ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЗекIуэ хъуэхъухэмрэ шы хуэIухуэщIэхэмрэ

2022-02-05

  • Адыгэхэр дуней псом дыкъызэращIэ хъугъуэфIыгъуэщ «Нартхэр» лIыхъужь эпосымрэ Адыгэ хабзэмрэ. Ди бзэм и дахагъэ псори зыхэлъ а къэгъэщIыгъэхэращ ди щIэжым ублапIэ хуэхъур, ди щэнхабзэм къигъэхъуапIэу игъуэтыр.

  • Зэхэпхынущ «Нобэр къыздэсым нарт тхыдэжьхэри къэхута, Адыгэ хабзэри нэсу зэпкърыха хъуакъым», жаIэу. Зы цIыхум и гъащIэр къанэ щымыIэу пхуэтхын? Апхуэдэщ ахэри. УщIыхуеин щхьэусыгъуэ къыкъуэкIрэ жэуап абыхэм я деж къыщыплъыхъуэмэщ эпосым и тепIэныр къыщытепIэтыкIыфынури, Адыгэ Хабзэм и зы ныбз къыщыпIэтыфынури. Лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэхэм ящыщ Iуэхугъуэ зыбжанэ къатщтэу тхыгъэ щхьэхуэхэр етщIэкIыну ди гугъэщ, «Адыгэ псалъэ» газетым еджэхэм я лъэIукIэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, хъуэхъужьхэр. Адыгэм шым ирит лъапIэныгъэр хабзэмрэ бзэмрэ къызэрыхэщымкIэ едгъэжьэн ди гугъэщ.
  • Шыр ижь лъандэрэ адыгэм къыдогъуэгурыкIуэ. Шым пщIэрэ гулъытэу хуищIар нэрылъагъу тщещI абы ехьэлIа лъэпкъ щIэныгъэу ди деж къэсам. Шы хуэIухуэщIэ зэхуэмыдэ куэд ущрохьэлIэ адыгэ IуэрыIуатэм. Абы и дэтхэнэ зы лъэпкъыгъуэри къапщтэмэ, я нэхъ мащIэу шым и фIагъым, и Iущагъым теухуауэ зыгуэр жызымыIэ къыхэкIынкъым. Гущэм хэлъ къуэрылъху щIалэ цIыкIур щыщIиупскIэкIэ, нанэм зэчыр макъамэкIэ игъэдахэурэ къиIущэщ гущэкъу уэрэдым хилъхьэр ар шууей зэкIэлъыкIуэ зэрыхъунурат:
  • Жей, си псэ, жей, си щIалэ,
  • Жей, си щIалэ нэху,
  • Нэхущыр уи щыпэежьэщ,
  • Гъуэгу жыжьэхэр зыпэплъэ,
  • Си шу хъыжьэ ябгэ,
  • Уи псэ закъуэр мастэпэбдзи,
  • Пхъуантэдэлъу пхузохъумэри,
  • Тхьэм уэ цIыкIур укъихъуми.
  • «Адыгэшрэ адыгэлIрэ», — жеIэ псалъэжьым. Ахэр зэхуэмыщхьэпэмэ, лIыгъэр дэнэ къикIын, лIыгъэщIапIэри дэнэ къипхын? ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ (Зеикъуэ) щыщ, илъэсищэм нэблагъэкIэ псэуа Унэж Хьэбибэ зыгуэр еупщIыгъат: «ЛIыр и нэпс щымыукIытэу щигъэлъагъуэр пщIэрэ?» — жиIэри. И жэуапри хьэзырт: «Щэ къудейт зэрыплъагъунур ар: и анэр лIауэ къаIэту дахын ипэ къихуэу, и щауэгъу щIалэ къепцIыжамэ, шыр фIэкIуэдауэ игъуэтыжынкIэ и гугъэр кIуэдамэ». Абы адэкIэ къыпищат: «ЛIым гуфIэгъуэ нэпси иIэщ, ар щигъэлъагъуэр пщIэрэ? Зы фочышэ иригъэкIынт къуэ къызэрыхуалъхуам щхьэкIэ, адрейуэ, иш и пщэ зришэкIынт, шыщIэ зэригъуэтам папщIэ».
  • ГъэщIэгъуэнращи, адыгэм цIыхухъу нэпсрэ шы нэпсрэ зэхуегъадэ, нэхъ гуащIэр хузэхэгъэкIакъым. Адыгэ дадэт «АдыгэлIыр дэнэ щыIэ?» — жаIэу щеупщIым, — «Адыгэшыр здэщыIэм щыIэщ», — жиIэу жэуап зытыжар. «Адыгэшыр дэнэ щыIэ?» щыжаIэм, — «АдыгэлIыр здэщыIэм щыIэщ», — жиIэгъат.
