ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

СыгуфIэщэну сыхуейщи, Аращ сэ сыщIэнэщхъейр

2021-06-23

  • УсакIуэ Мыкъуэжь Анатолэ Хьэбалэ и къуэр Советскэ (иджы Шэрэдж) районым хыхьэ Аушыджэр къуажэм 1956 гъэм мэкъуауэгъуэм и 21-м къыщалъхуащ. 1973 гъэм къуажэ школыр, 1978 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и филологие факультетыр къиухащ. 1979 — 1995 гъэхэм «Адыгэ псалъэ» газетым корреспонденту, 1995 — 2013 гъэхэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм художественнэ литературэмкIэ редактору, адыгэ литературэмкIэ редакцэм и унафэщIу щылэжьащ. Мы зэманым «Iуащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэщ.

  • Мыкъуэжьым и Iэдакъэ къыщIэкIащ адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэ нэс хуэхъуа тхыгъэ купщIафIэ куэд. 1985 гъэм дунейм къытехьащ «Жьэгу пащхьэ» зыфIища и япэ тхылъыр. Абы къыкIэлъыкIуащ «Къалэ жыжьэ», «Дунеижь», «Адэжь щIэин», «Маринэ», «Лъэхъэнэ», «Къэрэгъул бжыхь» тхылъхэр. 2016 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм зы том хъууэ къыщыдэкIащ и усэ нэхъыфIхэр щызэхуэхьэса «Си лIэщIыгъуэр» тхылъыр.
  • Мыкъуэжьыр 1987 гъэ лъандэрэ Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, 1991 гъэ лъандэрэ Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. Абы къыхуагъэфэщащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр, Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и дипломыр.
  • Мыкъуэжь Анатолэ и усыгъэм тетхыхьащ ди республикэм и тхакIуэ, критик цIэрыIуэхэу Тхьэгъэзит Зубер, Къагъырмэс Борис, Бещтокъуэ Хьэбас, IутIыж Борис, Къэрмокъуэ Хьэмид, Къэжэр Хьэмид, Гъут Iэдэм, ТIымыжь Хьэмыщэ, Хьэвжокъуэ Людмилэ сымэ. Псори зэхэту усакIуэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуауэ тхыгъэ 80-м щIигъу дунейм къытехьащ. Абыхэм къызэрыхагъэбелджылыкIащи, «ди лъэхъэнэм и фIи и Iеи IупщIу къызэрыщ гъуджэщ» Мыкъуэжьым и IэдакъэщIэкIхэр.
  •  
  • И гупсысэр куурэ и псалъэр шэрыуэу
  • Нобэ ди литературэм хуэлажьэ усакIуэхэм уахэплъэмэ, Мыкъуэжь Анатолэ бжьыпэр зыIыгъхэм ящыщ зыщ и IэдакъэщIэкIхэм яхэлъ гупсысэм и кууагъкIэ, ар къызэриIуатэ IэзагъкIэ. ГъэщIэгъуэныракъэ, абы япэ дыдэу дунейм къытригъэхьахэри, «мыр гъащIэм фIыуэ хэзыщIыкI, абы куууэ пхрыплъыф, акъыл тIыса зиIэ цIыхущ зыхуэтхьынур» жыуагъэIэу гъэпсащ.
  • Мыкъуэжьым и гугъу щащIкIэ, и усэхэр нэщхъеирилэу жызыIэ щыIэщ. Апхуэдафэ щIраплъыр, сэ сызэригугъэмкIэ, ахэр нэхъыбэу зытеухуа темэрщ — псом япэу усакIуэм псэхупIэ къезымытыр ди гъащIэм хилъагъуэ мыхъумыщIагъэхэрщ, абы куэдрэ Iейр фIым и гущIыIу зэрыщыхъуфырщ, къуаншэр захуэм зэрыщытекIуэфырщ, напэм япэ мылъкур зэрыщрагъэщырщ — а псор щыплъагъукIэ, дауи, нэжэгужагъэ къыпхалъхьэркъым. Абыхэм Мыкъуэжьыр щIытепсэлъыхьыр тхьэусыхэн къудей папщIэкъым — ар къоув зи жагъуэ ящIахэм я къыщхьэщыжакIуэу, захуагъэм, гущIэгъум, цIыхугъэ нэсым я джакIуэу. Езы усакIуэм и псалъэкIэ жыпIэмэ, «Ем езэуэныр си натIэу / Сыкъытехьащ мы дунейм. / Згъэбзэнущ усэр, маисэу, — / Срауэчылщ сэ цIыху хейм». Абы и хъуэпсапIэр дунейр сыткIи зэтес хъужауэ илъагъунырщ. А гупсысэр философие куу зыхэлъ мы сатырхэм къаIуатэ:
  • СыгуфIэщэну сыхуейщи,
  • Аращ сэ сыщIэнэщхъейр.
  • Пафос егъэлея хэмылъу, зэ еплъыгъуэкIэ псэлъэкIэ къызэрыгуэкIыу къыпщыхъу къэIуэтэкIэкIэ щIэджыкIакIуэ дэтхэнэми и гущIэм зэрыдыхьэфын, ахэр и лъэныкъуэ къызэрищIыфын бзэрэ Iэмалымрэ зэригъэпэщащ усакIуэм икIи ар иджыпсту шэчыншэу «граждан поэзие» жыхуаIэмкIэ ди литературэм щыпашэщ.
  • Мыкъуэжьым бзэ къулей зэрыIурылъым нэхъапэIуэкIэ тIэкIу и гугъу сщIауэ щытащ. Мыр щхьэхуэу зытепсэлъыхьын хуей темэшхуэщ. Езым зэритхщи, «псалъэ дыгъэлхэм яхэплъыхьурэ, зы налкъут къахегъуатэ». Анэдэлъхубзэр Анатолэ дежкIэ зыхуэбгъадэ хъун щымыIэу, хуэсакъыпэу хъумэн хуей лъапIэныгъэ инщ:
  • Си бзэм сэрэ дызэтIолъхуэныкъуэу
  • Зы адыгэ анэ дыкъилъхуащ…
  • Здэнукъым сыкъэзылъхуар хаутэу,
  • Здэнукъым хаутэу къыздалъхуар!
  • Зэгуэр Мыкъуэжьым итхыгъащ «сэ хамэ гуауэр си гущIэм йожалIэ, ещхьу сысейм» жиIэри. Ар, зэрыжытIащи, и усэхэми наIуэу къыхощ. Ауэ псом хуэмыдэжу усакIуэм и гурыщIэр къригъэIуэтащ къеуэлIа гуауэм — зи гугъу сщIыр игъуэ нэмысу дунейм ехыжа и щхьэгъусэм теухуа поэмэрщ.
  • Абы щыщ зы усэ — «Мылъкури щIыхьри…» жыхуиIэр — Мыкъуэжьым итхауэ щытащ хьэщыкъ зыхуэхъуа пщащэр щхьэгъусэ хуэхъуным зы мазэ иIэжу. Мыпхуэдэ сатырхэмкIэ иухырт а усэр:
  • Мылъкури щIыхьри
  • ЩхьэгъэпцIэжщи, псэр
  • Зыхуэныкъуэ псэ фIэкIа
  • ЩымыIэ…
  • Нобэ къэскIэ,
  • СфIигъэдийуэ псэр,
  • Уэ узмыгъуэтыжу
  • Схудеху щIыIэ…
  • ПсэкIэ къыпэгъунэгъу цIыхур пасэу зэрыIэщIэкIынкIэ хъунур гурыгъуазэу зыхэзыщIарщ, дауи, апхуэдэу жызыIэфынур.
