ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ хабзэ

2017-06-24

  • Хъыджэбзыр зэрыщытыпхъэр
  • «Пхъур зэрыбгъасэщи, нысэр зэресащ», — жеIэ адыгэм. Абы къикIыр аращи, пхъур и унагъуэ исыху Iэмал зэриIэкIэ и гъащIэм зыхуеину псори, унагъуэ ихьэмэ, ар зэрызэрихьэну Iэмал нэхъыщхьэхэри егъэщIапхъэщ. Ар зыщIэ анэр иужькIэ гупсысэ хэтыжкъым. Езы хъыджэбзри тедэIукI куэдрэ къыхимыгъахуэу адэ-анэм я дерсхэр зыхилъхьэмэ, абы лъапIэ ирохъуж, унагъуэ езым иухуэмэ, сэбэпышхуэ къыхуохъуж.
  •  
  • Пщащэр адэ-анэм, къыдалъхуахэм, Iыхьлыхэм яхуэIэфIу, яхуэгуапэу щытын хуейщ. Псалъэ гуапэм пщIэ щIэпткъым, ауэ уэ пщIэ кърибохь.
  • Хъыджэбзым сыт и лъэныкъуэкIи (и щыгъынкIи, и щIыфэкIи, и IэдэбкIи, и дуней тетыкIэкIи) къабзагъэр хэлъын хуейщ. ЦIыху къабзэм пцIыри тезагъэркъым, фIей кърапэсыну хуежьэIами къыкIэрыпщIэркъым.
  • Хъыджэбзыр псом япэу дахэн хуейщ и цIыхугъэкIэ, IэдэбагъкIэ, щэныфIагъкIэ, зыIыгъыкIэкIэ, цIыху хыхьэкIэ-хэтыкIэкIэ,  щыгъынкIэ. ТеплъэкIэ дахэу псори къигъэщIыркъым, ауэ хуеймэ, псоми псэкIэ дахэу загъэсэф.
  • Хъыджэбзыр нэхъыжьхэм ямыщIэу зыщIыпIэ кIуэныр, абы куэдрэ къэтыныр емыкIущ.
  • Хъыджэбзыр джэгу, театр, кино-сыт е концерт кIуэнумэ, и дэлъху е и Iыхьлы      щIалэ и гъусэу кIуэмэ, хабзэщ, гъэсагъэщ.
  • Хъыджэбзыр еджэу IэщIагъэ зригъэгъуэтын хуейщ. Ар гъащIэ гъуэмылэщ. ЩIэныгъэ лейрэ IэщIагъэ лейрэ щыIэкъым.
  • Хъыджэбзыр и закъуэми, гуп яхэтми ину псалъэу, дыхьэшхыу къезэгъыркъым.
  • Адыгэ бзылъхугъэр фадэ ефэркъым, къыхуагъэфащэми, къезытам пщIэ хуи- щIу езым нэхъ зытриубыдэ щIалэ гуэрым иритыжыпхъэщ. «Фадэр бзылъхугъэм и Iэпэгъуми, цIыхухъум и Iупэгъущ», — щIыжаIари арагъэнщ.
  • Адыгэ бзылъхугъэм теухуауэ Къэбэр-дей-Балъкъэр телевиденэм «Дахэнагъуэ» нэтыныр зэгуэр къыщызэзыгъэпэщауэ щыта БищIо Iэсият жиIащ: «Нэхъыжьми нэхъыщIэми зэрыхущытыпхъэм, и къалэнхэр ищIэнрэ ахэр дагъуэншэу зэригъэзэщIэн хуейм, — а псом и гугъу умыщIи, адыгэ цIыхубзыр и зекIуэкIэ, и плъэкIэ къудеймкIэ адрейхэм  къахэпцIыхукIыу щытын хуейщ. ЦIыху хэтыкIэм, зыIыгъыкIэм, щытыкIэм сыт хуэдиз епха?! Адрей лъэпкъхэм адыгэр къазэрыхэщу щытар и хьэл дахэращ. Адыгэ цIыхубзыр хьэлыншэу, имыкурэ-имыбгыу ину дыхьэшхыу, куэд жиIэу — ар ди лъэпкъ хьэлкъым. Ущыпсэлъэнури ущыгушыIэнури пщIэжмэщ цIыхум тыншу уащыдекIуэкIыфынур, — ар и унагъуэ кIуэцIми, и Iыхьлы-благъэхэми, гъунэгъу-жэрэгъухэми адыгэ цIыхубзым къыдехъулIэу щытын хуейщ».
