ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хьэтхэр Европэм  дауэ къызэрыщыхутар?

2021-06-10

  • Нобэ зыми шэч къытрихьэжу къыщIэкIынкъым хьэтхэмрэ (хьетхэмрэ) абхъаз-адыгэхэмрэ зы лъэпкъыу зэрыщытам. Абы щыхьэт техъуэ къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнрэ художественнэ тхыгъэу иужьрей илъэсхэм куэд дыдэ къыдэкIащ. Ар зыфIэмыкъабыл, егъэлеиныгъэу къэзылъытэ гуэрхэр пасэм щыIами, ди зэманым апхуэдэхэри хэпщIыкIыу нэхъ мащIэ хъуащ.

  • Хьэтхэм я тхыдэм щIэныгъэлIхэм елэжьын щыщIадзар 19-нэ лIэщIыгъуэм и кIэухырщ — 20-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэрщ. ТегъэщIапIэ ящIынур зэрымащIэм, зэрыгъуэтыгъуейм я зэранкIэ тхыдэтххэм япэ лъэхъэнэхэм зэхагъэкIыну яхузэфIэкIар зэман жыжьэхэм хьэт — хьет лъэпкъхэм зы къэралыгъуэ лъэщ Азие ЦIыкIум къызэрыщызэрагъэпэщарщ. Ауэ абыхэм къащIэна тхыгъэхэр иужькIэ къыщагъуэтым, ахэр щызэпкърахым, къеджэф щыхъум, щIэныгъэлIхэр зыхуэкIуа гупсысэхэр хэIущIыIу ящIу щIадзэ. ЗэрымыщIэкIэ къагъуэта а тхыгъэхэм я фIыгъэкIэ еджагъэшхуэхэм зэхагъэкIащ а къэралыгъуэр зыухуа лъэпкъитIым я бзэр зэрызэтемыхуэр, ахэр зы лъэпкъыу къэзылъытэ щIэныгъэлIхэр щыIэми. Хьэтхэм я тхыгъэу иджыкIэ дызыщыгъуазэхэр куэд мыхъуми, щIэныгъэлIхэм зэхагъэкIащ хьетхэр зэрыпсалъэр индо-европей бзэ гупым зэрыщыщыр, хьэтхэм ейр кавказыбзэхэм, нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, абхъаз-адыгэхэм я бзэм нэхъ зэрыпэгъунэгъур.
  • Адыгэ щIэныгъэлIхэм ящыщу хьэтхэм (щIэныгъэлIыр абыхэм зэреджэр «хьату» жаIэущ» — П. А.) я тхыдэм, ахэр дызэрилъэпкъэгъум шэч къытримыхьэжу, япэ елэжьу щIэзыдзар Цагъуэ Нурийщ. Абы и лэжьыгъэ «Адыгэм и тхыдэм» (1917) мыр щытхащ: «Хьэтухэм пщыгъуэ щызэрахьэу къахуэщIар Асия ЦIыкIуращ… Хьэтухэм я лъэхъэнэм адрей адыгэ жылагъуэхэми пщы цIыкIу зырыз яIэу, хьэтухэм я пщыр пщы и пщыжу щытащ». Ар къэралыгъуэ лъэщу зэрыщытам и щыхьэту и лэжьыгъэм абы щетх: абыхэм «унафэ зэкIэлъыкIуэкIэ зэрашэу дзэхэр яIащ, я ныкъуэкъуэгъу нэхъыщхьэу щытахэри Асурырщ (Ассирие), Бабилырщ (Вавилон), Мысырырщ (Египет). Хьэту къэралыгъуэм щIыпIэшхуэ къызэщIиубыдэрт: Бабилхэм, Ассурхэм къыщыщIэдзауэ Кавказым къэсу».
  • А зэман жыжьэхэм абыхэм тхыгъэ зэрагъэпэщащ, гъущIыр япэ къэзыгупсысар ахэрауэ хуагъэфащэ, IэщэкIэ, мывэкIэ, дыжьынкIэ, дыщэхэкIхэмкIэ IэкIуэлъакIуэт, ди зэманым къэрал куэдым я ныпым тет щхьитI зыфIэт бгъэ сурэтыр япэу къэзыгъэсэбэпари ахэрщ.