  • Апхуэдэ гъэсэпэтхыдэ гъэщIэгъуэн куэд ущрохьэлIэ лъэпкъ IуэрыIуатэм. Ахэр псори щIэныгъэ ирокъу, лъэхъэнэ кIыхьхэм кърикIуа ди лъэпкъ и лIэужь дэтхэнэри къэкIуэнухэм, щIэблэм зэрадэгуэша акъылрэ гупсысэщ.
  • Сыт хуэдэ Iуэхуми и пежьэр хъуэхъущ, жаIэ. Ди псалъэмакъыр зытеухуар адыгэ хъуэхъухэмрэ шы хуэIухуэщIэ хабзэхэмрэщ: аитIур зэрызэхэщIыхьарщ, зэрызэпэджэжырщ, зэрызэдызекIуэрщ.
  • ИжькIэ шыр зыхуаIыгъри зыхуагъасэри зекIуэт. Шым фэрэ фIагъыу бгъэдэлъыр къэзылъытэу щытар жылагъуэрщ. Жылэм и напэр къыдэзых-къуэзылъхьэж хъугъэщIагъэ куэдым ящыщт шым къызыкъуихыну зэфIэкIри. Арагъэнт сабий къалъхуам иращIэкI дауэдапщэхэм хуэдэхэр, е абыхэм еплъыт хъунухэр, шыми щIращIэкIыр. Шым зы дуней къытехьэгъуэ иIэщ, апхуэдэ дыдэу зы дуней текIыжыкIи иIэщ. Сабий хуэIухуэщIэхэм шым ейр къызэрыщхьэщыкIыр аращи, мыбы зэрагъэунэху хабзэ куэди хэлъщ. Ар зыхуэунэтIар зекIуэш къэгъэхъунрат. Шым и щыпэдэш-щыпэшэс дауэдапщэхэм щегъэжьауэ зекIуэ гъуэгу теувэхункIэ Iуэхуу ещIэкIам хъуэхъуу теIуаращ дэри зекIуэ хъуэхъукIэ дызэджэр.
  • Адыгэ пщы-уэркъхэр хуабжьу ерыщу пылъащ зекIуэш къэгъэхъуным. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми шым къыхагъэща хьэл-щэныр я шы лъэпкъ нэщэнэу ягъэувыжурэ нобэ дызыщыгъуазэ шы лъэпкъыгъуэ гъэщIэгъуэнхэр дунейм къытехьэгъауэ щытащ: щолэхъу, бэлэтокъуэ, чэрэчанэ, трамэ, къундет, жырыщты, есэней, абыкъу, бечкъан, хьэгъундокъуэ, н.къ. Шым халъхьэфа фIагъ псори хэIущIыIу щыхъум, зи цIэ къитIуа шы лъэпкъыгъуэхэр дунейм къызэрыщацIыхуар, зэрыхэIуар адыгэшущ. И шым и пщIэр адыгэм зэриIыгъа щIэныгъэр къуэпсыбэщ, лъэныкъуэ куэд къызэщIеубыдэ. Абыхэм ящыщу зы Iуэхугъуэщ дэ зи щхьэ диIэбэнури.
  • ШыщIэр дунейм къыщытехьа махуэм и япэ жэщым ягъэпскIырт, зэрагъэпскIри нэху зытемыщхьа псыкIэт. И фIалъиплIым деж щрагъажьэрти, шыпщэ щIагъымкIэ къакIуэу, шы нэпкъым къыдекIуэкIрэ шы сокум къехыжу, абы адэкIэ шы тхыцIэмрэ ныбэмрэ къыхыхьэу псыкIэ зэщIагъэхьэрт. Псыр къебгъэжэхыныр ягъэдахэртэкъым; хъыдан щабэр псыф ящIырти, абыкIэ телъэщIыхьыурэ ягъэпскIырт. ШыкIэр ятхьэщIыртэкъым. ШыщIэр зейр хъуахъуэрт:
  • Ялыхь, зи гуащIэр ин!
  • Мы къытхэхъуа псэущхьэр
  • Унагъуэми лъэпкъми
  •  угъурлы тхуэщI,
  • И лъэр жанрэ быдэу,
  • И гъуэгур кIыхьрэ бгъуэуэ,
  • ЛIыуэ шэсынумкIэ махуэу,
  • Гъуэгуу икIунумкIэ нахуэу,
  • И шыпэр здэгъэзам хъерыр щыбэу,
  • Батэр игъэшу,
  • «Зышрэ зы шууейкIэ
  •  къэмыланджэжхэщ!» къыхужаIэу,
  • Зэхуэщхьэпэу,
  • ЗэрымыгъэкIуэду
  • Я дуней Iыхьэр егъэхь!
