Адыгэ хабзэ
2016-07-08
- ГъащIэ мардэ
- Дунеижьыр щымыджэмыпцIэу, мы щIы фIыцIэр щызэпцIагъащIэм къыщыщIэдзауэ ди лъэпкъ Iущым къытхуигъэщIа, бэлыхь куэдми гугъуехь мыухыжхэми къыщымытIасхъэу, атIэ кIуэ пэтми нэхъ быдэ хъуурэ, жырыщхъуэм хуэдэу зэхэжыхьурэ лъэпкъым и тхыдэ жыжьэр къэзыкIуа, гъуазэ емыпцIыжу сыт щыгъуи къыхущыта гъусэ пэжщ Адыгэ хабзэкIэ дызэджэр.
- Сыт атIэ Адыгэ Хабзэр, Адыгагъэр, Нэмысыр зищIысыр? Сыт хуэдэ мыхьэнэ якIуэцIылъ а псалъэ купщIафIэхэм?
- Адыгэ Хабзэр — псалъэ тIущкIэ жыпIэнумэ, цIыхум и Напэмрэ и Хуитыныгъэмрэ, цIыху хыхьэкIэ-хэтыкIэм, дуней къэзыухъуреихьым хуиIэ щытыкIэм и лъэныкъуэ псори зыкIуэцIылъ гъащIэ мардэщ. А псалъэм къарууэ кIуэцIылъыр гъунэншэщи, и гъэзэщIэнри псынщIэ цIыкIукъым, шыIэныгъэшхуэрэ акъыл зэтесрэ уиIэпхъэу къегъэув а зы закъуэр гъэзэщIэным. Адыгэ Хабзэм къыгуэпх мыхъуну сыт щыгъуи абы и гъусэщ, и щIэгъэкъуэнщ адыгагъэр.
- Адыгагъэм пкъыгъуэу хохьэ: цIыхугъэ, щэн-Iэдэб, нэмыс, Iулыдж, шынэ-укIытэ, щыпкъагъэ, напэ, Тхьэ, лIыгъэ, Хэкум, цIыхум яхуиIэ IуэхущIафэ, хьэтыр, гущIэгъу, псапэ, зэхэщIыкI, цIыху хэтыкIэ мардэ, блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэрахущытыр, бынунагъуэ, лъэпкъ гупсысэкIэ жыхуиIэ гурыIуэгъуэхэр псори зэхуэхьэсыжауэ.
- Адыгагъэр Хабзэм къыщигъэщIыжкIэ, Хабзэми Адыгагъэм еныкъуэкъуу зыри хэтыпхъэкъым, ахэр зэтIолъхуэныкъуэхэм хуэдэу бынжэ къуэпскIэ зэпыщIащи, зэкIэрыпчмэ, кърикIуэнур хэткIи гурыIуэгъуэщ — тIури щымыIэжынкIэ зыри хуэIуакъым. Аращ ди Хабзэмрэ Адыгагъэмрэ къемыкIу гуэрхэр къыхаIуну щыхуежьэкIэ къыщIыхэщыр, гуемыIуу къыщIыхэпIиикIыр.
- Лъэхъэнэ Iэджэми псэукIэми захъуэжурэ дунейр екIуэкIащ, ауэ Адыгагъэм фIы и лъэныкъуэкIэ къыхэмыхъуамэ, кIэрыхуакъым. Хабзэми и нэхъ тегъэщIапIэ нэхъыщхьэхэр зэримыхъуэкIыурэ, зэман къэунэхум деж лъахъэ къуза къыхуэхъухэр IуигъэкIуэтмэ, лъэпкъыр ипэкIэ зыгъэкIуэтэфынухэр къигъэщIурэ къекIуэкIащ. Мис апхуэдэ зыузэщIыкIэ иIа-щи аращ Адыгэ Хабзэр къызэрымыкIуэ гъащIэ кIыхь зыщIар, сыт зэманми, сыт лъэпкъми зэрыхыхьэф фащэ дахэу Адыгагъэр къыщIэгъуэгурыкIуэр.
- Сыадыгэщ зыхужызыIэж дэтхэнэри псом япэу хуэкъабзэу щытыпхъэщ и лъэпкъым, абы и хьэлэмэтхэм, Хэкум и щIыхьым. Адыгэ цIыхум хэлъын хуейщ нэмыс, кIухьэн, Iулыдж… Ахэр Адыгагъэм и лъэныкъуэ нэхъыщхьэ-хэм яхохьэ.
- Нэмыс жыхуиIэр — цIыху къэс гъэсэныгъэрэ Iэдэбу хэлъыр къэзыгъэлъагъуэ хьэл дахэщ.
- КIухьэныр — цIыху къэс и щхьэм пщIэуэ хуищIыжырщ, адрейхэми яхуищIыфырщ.