  • Ди лъэпкъым бзылъхугъэм пшэрыхь щыхущинэфкIэ, езы бзылъхугъэми щэн-Iэдэб гуемыIу къызыхимыгъахуэу, зыгуэр къыхэхуэми ар щинэфу, Iумахуэу дунейм тетмэ, ди дунейри IэджэкIэ нэхъ дахэ хъунущ.
  • Шэрджэс Алийрэ 
  • Хьэкъун Мухьэмэдрэ
  • къыдагъэкIа «Адыгэхэмрэ абыхэм я хабзэхэмрэ» тхылъым къитхыжащ.
  •  
  • ЩIэныгъэ
  • ХъугъуэфIыгъуэу  ялъытэ
  • КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Накуэ Феликс студентхэм щыIущIащ Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэ НыбжьыщIэхэм я библиотекэм. Зэхыхьэр теухуауэ щытащ лъэпкъ хабзэхэм, щэнхабзэм, тхыдэм, гъэсэныгъэм.
  •  
  • Накуэ Феликс щапхъэхэр къахуихьу, хъыбар гъэщIэгъуэнхэр ягу къигъэкIыжу щIалэгъуалэм яхутепсэлъыхьащ хъугъуэфIыгъуэу ялъытэ лъэпкъ хабзэхэм, щэнхабзэм щыщ Iуэхугъуэхэм. Апхуэдэщ нэхъыжьым, бзылъхугъэм пщIэ, гулъытэ яхуэщIыныр, Iыхьлым, благъэм, гъунэгъум ядэIэпыкъуныр. Унагъуэхэм щIалэ, хъыджэбз цIыкIухэр зэрыщагъасэу, зыхуагъасэу щытам теухуауэ Накуэм къиIуэтэжахэри гъэщIэгъуэнт.
  • — ФыкъызыхэкIар, фи тхыдэр фщIэ- ным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абыхэм зыхэвгъэгъуэзэнымкIэ Лъэпкъ музейр IэмалыфIщ. Абы щыдохъумэ илъэс мин бжыгъэ зи ныбжь хьэпшыпхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ, — жиIащ Накуэм. — Лъэпкъ куэдым я хабзэр, щэнхабзэр щызэпэ- щIэт урохьэлIэ. Ди хабзэхэр, щэнхабзэр фIыуэ зэвгъащIэмэ, къыфхуэщхьэпэнущ нэгъуэщI лъэпкъхэм ейр нэхъыфIу къывгурыIуэнымкIэ. Дэтхэнэ зыми и къалэнщ къыдекIуэкI хабзэхэм, и лъэпкъым, и бзэм, и лъапIэныгъэхэм иригушхуэну.
  • Студентхэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ пасэрей адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм ехьэлIа- уэ щIэныгъэлIым зи гугъу ищIа ди лъэпкъ хабзэхэр. Абы жиIахэм гу лъыуагъатэрт иджырей хьэгъуэлIыгъуэм зэхъуэкIыныгъэ куэд къызэрыщыхъуам, нэгъуэщI лъэпкъхэм я хабзэхэм ящыщ куэд абы къызэрыхыхьам.
  • Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм ехьэлIа хабзэхэм зэрыхащIыкIым теухуа упщIэхэмкIэ На- куэ Феликс студентхэм захуигъэзащ икIи мыхьэнэшхуэ зиIэ ди хабзэ дахэ куэд зэрыкIуэдыжыр жагъуэ щыхъуу зэхыхьэм хэтхэр къыхуриджащ адыгэ хабзэхэм, щэнхабзэм нэхъ гъунэгъу зыхуащIыну, анэдэлъхубзэр яхъумэну.
  • Iэщэхэр зэрагъабзэм теухуа фестивалхэм щыщ нэтынхэм, хабзэм ехьэлIа фильм кIэщIхэм студентхэр ирагъэплъа нэужь, Iэщэ лIэужьыгъуэхэм, адыгэшхэм, спортым тепсэлъыхьащ. ЩIалэгъуалэр абыхэм теухуауэ зыщIэупщIахэм Накуэ Феликс жэуап яритащ икIи абыхэм  Лъэпкъ музейм защригъэплъыхьыну иригъэблэгъащ.
  • БЖЬЫХЬЭЛI  Розэ.
  •  
  • ГушыIэхэмрэ хъыбархэмрэ
  • Ажалым  сызэрыгурыIуар
  • Си ныбжьэгъум къыпцIэ жыг цIыкIу къызитат, куэд щIауэ сызылъыхъуэм хуэдэу жиIэри. Тхьэм щхьэкIэ зэуэ хэкIэри илъэс зыбжанэкIэ къыпцIэр къыпыкIащ. Ауэ си хадэм итыххэ къыпцIэ хъурей IэфIым хуэдэу къыщIэкIащ, и къуэпсхэми хадэр зэщIащтэт. Мурад сщIащ къизудыжыну.
  • Зэ фIыуэ сеуащ джыдэ мыхъарзынэкIэ, етIуанэри схузэфIэкIащ, ещанэм сыщеуэм, си гур «сыкъ» жиIэу иубыдащ. Акъылыр сщхьэщыкIыу щыщIидзэм ерагъкIэ хадэ унэм сынэсщ, хущхъуэ зыжьэдэздзэри сыгъуэлъащ. СщIэркъым сызэрыщы-лъа зэманыр зыхуэдизыр. МащIэ-    мащIэурэ сыкъызэрыгъуэтыжт. Си нэхэр иджыри къызэтесхыфыртэкъым. Ауэ слъагъут хужьышхуэ гуэр къысщхьэщыту.
  • Псэхэхыр къысхуэкIуауэ къэслъытэри:
  • — Сыт, укъысхуэкIуа? — сеупщIащ.
  • — СыкъыпхуэкIуащ, — зэхызох макъыр жыжьэу.
  • — Сыт узыхуейр? — соупщI.
  • — Сызыхуейр гурыIуэгъуэщ, уи псэр хэсхынущ.
  • — АтIэ сыт узэжьэр, щхьэ хомыхрэ?
  • — Мы щIалэ хъарзынэм и акъылыр щхьэщыкIауэ и псэр хэсхынкъым, зыкъищIэжмэ зэрыхэсхыр ищIэу хэсхынщ жызоIэри сыщытщ, — зэхызох макъыр.
  • ИтIанэ зыкъэсщIэж щыхъум, сытегушхуэри сыщIэупщIащ:
  • — Мыдэ, тхылъ гуэр сотхри, а тIэкIур сыухыхукIэ укъызэмыжьэжыфыну пIэрэ? — селъэIуащ.
  • Жэуап къызитыжыртэкъым, си нэр къыщызэтесхым, хужьышхуэр къысщхьэщытыжтэкъым.
  • Псэхэхыр пэшэгъу къызэрысщIар Черкесск къалэм и ефэнды Хъубий Инал-хьэжым щыжесIэм, щIэдыхьэшхыкIри:
  • — Уи ажалыр къэсатэкъыми аращ, ауэ уи тхылъыр бухмэ, етIуанэм икIэщIыпIэкIэ иужь ихьэ, — къызжиIащ.