  • Хьэмэрэ зэпсэгъуитI зэфIэкIуэдам я къекIуэкIыкIар «Жэнэтбзу уи хадэм зэ къэмылъэтам…» усэм нэхърэ нэхъ дахэу, нэхъ гукъинэжу, абы щыгъуэми адыгэ хабзэм уезымыгъэбакъуэ щIагъыбзэ щIэлъу пхуэгъэпсыну пIэрэ! ЖытIам и щыхьэту къэтхьынщ а усэм щыщ зы пычыгъуэ:
  • Жэнэтбзу уи хадэм
  • Зэ къэмылъэтам,
  • Уащымыщ Тхьэ лъапIэр
  • НасыпкIэ зэтам…
  •  
  • Си жыг хадэр жыжьэт, —
  • Дауэ къэбгъуэта?
  • Зэрыгъужым хадэр
  • Хэт гу лъыуигъэта?..
  •  
  • Уи бзэ IэфIым жыгхэр
  • Къыдэгъэгъэжат.
  • ХэгъукIа нэгъунэ
  • Гулъ къыдидзыжат…
  •  
  • Си жыг хадэм абгъуэ
  • ЩыпщIу къыщысщIам,
  • Дыгъэ бзийр хъыринэу,
  • Уэгум сыщещIат.
  •  
  • Жьыбгъэ Iэл гъатхэкуу
  • Дэнэ къытхуиукIт?
  • Щызэридзэм абгъуэр
  • Си фэр пыхьэ-пыкIт.
  •  
  • Шыр цIыкIуитIыр къанэу
  • Укъыщехуэхам,
  • КъысфIэщIати къуршхэр
  • Си плIэм къыдэхуа…
  • Си псалъэм и кIэ къизгъэхуащ зыми хэзмылъхьэу нэхъыфI дыдэу слъагъу усэр — «Гущэкъу уэрэдыр». Сэ сызэреплъымкIэ, мы усэм фIэкIа имыусами, Анатолэ и цIэр ди литературэм къыхэнэнт. Си фIэщ хъуркъым мыбы зэ къеджам е уэрэду абы едэIуам ар зэгуэр щыгъупщэну, тобэ ирехъуи, дэтхэнэ зы адыгэми гукIэ ещIэ мы сатыр дахащэхэр:
  • Мазэ тхьэгъу лъэныкъуэр
  • Къыпхуэслъыхъуэжынщ,
  • Вагъуэ щыгъэ цIыкIухэр
  • Къыпхуэсщыпыжынщ.
  • Апхуэдиз гумащIагъэрэ лъагъуныгъэрэ быным, сабийм хуэгъэзауэ зыхэлъ, апхуэдэу екIуу гъэпса адыгэбзэкIи урысыбзэкIи щыIэу сэ сыщыгъуазэкъым.
  • Хэти гушыIэу, хэти и фIэщу «усакIуэ нэсхэр куэдрэ псэукъым, Пушкинми Лермонтовми я гъащIэр кIэщIт, ауэ урыс литературэм и классик хъуахэщ» жаIэу зэхыбох. Мыбыхэм нэгъуэщI къэралхэм щыщхэр, уеблэмэ адыгэ гуэрхэм я цIэри щыщIагъу щыIэщ. «Ныбжьыр хэкIуэтэху, талантым кIэреч, цIыхум и щIэщыгъуэр йокI, адэкIэ жиIэн имыIэжу къонэ», — аращ абы кърагъэкIыр. Сэ апхуэдэхэм акъылэгъу садэхъуфыну-къым. И ныбжьыр хэхъуэху, и творчествэм зиужь зэпыту гъащIэшхуэ зиIа тхакIуэ, усакIуэ дапщэ ухуей?! Жыжьэ дыщымылъыхъуэу, дэ диIэкъэ КIыщокъуэ Алим! Си ныбжьэгъу нэхъыфIхэм ящыщ Мыкъуэжь Анатолэ сохъуэхъу псэунми усэнми яхуиIэ гукъыдэжыр хэхъуэ фIэкIа нэхъ кIащхъэ мыхъуу гъащIафIэ хъуну, езыр псэууэ адыгэ литературэм и классикыу къалъытэну.
  • БИЩIО Борис,
  • филологие щIэныгъэхэм я доктор.
  •  
  • Бэм я гурылъыр жызыIэф
  • Адыгэ усыгъэм и жьантIэр зыгъэбжьыфIэ усакIуэхэм ящыщщ Мыкъуэжь Анатолэ. Абы шэч къытепхьэркъым, усакIуэм и къалэмыпэм къыщIэкIа тхылъхэм щыгъуазэ уахуэхъуа нэужь.
  • Мыкъуэжьым и дэтхэнэ псалъэри усэ сатырри щIэщыгъуэщ. Зыми хэбгъэгъуэщэнукъым Анатолэ и гущIэм къиIукIа усэхэр, абыхэм ящыщ дэтхэнэми телъщ зи гур жан, зи гупсысэр куу усакIуэм и дамыгъэрэ и нэпкъыжьэ-рэ.
  • ЦIыхум и гущIэлъапсэм нэплъысыф, абы и гурыгъу-гурыщIэхэр къыщIэзыгъэлъэф, и фэм дэкIымрэ и псэр зыгъэхыщIэмрэ псалъэ купщIафIэхэмкIэ къэзыIуэтэф усакIуэ набдзэгубдзаплъэщ Мыкъуэ-жьыр. Аращ абы и тхыгъэхэр адыгэ усыгъэм и лъагапIэхэм ящыщ зы щIэхъуар.
  • КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид,
  • тхакIуэ, критик.
  •  
  • УсакIуэм и лъагапIэхэр
  • Мыкъуэжь Анатолэ и усыгъэхэм хэтщ гъащIэр гурыфIыгъуэ зэфэзэщу цIыхум къыщыщыхъу ныбжьым щита илъэсхэм итхахэр. Ахэр щIалэгъуэм и нурхэмкIэ гъэнщIащ. Пэжыныгъэ нэсым, лъагъуныгъэ къабзэм, гурыщIэ IэфIым хуэусэ тхыгъэхэщ.
  • ЕтIуанэ гупу Мыкъуэжьым и усыгъэхэм къахэбгъэщхьэхукI хъунущ, и IуплъапIэ дахэм блишу, и плIанэпэхэм щекIуэкIхэри гъащIэм къыхузэIуихыу щIидза нэужь, усакIуэм итхахэр. Абыхэм ухагъэгупсысыхь, узыгъэгуфIэхэм нэмыщI, уригумэщI хъуну гъащIэм куэд дыдэ зэрыхэтыр нэрылъагъу къыпщащI. Зэм-зэми уогупсыс: «Ярэби, дидактикэр, жьэ нахуэ жыIэкIэр нэхъ мэщIамэ, мынэхъыфIу пIэрэт?» Уэр-уэрурэ жэуапи зотыж: «Хьэуэ, апхуэдэ жыIэкIэхэмрэ апхуэдэ Iуэху еплъыкIэхэмрэ ауэ сытми къежьэркъым. ГъащIэм и щытыкIэм литературэр зэрыпэджэж нэщэнэу аращ апхуэдэхэр. Щхьэтечу жыIэн хуейхэр щымащIэ езыр мы ди гъащIэм? Зыгуэрхэм я дежкIэ гъащIэу, нэгъуэщIхэм я дежкIэ мащэм?..»