- Iулыдж жиIэмэ — цIыхум и нэгум укIытэу, джылу, щхьэзыфIэфIыншагъэу илъырщ, зэрихьэфырщ, и напэр зэрихъумэжыфырщ.
- Адыгагъэм и пкъыгъуэхэу ищхьэкIэ къедбжэкIахэри хэту, мы иужьрей щыри зэкъуэпч мыхъуну зэпхыжащ. Абыхэм ящыщ зы яхэзмэ — адрейхэр мэлъашэ. ТIэкIу уадыгэу, тIэкIу Хабзэри пIыгъ хуэдэу щыту, уи анэдэлъхубзэри къыумыдзащэу упсэун уи гугъэкIэ къикIын щыIэкъым. Е уадыгэщ, е уадыгэкъым! Е лъэпкъым урибынщ, е абы урищIыбщ! Псоми ящыщу зыми щымыщыр къызыхэкIа зымыщIэж манкуртхэрщ. Ар цIыху къэс езым зэрызилъытэжымрэ и щхьэм пщIэуэ хуищIыжымрэщ. Хуэмейр IумпIэкIэ къыщIыхэплъэфэни, хэтыр умыгъасэу ущIелъэпэуэни щыIэкъым.
- Уи лъэпкъ хабзэрэ уи лъэпкъ гупсысэрэ уимыIэжмэ, улъэпкъыжкъым, гуп щхьэрыутIыпщу укъызэхэнэ мыхъумэ. Абы Тхьэм дыщихъумэ!
- Адыгагъэ нэсырщ щэнхабзэкIэ узэджэ хъунур. Щэнхабзэ жиIэмэ — культурэщ къикIыр. Этикетым и гурыIуэгъуэри хохьэ мы псалъэм. Хабзэм щыщ куэди къеубыд. Этикетым адыгэбзэкIэ зэреджэр — щэнхабзэщ.
- Зыми уримыгъэхъуэпсэжыну, бзэгур имыIуантIэу, жыIэгъуафIэрэ адыгэ псалъэ дыдэхэу мы къэтхьа фIэщыгъэцIэхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ ди бзэм къыхигъэхьауэ езыри дэри дролажьэ адыгэлI хъарзынэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Бгъэжьнокъуэ Барэсбий. ЩIэныгъэшхуэ зиIэ а лIы емышыжым псоми къазэрыгурыIуэнум хуэдэу, зы лъэныкъуи къимыгъанэ жыхуаIэм хуэдэу, щIэныгъэ куур и лъабжьэу итхащ икIи урысыбзэкIэ къыдигъэкIащ Адыгэ Хабзэмрэ адыгагъэмрэ ятеухуа тхылъ гъэщIэгъуэн зыбжанэ. Адыгэ хабзэмрэ адыгагъэмрэ я лъэныкъуэ псори куууэ зыджыну хуей дэтхэнэ цIыхуми сэбэпышхуэ къыхуэзыхьщ абы и тхылъхэр.
- Абы къинэмыщIауэ ди щIэныгъэлIу мы Iуэхум тетхыхьауэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщуи абы зезыпщытахэм я IэдакъэщIэкIхэм нэхъыфIу яхэтхэми я цIэхэр идоIуэ тхылъым и кIэм, гукъыдэж хуэзыщIхэр лейуэ мылъыхъуэжын папщIэ.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди адыгэбзэ дахэм, лъэщым и зэфIэкIымрэ и куу- уагъымрэ и Iыхьэ пщIани дэ нобэ къэдгъэсэбэпыфкъым. Уеблэмэ, илъэс тIощI-тIощIитIкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди бзэм уэрсэру хэта псалъэ куэд дыдэ нобэрей щIэблэм ящIэжыркъым. Тхылъым апхуэдэ Iэджэ зэрыхэтыр къэтлъытэкIэрэ, и кIэм къыщытхьащ нэхъ псалъэ гурыIуэгъуей хъуахэмрэ ящыгъупщэжыпахэмрэ я псалъалъэ.
- Шэрджэс Алий,
- Хьэкъун Барэсбий.
- Тхыдэ хъыбар
- Мысостей бжьищ
- Гуп зэхыхьамэ, къыкIэрыхуар «Мысостей бжьищ» ирагъафэ хабзэщ. Языныкъуэми ар ядэркъым: «Дэ ды-Къетыкъуейщ» е «дэ ды-Бэчмырзейщ» жаIэри. Мысостейхэми: «Дэ ды-Мысостейщ, уэ дэ удихьэщIэщ, ди хабзэр бгъэзэщIэн хуейщ», — жаIэ. Абы щыгъуэми, «Мысостейуэ зыкъыщIалъытэжымрэ «Мысостей бжьищ» щIыжаIамрэ ящIэжу. Абы къыхэкIкIэ куэд щIоупщIэ: «Сыт апхуэдэу щIыжаIэр? Дэнэ а хабзэр къыздикIар?»