  • Нэхъыжьхэм зэрыжаIэмкIэ, шыпэм мэкъушыхь щабэкIэ теIуэтыхьу щытащ, и шхыпэ къытехьэлъэнкъым, жаIэрти.
  • Шыр къыщыхъуа жэщым унагъуэм тхьэлъэIу мащIэ щащIырт. Мыбдеж кIэщIу къыхэдгъэщмэ тфIэигъуэщ: тхьэлъэIушхуэ жызыIэм, тхьэлъэIу цIыкIу псалъэр щыщIигъуж щыIэщ. Адыгэбзэ къабзэкIэ жыпIэнумэ, «тхьэлъэIу мащIэ» жыIэкIэращ захуэр, сыту жыпIэмэ тегъэщIапIэ ищIыр къещIэкIа Iуэхухэм я мащIагъэращ, хэт цIыху щхьэ бжыгъэракъым. Ди псалъэм адэкIэ къыпыдощэри, шыщIэ къалъхуам и цIэкIэ унагъуэ кIуэцIым щаIэт тхьэлъэIуитIым языхэзщ ар. Адыгэр зэтауэ щыта мэкъумэш, Iэщ гъэхъун хуэIухуэщIэхэм теIуа дауэдапщэхэр зэраублэу щыта унагъуэ тхьэлъэIухэм къазэрыщхьэщыкI щыIэкъым мыри. Ауэ къыхэгъэщын хуей Iуэхугъуэ зы-тIущ хэлъщи, абыхэм даблэкIынкъым.
  • ШыщIэр зыхуагъэфащэ щауэщIэ унагъуэм исмэ, абы япэщIыкIэ зрагъэгъэпскIырт. Абы иужькIэ Iэдакъэбжьэ хуэдиз хъун башым къешэкIа хъыданым жьэгу мафIэм и кIэгъуасэм щыщ и IэкIэ абы щрагъэцIэлъырти, иужькIэ ар шы натIэмрэ шы тхыцIэмрэ щрагъэхуэжырт. Абы зэреджэр, дэ зэрызэхэтхамкIэ, нэтемыгъахуэ тхыгъэщ. Нэтемыгъахуэр шыщIэм щытращIэр дунейм къызэрытехьэрэ махуий ирикъуа нэужьщ. Унагъуэм исхэм фIэкIа хамэ кърихьэлIэркъым абы. Шы гъэхъуныр IэщIагъэ зыхуэхъуа лъэпкъхэм унейуэ зэрахьэу щытащ апхуэдэ нэтемыгъахуэ тхыгъэхэр. ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ щыщ Щоджэнхэ я лъэпкъым шыщIэм тращIэу щыта нэтемыгъахуэ тхыгъэм и теплъэм къытекIауэ «хьэгъэджэгу бжыхь» жаIэу щытащ. Сыт хуэдэ итхъэкIэ-щыхуэкIэ иIэт абы — иджыкIэ тхузэхэгъэкIакъым.
  • Щапхъэ къэтхьар нэгъуэщI зы Iуэхугъуэ етпхыну дыхуейт. Дунейм къытехьа сабийр гущэм хапхэху нэ лей трагъаплъэртэкъым. Арагъэнт гущэхэпхэ щащI махуэм зыщIрамыгъэIэтыщэри, зи ныбжь хэкIуэта гъунэгъу цIыхубз зыплIытху нэхърэ нэхъыбэ къыщIрамыгъэблагъэри. ГущапIэ зыхуащIа сабийр хъыдан жэрумэм кIуэцIалъхьэн ипэ къихуэу, гущэхэпхэ тын жаIэрти, хэти дзыгъуэ джанэ, хэти гущэ щхьэнтэтелъ, хэти гущэгурыгъ кърахьэлIэрт. Абы иужькIэ хъыдан жэрумэм сабийр кIуэцIалъхьэрти, гущэм хапхэрт. «Фэм и щабэр мэхъуэшщ, махуэ еянэм хокI» жаIэурэ. А гущэхэпхэ махуэрат нэтемыгъахуэр сабийм тепщIэ хъуну къыщалъытэу щытар.