  • Мыкъуэжьым и усыгъэм IупщIу хэплъагъуэ ещанэ лъагапIэщ «философие лирикэкIэ» узэджэ хъуну усыгъэ гупыр. Псом ящхьэращи, хамэщIэплъ лъагъуэкIэ хуэмыкIуэу, езым гурэ псэкIэ хишыжа лъагъуэм тету а ещанэ лъагапIэм зэрыхуэкIуар IупщI къыпщащI Мыкъуэжь Толэ и усэ зи гугъу тщIыхэм… ГъащIэм зыри пщIэншэу къузэримытым и щыхьэтщ мы къыжытIэнур: абы и нэщIэбжьэ ин щилъэгъуа, и гъэунэхупIэ гугъу дыдэм къыщихута гъэхэрауэ къысщохъу Мыкъуэжьым и философие лирикэм нэхъ зыщиубгъуар.
  • IУТIЫЖ Борис,
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ.
  • 2006 гъэ
  •  
  • Зыми  хэбгъэгъуэщэнукъым
  • Псоми зы дыгъэщ диIэр, ауэ усакIуэ нэсхэм дыгъэ зырыз яIэжщ: а дыгъэхэм я теплъэр зы щхьэкIэ, абыхэм къапих бзийхэр, а бзийхэм ящIэлъ хуабагъэр усакIуэ къэс я усыгъэхэм щызэхуэдэкъым. Зи тхыгъэ щIэбджыкI усакIуэхэр зэрызэщхьыр хэбгъэкIрэ зэрызэщхьэщыкI гуэрхэр къыпхуэнэмэ, поэзие хъужри щIэщыгъуэу уи гум къинарщ.
  • Ди жагъуэ зэрыхъущи, усэм и жыпхъэ гуэрым игъэзэгъа псалъэмакъ къыдэзыщIылIэхэр щэ бжыгъэ-мэ, гумрэ псэмрэ сыт щыгъуи зыхуэныкъуэ псалъэщIэ гуэр къыбжезыIэфыр пщIы бжыгъэщ. А пщIы бжыгъэм ящыщу сэ къызолъытэ усакIуэ Мыкъуэжь Анатолэ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр — я гупсысэкIи, я гурыщIэкIи, усэхэм я фащэкIи — лIыпIэ иува усакIуэм «къызэригъэщIар» нэрылъагъущ. Зыми хэбгъэгъуэщэнукъым Анатолэ и къалэмыпэм къыщIэкIа сатырхэр.
  • Хэт зауэм къихь гузэвэгъуэхэм, зи пщIэнтIэпскIэ псэужхэм я плъапIэ мамырыгъэм темытхыхьыр? А тIур поэзие псом и темэ нэхъыщхьэхэм ящыщу игъащIэ лъандэрэ къогъуэгурыкIуэ. Абыхэм ятеухуауэ ди усакIуэ нэхъыфIхэм ятхахэм я купщIэкIи, я гъэпсыкIэкIи ябгъурыбгъэувэ хъунущ Мыкъуэжь Анатолэ мамырыгъэм теухуа и усэхэр.
  • И лъахэм, и лъэпкъым я тхыдэм куууэ щыхэплъэ усэ и мащIэкъым Мыкъуэжьым, ауэ абы и Iэпэр къытрихыркъым нобэрей махуэм и лъынтхуэми: ар хущIокъу зыхэт зэманым и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр къыхиубыдыкIыну. «ХущIокъу» жысIа щхьэкIэ, а псалъэр мыбдеж щытэмэму къыщIэкIынукъым: апхуэдэм хущIэмыкъуу тхэ щыIэ? Нэхъ пыухыкIауэ жысIэнщи, и гугъапIэм и Iэр тезыгъахуэ усакIуэщ Мыкъуэжь Анатолэ.
  • ТХЬЭГЪЭЗИТ Зубер,
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ.
  • 2008 гъэ
  •  
  • Дызэрыгушхуэхэм  ящыщщ
  • 1965 гъэ лъандэрэ Толи, абы и адэшхуэ-анэшхуэри, и адэ Хьэбали, и анэ КIули соцIыху. Абы щыгъуэ сэ еджапIэ Налшык сыкъэкIуауэ Толэ и анэ дэлъху Бицу Анатолэ ныбжьэгъу схуэхъуати, сыт хуэдэ Iуэху яIэми, Аушыджэр сыкIуэрт, я унагъуэ сихьэрт.
  • Университетыр къэдухыу илъэс зыбжанэ дэкIы- жа иужькIэщ Толэ школыр къыщиухар. Ар щIыжысIэращи, щIалэ цIыкIуу сцIыхуащ, абы щыгъуэ усэ итхыу сымыщIами. КIулэ и адэ-анэр IуэрыIуатэм хуэIэзэти, я бынхэри абы щIапIыкIащ. IуэрыIуатэр, щэнхабзэр, гъуазджэр щытепщэ унагъуэм укъыщалъхуауэ уи псэр дахагъэ нэсым имытхьэкъуу хъурэт?! Ахэращ Толэ и псыпэм къежьапIэ хуэхъуар.
  • Усэ купщIафIэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ Мыкъуэжьым. 1985 гъэм дунейм къытехьа «Жьэгу пащхьэ» и япэ тхылъымкIэ наIуэ хъуат Толэ усакIуэ телъыджэ къызэрыхэкIынур. Абы къыкIэлъыкIуащ тхылъ зыбгъупщI. И ныбжьыр илъэс хыщI щрикъум ирихьэлIэу къыдэкIа «Си лIэщIыгъуэр» тхылъым и творчествэм и курыхыр къыщызэщIи-къуэжауэ жыпIэ хъунущи, сэ къыхэзгъэщынур зыщ: адыгэ усыгъэр зыгъэбжьыфIэу цIыхуитхум я цIэ къипIуэнумэ, Толэ абыхэм ящыщщ.
  • «Адыгэ псалъэ» газетым ар илъэс пщыкIутхукIэ щылэжьащ, и Iэзагъэм хэхъуэнымкIи сэбэпышхуэ къыхуэхъуауэ къызолъытэ. КъыхэзгъэбелджылыкIыну сыхуейщ газетыр зэи зыми зэран зэрыхуэмыхъур, я къалэмыр жан хъунымкIэ кIыщ пэлъытэу зэрыщытыр жысIэкIи егъэлея хъуну къысщыхъуркъым.
  • Мыкъуэжь Анатолэ иджыри куэдкIэ дыщогугъ. И мурадхэр Тхьэм къыхузэпищэ.
  • ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
  • УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
  •  

    И адэ Хьэбалэ.

  • И анэ КIулэ.

  • И къуэш Арсен.

  • И шыпхъу Людмилэ.

  • Ипхъухэу Ланэрэ Залинэрэ.   2013 гъэ

  • Уахътыншагъэр зи пщалъэ
  • … Мыкъуэжь Анатолэ и IэдакъэщIэкI-хэм адыгэ усыгъэ нэсыр пщалъэу зэрагъуэтам шэч къытозымыгъэхьэщ езым и лъагъуныгъэ мыухыжыр псоми зэдай лъагъуныгъэшхуэу цIыхухэм я гурыщIэм щигъэлыдын зэрыхузэфIэкIар. Уахътыншагъэр нагъыщэу ятелъщ абы и усэ куэдым. Апхуэдэщ пасэу дунейм ехыжа и щхьэгъусэ Маринэ фэеплъ хуищIа «Си уэрэд мыух, си гъыбзэ кIэншэ» поэмэри. Шэч хэлъкъым мы тхыгъэр адыгэ лирикэм и фIыпIэм зэрыхыхьам.