- А хабзэм щытепсэлъыхьхэм деж езы къэзыIуэтэжхэри зэтехуэркъым. Зэрызэтемыхуэр а хабзэр къезыгъэжьауэ жыхуаIэ пщыхэм я цIэхэр къыщраIуэм дежщ. Иныкъуэм зэрыжаIэмкIэ, а Iуэхум хэтахэр Къазий и къуищ Бэчмырзэ, Мысост, ХьэтIохъущыкъуэ сымэщ. Ауэ апхуэдэу жызыIэхэр щоуэ. Сыту жыпIэмэ, Къазий къуэ иIакъым Бэчмырзэ и цIэу. Мыдрейхэм зэрыжаIэмкIэ, ахэр Къазий и къуищырщ: Къетыкъуэ нэхъыжьу, Мысост курыту, ХьэтIохъущыкъуэ нэхъыщIэу. Апхуэдэу жызыIэхэри щоуэ. Сыту жыпIэмэ, Къетыкъуэ и цIэу Къазий къуэ иIакъым. Къетыкъуэ нэхъыжьу, Мысост курыту, ХьэтIохъущыкъуэ нэхъыщIэу. Апхуэдэу жызыIэхэри щоуэ. Сыту жыпIэмэ, Къетыкъуэ и цIэу Къазий къуэ иIакъым. Къетыкъуэ зи къуэр Беслъэн ПцIапцIэщ, ар Къазий и адэшхуэщ. (Беслъэн ПцIапцIэ и къуэр Къетыкъуэщ, абы и къуэр Къазийщ — зи гугъу тщIыхэм я адэрщ).
- ИпэжыпIэкIэ Къазий къуищкъым, атIэ къуитху иIащ. Мис ахэр, нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу: 1. ХьэтIохъущокъуэ — нэхъыжьщ (ХьэтIохъущокъуэ лъапсэр къыщежьар абы и дежщ). 2. Щолэхъу къуэ етIуанэщ. Щолэхъуу пщыхэм щы яхэтащ. Япэрейр Тепсырыкъуэ и къуэрщ, «Щэджащэу ди Щолэхъужь» жыхуаIэ уэрэдыр зейрщ. ЕтIуанэр Сэнджэлей и къуэрщ. Ещанэр мы зи гугъу тщIырщ. 3. Янбулэт къуэ ещанэщ. 4. Мысост къуэ еплIанэщ. 5. Ислъам къуэ етхуанэщ.
- Къазий къуитху иIа пэтрэ, къэзыIуэтэжхэм псоми жаIэ: «Къазий и къуищ», «Къазий и къуищым хэкур яхуигуэшащ». Апхуэдэу псоми щыжаIэкIэ, абы зы пэж хэлъу къыщIэкIынщ. Сыту жыпIэмэ, абы и къуитхум ящыщу зи жылагъуэцIэ къэнахэр 3-щ: ХьэтIохъущыкъуей, Мысостей, Ислъэмей (зи гугъу тщIыр Бахъсэн аузым дэс Ислъэмейрщ). Къазий адрей и къуитI Щолэхъурэ Янбулэтрэ е дунейм пасэу ехыжахэу къыщIэкIынщ, — дауэ щытми, Къазий и щIапIэм щыщ абыхэм ялъысауэ е тхыгъэхэм ярыткъым, е къэзыIуэтэжхэм ящыщу зыми жиIэркъым. КъимыдэкIэ, «Къазий и къуищым Къэбэрдейр яхуигуэшащ» зэрыжаIэр пэжу къэплъытэ хъунукъым, е къэзыIуэтэжхэм ящыщу зыми жиIэркъым. КъимыдэкIэ, «Къазий и къуищым Къэбэрдейр яхуигуэшащ» зэрыжаIэр пэжу къэплъытэ хъунукъым. А зэманым куэдкIэ и пэ къихуэу Къэбэрдейр арыншэми пщыгъуэ-пщыгъуэкIэ гуэшауэ щытащ. Джылахъстэнеймрэ Талъостэнеймрэ я гугъу умыщIыххэми, езы Къэбэрдейм а зэманым пщыгъуэр ину щаIыгъыу, Хэкум щыщу щIыпIэшхуэ яубыдауэ Темрыкъуэ и бынхэм, и къуэшхэм я бынхэм, абыхэм я быныжхэм яIыгъащ. Къазий и адэ къуэш Жансэхъу и къуиблыр, Къазий и къуэш дыдэ Щоджэныкъуэ и къуихыр (Алыджыкъуэ ЩхьэцIакIэ я Iэтащхьэу), езы Къазий и къуитхур и гъусэу — а лIакъуищыр Бахъсэн псыхъуэ (иджы Зеикъуэ къуажэм и Iэшэлъашэм) щыпсэуахэщ.