  • Хьэт — хьет къэралыгъуэр лъэщу зэрыщытар белджылы къыпщащI и гъунэгъу лъэпкъ лъэрызехьэхэм ар ерыщу лIэщIыгъуэкIэ зэрапэщIэтами. Абыхэм ящыщу адыгэ щIэныгъэлIым нэхъ къыхигъэщхьэхукIыр хьэтухэмрэ мысырхэмрэ я зэпэщIэтыныгъэрщ. Нэхъ пыухыкIауэ абы нэхъ зи гугъу ищIыр хьэтуупщ Мау Езанэм Мысыр фирхьэун Сатей (ди эрэм ипэкIэ 1337 — 1317 гъэхэм) дригъэкIуэкIа зауэрщ. Абы нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныжщ Хьэтухэм япщ Мау ЕтIуанэм Мысырым и фирхьэун Рамсес ЕтIуанэм (ди эрэм ипэкIэ 1317 — 1251 гъэхэм) зэрезэуар. ЗэрытемыгъакIуэу яуха а зауэм иужькIэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэр а тIум ар ягу къэкIри, тхыгъэкIэ ягъэбыдащ, дыжьын пхъэбгъум тратхащ, ди зэманми ар къэсащ. Цагъуэ Нурий зэритхыжыгъамкIэ, абы щыжыIар мыращ: «Мысырым бгъэдэлъ хэкухэм зы бий къихьэн хуей хъумэ, мысырыпщым адыгэпщым лIыкIуэ къыхуещIыр: «КъакIуэ, абыхэм езгъэзэуэну къару къыздэшэ» жиIэмэ, адыгэм я пщышхуэм Мысырым и пщышхуэр зыщIэлъэIуар игъэзэщIэнущ, и бийхэр хьэлэч ищIынущ. Адыгэ хьэтум и пщышхуэр и щхьэкIэ мыкIуэн хъумэ, мысырыпщым и бийхэр хьэлэч ищIын папщIэ, хьэтухэм я шуудзэр, я зауэгухэр игъакIуэ нэужь, абы хуэдэу адыгэм я пщышхуэми хэкум бий къихьэн хуей хъумэ, Мысырым и пщышхуэри абы тету дзэ игъэкIуэнущ. Быдагъэм иужькIэ тхьэ зэрызэхуаIуэр иратхэри, хьэтухэм ягъэлъапIэу щытахэм я цIэхэри иратхэжащ».
  • Хьэт — хьетхэм къащIэна тхыгъэхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, зауэ-банэ егъэкIуэкIыным сыт хуэдизу хуэмыIэкIуэлъакIуэми, абыхэм я хъуэпсапIэ нэхъыщхьэу щытар мамыру я гъунэгъухэм ядэгъуэгурыкIуэнырт, ядэпсэунырт. А лъэхъэнэ жыжьэхэм абы и зы хэкIыпIэ нэхъыфIу, Iэмал нэхъ къезэгъыу къахуэгъуэтар зыщ: зэфIэкI зиIэу къапыщIэт я бийхэм благъэ захуэщIынырщ, IыхьлыгъэкIэ ахэр къэубыдынырщ. Зэтемыхуэныгъэ, зэщхьэщыкIыныгъэ гуэрхэр яIэ щхьэкIэ, пасэрей тхыгъэхэм къыхощыж хьэтхэмрэ хьетхэмрэ я пащтыхьхэм благъагъэкIэ пыщIэныгъэ Мысыр фирхьэунхэм нэхъ зэрыхуаIар. ЗэгъунэгъуитIыр IыхьлыгъэкIэ япэу щызэрыубыдар Тутмос ЕтIуанэм и пащтыхьыгъуэрщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ар щыпсэуар ди эрэм ипэкIэ 1430 — 1402 гъэхэрщ. Абы и щхьэгъусэу щытащ хьэт пащтыхьым ипхъу, а къэралыгъуэм и щыхьэрым и цIэ Хьатусэ зезыхьэу щыта бзылъхугъэр, иужькIэ къэрал унафэщI акъылыфIэу зыкъэзыгъэлъэгъуар.