  • Инал и чэнджэщкIэ тхылъ зыбжанэ стхащ, иджыри сотх.
  • Си гугъэщ псэхэхым пIалъэ къызитауэ.
  •  
  • КхъыIэ, хъарбыз тэрэз къытхухэх
  • ДыщэкI Адэлджэрий гушыIэр и щIасэт. Махуэ гуэрым хьэщIэ къыхуэкIуауэ къыбгъэдэст. Зы хъарбыз къащэхуат. ХьэщIэм хъарбыз я куэду къыфIигъэщIын мурад ищIри:
  • — Уа, фыз, хъарбызхэм нэхъ хъуауэ зы къыхэхи къытхуэхь, — жриIащ и щхьэгъусэм.
  • — Алыхь нэхъыфI дыдэр къыхэсха сфIощIкIэ, — жиIэри хъарбызыр къахущIихьащ.
  • Адэлджэрий фIыуэ зэпиплъыхьащ, икъузщ, къикъузри:
  • — Тхьэ соIуэ, фыз, ущыуакIэ, мыр нэхъыфIхэм ящымыщ, хьыжи нэгъуэщI къыхэх, — иритыжащ.
  • ЕтIуанэр къыщихьым абыи дагъуэ хуищIащ.
  • — КхъыIэ, зы хъарбыз тэрэз къытхухэх, — елъэIуащ щхьэгъусэм.
  • Ещанэр къыщыхихым:
  • — Ыхьы, зи унагъуэрэ, мыр хъарбызкъэ, — жиIэри иупщIэтащ.
  • ХьэщIэми фэфI къариплъауэ кIуэжащ.
  •  
  • Дыщэ кхъуэщын
  • Мэремыкъуэ Хьэбо щIалитху — Пщыкъан, Ахьмэд, Ибрэхьим, ПIытIэ, Исмэхьил сымэ — иIэт. Абыхэм зы шыпхъу закъуэ яIэт ГурэкIэ еджэу. ЩIалэхэр къуажэм пэмыжыжьэу иIэ Тхьэгъэлэдж Iуащхьэм и лъапэм мэкъу щеуэти, я шыпхъум шэджагъуашхэ яхуихьри яхуэкIуат.
  • Псоми ягъэщIагъуэу Iуащхьэм и щхьэ дыдэм псынэ къабзабзэ къыщIэжт. Дэлъхухэр Гурэ елъэIуащ псы щIыIэфI къахуихьыну. Iуащхьэм здыдэкIуейм зы щIыпIэ гуэрым и лъакъуэр ищатэ хуэдэу хъуащ, щIыгур пхырыху къыщыхъуащ.
  • Псы къихьу къыщыкIуэжым и дэлъхухэм яжриIащ Тхьэгъэлэдж Iуащхьэм и зы щIыпIэм и лъакъуэр зэрыщыхэщатэр, щIыгур хъей хуэдэу къызэрыфIэщIар.
  • Зэкъуэшхэм бел къащтэри Iуащхьэм кIуащ. Гурэ яригъэлъэгъуащ щIыпIэр. КъыщатIым дыщэ ахъшэ зэрылъ кхъуэщын къыщIэкIащ. ЩIалэхэр абы щыгуфIыкIа щхьэкIэ зы-   ми и щхьэм къэкIакъым игуэшыну. Ди шыпхъу закъуэм къыщигъуэта-  кIэ, абы ейщ, — жаIэри зэрыкхъуэщыну Гурэ иратащ. Псори зэгурыIуащ къагъуэтар зыми жрамыIэну.