- Аращи, зи гугъу тщIы «хабзэр» — «Мысостей бжьищыр» — къезыгъэжьам хэтауэ къэплъытэ хъунур Къазий и къуэхэм ящыщу ХьэтIохъущыкъуэ, Мысост, Ислъам сымэщ. Ахэр щыпсэуа Бахъсэн псыхъуэр езы Къазий яхуигуэшауэ щыта е езыр лIа нэужь, и къуэхэр зэбгрытIысыкIа (абыхэм яубыдауэ щыта щIыпIэхэр иджы къэхутэжыгъуейщ), сытми, зэбгъэдэкIри, илъэс зыбжанэ дэкIауэ, Мысостым игу къихьащ и къуэшитIыр къригъэблагъэу зыбгъэдигъэсыну, зэш-зэхуефэ яхуищIыну. Арати, къыщригъэблагъэ пIалъэмкIэ и къуэшхэм хъыбар яригъэщIащ, езыми а пIалъэм ирихьэлIэу фадэ-пIастэкIэ зигъэхьэзыращ.
- ПIалъэр къэсри, и къуэшитIыр къэкIуащ, я шу гуп зырызыр я гъусэу. Я пщылI гъусэхэр ящхьэщыту зэшищыр Iэнэм тIысащ, мэрэмэжьейр ярыту я бжьэ зырызи Iэнэм къытрагъэуващ. ХьэтIохъущыкъуэ нэхъыжьт, хъуа- хъуэу япэ ефэн хуейр арат. Ауэ бажэм нэхърэ нэхъ бзаджэт, щхъухь хэлъкIэ шэч ищIырти, хъуахъуэри емыфэу тригъэувэжащ (и ныкъуэм зэрыжаIэмкIэ, хъуахъуэри къыщхьэщытхэм ящыщ зым иритащ). Ар пэжу къыщIэкIынукъым, сыту жыпIэмэ, нэгъуэщI зыгуэрым иритрэ ирифамэ, Мысост ирифа бжьищыр дэнэ къикIа? Ислъам нэхъыщIэти, ари хъуахъуэри, и шынэхъыжь ХьэтIохъущыкъуэ зэрищIам хуэдэу, тригъэувэжащ, емыфэу. И къуэшитIым ефэну дзыхь зэрамыщIыр Мысост щилъагъум, губжьри, гукъанэ яхуищIу жиIащ: «АтIэ, нобэ щыщIэдзауэ сэ си блыгу щIэтхэм хабзэ яхузощI, езыхэр гуп яхыхьами, Мысостей бжьищ ефэнхэу, езыхэм къахыхьари ирагъэфэну». Езым и бжьэри зытехъуэхъухьу къуэшитIым ирамыфа я бжьэхэри — бжьищри ирифащ. «Мысостей бжьищыр» абы къыщежьащ. Къезыгъэжьар Къазий и къуэшищырщ, къыщежьари Бахъсэн псыхъуэщ.
- «Мысостей бжьищым» нэмыщIауэ, къэбэрдейхэм «Къетыкъуей бжьищ» жаIэ. Апхуэдэу жаIэныр къызыхэкIа Къетыкъуэхэми хъы- бар гъэщIэгъуэн тражы-Iыхь. Абы къыхэкIыу «Къе-тыкъуей бжьищым» и хъыбарри жыIэпхъэщ.
- Мысостейхэр а зэманым Бахъсэн псыхъуэ дэсамэ, Къетыкъуейхэр иджы Арщыдан, Лэскэн, Урыху къуажэхэр зыдэщыс щIыпIэхэм исащ. (А щIыпIэхэр япэщIыкIэ «Талъостэнейуэ» щытащ — Янхъуэт и къуэ Талъостэн и цIэкIэ, иужькIэ Талъостэн и къуэш нэхъыщIэ Беслъэн ПцIапцIэ и къуэ Къетыкъуэ и цIэкIэ а щIыпIэм «Къетыкъуей» хужаIэу щIадзащ. Къетыкъуэ щы-лIэм, абы и къуэ Аслъэмбэч пщыгъэр къыхуэнащ). «Къетыкъуей бжьищ» псалъэр Аслъэмбэч деж къыщежьауэ, зэрыхъуари мыпхуэдэу яIуатэ.