  • Хьэт — хьет пащтыхьхэм япхъухэр нэгъуэщI лъэпкъ унафэщIхэм лъэщыгъэкIэ, шынагъэкIэ щрагъаши къэхъугъащ. Мысыр фирхьэун цIэрыIуэ Рамсес ЕтIуанэм (ди эрэм ипэкIэ 1290 — 1224) и дзэр Щамым и щIыпIэ Къуэдэш и деж хьэтхэмрэ хьетхэмрэ щызэхакъутам, хьет пащтыхь Хаттусили Ещанэм и пхъур баштекъузэкIэ абы ирагъэшауэ щытащ. ГъэщIэгъуэнщ а лъэхъэнэ жыжьэхэм хьэт — хьетхэм я щылъхум Мысырым и фирхьэун къалэн мытыншыр зэрызэрихьари, тхыдэм къыхэна ухуэныгъэ хьэлэмэтхэр абы зэрыригъэкIуэкIам и гугъу умыщIми. Дэ зи гугъу тщIыр Тутмос Ещанэмрэ абы и щхьэгъусэ Яхмесрэ япхъу Хатшепсут (ди эрэм ипэкIэ 1525 — 1503) мысыр фирхьэун цIэрыIуэрщ. Абы и цIэм наIуэу хыболъагъуэ ар хьэтхэм зэрапыхъуэпышэр, абы хэт макъхэр адыгэбзэм и хабзэхэм зэризагъэм и гугъу умыщIми.
  • Хьэт — хьет къэралыгъуэмрэ Мысырымрэ зэпыщIэныгъэ быдэ яку зэрыдэлъар игъэбыдэу тхыдэ лэжьыгъэхэм куэд къыщызэтенащ. Абыхэм ящыщщ мыри: Мысыр фирхьэун Аменхотеп IV (ди эрэм ипэкIэ 1368 — 1351), иужькIэ Эхнатон зыфIэзыщыжам, ипхъу ещанэ Анхесенамун фирхьэун Тутанхамон и щхьэгъусэу щытащ. Илъэс 18 фIэкIа имыныбжьу ар дунейм щехыжым, фирхьэун къалэныр фызабэм и пщэ къыдэхуащ. Хабзэ зекIуэхэмкIэ а къулыкъур абы куэдрэ зэрихьэ хъунутэкъыми, абы хьэт — хьет къэралыгъуэм и пащтыхьым щэхуу письмо хуетх, и къуэхэм ящыщ зы щхьэгъусэу къыхуигъэкIуэну. Ар къызэрыщхьэпэнур къызыгурыIуа адэри абы занщIэу арэзы тохъуэ, и щIалэхэм ящыщ зы Мысырым егъакIуэ, ауэ зэрынэсуи ар диным и лэжьакIуэхэм яукI, хамэ лъэпкъым щыщ фирхьэуну ягъэувыну дзыхь зэрытрамыщIэм къыхэкIкIэ.
  • И щхьэхуитыныгъэр ихъумэжу лIэщIыгъуэ IэджэкIэ хьэт — хьетхэр зыпэщIэта и бийхэм блэкIа эрэм и кIэуххэм къахохъуэ. Дунейм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм я зэранкIэ лъэпкъхэр Iэпхъуэшапхъуэм щыхыхьэм, Европэм къокI тенджыз IуфэIускIэ зэджэ лъэпкъхэр, иужькIэ абыхэм къахохьэж дуней псор зыIэщIэзыубыда Рим империер. Тхыдэтх цIэрыIуэ Гай Светоний Транквилл зэритхымкIэ, Рим император Домициан (ди эрэм и 51 — 96), зэрытемыгъакIуэу куэдрэ зэпэщIэта нэужь, хьэт (щIэныгъэлIым зэритхыр аращ — П. А.) къэралыгъуэр зэхикъутащ, дакийхэр и лъабжьэм щIигъэуващ. ТекIуэныгъэ къихьахэр игъэлъапIэу, иужькIэ абы гуфIэгъуэ зэхэтышхуи иригъэкIуэкIащ. А зауэм ипэIуэкIи Рим къэралыгъуэмрэ хьэт — хьетхэмрэ зэрыщIэу, зэкIэлъыкIуэу, сату зэдащIу зэрыщытар игъэбыдэу тхыдэм къыщызэтенащ нэгъуэщI гъэщIэгъуэн гуэрхэри. КъызэрыщIэкIымкIэ, хьэтхэм благъэ зыхуащIу, япхъухэр ирату щытащ Римым и цIыху къызэрыгуэкIхэми. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ Светоний и лэжьыгъэхэм зи гугъу щищI патриций Луций. Тхыдэтхым и лэжьыгъэм щигъэбелджылыркъым ар хэтми, хьэтхэм я бзылъхугъэм цIыхугъэ зэрыхуэхъуари, ауэ ехьэкI хэмылъу абы щыжыIащ а бзылъхугъэр лъэпкъ цIэрыIуэм къызэрыхэкIар, къызыхыхьахэм пщIэ лъагэ зэрыхуащIыр, Iэзэ-фэзэу, къэхъуну-къэщIэнухэр къэзыхутэфу зэрыщытар. Абы и цIэр къызэтенащ. ЗэрыхуэбгъэфэщэнкIэ, ар зыхыхьахэм къыфIащагъэнущ — абы зэреджэр «Секстилия»-щ. Пасэу зи щхьэгъусэр дунейм         ехыжа фызабэм сабийуэ щIалитI къыхуэнащ, щIэныгъэрэ гъэсэныгъэ нэсрэ а тIум зэраритыфам и щыхьэтщ абыхэм я зыр — Вителлий (ди эрэм 15 — 69) — Римым и император зэрыхъуар. Абыхэм я зым апхуэдэ къулыкъу лъагэ зыIэримыгъэхьамэ, Рим тхыдэтх цIэрыIуэхэми хьэтхэм я пхъурылъхур къызыхэкIари, абы и унагъуэм къыщыхъуахэри къратхэкIыну къыщIэкIынтэкъым, ди деж къызэрымысыным и гугъу умыщIыххи. И анэм къэхъуну-къэщIэнухэр къихутэфу, ахэри зыгъэзащIэу щыта Вителлий абы и деж щызэхех и адэ-анэр псэуху ар зыпэрыт къулыкъур быдэу щымытыну, куэдрэ хуземыхьэну. Языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, и IэнатIэ лъагэр зыIэщIимыгъэкIын щхьэкIэ, абы и анэм щхъухь иритри игъэлIащ. Адрейхэм къызэралъытэмкIэ, гугъуехь телъхэр хуэмыхьыжу езым зиукIыжащ.
  • Хьэт — хьет къэралыгъуэм илъэс мин гъуэгуанэхэр къызэпичащ, абы къриубыдэуи лъэпкъ куэдым ефIэкIыу, и щхьэ ихъумэжу ар къекIуэкIащ, ар щыхагъэщIаи, хэкIуэдэжыпэным щынахусаи къэхъуащ, ауэ а псори къызэранэкIри, ахэр эрэщIэ къэунэхуам къэсащ, а цIэр зэрахьэу къэралыгъуэ цIыкIухэри къызэрагъэпэщащ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, абыхэм ящыщ Iэджэм я хэкум, Кавказым къагъэзэжащ. Ахэр куэд зэрыгъэхъуа, щIыри къемэщIэкIыу хуежьа? — сыт и щхьэусыгъуэми, абыхэм ящыщхэм заIэт, зэгуроIуэри хэщIапIэ къалъыхъуэу хуожьэ.
  • Иужь зэманхэм щIэныгъэлI-     хэм зэрызэхагъэкIамкIэ, Европэм, нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, Германием и курыкупсэм, эрэщIэ къэунэхуам и пэщIэдзэхэм къыщегъэжьауэ щыпсэуащ хьэтхэр зи фIэщыгъэ лъэпкъ цIэрыIуэ. Ди деж къэсыжащ а цIэр наIуэу зытет пасэрей картэ зыкъом, щIыпIэ иубыдыр пыухыкIауэ къыщыгъэлъэгъуауэ.
