ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ноябрь, 2021

Шэрэдж электростанц мыиным и лъабжьэр ягъэтIылъ

2021-11-13

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «РусГидро» компанием и правленэм и унафэщI — генеральнэ директор Хмарин Викторрэ я зэIущIэ махуэкум КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым кадет классыщIэ къыщызэIуахащ

2021-11-13

  • КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Калюжный Н. Г. и цIэр зэрихьэу Налшык къалэ дэт 7-нэ курыт еджапIэм и 5-нэ «К» классым щIэс цIыкIухэр кадетым зэрыхагъэхьэм ехьэлIа гуфIэгъуэ дауэдапщэм. Iуэхур щекIуэкIар Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэрщ. Кадет ныбжьыщIэ 29-м тхьэрыIуэ ятащ икIи а цIэр къызэрыфIащам щыхьэт техъуэ тхылъхэри иратыжащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Президентым къыхуатххэр

И гуащIэм щымысхьу лъэпкъым  хуэлэжьа Къалмыкъ Жылэбий

2021-11-13

  • 2021 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м куэдрэ мысымаджэу дунейм ехыжащ Къалмыкъ Жылэбий Адэлбий и къуэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэеплъ

ХэкулI щыпкъэ  Есчындар Мухьэдин

2021-11-13

  • ЩэкIуэгъуэм и 15-м и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъур егъэлъапIэ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ Урысей академием и академик, ФинансхэмкIэ университетым и ректор, си гъащIэм къриубыдэу сызрихьэлIа цIыхухэм ящыщу нэхъ пщIэшхуэ зыхуэфащэу къэслъытэ Есчындар Мухьэдин Абдурэхьман и къуэм. Абы къызэринэкIащ IуэхукIэ, лэжьыгъэ купщIафIэкIэ гъэнщIа гъащIэ гъуэгуанэ кIыхь, ар къапхыкIащ тхыдэ мыхьэнэ зиIа лъэхъэнэ зыбжанэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Сабиймрэ таурыхъымрэ

2021-11-13

  • Адыгэр дымащIэ тIэкIущ. ДыщымащIэкIэ, сабийуэ къытхэхъуэм ди лъэпкъ нэщэнэхэр къатещу, ди щхьэхуэныгъэхэр лъапIэныгъэу къалъытэу къызэрыдгъэхъуным демылIалIэмэ, бжыгъэкIэ дыбэгъуами, лъэпкъым хэхъуэ димыIэу утыку дыкъинэнкIэ шынагъуэ къытлъэIэсащ. Адыгэ гупсысэкIэр, дуней еплъыкIэр, дуней къыгурыIуэкIэр къищтэурэ, адыгэм къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр дуней тетыкIэу къищтэурэщ сабийр лъэпкъым къупщхьэ зэрыхуэхъунур. А псор абы зэрыпкърыхьэр псалъэкIэщ. Дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ цIыхумрэ зэпызыщIэр аращ — гупсысэм псалъэр фащэ хуохъу. Дыпсэлъэн зэрыхуейм дегъэгупсысэ, гупсысэр нэхъ IупщIу дунейм къытедгъэхьэн папщIэ, хуэкIуэ псалъэм долъыхъуэ, къыхыдох. Гупсысэр увыIэ имыщIэу зызыужь Iуэхугъуэщи, ар наIуэ зэрытщIыну псалъэхэмкIэ дыкъулеиныр Iэмалыншэ мэхъу. Абы ехьэлIауэ цIыхум иIэну ехъулIэныгъэр елъытащ и анэдэлъхубзэр зэрищIэм и фIагъым, псалъэхэм яхэлъ мыхьэнэр тэмэму къызэрыгурыIуэм, ахэр екIуу зэпищIэу зыхуей гупсысэр псалъэухам, тхыгъэм, къэпсэлъэныгъэм зэрыригъэзагъэм. Апхуэдэ фIагъ цIыхум и псэлъэкIэм, гупсысэкIэм хэлъын папщIэ щысабийм щыщIэдзауэ адыгэбзэ курых зэхихыу, и дунейм зезыгъэужьын псалъэмакъ драгъэкIуэкIыу къэтэджын хуейщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мулай Алихъан: ГъащIэр  зыгъэдахэр IуэхущIафэрщ

2021-11-13

  • КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и къэфакIуэу илъэс куэдкIэ щыта, иужьрей илъэс 30-м «Шэ-джэм псыкъелъэхэр» ансамблым и художественнэ унафэщI Мулай Алихъан и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу нобэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Тыгъэм я нэхъ лъапIэр

2021-11-13

  • Хы ФIыцIэ Iуфэм Iус Агуий-Шапсыгъ адыгэ къуажэм и «Шууей Хасэ» зэгухьэныгъэм и щIыналъэ зэхуаку къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэ екIуэкIащ. Абы «Шууей Хасэм» 2021 гъэм къызэригъэпэща Iуэхухэр, зыхунэса- къехъулIахэр къыщапщытэжащ, дызыхуэкIуэ илъэсы-щIэм я мурадхэр щагъэбелджылащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-11-13

  • Iуащхьэмахуэ и адэ
  • Шэджэмыпсымрэ Кестантэрэ щызэхэж щIыпIэм дежщ Шэджэмыщхьэ вулканыр здыхуэзэр. КъызэрыщIэкIамкIи, ар дуней псом щыцIэрыIуэ ди Iуащхьэмахуэ нэхърэ куэдкIэ нэхъыжьщ, Кавказым и налкъутыр къызытекIари аращ!

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис

Нэр дахьэхрэ псэр яхьэхуу

2021-11-13

  • СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Гуданаев Борис и гъэлъэгъуэныгъэ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар Iуэху дахэщ — и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъуарщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъэлъэгъуэныгъэхэр

Мыжевских Вадим: Уи щэнхабзэр пхъумэн зэрыхуейм и щапхъэщ адыгэхэр

2021-11-13

  • Илъэс зыбжанэ мэхъу Витебск дэт Музыкальнэ колледжым и студент, белорус щIалэ Мыжевских Вадим кавказ лъэпкъхэм я щэнхабзэм щыгъуазэ зэрыхъурэ. Адрейхэм къахигъэщу, Вадим итхьэкъупащ адыгэхэм ейм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