- Къетыкъуэ и къуэ Аслъэмбэч и пщыгъуэ зэманым, осетин къуажищ абы къелъэIуащ къыдэкIыу къурш лъапэ тафэм къытетIысхьэну хуит ищIыну. «Захуэщ, — жиIащ Аслъэмбэч, — ауэ а IуэхумкIэ дызэгурыIуэн щхьэкIэ япэщIыкIэ дызэхуэзэн хуейщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, фи лIыкIуэхэр мыпхуэдэ махуэм Улэ и Iуащхьэм къевгъэкIуалIэ. Сэри сынекIуэлIэнщи, абы дыщызэгурыIуэнщ».
- Къетыкъуэ и къуэ Аслъэмбэч лIыкIуэхэм пIалъэ щIаритар зыт: осетинхэр и щIы кIапэ къытригъэтIысхьа нэужь, къызэрыхущытыну щIыкIэм, къалэну къыхуащIын хуейр зыхуэдэм фIыуэ егупсысу зэхуэзэну лIыкIуэхэм абыкIэ быдагъэ ярищIылIэну арат. А пIалъэм и кIуэцIкIэ Аслъэмбэчыр фIыуэ Iуэхум егупсысащ, и уэркъхэм ечэнджэщыжри, яритыну жэуапым хуэхьэ-зыру, и чэнджэщакIуэхэр и гъусэу Улэ и Iуащхьэм екIуэлIащ. (А Iуащхьэр Урыху псым уикIауэ Шэгуолэ ущы-кIуэкIэ Шылъэныкъ бгы-щхьэм тетщ, Шэгуолэмрэ Урыхумрэ я щIыр щызэпылъым деж). Ауэ Iуащхьэм осетинхэр къекIуалIэтэкъым. ЩIакIуэр иубгъури, абы тетIысхьэжауэ Аслъэмбэч тесщ, ауэ осетинхэр къакIуэркъым. ИкIэм, ешри къэтэджащ осетинхэр къакIуэрэ-къэмыкIуэрэ плъэну. ЛулэкIэ тутын ефэрти (аращ зэрыжаIэр, ауэ ар фIэщ хъугъуейщ, сыту жыпIэмэ адыгэхэм тутын ефэн къызэрыщIадзэрэ куэд щIакъым) ари зэрыIурылъу, осетинхэм яхуэхъущIэу Iэ-дакъэжьауэ ищIауэ здэплъэм, зы фоч закъуэ къауэри лулэ Iурылъым и щхьэр фIиудащ. «Iэу, мыбы даукIыну араи я мурадыр!» — жиIэри и щIакIуэр къищтэжащ, ар иIыгъыу, шым шэсыжыну Iуащхьэм къыщехыжым, осетин шу гуп къызэрыкъуэхри къыбгъэдыхьащ. «Уэлэхьэ, Аслъэмбэч, узэдгъэжьамэ, къытхуэгъэгъу! ФочкIэ къэуа щIалэри дыдейщ. Апхуэдэ фочауэ дызэриIэр уэдгъэлъагъуну арат. Дэ дыкъыщIэкIуа Iуэхур Къэбан и къуэжьым къыщищIэм къыдэгиящ. «Сыт хьэдыгъуэдахэ фщIар, Iуащхьэ пIалъэ зратыр Аслъэмбэч хуэдэлI? Къевгъэблагъэ икIэщIыпIэкIэ си деж, мыбы дыщызэпсэлъэнщ, къыджиIащи дынолъэIу, Аслъэмбэч, унытхуеблэгъэну!», — къыжраIащ лIыкIуэхэм. Осетинхэр и щIы кIапэ къытригъэтIысхьэу, и Iумэтым къригъэхьэу IурыщIэ къищIыну езы Аслъэмбэчи и гуращэти, абы щахуеблэгъэну махуэмкIэ аргуэру пIалъэ зэIахри зэбгъэдэкIыжащ.
- ПIалъэр къэсри, Мамхэгъхэ я щIалэ пщафIэу и гъусэу, Къетыкъуэ и къуэ Аслъэмбэч Къэбан лIыжьым деж еблэгъащ. Къэбанхэ осетин алдархэм ящыщт. Къэбан лIыжьыр Талъостэнхэ я уэркъыу, Талъостэн и къуэрылъху Щолэхъужьым и ныбжьэгъуу щытауэ, къэбэрдеипщхэм я хьэл-щэнхэр фIыуэ зыщIэ, Талъостэн и лIакъуэхэр къарууншэ хъууэ, абы и къуэш Беслъэн ПцIапцIэ и лIакъуэхэр къыщыдэуейм, абы я дежкIэ зригъэбэну мурад зыщIа лIыжьт. Азэпщ и къуэ Гъудэберд Хэкум икIын хуей щыхъуам Къэбан пщIэгъуалэр къезытар арат. Иджы, и ныбжьыр илъэси 150-рэ нызэрыхьэса пэтми, ар зи лъэм зэрихьэ, зи нэр жан, зи акъылыр зыфIэмыкIуэда, зи унафэ Iущхэм осетинхэр едаIуэ лIыжь Iущт. Къэбан лIыжьым и хъыбар дахэ куэд Аслъэмбэчи зэхихырти, абы и деж къыщыщIидзэну, нэхъыбэу щIыхуеблагъэри арат.
