КIуэкIуэ Казбек: «ФокIадэм и 1-м къыщыщIэдзауэ екIуэкIыну Iуэху нэхъыщхьэ псори Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэсищэ щрикъум ехьэлIауэ щытын хуейщ»
2021-06-24
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырынымрэ махуэшхуэм пыщIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.
- КIуэкIуэ Казбек зэгъэзэхуэжыныгъэхэмрэ чэнджэщхэмрэ хилъхьащ махуэшхуэр зэрекIуэкIыну яубзыхуам. Абы жиIащ республикэм мы гъэм фокIадэм и 1-м къыщыщIэдзауэ щекIуэкIыну Iуэху нэхъыщхьэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэсищэ щрикъум ехьэлIауэ щытын зэрыхуейр. Iэтащхьэм абыкIэ жэуап зыхьхэм пщэрылъ ящищIащ махуэшхуэр зэрырагъэкIуэкIыну щIыкIэу нэхъ пасэу яубзыхуахэм хэплъэжыну икIи щIыгъужыпхъэу къалъытэхэр тхьэмахуэм къриубыдэу къыхалъхьэну, апхуэдэуи лэжьакIуэ гупхэр а Iуэхухэм нэхъ жыджэру яужь итыну.
- Iэтащхьэм къыхигъэщащ махуэшхуэ дауэдапщэхэм тэмэму зыхуэгъэхьэзырыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- «ЩIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыныр, социальнэ мыхьэнэ зиIэ объектыщIэхэр ухуэныр, ди лъэпкъхэм я щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэ къулейр нэсу къызэщIэзыубыдэну программэ зэхэлъхьэныр, республикэм щыпсэу дэтхэнэ зы-ми дежкIэ купщIэшхуэ зыхэлъ дамыгъэхэр, хьэщIагъэ дахэр — мис ахэращ и лъабжьэу щытын хуейр республикэр лIэщIыгъуэ зэрырикъум теухуа махуэшхуэм», — къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Казбек.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.