьэкIэ.
- Хъуэхъу жызыIэ нэхъыжьым бжьэи IэщIэткъым, мэжаджи иIыгъкъым. Шу пашэм и шы IумпIэр еубыдри, шэсыну зызыгъэхьэзыра щIалэхэм я гъуэгуанэ къайхъулIэн щхьэкIэ хъуэхъукIэ захуегъазэ:
- Я Алыхь!
- Ди щIалэ жанхэр
- Насыпым хуэшэсхэу,
- ГуфIэгъуэм хуепсыххэу,
- Шуупэ хуэпхъэхэу,
- ШуукIэ щIэкъухэу,
- ЗыхущIэкъу псори къайхъулIэу,
- ЛIыгъэ хущIэкъухэу,
- ЛIэныгъэм къыпимыгуэхэу,
- ЗыхуаунэтIым я Iыхьэ къыпахыу,
- Зыхыхьэм я цIэфI къыщанэу,
- ЯлI къыщанэу къыщIэмыпхъуэжу,
- Пхъэрыр къыщысым трагъэувыIэу,
- Увыгъэ къыщащIым яхуэмыубыду,
- Удыну ядзыр гущхьэм и лысу,
- КъакIэлъыс псори ирагъэпсыхыу,
- ХуарэпцIэ нэсхэр я Iэдэжу
- ФIыгъуэкIэ къытхуэхьыжхэ!
- ИтIанэ шыми хъуэхъу псалъэ хуеIэт:
- Шыуэ фызытесыр
- Жэрым хуэнахуэу,
- НэбзыпэщIэплъхэу,
- Хьэджафэ жагъуэхэу,
- Я нэр зытеплъэр яIэщIэмыкIыу,
- Псы икIыгъуэм хуэбжьеипкъыу,
- Къумым ихьами къызэфIэмылIэу,
- ЛIыуэ ятесхэр къытхуагъэгушхуэу,
- ШхуэIуу япщIэхэлъхэр
- ямыгъэхуадэу,
- Я лъэр быдэрэ мылъэпэрапэу,
- Я Алыхь, гъуэгуанэ дахэ
- кърахьэлIауэ къегъэкIуэлIэжхэ!
- «Уанэ махуэрэ гъуэгу махуэкIэ» якIэлъыхъуахъуэурэ зекIуэ гупыр дошэсыкI. ЗекIуэ ежьа гупым игъэунэхур и къару къихь лIыгъэм и закъуэтэкъым, абдеж нахуэ къыщыхъурт шум и хыхьэ-хэкIыкIэр, и зэгъыкIэр, и зыIыгъыкIэр, и псэлъэкIэр, и гупсысэкIэр. «ЦIыху цIыху щIыжщ» щыжаIа гъуэгущ зекIуэр. Щыпэ зекIуэрат щызэхэкIри зекIуэлIыр шу закъуэу е гуп шууэ щытынри. Зыр зым ефIэкIыу аракъым ар, зекIуэлIым и ябгагъымрэ и щхьэ зэрилъагъужымрэ теухуауэ щыт нэхъкIэ.
- Гъуэгу теувэм и хъыбар яIуатэртэкъым, зэрежьар хэIущIыIу ящIыртэкъым. КIэлъыхъуахъуэ дауэдапщэ зыхэмыт апхуэдэ дэшэсыкIыр зытеухуари зыхуэгъэзари зекIуэлI шу закъуэр аращ.
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.