- Къэбан лIыжьым хьэ-щIэм «вагъуэ ныш» гъэшха къыхуиукIащ. «Мыр уэр щхьэкIэ езгъэщIащ, япэу уэ урефэнщ, здэпхьынщи, хьэщIэ къыпхуэкIуэхэр иребгъафэу си фэеплъу зепхьэнщ!» — жиIэри фалъищу зэгуэту, зым итыр щрифкIэ, адрей тIум ярытри абы къилъадэрэ, абыи уемыфэу мыхъуну, фалъэ гъэщIэрэщIа, пхъэм къыхэщIыкIауэ, къыIэщIигъэуващ. Фалъэхэр фалъэшхуэт, осетин фадэ фIыцIэр изу ярытт, арщхьэкIэ лIыгъэм зригъэхьщ, пщы напэм еплъыжри, зыри къримынэу ирифащ Аслъэмбэчым. Пщым ар щрифым, абы къекIуэлIа псори а фалъэмкIэ зырызыххэ иригъэфащ лIыжьым.
- И кIэм, щхьэр къахьри къытралъхьащ. «Мыращ Къетыкъуэ и къуэ, зил пшхари, хуэщI унафэ!» — жиIащ Къэбан и къуэжьым. Къэбэрдеипщхэм хьэщIэм щхьэр къызэрыхутралъхьэ хабзэри, ар зэракъутэ щIыкIэри Къэбан и къуэжьым куэдрэ Къэбэрдейм щилъэгъуат. «Хьэуэ, уэ илъэси 150-м унэсащ, уэ ущысу сэ дауэ унафэ сщIын!», — жиIэри, Аслъэмбэч идакъым. Къэбан и къуэжьым и къамэ щIэлъысэр кърихщ, тхьэкIумэр къытриупщIыкIри, Аслъэмбэч къыщхьэщыт Мамхэгъхэ я щIалэм къыхуишиящ. Мыдрейр пхъуэуэ сапэм фIэлъыр къыпимыхыу, и Iэщхьэр дрихьейщ, и Iэгур хуиущIри хуиту къригъэлъхьащ. «Апхуэдэу IэкIуэлъакIуэу щысIыпхакIэ, улIщ, мыбы итми уефэну пхуэфащэщ!» — жиIэри, а бжьищу зэгуэт фалъэмкIэ къригъэфащ. Мамхэгъым и зыIыгъыкIар Аслъэмбэчым игу ирихьащ. КъэкIуэжа нэужь, Мамхэгъыр уэркъ ищIри, Мамхэгъхэ уэркъыу щытащ.
- Къетыкъуэ и къуэ Аслъэмбэчрэ осетинхэмрэ Къэбан и къуэжьым и фIыгъэкIэ зэгурыIуэри осетинхэр къыгухьащ. Къэбан и къуэжьри яхэту къэIэпхъуэри, Уэзрэджыр къэтIысащ, Лэскэнми Урыхуми осетин куэд къыдэтIысхьащ, лъэпкъитIыр я псэукIэкIи, лъыкIи зэгъунэгъу хъуащ. МыдэкIэ Аслъэмбэч къыздихьа фалъэмкIэ «Къетыкъуей бжьищкIэ» еджэу тезыр зытралъхьахэр, къыкIэры-хуахэр ирагъэфэну унафэ ищIащ, иужькIэ а фалъэ зэгуэтым и пIэкIэ зэкIэлъыкIуэу бжьищ ирагъафэу щIадзащ. Аращ «Къетыкъуей бжьищ» псалъэмрэ хабзэмрэ къыщежьауэ хъыбарым къиIуатэр.
- Беслъэн ПцIапцIэ и къуэ Къетыкъуэ къуитху иIащ: нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу къэтхьынщ: 1. Пщыапщыкъуэ, 2. Аслъэмбэч, 3. Тепщэныкъуэ, 4. Къаныкъуэ, 5. Яным-Мырзэ. Нэхъ зылъэкIыу яхэтар — Пщыапщыкъуэрэ Аслъэмбэчрэщ. Беслъэн ПцIапцIэ (иджырей Аушыджэрым ипщэкIэ) Шэрэдж псыхъуэ дэсащ, абы щылIэжауэ и хьэдэр зыщIэлъ Iуащхьэ дэтщ. Iэпхъуэми къигъэзэжми, и адэшхуэм и щIапIэм нэхъыбэрэ исар Аслъэмбэчщ. Пщыапщыкъуэ Iэпхъуами, е абы и къуэ Къазийр арами — сытми, абы я бынхэр — ХьэтIохъущокъуэ, Ислъам, Мысост сымэ, «Мысостей бжьищыр» къезыгъэжьар, Бахъсэн псыхъуэ дэсащ. Зи гугъу тщIы хабзэр хэт япэ къригъэжьами иджы къэпхутэжыну гугъущ.