  • Гурэ Къейтыкъуэхэ Аслъэмбэч щхьэгъусэ хуэхъуат. Зэрыхьзэрийр къыщежьэм, дыщэ кхъуэщынри къыздащтэри, Тыркум Iэпхъуэжащ. Абы здэщыIэм и дэлъхухэр ахъшэ зэрыхуэныкъуэм теухуа хъыбар Гурэ Iэрагъэхьащ. Дыщэр Iэрылъхьэу къригъэхьыжыфынутэкъыми, цы зэIущэм зэрыдалъхьэнум хуэдэу цы джар хъурейуэ ишыхьурэ абы и кум дыщэ ахъшэхэр иригъэзагъэри и дэлъхухэм къахуигъэхьащ. Цы хъурейр цы зэIущэм далъхьэу икIэм нэсыхункIэ зэIуаща нэужькIэщ ахъшэ зэрилъыр къыщащIар.
  • Иужьым цы хъурейхэр къызэкIуэцIахщ, ахъшэу къикIар зэкъуэшхэм зэхуагуэшри, я лъэ ягъэбыдэжахэщ. Апхуэдэу Мэремыкъуэ Хьэбо и бынхэм я щыпкъагъэр псоми къахуэщхьэпэжащ.
  •  
  • Гъуджэм  уиплъэкъэ?
  • Беслъэней щIалитI зэхуэзат. Зэуэ пщащэ гугъу ящIу щIадзащ. Плъэри тетIысхьэпIэм тес пщащэр къалъэгъуащ.
  • — Месри пщащэ, кIуэи нэIуасэ зыхуэщI, — жиIащ зым.
  • ЗыжриIар бгъэдыхьэри:
  • — Уа, пщащэ, нэIуасэ зыпхуэсщI хъуну? — зыхуигъэзащ.
  • Пщащэр къыдэплъейри:
  • — Укъызбгъэдыхьэным ипэкIэ гъуджэм уиплъа? — къыщIэнэкIащ.
  • ЩIалэри къимыкIуэту:
  • — Гъуджэм сиплъати, аращ сыкъыщIыббгъэдыхьар, — жриIащ.
  • Зытхыжар  Даур  Жэхъфарщ.
  • Черкесск къалэ
  •  
  • Шэрджэсхэм  я  теплъэр  хамэхэм  зэралъагъур
  • «Шэрджэсхэр — лъагэщ, я бгыр псыгъуэщ, я лъыр къабзэщ, нэ фIыцIэхэщ, набдзэ къурашэхэщ, псом хуэмыдэу       я цIыхубзхэр. Си гугъэмкIэ дунейм цIыхубзу тетым ахэр йофIэкI».
  • Интериано  Джорджио,
  • Италием щыщ зекIуэлI,
  • этнограф, географ. 1502 гъэ
  •  
  • «Шэрджэсхэм сащыхыхьам гъэщIэгъуэныщэ сщыхъуа-уэ псори къэсплъыхьащ, апхуэдизкIэ хэщыпыхьам хуэдэу псори дахэти. Мыдахэу зыри яхэттэкъым: ар ирецIыхухъу, ирецIыхубз. Ахэр лантIэщ, псыгъуэщ, я нэпкъпэпкъри зэкIужщ.
  • ЦIыхубзхэм я нэ фIыцIэр зэщхьыр щIымахуэ жэщ щIы-Iэм уафэм къыщылыд вагъуэхэращ. Ди цIыхубз чыристэнхэм хуэдэу шэрджэс бзылъхугъэхэм я Iэпкълъэпкъыр корсеткIэ зэщIэкъузакъым, атIэ хуитщ, лантIэщ Венерэ сурэт гъэжам ещхьщ».
  • А. де ла Мотрэ,
  • франджы дипломат.1724 гъэ
  •  
  • «Шэрджэсхэм куэду яIэщ гуэгуш дахэшхуэхэр, джэд, бабыщ, къаз хуэдэхэр. Абыхэм хуабжьу яфIэфIу бжьэ ягъэхъу. Фор махъсымэм халъхьэри къытекIуэн щымыIэу ящI, мис абы йофэхэр, IэфI дыдэу дагъэхьэщIащ».
  • Паллас  П. С.,
  • нэмыцэ щIэныгъэлI-этнограф.
  • 1766 гъэм Кавказым щыIащ.