  • БЖЭНЫКIЭ Мухьэб,
  • публицист, филологие щIэныгъэхэм
  • я кандидат. 2009 гъэ
  •  
  • Стемыту дамэ щхьэ сыкъэбгъэщIа?
  • Иужьрей илъэс тIощIым ди къэра-лым къыщекIуэкIам, къыщыхъуам сыщегупсыскIэ, сигу къихьэжу зы усэфI гуэр хэтщ ди нобэрей усыгъэм. «Ди кхъухьыр» — аращ усэм фIэщыгъэ хуищIар ар зи IэдакъэщIэкI Мыкъуэжь Анатолэ.
  • Горбачёвым и перестройкэмрэ Ельциным и революцэмрэ цIыхубэр «зэрагъэуна насыпым» мыгъуагъэу хэлъымрэ ткIыбжьу щIэлъымрэ мы усэм нэхърэ нэхъыфIу къэзыIуатэ тхыгъэ (ди литературэм хэту) сэ сыщыгъуазэкъым. Мис абы щыщ пычыгъуэ:
  • Толъкъунхэр зэрыхуейуэ ирикъухьу,
  • ЕзыхьэкIыну зи гугъа ди кхъухьыр,
  • Иджы тенджызым къызыхидзыжауэ,
  • И Iуфэм Iулъкъэ зэтещэхэжауэ…
  •  
  • Дапщэщ ди дыгъэр пшэхэм
  • къыкъуэкIыжу,
  • А псыхьэлъахуэр щигъэгъущыжынур?
  • А псыхьэлъахуэм кхъухь
  • къыхэтщIыкIыжу
  • Тенджызым тетхэм
  • дащыщIыхьэжынур?!
  • «Гражданственность — талант не лёгкий», — жиIэгъащ урыс усакIуэ гуэрым. А «гражданственностыр» — цIыхубэм, къэралым я Iуэху зытетым уи гур хуэмыгъуэу, ар уи творчествэми къыпкърыщу усэ птхыныр — икъукIэ гугъущ. Абы щыгъуэми политикэмкIэ, риторикэ жыхуаIэмкIэ уримыхьэкIыу.
  • Мы къэсхьа усэр зы метафорэшхуэ къуэпсыбэу зэрыIыгъщи, абы хэткIухьауэ (къыхэмыщу) тхыди, экономики, уеблэмэ социологие гуэри хэлъщ. Нэхъ кIэщIу жыпIэмэ, совет империер зэрызэхэщэщамрэ абы и хьэлъэр зи плIэм дэхуауэ ноби зыкъэзымыIэтыжыф цIыхубэмрэ ятеухуа мы усэ кIэщIыр и псэмкIи, и къуэпсхэмкIи зыщыщыр «лирикэ» жыхуаIэжыр аращ. АбыкIэ фIыщIэр зейри сатырхэм яхэлъ гууз-лыузымрэ едзыгъуэхэм я шэрыуагъэмрэщ.
  • ЦIыхубэм, лей зытехьэм, дэкъузам къыщыжыныр адыгэ усыгъэм къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэщ. Апхуэдэ къыщыжакIуэ, гущIэгъулы къалэныр зыIэт усэхэр я мащIэкъым Агънокъуэ Лаши, ПащIэ Бэчмырзи, ЩоджэнцIыкIу Алии. Нобэрей ди литературэм а хабзэр Анатолэ хуэдэу щызыукъуэдииф къэгъуэтыгъуафIэкъым.
  • Мыкъуэжьыр поэзием хуэпэжу, и псэмрэ и гупсысэмрэ хуитыжу дунейм тет цIыхущ. ИкIи, шэч зыхэмылъыжращи, абыхэм уахэцIантхъуэу, уахэпщэфIыхьу къыпхуидэнукъым. НэгъуэщI хэтыкIэкIи нобэрей дунейм талант щыпхуэхъумэнукъым. А нобэрей дунейкIэ дызэджэм и хьэуар Мыкъуэжьым хуэдэу куууэ езышэхыфауэ ди литературэм хэтри закъуэтIакъуэщ. Ар тIэкIу кууIуэу иришэхыу усакIуэм и псэм къытемыхьэлъауэ пIэрэ жозыгъэIэ едзыгъуэхэри и мащIэкъым Анатолэ.
  • «Гугъэр адэжь щIэинщ» псалъэжьым пэджэж сатыр куэд ущрохьэлIэ Мыкъуэжьым и тхыгъэхэм.
  • Гукъеуэу пхузиIэнщ сыпсэухункIэ,
  • Апхуэдэу, гъащIэ, сыт къыщIызэпщIар:
  • Си гугъэр пIэту уафэм нэсыхункIэ,
  • Стемыту дамэ щхьэ сыкъэбгъэщIа?!
  • ЦIыху мин Iэджэм игъащIэ лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ хъуэпсапIэщ ар. Мыпхуэдэ усэ къабзабзэ абы къыхэзыщIыкIыфри усакIуэфIхэм я псэ хэIэтыкIарщ.
  • Гугъэм, хъуэпсапIэм я закъуэкъым усакIуэм и тхыгъэхэм къыхэтэджыкI лирическэ персонажым и псэм и щIэгъэкъуэныр. Абы и дежкIэ щIэгъэкъуэнышхуэщ лъагъуныгъэ къабзэр, пэжыр.
  • Нобэрей цIыхубэм ди гугъуехьыр, гъащIэ зэIумыбзыр зыгъэв, ираудыхам, Iыхьэншэ ящIам я щхьэщыжакIуэу псэкIэ, усэкIэ иувыкI, лъагъуныгъэ къабзэм хуэфэщэн уэрэд дахэ зыгъэIу, и напэмрэ и творчествэмрэ хуэсакъ зэпыту зи хьэлъэр зыхь ди усакIуэ гъуэзэджэм сохъуэхъу иджыри илъэс куэдкIэ литературэм ехъулIэныгъэкIэ хуэлэжьэну.
  • БЕЩТОКЪУЭ Хьэбас,
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и
  • цIыхубэ усакIуэ.
  • 2006 гъэ
  •  
  • Псалъэм и тепщэ
  • Мыкъуэжь Анатолэ и тхыгъэхэр быдэу епхащ нобэрей гъащIэм, иджырей цIыхухэм я гурыщIэ-гупсысэхэм, ахэр зыгъэгуфIэм, зыгъэпIейтейм, зыгъэгузавэм. Абыхэм яхэлъщ усэр Усыгъэ нэс зыщI хьэл-щэнхэр: псэ къабзагъэ, хьэлэлыгъэ, гупсысэ лъагэ, нэхугъэ.
  • Мыкъуэжьым и творчествэм куэдрэ къыхощ «гъуэгу», «гъуэгуанэ» псалъэхэр. «Жьэгу пащхьэм» (Анатолэ и япэ тхылъым) къыщожьэри, а гъуэгуанэр хуокIуэ «Къалэ жыжьэм». «Къалэ жыжьэр» — ар мурадхэм, гугъапIэ лъагэхэм, хъуэпсапIэ нэхухэм я къалэщ. «А гъуэгуанэр зэпысчыху си нэгум щIэкI псори усэбзэкIэ стхыжыным сыхущIэкъунущ», — жеIэ усакIуэм. Ар мурадышхуэщ, мурад гугъущ. Ауэ сытым щыгъуэ усакIуэ нэсым гъуэгу тынш къыщыхихыр?! «Покой нам только снится», — жиIэгъащ Блок Александр.