  • И IэщIагъэу щымытми, а къэралыгъуэ цIыкIум и тхыдэр зэфIигъэувэжыну, зыхэсхэм ар къазэрыщхьэщыкIыр зэхигъэкIыну, я зэхэщIыкI, Iуэху еплъыкIэкIэ ахэр дэ зэрытпэгъунэгъур иубзыхуну япэ яужь ихьар пщIэшхуэ зыхуэфащэ Тубэч Мадинэщ. «Литературная Кабардино-Балкария» журналым 2015 гъэм къыдэкIа и 1-нэ, 4-нэ номерхэм «Хьэтхэр» псалъащхьэм щIэту къытехуащ абы и тхыгъэ. Зи лъэпкъым и тхыдэр зэзыгъэщIэну зи мурад тхылъеджэхэм ар гъэщIэгъуэн ящымыхъункIи, емыджэнкIи Iэмал иIакъым, зыгуэр абы пэджэжауэ ди щхьэкIэ дыщымыгъуазэми. ТегъэщIапIэ ящIыныр зэрымащIэм къыхэкIкIэ, иджыкIэ зэхэмыгъэкIауэ куэд къонэ: гурыIуэгъуащэкъым я хэкур къагъанэу ахэр Европэм Iэпхъуэн хуей щIэхъуар, ахэр зэрыкIуа гъуэгур, зыкIуэцIрыкIа лъахэхэм ящыщ зым къыщIыщызэтемыувыIар. КхъухькIэ псым тету ежьамэ, абыхэм тенджыз Iуфэр псэупIэ ямыщIынкIэ Iэмал иIакъым. Абы къыхэкIкIи, зэрыхуэбгъэфэщэнкIэ, ахэр Кавказым иIэпхъукIагъэнущ, Дунай (а цIэми адыгэ хуэмэбжьымэ хыболъагъуэ — П. А.) псым и ижьырабгъум Iуту ахэр Германием и курыкупсэм ита мэз абрагъуэм нэс кIуащ икIи я щхьэ щахъумэфын нэхъ хэщIапIэфIу ар къалъытэри, абдежым къыщызэтеувыIащ. Ар зыхуэзэр иджырей нэмыцэ къалэ Гессен и Iэшэлъашэхэрщ, а цIэри «хьэт» псалъэм къытехъукIауэ щIэныгъэлIхэм хуагъэфащэ. Пасэрей тхыдэ лэжыгъэхэр тегъэщIапIэ ещIри, Тубэч Мадинэ и тхыгъэм къыщехь эрэщIэм и 98 гъэм Тацит итха мы псалъэхэр: «Терцин мэзым къыщыщIедзэ хьэтхэм я щIыналъэр… А лъэпкъыр (наро-дыр — П. А.) адрейхэм къащхьэщокI Iэпкълъэпкъ зэкIуж зэраIэмкIэ, къуэгъуу зэрыщытымкIэ, теплъэ шынагъуэ зэраIэмкIэ, ерыщагъ зэрахэлъымкIэ.
  • Адрей герман лъэпкъхэм къащхьэщыкIыу, хьэтхэр зэпIэзэрытхэщ, сытми хуэхьэзырхэщ, я дзэ унафэщIхэр езыхэм хахыж, абыхэми псалъэмакъыншэу йодаIуэ… римлянхэми, зэрахабзэу, текIуэныгъэр зи фIыщIэу абыхэми къалъытэр дзэркъым, атIэ абы и унафэщIырщ».
  • Хьэтхэм яхэлъа нэгъуэщI зы хабзэ гъэщIэгъуэнми Тацит и лэжьыгъэм и гугъу щещI. КъызэрыщIэкIымкIэ, хьэтхэм «… лIыпIэ зэриувэу я щхьэцхэмрэ жьакIэхэмрэ къагъэкI икIи тхьэ щаIуэж лIыгъэ щIэным езыгъэз я щхьэмрэ жьакIэмрэ бий ямыукIыу ямыупсыну». Ар зыхузэфIэмыкIхэм лIэжыху я гъащIэр зэщIэкIауэ яхь, языныкъуэхэми лIыхъужьыфэ зытрагъэуэн къафIэщIу, псэуху зэрахьэ».
  • Ди эрэм и пэщIэдзэхэм Рим къэрал лъэщым и дзэзешэ Германик (ар Секстилие и къуэ Вителлэрауэ щытмэ, гъэщIэгъуэнщ хьэтхэм я пхъурылъхум и анэр къызыхэкIа лъэпкъым лъапсэрыхыр къызэрыхуигъэкIуар — П. А.) хьэтхэм я къуажэ нэхъыщхьэ МаттиекIэ зэджэр зэтрикъутащ, лъэпкъ унафэщI Укромир и пхъумрэ я жрец (щоджэн) Либесрэ гъэру къиубыдащ. ИужькIи герман лъэпкъ зыбжанэм ящIыгъуу хьэтхэм бэнэныгъэ гуащIэ драгъэкIуэкIащ Рим империем, франджыхэм яубыдыху.
  • Тхыдэтххэм къызэралъытэмкIэ, хьэтхэм ящIыгъуу герман лъэпкъ куэд псэуащ, иужькIэ ахэр зэгухьэхэри, къэралыгъуи къызэрагъэпэщауэ щытащ, я цIэхэри тхыдэ лэжьыгъэхэм къыщызэтенащ. Пасэрей щIэныгъэлI щхьэхуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, а лъэпкъхэм ящыщу хьэтхэм къатепщIыкIар, нэхъ пэгъунэгъуу щытар батавхэрщ, рим къэралыгъуэм и лъабжьэм нэхъ пасэу щIэувахэрщ. Абыхэм дзэ гуп щхьэхуэ къызэрагъэпэщхэм унафэщIу хаххэр езы лъэпкъым къыхэкIа цIыху нэхъ цIэрыIуэхэрт, езыхэри лIыхъужь-хэт, шым хуэIэкIуэлъакIуэт, псым я нэхъ куум шым зэрытесу зэпрыкIхэрт. Арагъэнущ Рим империем и шу гвардием батавхэм фIэкIа хамыгъэхьэу щIыщытар.
