Аброкъуэ Бэллэ: «Напэм и пэ псэр ихуэ» — аращ адыгэм и щIэныгъэр, и хабзэр
2021-06-23
- Мы дунейр цIыхум егъэдахэ гуапагъэкIэ, гупсысэкIэ, IуэхущIафэкIэ. Уардэрэ пагэу къигъэщIа адыгэ лъэпкъыр къулейщ апхуэдэ цIыху нэхукIэ. «Нур» журналым и унафэщI, усакIуэ Аброкъуэ Бэллэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ! Макъ зэщIэжьыуэ — ар си гум къохьэ Бэллэ и гугъу щысщIым деж. Адыгэ радиом щылажьэм щыгъуэ, и макъыр радиом и зы нэщэнэ гуэр хуэдэу хъуат. И усэхэри аращ — макъ зэщIэжьыуэхэр щызэрогъуэт! Иджыпсту Бэллэ насыпгуэшщ — гъэщIэрэщIарэ купщIафIэу адыгэм и щIэблэм яIэрохьэ сабий журналыр. Гупсысэ щIэщыгъуэхэр зэхыдигъэхащи, дывдогуашэ.
- — Бэллэ студенту, радиом и лэжьакIуэу, «Нур» журналым и унафэщу ! Зэщхь ахэр? Сыт хуэдэ уи гупсысэм и къэгъэшыпIэхэр?
- — Уафэр фэзэхъуэкIщ, гъащIэр щхъуэкIэплъыкIэщ, цIыхупсэри щIэщыгъуэщIщ. ЩIэщыгъуагъэм псэр игъэнщIу къызыщыхъу щыIэщ, ауэ сэ сыщIэщыгъуэщIу схужыIэнукъым. Зэ сигу ирихьа лэжьыгъэр сыужэгъу хабзэкъым. А жысIэм щыхьэт тохъуэ илъэс тIощIкIэ сызыщылэжьа радиор иджыри сигу зэрыпымыкIыр. Ауэ, сэ сызыхэтым, злэжь Iуэхум «я псэр къысIуокIэри» абы зыдэсхъуэжу къыщIэкIынщ. Сигу къокIыж сыщыстудентым ди хьэблэ щIалэ IуэрыIуэдз гуэрым къысхужиIауэ щытар: «Мы Бэллэ хуэдэу зызыхъуэж цIыху зэи слъэгъуакъым. Зэм царицэщ, зэм рабочэщ». Ар щIыжиIар мырат: къалэ автобу- сым сыкъикIыу ди унэм сынэсыжыху уэрам зэхуэдитI хъурти, хуабжьу сыгъэщIэрэщIауэ, си туфлъэ лъэдакъэхэмкIэ асфалътыр «згъэпсалъэу» ди пщIантIэм сыдыхьэжырт. Уэрамым и адрей зэхуэдитIыр зыхуэкIуэр си адэм къуажапщэм къыщыIиха щIыр арти (ар япэ дыдэу фермер хъуахэм ящыщт), къызэрызэджэу, уэрамым и адрей зэхуэдитIыр зэрыскIур губгъуэ щыгъынт. ПыIэ натIэшхуэ сщхьэрыгъынкIэ хъунт, хьэфIанэ щысIыгъ щыIэт, абы щыгъуэ зыщыттIагъэу къытхуамыдэ гъуэншэджыр сипкъ ислъхьамэ, псыхъуэ гъуэгукIэ сыщыдэкIуей щыIэт. Ауэ, пэж жысIэнщи, хадэ-губгъуэ лэжьыгъэхэми, сызыхуеджэ щIэныгъэми зэхуэдэ дыдэу си гур хагъахъуэрт. Сэ Iэмал иIэу сигу иримыхь Iуэху злэжьынукъым, сигу ирихьми зыкъезгъэлыжынукъым. Арат адыгэбзэ къудамэр щIыхэзубыдыкIари. Химием е хамэ къэралыбзэхэм я къудамэм сыщеджамэ ди унагъуэм нэхъ къащтэнут, тIуми хэсщIыкIырт, ауэ адыгэбзэращ текIуар. Тхьэм и фIыщIэкIэ, псэкIэ гугъу сезыгъэхьын IэнатIэ зэи сыIуувакъым.
- — Макъым, псалъэм — бзэм и пIалъэр фIыуэ уощIэ, дауи! Адыгэ журналистикэм и Iуэхум дауэ уеплърэ?