  •  
  • ЦIыхубзыр  зыгъэдахэр
  • Хъыджэбзым и пщэм и гъумагъыр зэрыхъун хуейр езым и IэпщитIым я гъумагъым хуэдизт. И бгым и гъумагъыр зэрыхъупхъэр и пщэм и гъумагъым хуэдитIт.
  •  
  • *   *   *
  • ЦIыхубзыр зыгъэдахэм, зыгъэбжьыфIэхэм ящыщ зыщ абы и щхьэцыр. Ар къабзэу зэрихьэу, екIуу игъэкIыу, дахэу ухуэнарэ щхьэ щIыбымкIэ щышыхьыжауэ е тIууэ ухуэнарэ и щIыбагъымкIэ щедзыхыжауэ щытыпхъэщ.
  •  
  • *   *   *
  • Хъыджэбзым и IэлъэщI кIапэхэр жьэгъум щызэрыдзауэ щытыпхъэт.
  •  
  • *   *   *
  • Унагъуэ ихьа цIыхубзым  и щхьэфIэпхыкI кIапэхэр щхьэ щIыбым — щхьэц лъабжьэм щызэрадзэр.
  •  
  • *   *   *
  • Бынунэ хъуа, анэшхуэ хъуа цIыхубзхэм я щхьэфIэпхыкI кIапэхэр щхьэц лъабжьэмкIэ щызэблэшауэ и натIэм деж щызэрадзэж.
  • *   *   *
  • ЦIыхухъуитI зэщыхьамэ: «ЩхьэлъащIэм и хьэтыркIэ щывгъэт», — жиIэу цIыхубзым и IэлъэщIыр абыхэм яку дидзэмэ, зэзэуэну зэпэщIэувахэр зэпикIуэтыжын хуейщ.
  •  
  •  Дэ къытхуатх
  • Зэманыр  гугъуми, дыкъэвгъэувыIи, дызыщIэвгъэгупсысыж
  • Си тхыгъэр теухуащ нэхъапэм зи теплъэмрэ зэрахьэ фащэ дахэхэмкIэ дуней псом щыцIэрыIуэу щыта адыгэ бзылъхугъэхэм я зыхуэпэкIэм, щIалэгъуалэм нэхъыжьхэм кIэлъызэрахьа хабзэхэм, гуапэу зэхущыту къэгъуэгурыкIуэ зэгъунэгъухэмрэ зэблагъэ-зэIыхьлыхэмрэ я зэхуаку къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэм.
  •  
  • Адыгэ бзылъхугъэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэрт я теплъэкIэ, зыIыгъыкIэкIэ, зыхуэпэкIэкIэ, я хабзэ, нэмыс дахэмкIэ дуней псом щыцIэрыIуэу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, лъэпкъ куэдым я щапхъэу щыта, зи щхьэц щIакIуэр зи лъэдакъэпэм нэс, зи бгыр псыгъуэ      ди цIыхубзхэм иужьрей зэманым я хьэл-щэнкIи, теплъэкIи, зыхуэпэкIэкIи зэхъуэкIыныгъэ куэд хыболъагъуэ. Нэхъапэм адыгэ хъыджэбзхэм зэрахьэу щыта лъэпкъ фащэм я Iэпкълъэпкъыр нэхъ лантIэ, нэхъ дахэ щIэхъукIырт. А зэманым бзылъхугъэхэр куэдкIэ нэхъ зыкIэлъыплъыжырт. НэгъуэщI лъэпкъхэм къыхэкIа цIыхубзхэм зрагъэщхьу унагъуэ имыхьа хъыджэбзхэми, зи ныбжь нэхъ хэкIуэтахэми цIыхухъу гъуэншэджхэр иджы фэилъхьэгъуэ зэращIар емыкIущ. Шотландием щыпсэухэм зрагъэщхьу адыгэ цIыхухъухэм бостей е кIэ щатIэгъамэ, сыту пIэрэт ди бзылъхугъэхэм жаIэнур?
  • Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу уи нэгу щIокI зэщхьэгъусэхэм яку дэлъа пщIэр, нэмысыр Iэпэдэгъэлэл зэращIыр. Нысэхэм я гуащэ-тхьэмадэм хуэфащэ гулъытэ зэрыхуамыщIыжри Iуэху зэIумыбзщ.
  • Уэрамым узэрыдыхьэу нэрылъагъущ ди пщэдейр зыхуэдэнур зэлъыта щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм кIуэ пэтми зэрыкIэрыхур. Абы и щыхьэтщ жылагъуэ транспортым уитIысхьэмэ, ныбжьыщIэхэм къэтэджу узэрамыгъэтIысыр. Пасэм нэхъыжьым кIэлъызэрахьэу щы-    та пщIэ-нэмысыр, хабзэр ягъэкIуэдыжащ.
  • ЩIалэгъуалэр щIэныгъэншэу, лэжьыгъэншэу, Iуэхуншэу, я къарур зытрагъэкIуэдэнур ямыщIэу уэрамым къызэрыдэнар щыплъагъукIэ уигу хэмыщIу къанэр-къым. НэхъыкIэращи, ди щIэблэм ящыщ куэд итхьэкъуащ наркотикымрэ фадэмрэ. Абыхэм Iуэху мыщхьэпэхэм зыдрамыгъэхьэхын, ахэр уэрамым дэмыкIуэдэн папщIэ унагъуэм къалэн гуэр пщэрылъ щащыщIын хуейщ.
  • Зэгъунэгъухэр зэдэIэпыкъуу, хуэмыщIам, дэхуэхам зыщIагъакъуэу, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу, зэгурыIуэрэ-зэдэIуэжу, я Iэгу я Iэнэу, зым и дзыхь адрейм иригъэзу, зэрылъытэу, зэрылъагъуу зэдэпсэууэ щытащ. Иджы, ди жагъуэ зэрыхъунщи, нэхъыбэр мылъку къэугъуеиным, я щхьэ Iуэху зэрыдагъэкIыным дихьэхащ. НэхъыкIэращи, ди зэманым куэдым я Iыхьлыи, адэ-ани, анэкъилъхуи пщIэ хуащIыжыркъым.
  • Газетеджэхэм зыфхузогъазэ зэманыр гугъуми, дыкъэувыIэу дызыщIэвгъэгупсысыж, хэмытIэсапэ щIыкIэ къэдывгъэгъэзэж.. «Чы щIыкIэ къомыгъэшар, бжьэгъу хъуа иужькIэ къыпхуэгъэшынукъым», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. Нэхъыжьхэр зи щапхъэ щIалэгъуалэр гъуэгу захуэ тезыгъэувэфынур, абыхэм гъэсэныгъэ дахэ езытыфынур дэращи, мы Iуэхум зэрыхъукIэ нэхъ псынщIэу девгъэужьэрэкI, ди хабзэ дахэхэр зыхэдывгъэлъхьэж. Адыгэ лъэпкъыр нэгъуэщIхэм дахэмышыпсыхьыжын папщIэ Iэмалрэ хэкIыпIэу щыIэр къэдвгъэгъэсэбэп.
  • Мэкъуауэ  Iэмырбий.
  • Налшык   къалэ
  • Псалъэжьхэр
  • ПщIэ  хуэщI къудей
  • Уелъэпауэмэ, уи лъапэр пиудынщ.
  • Адыгэм пщIэ хуэщIи, узыхуейр къыпхуищIэнщ.
  • Адыгэм я хабзэр къэрал хабзэ пэлъытэщ.
  • ГъащIэм дэмыхъуж хабзэр и чэзум хъуэжын хуейщ.
  • ГъащIэм къемызэгъыж хабзэм зэран къыбгъэдокI.
  • Зи хабзэр зыхъумэжым хамэм и хабзэфIри къыхуощхьэпэ.