- КъардэнгъущI Зырамыку.
- Бзылъхугъэм и хахуагъэ
- Урыс-Кавказ зауэжьыр екIуэкIырт. Адыгэхэм загъэхьэзырт ТIуапсы быдапIэр (урысыдзэм иухуар) зэхакъутэну. Шапсыгъым щыцIэрыIуэ пщащэ, Къазийхэ япхъу Хьэнифэ дахэм къылъыхъуат дзэзешэ хахуэ Къуэджэбердыкъуэ Мыхьэмэт.
- А зэман хьэлъэр нысашэ хьэгъуэлIыгъуэм темыгъэпсыхьами, Хьэнифэ арэзы техъухьат Шапсыгъым и щIыбкIи зи лIыгъэр зэлъащIыса щIалэ бжьыфIэшхуэм и насыпыр ирипхыну, ауэ а зэманым къекIуэкIыу щыта нысэ уасэм и пIэкIэ зи лъэпкъым и къэкIуэнум хуэгумэщI бзылъхугъэ Iущым Мыхьэмэт хуигъэуват бийм (урысыдзэм) и топ къуентхъыу къыхуишэмэ абыкIэ арэзыуэ. (Хьэнифэ зэхихагъэххэт Мыхьэмэт сымэ ягъэхьэзыр теуэныгъэм и хъыбар). Мыхьэмэти, и лIыгъэм къигъэгугъэти, апхуэдэ уасэм йоувалIэ…
- Адыгэдзэр ТIуапсы быдапIэм тоуэри зэхакъутэ. Мыхьэмэт, урыс топыр къуентхъ къещIри, Хьэнифэ дахэм къыхуешэ, ауэ езыри уIэгъэ хьэлъэу, шэм зэщIиблауэ къашэж. Мыхьэмэт и гъыбзэм мыпхуэдэу хэтщ ар къыщашэжым Хьэнифэ жиIауэ:
- «СыпыкъуокI гущэри сыщыппыкъуэплъкIэ,
- Уей, и шытх гущэмэ лъы пцIыгъэр ити…» — жиIэу.
- Шэр къыщыхахыжми лIыгъэшхуэрэ шыIэныгъэрэ къегъэлъагъуэ, тIэкIуи нэхъыфI къохъужри, абы щыгуфIыкIа джэгуакIуэм «Къуэджэбердыкъуэ Мыхьэмэт и шэхэхыж уэрэд» нэщхъыфIэр зэхелъхьэ. (Ар псалъэ зыхэмылъ макъамэ-уэрэдт, ежьурэ шыкIэпшынэрэ зэщIэту).
- Ауэ куэд дэмыкIыу Мыхьэмэтыр къызэIохьэжри, уIэгъэхэм йолIыкI. Ипэрей уэрэдыр хузэхэзылъхьауэ щыта джэгуакIуэм зэуэ хузэхелъхьэ гъыбзэ, ар жаIэурэ щIалэр щIалъхьэ.
- ЛIам хуэфащэр зэфIэкIа нэужь, Хьэнифэ цIыхухъу щыгъынкIэ зихуапэщ, IэщэкIэ зиузэдри дэшэсыкIащ, зыми хъыбар иримыгъащIэу.
- ЗыщIыпIэ къикIа щIалэщIэу нэхъ закъримыгъэцIыхуу адыгэ шуудзэм хыхьэри, джатэпэрыкIуэу, шыщхьэмыгъазэу зэуащ гу зыщимыхуа, зи гум нэгъуэщIым и цIэ изымыубыдэжыфыну и лъагъупIэ пэж Мыхьэмэт и лъыр ищIэжу.
- Ар пщащэу, зэры-Хьэнифэр къыщацIыхуар къаукIыу шым къыщехуэхарщ. И цIыхухъу пыIэр щхьэрыхури, абы щIэгъэпщкIуа щхьэц ухуэнаишхуитIыр къыщIэхуат, и хъыджэбз куэншыбэри зэрыщыгът…
- Апхуэдэу я псэр Хэку-анэм и хуитыныгъэм щIатащ лъэпкъым и бын щыпкъэхэм, зи лIыгъэри зи фIыщIэри цIыхухэм ящымыгъупща, хъыбархэмрэ уэрэдыжьхэмрэ зи цIэ уахътыншэхэр къыхэна Къуэджэбердыкъуэ Мыхьэмэтрэ Къазий Хьэнифэрэ.
- Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
-
- Щхьэ щIэлъэныкъуэм и хъыбар
- Тхыдэм къызэрыхэщымкIэ, адыгэхэм пыщIэныгъэшхуэ хуаIэу щытащ кърым тэтэрхэм. А зэпыщIэныгъэр зэи фIы и лъэныкъуэкIэ шэщIауэ екIуэкIыу щытакъым. Кърым хъанхэм адыгэщIыр я блыгу щIагъэувэну сыт щыгъуи пылът, ар хуитыныгъэр зи гъащIэ къуэпс адыгэхэм ядэртэкъым. А зэпэщIэтыныгъэм лъыгъажэ зауэ Iэджи къикIыурэ лIэщIыгъуэ куэд екIуэкIащ. ЩызэхуэгуфIэ хъуами, я дзэлыфэ зэхуатI хъуами, зэи зэхуэфIакъым…
- Зэгуэрым кърым хъаным деж адыгэпщ гуп щыхьэщIэу хъаным къапиубыдащ: «Си къэралыгъуэм адыгэхэр фыкъыхэмыхьэу, си унафэм фыкъыщIэмыувэу хъунукъым!» — жиIэри. Щхьэхуитыныгъэр зи бжаблэ адыгэпщхэр абы езэгъакъым: «Дызэныбжьэгъумэ дызэныбжьэгъущ, арыншэмэ зыми и блыгу дыщIэувэнукъым!» — жаIэри. Апхуэдэ жэуапым хъаныжьыр къигъэгубжьащ, и хьэщIэхэм я ерыщыгъэм зэгуигъэчу. ИкIи адыгэхэм нэмыплъу къарихыр къигъэлъэгъуащ и гъэхьэщIэкIэмкIэ: хъаныжьым унафэ ищIащ мо «шэрджэс IумпIейхэм адрейхэм я Iэнэм къытена фIэкIа хуамыхьыну». Апхуэдэу ящIри, зы мэл щхьэ щIэлъэныкъуэ нэхъ псэууэ зыри зыхэмылъ IэнэкIэ шхахуэхэр къыщIахьэ. Гупым я нэхъыжьым Iуэхур зэрымыщIагъуэр къыгурыIуауэ щхьэ щIэлъэныкъуэр къищтащ. ХьэщIэщым къизыкIукIыу щIэт тэтэрхэм адыгэбзэ зыщIэ яхэтынкIэ хъунути, тхьэкIумэр къытригъэжри нэхъыщIэм хуишиящ: «уи тхьэкIумэр гъэжан» — къригъэкIыу, и IуплъэкIэмкIэ къыгуригъаIуэу. ИтIанэ и пэнцIывыр къыпищIыкIри и къуэдзэм иритащ: «МэкIэ Iэзэу щыт, сытри зэ-гъащIэ, сытми гу лъытэ!» — къригъэкIыу. ИужькIэ щхьэпхэтIыгур тIууэ зэгуищIыкI- ри, нэщIащэр пщы тхьэмадэм Iэнэм къыдэтIыс, и ныбжьэгъу-чэнджэщэгъум иритащ: «Сыт и лъэныкъуэкIи уи нэр гъэжан, Iуэхур щIагъуэкъым!» — жыхуиIэу. Езым щхьэ куцIыр зэрылъыр къызыхуигъэнащ: «Сэ къэхъунум къыхэкIа зэрыхъунум сегупсысынщ, сакъын хуейщ, бэлэрыгъ хутыкъуэщ!» — жыхуиIэу.
- А щIыкIэм тету псоми псори къагурыIуауэ, хъаным и унафэкIэ тэтэр сэмэн-хэм адыгэпщхэр яукIыну къащытеуэм, жэщы-бгым фIэкIами, зыри жейтэкъы-ми абыхэм зэрахуэфащэкIэ IущIащ: хьэщIэщым къыщIэбэнахэр хьэдэ-лъэмыж иращIыкIащ. «Хьэхьей-тэтейкIэ хъаным и цIыхухэр къызэщIэушэху, адыгэпщхэм яшхэм зрадзыжри, лIы укIыпIэм къикIащ. А щIыкIэм тету къела щыхъум, пщыхэм я тхьэмадэм унафэ ищIащ: «Ажалым дыкъезыгъэла щхьэ щIэлъэныкъуэ ижьыр ди гуфIэгъуэм къыщащтэрэ хъуэхъу тражыIыхьу хабзэ тхурехъу!»
- Пщы тхьэмадэм щхьэ щIэлъэныкъуэр зэригуэшауэ щытар, абы и гуэшыкIэр адыгэ псоми къахуэнащ, езы щхьэ щIэлъэныкъуэм къыдекIуэкI адрей хабзэхэр Къэбэрдейм нэхъ хъума щыхъуащ.
- МафIэдз Сэрэбий.