  • Анатолэ щIохъуэпс «хабзэ пхэнжу мы ди гъащIэр мыгъуэ къытщызыщIхэр» щымыгъэIэным, залымыгъэр, нэмысыншагъэр дунейм тегъэкъэбзыкIыным, хейр мысэм хэутэн имыщIыным, зи щIалэгъуэу гъащIэм зи хыхьэгъуэр «ем и жьапщэм иримыщIыкIыным».
  • Мыкъуэжьым усэ куэд тритхы-хьащ ди зэман ткIийм, ди гъащIэм къыхыхьэ, ди лъэпкъ хабзэхэм къемызэгъ Iуэхугъуэхэм. Ар и псэр, и акъылыр зыгъэпIейтей псоми усэбзэкIэ поджэж.
  • Сытым темытхыхьми, Мыкъуэжьым иIэщ жиIэн. Ар къызыхэкIыр гъащIэр куууэ зэрызыхищIэрщ, абы и лъэныкъуэ псоми гу лъитэну зэрыхущIэкъурщ. Аращ абы и усэхэр гупсысэ жанхэмкIэ щIэкъулейр, ирехъу ар лъагъуныгъэм, ныбжьэгъугъэм, пэжыгъэм, философскэ Iуэхугъуэхэм ятеухуа усэхэу — а псоми абы щыжеIэф езым и псалъэ.
  • УсакIуэ гъуэзэджэ Светлов Михаил гушыIэу жиIэу щытащ усэ птхыну «зэрымыгугъур». «Зы мащIэ дыдэщ абы щхьэкIэ узыхуейр, — жиIэрт абы, — усэм хэтын хуей псалъэхэр къэгъуэтауэ ахэр здэщытыпхъэм деж щыгъэувын хуейуэ аращ». Мыкъуэжьым а къалэнитIри хъарзынэу зрегъэхъулIэф. Абы къикIыр ар псалъэм и тепщэ зэрыхъуарщ.
  • КЪАГЪЫРМЭС Борис,
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым
  • и цIыхубэ усакIуэ. 2005 гъэ
  •  
  • УсакIуэпсэ
  • Мыкъуэжь Анатолэ и усэ тхылъыр гурыгъуазэу къызэгуэпхынщи, мыпхуэдэ сатырхэм уи нэр хуэзэнщ:
  •  
  • Сыхуейт сэ Iэджэ щIауэ
  • зэхэслъхьэну
  • ГуфIэгъуэм теухуауэ
  • уэрэд нэс.
  • Захуагъэр сэ абы
  • щызгъэлъэпIэнут,
  • КъедаIуэм
  • къыфIыщIэкIыу гуфIэ нэпс.
  • ТIутыхукIэ псэ — а зырщ дэ
  •  къытхуэнэжыр —
  • НэхъыфIым
  • хэтхыжынкъым ди мурад.
  • «Узэджэр къокIуэ», —
  • жиIэгъащ псалъэжьым,
  • ГуфIэгъуэм
  • хуэзгъэпсынщ сэ зы уэрэд.
  • Псалъэхэм я щыпкъагъэм, макъ зэпэджэж дахэм, гупсысэ хьэлэмэтым уи гур къызэрагъэгъуэтыжри, уи пкъым гуащIэ къыщIохьэжри, уафэр зэрыкъащхъуэр уолъагъуж. Адыгэбзэм и IэфIыр хуэмурэ къыппкърохьэж. УзэщIэзыIулIауэ щыта мыгъуагъэхэр токIуэт, гуауэм зи плIэр иухуахэми зы нэплъэжыгъуэ ягъуэтыж, лей зытехьам къыщыщIахэр щымыгъупщэжми, гугъэр гуауэм трегъакIуэ. КIэщIу жыпIэмэ, мы усэм хуэдэхэрщ цIыху къызэрыгуэкIым лIыгъэ къыхэзылъхьэр, къыщIыхилъхьэфри зыщ: гугъуехьым къыхэмыкIа гухэхъуэм пщIэ иIэкъым, гуауэ зымыщIэм гуфIэгъуэм и пщIэри зыхищIэркъым. Мыпхуэдэ усэ зэрымыщIэкIэ IэщIэтхыхьынукъым зи дунейр гъащIэ хъыринэм ещIэу зыгъакIуэм. Абы игъэунэхуауэ щытын хуейщ мис мыпхуэдэ псалъэхэр гум къизыш хьэзаб:
  •  
  • ЩIым гуфIэгъуэм
  • Лъэсу къыщекIухьыр —
  • ПIащIэу ди бжэр
  • Абы къыIуимых.
  • Гуауэр щхьэкIуэ шущ
  • Сэ нэхъ зэзгъэщхьыр —
  • ДымыщIэххэу
  • Ди жьэгу къыщопсых…
  • … Шым мэшэсри,
  • Мэбзэхыж гуфIэгъуэр,
  • Гуауэр лъэсу
  • Ди пщIантIэм докIыж.
  • Сыт и мыIэзагъми, мыпхуэдэ псалъэхэр бзэр джэгуалъэ зыщIым хужыIэнукъым, ахэр зигу къэкIынур гъащIэм и удынри зылъыса, и IэфIри псэкIэ зыхэзыщIэращ. Апхуэдэм и псалъэхэри, а псалъэхэм я зэхэлъыкIэри, гум нахьэс гупсысэхэри езы гъащIэм къыхокI. Аращ Мыкъуэжьым и усыгъэм и тегъэщIапIэ нэхъыщхьэр.
  • Мыкъуэжь Анатолэ и псэр езыр усакIуэпсэщи, сытым хуэмыусэми, и зэчийр къегъэнаIуэ. ИтIанэми, усэным зы щэху гуэр хэлъщ, езы усакIуэми нэсу къыгурымыIуэжу, ауэ Тхьэ лъапIэм абы щэхуу къыхилъхьауэ. Армыратэмэ, цIыху къызэрыгуэкIым дэнэ кърихынт мыпхуэдэ псалъэхэр:
  •  
  • Жей, си IэфI, си фIыгъуэ,
  • Жей, си гурыфIыгъуэ,
  • Си къудамэ цIыкIуу
  • Къыдэжа!
  • Жей, си нэху, си дыгъэ,
  • Жей, си насып щыгъэ,
  • Си удз гъэгъа цIыкIуу
  • Къыхэжа!
  • Анатолэ нобэ и къару илъыгъуэщ, акъыл жанрэ зэчий хьэлэмэтрэ зэпигъэшачэу. И мурадхэр Тхьэм къригъэхъулIэ!
  • ГЪУТ Iэдэм,
  • филологие щIэныгъэхэм
  • я доктор.
  •  
  • Тхьэр зыхуэупса
  • Апхуэдэ насып Тхьэм псоми къаритыркъым — тхылъеджэ нэхъыжьми, курытми, нэхъыщIэми дихьэхыу яджу, яIэщIэмыужагъуэу. АбыкIэ Тхьэр зыхуэупса зырызхэм ящыщщ Мыкъуэжь Анатолэ.
  • Ар къызыхэкIыу си гугъэри и усэхэм ящIэлъ гупсысэ куурщ, и бзэ дахэрщ, образ гукъинэжхэрщ. Сыт хуэдэ темэ къиIэтми, нэхъ ягъэлэжьа дыдэщ зыхужыпIэнухэри абы хэтыжу, уигу къэмыкIа лъэныкъуэкIэ бгъэдохьэри псэкIэ гъэхуэба гурыщIэхэр къегъэщI узыIэпишэу, щIэщыгъуэу.