  • Интернетым дыкъыщоджэ
  • Пщащэ  губзыгъэ
  • Куэд дэкIащ мыр къызэрыхъурэ. Зы къуажэ гуэрым хуаб-жьу къулейуэ пщы дэст. Зэрыкъулейм хуэдэуи ар бзаджэт. Зыгуэр хиубыдыкIамэ, абы и нэфI къызэрихьыжын щыIэтэкъым. ЦIыху куэд текIуэдащ пщым и губжьым.
  •  
  • Апхуэдэу хиубыдыкIат и унэIутыр — жьы дыдэ хъуа лIыжь цIыкIур. Еуэри, пщыр зекIуэ къикIыжащ зыри къемыхъулIауэ.
  • Хабзэ зэрыхъуати, къуажэм дэсу хъуар къыпежьэт пщыр зекIуэ къыщыкIуэжкIэ. Къыпежьащ и унэIутри. Пщыр къызэрымыкIуэу къытехьат, здежьар къызэремыхъулIам щхьэкIэ. И губжьыр зытрикъутэн къилъыхъуэрт. Абы япэу къыпэщIэхуар унэIут тхьэмыщкIэрати, жриIащ.
  • — Уи сэр фIыуэ гъэжани, пщэдей мо мывэ плъагъум и фэр теупсыкI!
  • Сыт ищIэжынт тхьэмыщкIэм? И щхьэр ирихьэхри и унэ кIуэжащ нэщхъей дыдэу. Унэм къыщежьэт набдзэ зытелъым я нэхъ дахэ ипхъу закъуэр. ЗанщIэу хъыджэбзым къыгурыIуащ  и адэм и Iуэхур зытетыр.
  • — Сыт, щхьэ унэщхъей, си адэ? — къеупщIащ хъыджэбзыр.
  • ЛIыжьым жриIэжащ и пхъум пщым къыхуищIа унафэр.
  • — Умыгужьей, си адэ. Иджыпсту гъуэлъыжи жей, тщIэным пщэдджыжь дегупсысынщи, Iэмал иIэххэу щытмэ, зыгуэр тщIэнщ.
  • Жэщ псом и напIэр зэтрилъхьакъым лIыжьым. Нэху зэрыщу пэшым къыщIыхьащ и пхъур икIи къыхуишиящ сэ жан дыдэ.
  • — КIуэ, си адэ, пщым и дежи жеIэ: «Пщыуэ щыIэм я нэхъ Iущ, уи унафэр згъэзэщIэну сыхьэзырщ. Ауэ, зэрыпщIэщи, псэум, зэрыпсэууэ и фэр трахыркъым. Мывэр фIэбгъэжу щытмэ, занщIэу и фэр тесхынущ».
  • Ежьащ лIыжьыр и пщым деж. УнэIутым хуащIа унафэ гъэщIэгъуэныр зэригъэзэщIэнум еплъыну къуажэдэсхэр къызэхуэсащ. Пщым щхьэщэ хуищIри, абы къригъэжьащ:
  • — Пщыуэ щыIэм я нэхъ Iущ, уи унафэр згъэзэщIэну сыхьэзырщ. Ауэ, зэрыпщIэщи, псэум, зэрыпсэууэ и фэр трахыркъым. Мывэр фIэбгъэжу щытмэ, занщIэу и фэр тесхынущ.
  • Пщым игу ирихьащ жэуап Iущыр икIи къыпыгуфIыкIащ. ЗэрыгуфIэуи и губжьри кIуэдыжащ.
  • — Хэт а жэуап Iущыр къыбжезыIар? — щIэупщIащ пщыр.
  • — Си пхъуращ, — жиIащ лIыжьым.
  • Пщым унафэ ищIащ хъыджэб-зыр кърагъэблэгъэну. Пщащэ тхьэIухудыр къызэрилъагъум хуэдэу дихьэхри, щхьэгъусэ ищIащ.