ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Республикэм эпидемиологие щытыкIэр щыгугъущ, ауэ я нэIэ щIэтщ

2021-07-08

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек бадзэуэгъуэм и 6-м иригъэкIуэкIащ Коронавирус уз зэрыцIалэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщемыгъэубгъуным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщым, а узыфэм зэрыпэщIэтым теухуа Iуэхухэр зэкIэлъызыгъакIуэ оперативнэ штабым и зэIущIэр.

  • ЩIыналъэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ щытыкIэр зэрыгугъур, ауэ я нэIэм зэрыщIэтыр. Абы жиIащ пандемием щыщIидза япэ лъэхъэнэхэм елъытауэ, сымаджэ хъухэр иджыпсту зэрынэхъыбэр, реанимацэхэм щIэхуэхэм я бжыгъэми зэрыхэхъуэр. Мы зэманым лажьэ госпиталитIым гъуэлъыпIэ 580-рэ щIэтщ, цIыху 459-м щоIэзэ, абыхэм ящыщу 10-р сабийщ. Реанимацэхэм сымаджэ 59-рэ щIэлъщ. Реанимацэ дэIэпыкъуныгъэ цIыху нэхъыбэ хуэныкъуэ зэрыхъум къыхэкIыу госпиталыщIэхэр къызэIухыжын хуей мэхъу.
  • Зэман гъунэгъум Къалэ клиникэ сымаджэщ №2-м къыщызэIуахынущ узыфэ зэрыцIалэ нэхъ шынагъуэхэр зыпкърытхэм щеIэзэну, гъуэлъыпIэ 200 зыщIэтыну госпиталь. Республикэм и Iэтащхьэм зыхуэфащэ IэнатIэхэм пщэрылъ ящищIащ Прохладнэ къалэ округым, Прохладнэ, Шэджэм, Тэрч муниципальнэ щIыналъэхэм я сымаджэщ нэхъыщхьэхэр, апхуэдэуи СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ япэщIэтынымкIэ центрыр госпиталхэр къыщызэIухыным хуагъэхьэзырыну.
  • КъБР-м и санитар дохутыр нэхъыщхьэ Пагуэ Жыраслъэн жиIащ сабийхэм, щIалэгъуалэм, ику ит ныбжьым итхэм ящыщу узыфэр зэуалIэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэрыхъуар, сымаджэ хъуахэм я процент 60-р зэрыцIыхубзыр. Санитар дохутыр нэхъыщхьэм къызэрыхигъэщамкIэ, республикэм щыщу сымаджэ хъуахэм я процент блыщIым щIигъум къайуэлIар коронавирусым и индие штаммым хуэдэ лIэужьыгъуэрщ. «Эпидемиологие щытыкIэр мы зэманым гугъущ, сымаджэхэр кIуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу. Зэуэ куэд дыдэ сымаджэ хъуркъым, апхуэдэу щытми, «индие штаммым» иубыдхэм я бжыгъэм хохъуэ», — къыхигъэщхьэхукIащ Пагуэ Жыраслъэн икIи жиIащ цIыху куэд дыдэ зэуэ зэрызэрымыцIэлэжыр вакцинэ зыхезыгъалъхьэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэрыхъуам зэрифIыгъэр. Абы гулъытэ хэха хуищIу къыхигъэщащ вакцинэм и зэ хэIугъуэм фIэкIа зыхамылъхьа, узым пэщIэтыфыным хуэдиз пкъыгъуэхэр зи Iэпкълъэпкъым зэкIэ куэду хэмылъу сымаджэ хъуахэм узыфэр нэхъ къаймыхьэлъэкIыу зэрапкърыкIыр. Узыфэм нэхъ зэрызиубгъужам и щхьэусыгъуэу Пагуэм къигъэлъэгъуащ республикэм щыпсэухэр ягъэува мардэ ткIийхэм зэрытемытыр, медицинэ нэкIуIупхъуэхэр зэраIумылъыр, тэмэму узыфэм зэрызыщамыхъумэр. Абы къыхилъхьащ эпидемиологие щытыкIэр нэхъри екIакIуэмэ, мардэ ткIийхэм зэрыхуэкIуэнум теухуа чэнджэщхэр ягъэхьэзырыну, къэблэгъа дин махуэшхуэхэм цIыху куэд зэхыхьэу узыфэм зиубгъункIэ зэрышынагъуэр къилъытэри.
  • КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам зэрыжиIамкIэ, госпиталхэм щIэт гъуэлъыпIэхэм я бжыгъэр зы мазэм къриубыдэу хуэди 3,2-кIэ нэхъыбэ ящIащ, сымаджэхэр — хуэди 2,7-кIэ, кислородкIэ ягъэбауэ сымаджэхэр — хуэди 2,9-кIэ, реанимацэхэм щIэлъхэр — хуэди 2,2-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Министрым жиIащ коронавирус узыфэр къайуэлIауэ амбулаторнэу ягъэхъужхэм я бжыгъэр 807-рэ зэрыхъур, абыхэм ящыщу 86-р зэрысабийр.
  • Къалэбатэ Рустам къыхигъэщащ сымаджэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэрыхъум къыхэкIыу узыфэ зэрыцIалэ шынагъуэхэр зыпкърытхэр щагъэхъуж госпиталхэм щыIэ медицинэ лэжьакIуэхэм я бжыгъэри нэхъыбэ ящIын хуей зэрыхъуар. Иджыпсту а лэжьыгъэм пэрытщ медицинэ лэжьакIуэ 421-рэ, абыхэм ящыщу 107-р дохутырщ. Сменищу лэжьэн хуейуэ къазэрыхудэкIам къыхэкIыу узыфэ зэрыцIалэ нэхъ шынагъуэхэр зыпкърытхэм еIэзэ сымаджэщхэм я лэжьакIуэхэм зыгъэпсэхупIэ унэу тIу хухахащ, я IэнатIэм къыпэрыкIыжа нэужь абы щыIэну.
  • Министрым зэIущIэм хэтхэр щыгъуазэ ищIащ япэ хэIугъуэу вакцинэр зыхалъхьахэм я бжыгъэр бадзэуэгъуэм и 6-м ирихьэлIэу цIыху 78930-рэ, етIуанэ хэIугъуэр зрахьэлIахэр 43284-рэ зэрыхъур. Вакцинэр яхэлъхьэнымкIэ бжьыпэр яIыгъщ Прохладнэ къалэ округым, Iуащхьэмахуэ, Май щIыналъэхэм.
  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэм и кIэм пщэрылъ ящищIащ эпидемиологие щытыкIэр екIакIуэмэ ягъэувыну мардэ пыухыкIахэр яубзыхуну, медицинэ лэжьакIуэхэм я улахуэр тэмэму зэрыратым, амбулаторнэу зэIэзэ сымаджэхэр хущхъуэхэмкIэ къызэрызэгъэпэща щIыкIэм зэпымыууэ я нэIэ трагъэтыну, мастэр яхэIуным епха гуп хэхахэр IуэхущIапIэхэм кIуэурэ вакцинэр цIыхухэм халъхьэну.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.