  • Усыгъэ нэсыр, поэзие жыхуаIэжыр, лъагъуныгъэшхуэм е гукъеуэ иным къыхокI. КIэщIу жыпIэмэ, усакIуэр гурыщIэ лъагэм къызэщIиIэтэн хуейщ. А жысIам щыхьэт техъуэ тхыгъэхэр щымащIэкъым дунейпсо литературэм. Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэу къэпхь хъунущ Мыкъуэжьым и «Маринэ» тхылъыр. УсакIуэм езым и щхьэм кърикIуа гуауэм къигъэщIа усэ гупышхуэр зы цIыху щхьэхуэ хуэгъэза пэтми, ар пасэу дунейм ехыжа цIыхубзхэм — анэхэм, шыпхъухэм, псэм и щIасэ куэдым — я усыгъэ-фэеплъу къыпфIощI:
  •      Маринэ, зыкIи дыкъуэншакъым,
  •      Къуэншар нэгъуэщIщ,
  •      Къуэншар нэгъуэщIщ.
  •      Ди лъагъуныгъэр хуэхъумакъым, —
  •      Дунейр ныкъуэщIщ,
  •      Дунейр ныкъуэщIщ.
  • КъикIуа гъащIэ гъуэгуанэм ириплъэжмэ, Анатолэ игу лъагэ зыщIын IуэхуфI куэд и щIыбагъкIэ щилъагъужынущ — Тхьэм кърита зэчийм и фIыщIэкIэ ар хъуащ къэбэрдей литературэр зыгъэбжьыфIэ усакIуэ. Аракъэ езыр насып хъужыр!
  • МЭЗЫХЬЭ Борис,
  • тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь
  • зиIэ и лэжьакIуэ. 2016 гъэ
  •  

    Щысхэр: тхакIуэхэу Мэзыхьэ Борис, Къамбий Зуфар; щытхэр: усакIуэ Мыкъуэжь Анатолэ, тхакIуэ Хьэх Сэфарбий сымэ. 1990 гъэ

  • ТIымыжь Хьэмыщэ, Тэтрокъуэ Астемыр, БищIо Борис, ЩоджэнцIыкIу Леонид сымэ я гъусэу.

  • Сатыр телъыджэхэр
  • Сэ литературэр, псом хуэмыдэу поэзиер, зыпэсщI щыIэкъым. Урыс классикхэм ящыщу Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Есенин Сергей, ди лъэпкъ усакIуэхэм — Тхьэгъэзит Зубер, Мыкъуэжь Анатолэ, Бещтокъуэ Хьэбас, Къэшэж Иннэ, балъкъэрхэм — Зумакуловэ Танзиля сымэ я творчествэм сыдахьэх. Ахэр сытым дежи стIолыщхьэ тхылъу сиIэщ, гукъыдэж щызимыIэм и дежи сызэпхъуэр абыхэм я усэхэрщ.
  • Куэдым усэ ятх щхьэкIэ, ар нэсу къызэхъулIэр мащIэ дыдэщ. Толэ и усэхэм сэ Iэджэ щIауэ сыкIэлъоплъ икIи сфIэфI дыдэу сыкъоджэ. Ахэр купщIафIэщ, бзэ дахэкIэ, шэрыуэкIэ тхащ. Мы дунейм къыщыхъу Iуэхугъуэхэм ящыщу къэгъуэтыгъуейщ ар зи щхьэфэ имыIэбэ. Абы щыгъуэми, сыт хуэдэ темэри щIэщыгъуэу, гукъинэжу зэпкърех. ЖыпIэнурамэ, зи творчествэр егъэлеяуэ сигу ирихь уса-кIуэщ Толэ.
  • Иджыблагъэ радиом щезгъэтхащ Толэ «Гум телъ дыркъуэ» зыфIища и поэмэр. АпхуэдизкIэ сигу ирихьат ари, си закъуэ сыщыгъуазэкIэ зэфIэкIынукъым, жысIэри сыкъеджащ, нэхъыбэм зэхахын, ящIэн хуэдэу.
  • «Iуащхьэмахуэ» журналыр ефIэкIуэным къару куэд ирихьэлIащ IутIыж Борис. Иджы ар Толэ къыдощIэращIэ. Ар куэд и уасэщ. Тхыгъэ хьэлэмэтхэр, купщIафIэхэр къытохуэ, къищынэмыщIауэ, гуапэщ иджыри дымыцIыху, литературэм япэ лъэбакъуэ хэзычэ усакIуэ, тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр абы къызэрытрадзэр. БлэзмыгъэкIыу, сфIэщIэщыгъуэу дэтхэнэ къыдэкIыгъуэми сыкъоджэ. Сэ сызэреплъымкIэ, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж, адыгэу зызылъытэж дэтхэнэ зыми и унагъуэм илъыпхъэщ ди литературэм, ди щэнхабзэм, ди бзэм телажьэ «Iуащхьэмахуэ» журналымрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ.
  • И махуэ лъапIэм ирихьэлIэу сэ Толэ сохъуэхъу узыншагъэрэ дэрэжэгъуэрэ щымыщIэу иджыри илъэс куэдкIэ лъэпкъым тхуэпсэуну, тхуэлэжьэну.
  • ЖЬАКIЭМЫХЪУ КIунэ,
  • УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артисткэ,
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артисткэ.
  •  
  • Хейм я уэчыл
  • «УсакIуэр жыпхъэ гуэрым пхуигъэувэнукъым, ар псэ къудейкIэщ зэрыпсэур», — къыджеIэ Мыкъуэжь Анатолэ.
  • Ар пэжщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ а къэхъугъэм «тхьэ Iэмыр», щэху хэлъщ. Арагъэнщ цIыху цIыкIум щIыхузэфIэмыкIыр «псэ лъахэм» и къэухьыр къызэрапщ пщалъэ къигупсысын. ИтIани, къалэмыр зи гъащIэ гъусэхэм я хъэтIыр зыр адрейм кърыхагъэщхьэхукIын щхьэкIэ, IэщIагъэлIхэм къагъэсэбэпын хуей мэхъу бзэ, литературэ щIэныгъэхэм я хабзэхэр, поэтикэм и Iэмалхэр. Ауэ ахэри щыхьэт зытехъуэфыр усакIуэм и Iэзагъырщ, и гупсысэм и кууагъырщ. Абы и псэм и пIащIагъри, и къабзагъри щIэныгъэр зыпэмылъэщ къэгъэщIыныгъэ телъыджэщ. ИкIи «бегъымбарым ехьэ-ехуэу мы дунейм къытехьа» езы усакIуэрщ и пщэрылъыр зыубзыхужыфыр — Мыкъуэжьыр «езыр зыс мафIэм цIыхухэр игъэхуабэм, ибжынущ къехъулIауэ и хъуэпсапIэр».
  • ФIэщщIыгъуейщ дуней хьэлэмэтыщэ къэзыгъэщI усакIуэр къызэрыгуэкI цIыхуу щытыну, ауэ апхуэдэщ Мыкъуэжьыр. И гур унагъуэм, къыдалъхуахэм, ныбжьэгъухэм, лэжьэгъухэм, лъэпкъ псом я «щыблэIушу», и псэр я мэIухуущ абы и гъащIэр зэрырихьэкIыр. И художественнэ дунейм щытепщэри аращ. А дунейм ущыхуэзэнукъым псалъэ тафэтелэхэм, егъэлеины-гъэ фэрыщIхэм. УсакIуэм и псалъэр «цIыху хейм хуохъу уэчыл», «лъэпкъ мащIэм къэрэгъул бжыхь».