- — Сигу ирохь, фрохь, Заремэ, журналистикэм къыхыхьа щIалэгъуалэр. Жьабзэми тхыбзэми фыхуэIэзэщ, анэдэлъхубзэр «ффIэIэфIу» зыхызощIэ, фызэрыIыгъщ, Iуэху зэдывощIэ. Сигу къеуэр цIыхухъуу къыфхэтыр зэрымащIэрщ. Абы я гупсысэкIэ — дуней еплъыкIэр журналистикэм изогъэкIу.
- — ЦIыху бгъэсэнумэ, цIыкIу щIыкIэ иужь уихьэн хуеймэ, «Нур» журналым щIэблэм хилъхьэфыну гъэсэныгъэм и Iэмалхэр дауэ къывэхъулIэрэ?
- — «Сыту фIыщэт уэ ди дыгъэр узэрыадыгэр!» — Нало Заур сабийхэм яхуэзыгъэуса гурыгъу-гурыщIэр фIы дыдэу къызгуроIуэ. Ардыдэращ «Нурым» сыкъэзышари. Къалэмымрэ тхылъымпIэмрэ пхузэгурыгъаIуэххэмэ, ди дыгъэшырхэм дахуэтхэн хуейуэ къызолъытэ. Ахэр хамэ лъэпкъхэм едмыгъэхъуапсэу, литературэ къахуэдгъэщIыпхъэщ ди гуащIэ къызэрихькIэ.
- — Уи гуащIэм усакIуэпсэ хызолъагъуэ. Уи усыгъэм и гугъу дыгъэщIи, сыт ар уэркIэ?
- — УсакIуэпсэ «Нурым» Iутмэ сфIэфIщ, ар литературэм и жанрхэм нэхъ яхэIэтыкIауэ, гукъинэу, дахэу зэгъэкIуауэ зэрыщытым къыхэкIкIэ. Аращ къызыхэкIар урыс сабий тхакIуэ — сурэтыщI Сутеев Владимир прозэу зэхилъхьа тхыгъэхэр усэбзэу зэздзэкIынри. Абы и сурэтхэм а хъы- бархэр хуэбгъэкIуэну гугъут, ауэ зы тхылъ псо хьэзыр тщIауэ щылъщ, къыдэгъэкIын хуейуэ. Си «усэбзэр» сабийхэрщ зыхуэзгъэлажьэр зэкIэ, уэрэд зэдзэкIыным зыщIезгъэлIалIэ-ри аращ.
- «Учат в школе» уэрэд цIэрыIуэр адыгэбзэу къытеддзащ журналым, и нотэхэр щIыгъуу. Ар сытым хуэдэу къахуэщхьэпэну! Ди анэдэлъхубзэ «уэгурытыр» езыр усакIуэпсэкъэ?! Нарт пшыналъэхэм нэхъ щапхъэфI сыт щыIэ!
- — Уи унагъуэ дахэм и гугъу уэзгъэщIынут…
- — Тхьэм и фIыщIэкIэ, си унагъуэр дахэщ. ХъуэкIуэнхэ я лъэпкъыфIым, физик цIэрыIуэхэм сахэхуэри, сагъэгушхуащ. ХъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ диIэщ. НэхъыжьитIыр студентщ, математикэ щIэныгъэ гугъум щехъулIэу. Хъыджэбз нэхъыщIэм ебланэ клас-сыр къиухащ, псэущхьэхэр псэм пищIу елъагъу, сурэт щIыным дехьэх, ауэ зэкIэ IэщIагъэу къыхихынур ищIэркъым.
- — Сабиигъуэм къыщебгъажьэрэ, гъащIэм упхыплъмэ, гупсысэ нэхъыщхьэу сыт узыхуэкIуэр?
- — Гупсысэ зэмыгуэгъу куэд къегъэщIри щызэрызокъуэ мы дызыхэт гъащIэм. Зэм ер фIым тегуплIэу къытфIегъэщI, зэм гугъэр къыкъуопсыж, и къуэпсхэр пщIыпщIу. Щхьэж ди быныр зыщIэтпIыкIыр ди щIэныгъэмрэ зэхэщIыкIымрэ зыпекIуэкI гупсысэхэрщ, ауэ дэ ахэр зэрыдгъэIущ псалъэхэм къарыкI щыIэкъым. Дэ къыддалъагъуращ быным зыхалъхьэнур, дыхуей-дыхуэмейми. ЩIэблэр — ди гъуджэщ, зэи зыкIи дгъэкъуаншэ мыхъуну. «Напэм и пэ псэр ихуэ» — аращ адыгэм и щIэныгъэр, и хабзэр.
- — Упсэу, Бэллэ. ЕхъулIэныгъэ уиIэну ди гуапэщ.
- Епсэлъар Гугъуэт Заремэщ.