ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Шэрыбхэм  я  дунейм

2021-06-10

  • Мэкъуауэгъуэм и 2-м щегъэжьауэ и 9-м нэс Геленджик къалэм щекIуэкIащ Аэродизайнерхэм я IX дунейпсо фестиваль.

  • «Аэродизайнер» цIэр зэрихьэу IэщIагъэщIэ зэрыщыIэр зэрызэхэтхрэ куэд щIакъым. Псалъэм и мыхьэнэм къызэрыджиIэщи, апхуэдэу зэджэр шэрыбхэр ягъэпщурэ гуфIэгъуэ зэхуэсхэр зыгъэщIэращIэ цIыху IэкIуэлъакIуэхэрщ. Ди хъуреягъкIэ зытплъыхьми, шэрыб щамыIэту махуэшхуэ щIагъуэ зэремыкIуэкIыжым гу лъыдотэ.
  • Дэтхэнэ IэщIагъэми хуэдэу, шэрыбгъэпщхэми Iуэхум нэхъ хуэIэзэ яхэтщ, я зэфIэкIым зэрызрагъэужьыным еш ямыIэу елIалIэу.
  • Иджыблагъэ Геленджик къалэм щекIуэкIа, Аэродизайнерхэм я дунейпсо фестивалым хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Урыс (Тэнащ) Каринэ. Экономист IэщIагъэ иIэу КъБКъУ-р къэзыуха хъыджэбзым и пщIыхьэпIи къыхэхуакъым зэгуэр шэрыбхэм я дуней нэгузыужьым къыщыхутэну. Сабийхэм якIэлъыплъыху Iуэхуншэу щымысын папщIэ, IэщIагъэщIэм зезыгъэса Каринэ иджы дунейпсо зэхьэзэхуэм зэрекIуэлIэфар езыми егъэщIэгъуэж.
  • — Мыр сэ сызыхэтыну къысхуихуа етIуанэ фестивалщ аэродизайным и IуэхукIэ. Псори къызэзыгъэпэщар Краснодар щыIэ, шэрыб къыщIэзыгъэкI икIи зыщэ Француз Николай и унафэм щIэт «Праздник Мастер» IуэхущIапIэрщ. Си насып кърихьэкIри, нэхъ Iэзэу аэродизайн IэщIагъэм къыщалъытэ Шевченкэ Анатолий и «Шарлятэ» гупым мы гъэм сыхэхуащ.
  • «Тхыдэм и дыщэ напэкIуэцIхэр» — арат, Каринэ зэрыжиIэмкIэ, мыгъэрей фестивалым фIащар. Тхьэмахуэ псокIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм шэрыб гъэпщам къыхамыщIыкIа укIуэдыж жыуагъэIэу, гуп 15 щызэпеуащ. Каринэ зыхэтам етIуанэ увыпIэр къыхуагъэфэщащ. Абыхэм шэрыб гъэпщам къыхащIыкIат Пётр Езанэмрэ Екатеринэ Езанэмрэ япкъхэр.
  • — Диплом къыщыватыжакIэ, Налшык щыщ аэродизайнерхэр щебгъэджэн еджапIэ къыпхузэгъэпэщыну жыпIэркъэ? — деупщIащ Урыс Каринэ.
  • — Ар жэуаплыныгъэшхуэ зыпыщIа Iуэхущ. Нэгъэсыпауэ хэсщIыкIыу сыхъумэ, пщIэну щыткъым, — къытхупыгуфIыкIащ хъыджэбзыр.
  • ЦIыху бгъэгуфIэным нэхъ IэщIагъэфI щыIэ? Аращ зыхущIэкъур Каринэ.
  • Чэрим Марианнэ.