  • Мыкъуэжьым и лирическэ лIыхъужьыр цIыхупсэм и хъумакIуэщ. «ЦIыху мелуанхэм я гуауэр игъэвыну къыхуиухащи», мы дунеижьым щызекIуэ мыхъумыщIагъэ псоми шапэIудз захуищIыну, «ем езэуэну» хьэзырщ. Ауэ «лIэщIыгъуэ минхэм я хьэлъэм» усакIуэр егъэхыщIэ, цIыху цIыкIур бэкIэ къыщагъэгугъэурэ щагъэжакъуэ дунеймкIи арэзыкъым: ар «екIакIуэу къыфIощI, тебгэжауэ и дыгъуасэм». Арагъэнщ усакIуэм и художественнэ лъахэм куэдрэ ущIыщрихьэлIэр «нэкIу фэрыщIхэм, цIыху мыгъасэхэм», «къэнжал зи напэм тебзахэм», «Iимани дини зимыIэхэм» я образ- хэм. Апхуэдэхэм и лъэпкъэгъу, и хэкуэгъу минхэр ярыщихъумэну усакIуэм иIэр и «усэ-маисэращи», ар мыубзэщхъуу хуегъабзэ а къалэным.
  • Нобэрей гъащIэм ифIри и Iейри художественнэ IэмалхэмкIэ екIуу къыщыгъэлъэгъуэжащ Мыкъуэжь Анатолэ и IэдакъэщIэкIхэм. ИпэжыпIэкIэ уэрэд нэс, лъэпкъ пшыналъэ дахэ хъуащ абы и усыгъэр.
  • ТIЫМЫЖЬ Хьэмыщэ,
  • филологие щIэныгъэхэм
  • я доктор.
  •  
  • Лъэхъэнэм и сурэт
  • Литературэдж-щIэныгъэлIхэм гу лъатэ ХХ лIэщIыгъуэм и кIэухым къигъэ-щIа поэзием цIыхубэ зэхэтыкIэм ехьэлIа гукъэкIыр хэпщIыкIыу зэрыщыкIуэщIым. «ЦIыхубэм къулыкъу яхуэщIэным епха гупсысэхэр токIуэт-ри, дахагъэ, теплъэ гъуэзэджэ къэгъэщIыным лъыхъуэныр нэхъ щхьэпэу къоув».
  • Цензурэр зэрыщымыIэжым, щхьэж и Iуэху еплъыкIэ иIэжыну хуитыныгъэ зэрагъуэтам куэдкIэ зрегъэхъуэж усакIуэм и гупсысэкIэми. УсакIуэ-бегъымбарым и щэныр, гукъинэжу урыс литературэм къыщыунэхуар, адыгэ поэзиеми куэдкIэ екIуалIэу жыпIэ хъунущ. Ар къуэпс быдэкIэ пыщIащ усакIуэ-джэгуакIуэхэм. Нобэрей гъащIэм жьабзэмрэ жьэ нахуэмрэ я мыхьэнэр куэдкIэ нэхъ фагъуэу къыуегъэлъагъу, уеблэмэ языныкъуэхэм деж мыгурыIуэгъуафIэ дыдэу къыпщигъэ-хъуу. Апхуэдэ щытыкIэм наIуэу къыхощхьэхукI Мыкъуэжь Анатолэ и лирикэр.
  • ЗэхъуэкIыныгъэм и Iэужь псэукIэщIэм бэр IэнатIэ гугъу зэрыIуигъэувар, игъащIэ лъандэрэ цIыхум къыдекIуэкI лъапIэныгъэхэр къазэрыфIэмыIуэхужыр, псэм и къулеигъэмрэ мылъкумрэ я зэхущытыкIэр, нобэрей цIыхум и гурыгъу-гурыщIэхэр, ар зыгъэпIейтейр, зыгъэгуфIэр, зыгъэгузавэр — ахэращ Мыкъуэжьым и IэдакъэщIэкIхэм я нэхъыбапIэр зытеухуар.
  • Анатолэ и лирикэм тепщэ щыхъуа ду-ней ткIийм ерыщу пэщIэт къару нэхъыщхьэр езы лирикэ лIыхъужьым и щэн быдэрщ, и зыIыгъыкIэращ. ЖиIэм шэч лъэпкъ къытрыуигъэхьэркъым усакIуэм, гъащIэм зэреплъ щIыкIэм хэлъ захуагъэр апхуэдизу наIуэщи.
  • Мыкъуэжь Анатолэ и лирикэ лIыхъужьым дэплъагъу хьэл-щэн быдэм зыгуэркIэ уигу къегъэкIыж КIыщокъуэ Алим и творчествэр. АбыкIэ жытIэну дызыхуейр Мыкъуэжьым и усэхэм хэт лирикэ лIыхъужьым и гурыщIэм и зыужьыкIэм нэхъ пасэу адыгэ поэзием щыува хабзэхэм къызэрыпащэрщ. Ауэ а зи гугъу тщIы гурыщIэ къэгъэлъэгъуэкIэри КIыщо-къуэм и лирикэри щIыпIэ нэщIым къитэджыкIыркъым. Абыхэм дунейпсо щэнхабзэм усакIуэм лъигъэс гупсысэхэм щыщ Iэджэ зыщIашащ.
  • Лъэхъэнэ къэс иIэжщ езым и усакIуэ-хэр. Апхуэдэ усакIуэхэм, художественнэ Iэмалхэр Iэзэу къагъэсэбэпурэ, зыхэпсэукI зэманым и сурэт пэж уи нэгу къы-щIагъэувэ. Къапщтэмэ, Мыкъуэжь Анатолэрэ КIыщокъуэ Алимрэ я IэдакъэщIэкI щхьэхуэхэм хэпщIыкIыу къыхобелджылыкI зы лIэщIыгъуэм къриубыдэ псэукIэм зэрызиужь щIыкIэри, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэу къигъэувхэри.
  • КЪЭЖЭР Иннэ,
  • филологие щIэныгъэхэм я кандидат.
  •  
  • МЫКЪУЭЖЬ Анатолэ и усэхэр
  • ХьэщIэщ бжэIупэм
  • Пщыхьэщхьэр хъуамэ, хьэщIэщ
  •  бжэIупэм
  • Машинэ фархэр щолыд-щопщIыпщI.
  • Мыбдеж щыкуэдщи зэш тегъэупIэ,
  • Я нэгу мычэму зыщрагъэужь.
  •  
  • ПыIэщхьэрыхкIэ уригъэблагъэу,
  • Рестораныбжэм швейцарыр Iутщ.
  • Ахъшэ джэгуным удихьэхамэ,
  • Уи казинори мыдкIэ къыщытщ.
  •  
  • Зэхъузэбз ефахэр, зыр зым ещакIуэу,
  • Мыбдеж жэщ къэскIэ щохьэулей.
  • Макъамэ Iэджэу зэхэпшэхъуахэм
  • ГурыщIэ щэхухэр къагъэбырсей.
  •  
  • УимыIэу гъусэ укъыIухьамэ,
  • ТхьэIухуд шырхэр щыпэрыхьэтщ.
  • Ухуейм щхьэц фIыцIэу, ухуейм сырыхуу,
  • МылъапIэ дыдэу, къыщыпхуагъуэт.
  •  
  • Хьэуам дыхумэр хэзэрыхьащи,
  • Пщыхьэщхьэр нэхъри гуакIуэ
  • къыпщещI.
  • Уэздыгъэ фагъуэр игъэупIэрапIэу,
  • ХьэщIэщ щхьэгъубжэм нащхьэ
  • къыпхуещI.
  •  
  • Мес, пэш зэпэщхэм ерыскъы Iэнэр,
  • Темылъ щымыIэу, къыщаузэд.
  • ЗэпэтIысахэу, зэрышххэу нэкIэ,
  • Рюмкэ лыдыжхэр къыщыздаIэт.