  • Герман щIыналъэм щыпсэуа хьэтхэм я Iэужьу куэд къызэтенакъым, дызыщыгъуазэр мащIэщ. Ди деж къэсыжа пасэрей лэжьыгъэхэм нэхъыбэу зи гугъу щыщIар абыхэм я псэукIарщ, хьэл-щэн зытетахэрщ, лIыгъэ-хахуагъэ яхэлъахэрщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а тхыдэ лэжьыгъэхэм зыри щыжыIакъым хьэтхэм я къекIуэкIам, къыздикIам, я тхыдэм, я бзэм, хабзэм, IуэрыIуатэм теухуауэ, хэбгъэзыхьмэ, гукъэкI ищIу а лъэпкъым и бзэм и зы псалъэ нэхъ мыхъуми зытхын абыхэм къахэкIакъым.
  • Ди эрэм и пэщIэдзэхэм хьэтхэм тхыгъэ яхузэгъэпэщыну Iэмал яIащ. Тубэч Мадинэ и тхыгъэм зэрыщыжыIамкIэ, эрэщIэ къэунэхуам и 723 гъэм хьэтхэм я деж къэкIуащ миссионер Бонифаций, абыхэм диныщIэр къаригъэщтэну. Къызэрысу псом япэу гу зылъитар хьэтхэми нэмыцэ лъэпкъхэми зы жыгей абрагъуэ тхьэлъэIупIэу зэраIарщ. Ар зэран къызэрыхуэхъунур къызыгурыIуа миссионерым а жыгыр занщIэу прегъэупщI, пхъащхьэ абы къыхэкIахэмкIэ зы члисэ цIыкIу (капеллэ — П. А.) еухуэ, хьэтхэр чристэн диным ирегъэхьэ.
  • ДиныщIэ къащтам къыдэкIуащ тхылъ еджэнри, тхэнри, ауэ апхуэдэ фIыгъуэ зэуэлIа хьэтхэм ар къахуэгъэсэбэпакъым, я тхыбзэ зэхалъхьэнуи я пщIыхьэпIэ къэкIакъым. Бонифаций зи гугъу ищIа жыгым хуэдэхэр адыгэхэми лIэщIыгъуэ IэджэкIэ тхьэлъэIупIэу яIащ. Ар мажусий диным и Iэужьт. Нэхъ гъэщIэгъуэныжращи, 19-нэ лIэщIыгъуэм къэс ар адыгэхэм къагъэсэбэпу щытащ, къадэгъуэгурыкIуащ. Шапсыгъ щIыналъэм апхуэдэ зы жыг къыщызэтенауэ хуэсакъыу яхъумэ, кIэлъоплъ, яфIэгъэщIэгъуэну цIыхухэм ар зрагъэлъагъу.
  • Европэр псэупIэ зыхуэхъуа хьэтхэм я бзэр зыщыщыр, зыхыхьэр зэфIэбгъэувэжыныр тыншкъым, тхыгъэ зэрамыIам и зэранкIэ. Иужь лъэхъэнэхэм къэунэхуа Iэмал хъарзынэ гаплогруппэкIэ зэджэмкIэ ар пхузэхэгъэкIынут, ауэ хьэтхэр куэд щIауэ нэгъуэщI лъэпкъхэм яхэшыпсыхьыжащ, я лъэужьи ди зэманым къыпхуэгъуэтыжынукъым. Нобэр къыздэсым зы адыгэми и пщIыхьэпIэ къыхэхуэну къыщIэкIынтэкъым Европэр ди лъэпкъэгъухэм псэупIэ ящIауэ, лIэщIыгъуэ тIощI ипэкIэ абы щыпсэуауэ, Цагъуэ Нурий ди лъэпкъым и IэдакъэщIэкI тхыгъэхэр къухьэпIэ жыжьэхэм къыщагъуэтауэ зэритхыгъам и гугъу умыщIмэ.
  •  
  • ПЭЖ  Андемыркъан.