  • Щабэ дыдэу, сакъыурэ натIэкум хуэзэу кIэгъуасэр щахуэрт. ГъэщIэгъуэнракъэ, тещIэкIэхэр зэтехуэркъым. Хэти Iэпхъуамбэшхуэм и щабэр щхьэкум хуэгъэзауэ кIэгъуасапIэр хуэкIыхь-хуэкIыхьу трещIэ, хэти, а Iэпхъуамбэшхуэ дыдэр натIэкум хуегъазэри, кIэIунэ теплъэ иIэу трещIэ, хэти зыгъэлъагъуэ IэпхъуамбэмкIэ кIэIуантIэу трещIэ, хэти Iэпхъуамбэ жьакIэмкIэ къыхэщ къудейуэ хъуреишхуэ трещIэ. Уегупсыс хъунут щхьэж зэрыхуэIэижьым хуэдэущ нэтемыгъахуэр зэрытрищIэр жыпIэу. АрщхьэкIэ нанэхэм жаIэу зэхэпхынут: «нанэ мыгъуэр лъаIуэу щытащ си лъабзэрэ нэтемыгъахуэрэ фымыгъэкIуэд, кхъыIэ, абы фыкIэлъыплъ» жаIэу. Мыбдеж къыщыхъури, шыщIэм тращIэ тхыгъэри зы гупсысэм и Iэужьу къэплъытэ хъуну тфIощI. Абы иджыри къокI лъэпкъ щэн яхуэхъужауэ куэдым нэтемыгъахуэ тхыпхъэхэр щхьэжу яIэу зэрыщытар.
  • Нэтемыгъахуэр шым тращIэу унагъуэр жьэгум къекIуэлIэжа нэужьщ абы и щIыхькIэ Iэнэ щагъэувыр. Жьэгум и пащхьэ унагъуэм и нэхъыжьым и гупэр егъазэ, тхьэлъэIу шхыну ягъэхьэзыра ху мэжаджэм щыщ бзыгъэ Iэ ижькIэ къещтэри мэхъуахъуэ. Абы зэреджэр шым и нэтемыгъахуэ хъуэхъущ:
  • Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ,
  • Куэдыр зи гуащIэ,
  • Псэущхьэ зи щхьэ дгъэлъапIэр
  • Къэгъэхъу щолэхъуу,
  • И щхьэр игъэкIыу,
  • И кIэр игъэпщу,
  • И лъэр псынщIэу,
  • КIуэрыкIуэныфIу,
  • И жэр хэмыщIу,
  • ЩыщIагъ имыIэу,
  • Къыумыгъапщэ нэ жагъуэ,
  • ХуэщI пэIэщIэ нэ бзаджэм,
  • И махуэр хуэщIэрэ,
  • И дунейр щIэщыгъуэ зэпыту,
  • ФIыуэ траIуэр къехъулIэу щыгъэIэ!
  • Хъуэхъум иужь мэжаджэ бзыгъэм щыщ зы дзэкъэгъуэ хегъэщI, абы щыщ Iыхьи адрей щытхэм зыIуагъахуэ. Лъабжьэ зиIэ теплъэгъуэщ мыр: мэжаджэм щыщ дзэкъэгъуэ зыIугъэхуэныр сыт хуэдэ дауэдапщэ Iэнэми хабзэу хэлъащ. Абы куэд тратхыхьащ, куэди тепсэлъыхьыгъащ.
  • Шым и цIэкIэ етIуанэу унагъуэр жьэгу пащхьэм къыщыщызэхуэсынур шыр зекIуэш хъурэ зекIуэр къыщыхуагъэфащэм дежщ.
  • Шым ныбжьищ иIэщ, жаIэ. МащIэу дытепсэлъыкIынщи, жытIэнщ, зи гугъу тщIыр ныбжьыр къызэралъытэ илъэс бжыгъэр арауэ зэрыщымытыр. Шы ныбжьым кърагъэкIыр кIэлъыплъыгъуэ зэблэкIхэрщ. ШыщIэр гъэритI ирикъуху къэзылъхуамрэ зеймрэ я нэIэ тетщ. Ар япэ ныбжьщ. ГъэритIым щегъэжьауэ гъэрих хъухункIэ шыр зеймрэ абы и гъэсакIуэмрэ я нэIэ тетщ. Ар етIуанэ ныбжьщ. Гъэрихым щегъэжьауэ адэкIэ кIуэр — шыр зеймрэ езы шымрэ къызэхуонэжри — ещанэ ныбжьщ. Шым зыщиужьри мыбы щыгъуэщ: «шым гъэриблым зеублэри, гъэрибгъум зеубгъу», — жеIэ адыгэ псалъэжьым.
  • (КъыкIэлъыкIуэнущ).
  • ТАБЫЩ Мурат,
  • «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.