  •  
  • Куэпэчыр фадэм къигъэжанащи,
  • И бостей плIэпсыр дамэм фIегъэху.
  • Тутыным йокъури, зыр зым кIэлъесу,
  • Iугъуэ шыхьахэр къыжьдрегъэху.
  •  
  • НыкъуэзытIэщIу пэрысхэщ Iэнэм,
  • ГуIэфIтещIэжу щадзыж зырыз.
  • ГъуэлъыпIэ натIэм и тхьэусыхэм
  • ЩхьэгъубжэIупхъуэр егъэкIэзыз.
  •  
  • Нэху щыху хьэщIэщым
  • щызыгъэхъахэр
  • Зырыз-тIурытIу зэбгрокIыж.
  • Яхуэмышхамрэ яхуимыфамрэ
  • ПхъэнкIий идзыпIэм щракIутыж.
  •  
  • … И пыIэжь тIэкIур и пащхьэм къилъу,
  • ХьэщIэщ бжэIупэм факъырэ Iусщ.
  • Игъуэжа нитIкIэ гущIэгъу щIэлъэIуу,
  • Къыхех тхьэмыщкIэм факъырэIус.
  •  
  • * * *
  •  
  • Дунейм и хабзэ ихъуэжакъым, —
  • Къызэрыунэхурэ зэрыщытщ.
  • Ем и жыр джатэр фIидзэжакъым,
  • Блэ уэну, пэжым къыщхьэщытщ.
  •  
  • Иджыри псэжьхэм, зэрызехьэу,
  • Дунейм и IэфIыр къыщIафыкI.
  • ЦIыхубэрщ мыгъуэр зи мыгъуари,
  • КIэкъинэ тIэкIум щогуфIыкI.
  •  
  • Зи напэр сомкIэ зыщэжахэм
  • ЯщIащи яеу зы дзажэпкъ,
  • КъыпыткIукI дагъэм ирокъужхэр,
  • Зыхамыгъэхьэу нэгъуэщI лъэпкъ.
  •  
  • Хьэлэлу псэухэр щыгъыныджэщ,
  • Зи бохъшэр пIащэм зыкърех.
  • Иджыри мысэм и хьэджэсэр
  • Дахагъэм щэхуу къыхурех.
  •  
  • НэфI-нейри щIым текIуэдыкIакъым, —
  • Зыхуэмыфащэм щIыхь лъагъэс.
  • Япэм хуэдабзэу, къулыкъу шэнтхэм
  • Iужажэр IулъхьэкIэ мэшэс.
  •  
  • ЗыщызыгъафIэхэм дыгъафIэм
  • Я кIэныр дэнэкIи къыщокI.
  • ЯIэпыхуамэ зы ху хьэдзэ,
  • Ар щэрэ мину къызэрокI.
  •  
  • Къызылъысахэр дыгъэмыхъуэр
  • Я хьэсэ тIэкIум дохьыр гугъу.
  • Сыт лIэужьыгъуэ хамысами,
  • Дыгъэпс хуэчэмщи, къадэмыхъу.
  • И щапхъэр Каин щапхъэ мыгъуэт,
  • Зи пIалъэр ноби имыкIыжщ.
  • Тхьэм и тезырым щымышынэу,
  • Къуэш егъум къуэшыр еукIыж.
  •  
  • Зи фIыцIэ Iуам жагъуэгъу и бащэщ, —
  • И лIыгъэм хуащI нэхъей пщIэ лей,
  • IэщIагъэувэ батырыбжьэр,
  • И лъабжьэм щIэлъу блащхъуэжьей.
  •  
  • МэжэщIалIагъэм игъэтхьэджэм
  • Зы гущIэгъу гуэри ныхуамыщI.
  • Дуней шэрхъыжьым и кIыргъ макъым
  • Псэ хей кIий макъхэр къыхэмыщ.
  •  
  • Си нэгум щIэтщ жэнэт плIанэпэ, —
  • Абы захуагъэр щыпащтыхьщ.
  • ЦIыхугъэр, лIыгъэр щагъэлъапIэ,
  • А лъахэм жэщхэми сопщIыхь.
  •  
  • Дунейм и хабзэ ихъуэжакъым, —
  • Зэрыщытауэ, шэчыгъуейщ.
  • Мы дунеижьыр нэщIысакъым,
  • Зэ нащIысынуи фIэщщIыгъуейщ.
  •  
  • * * *
  •  
  • ТIощIрэ езанэ лIэщIыгъуэм
  • Фыныхыхьэну гупыж
  • ФщIамэ, фынежьэ, ныбжьэгъухэ, —
  • ФхуэсщIащ си усэр лъэмыж.
  •  
  • Фызыхуэмейхэр лъэмыжыр
  • Зытелъ псы уэрым ныхэвдзэ.
  • Узэджэр — къокIуэ. Уэрэдхэм
  • Я нэхъ нэщхъыфIэр къыхэвдзэ.
  •  
  • Лъахэ мыцIыхуу дыздэкIуэм
  • Къыщытпагъаплъэр дымыщIэ.
  • ГъущIымэм ещхьу, зыгуэрхэр
  • Си деж къехьэсыр акъужьым.
  •  
  • ЦIыхугъэр, лIыгъэр, гущIэгъур
  • Къыздэфщтэ тIуащIэу, флъэкIынум.
  • Мы си псэм жеIэ а лъахэр
  • Гъуазэншэу къытхущIэкIыну.
  •                                                                              2000
  •  
  • * * *
  •  
  • «Дунеижьым дагъуэу дэплъэгъуахэм
  • Теухуауэ птхащ уэ усэ куэд.
  • Залымыгъэр жьантIэм дэсыхункIэ,
  • Уи усыгъэм имыIэну кIуэд.
  •  
  • Ауэ, Iейр ди гъащIэм хэкIуэдыкIмэ,
  • А птха псори сыткIэ сэбэпыж?» —
  • Жагъуэгъу щэхум къызидза а упщIэм
  • Сэ мыпхуэдэу жэуап изотыж:
  •  
  • Мы дунейм щытекIуэмэ захуагъэр,
  • НэгъуэщI фIыгъуэ сэ сыхуэмеиж.
  • Ныкъусаныгъэ кIуэдыжахэм щIыгъуу,
  • А си усэри ирекIуэдыж.
  •  
  • * * *
  •  
  • КъэсщIауэ гъащIэм и пIалъэ,
  • Иджыт сэ сыщыпсэунур.
  • Ауэ, къэсакIэщ си пIалъэр, —
  • Жыжьэжкъым сыщежьэжынур.
  •  
  • Iэпкълъэпкъри псэри дэхыщIэу,
  • КъоIукI мы упщIэр си гущIэм:
  • Ара-тIэ псори блэкIауэ,
  • ХъуэпсапIэу хъуам сыпыкIауэ?!
  •  
  • Дыгъуасэ хуэдэщ си гущэр
  • ЩыщIиупскIар си анэ дыщэм.
  • Иджы си гъатхэм и губгъуэм
  • Щхьэщытщ бжьыхьэкIэм и Iугъуэр.
  •  
  • Куэд мыщIэу, фIэигъуэ дыдэу,
  • ЩIымахуэр къысхуеблэгъэнущ.
  • Си мурад дахи, си гугъи,
  • Щысхьыншэу, зэщIигъэщтхьэнущ.
  •  
  • Къэсащ пасэIуэу си пIалъэр, —
  • Жыжьэжкъым сыщежьэжынур.
  • КъэсщIауэ гъащIэм и пIалъэ,
  • Иджытсэсыщыпсэунур.