ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ислъамрэ  Хьэчимрэ  я  хьэрхуэрэгъухэр  ягъэгулэз

2021-06-09

  • 1995 гъэм мазаем (февралым) и 22-м Мэшыкъуэ Iэмырхъан и унагъуэм зэтIолъхуэныкъуэу щIалитI къихъуащ. Абы щыгъуэм хэт ищIэнт а тIум топджэгу цIэрыIуэхэр къахэкIыну?!

  • Ислъам

    Ислъамрэ Хьэчимрэ зэгъусэу футболым зыщыхуагъэсэн щIадзащ Налшык къалэ. Нэрылъагъут абыхэм зэфIэкI хъарзынэ зэрабгъэдэлъыр икIи гъуащхьауэ Мэшыкъуэ зэкъуэшхэм я хьэрхуэрэгъухэр ягъэгулэз зэпытт. Балигъ хъури, абыхэм я гъуэгур зэбгрыкIащ.

  • Нэхъ пасэу зи цIэр Iуар Ислъамщ. 2013 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 5-м Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм ар Владикавказ и «Спартак» стадионым къыщихьащ щIыпIэ «Алания»-м и фащэр щыгъыу. Абы щыгъуэм къахуеблэгъа Саранск и «Мордовия»-р хэгъэрейхэм хагъэщIащ ди лъахэгъу щIалэм зыкъомкIэ и фIыгъэкIэ.
  • Осетие Ищхъэрэ — Аланием и футбол командэ нэхъыщхьэм а лъэхъэнэм Мэшыкъуэ Ислъам зэрыхэтар зы илъэсщ. ЗэIущIэ пщыкIузым зэ къыщыхэжаныкIауэ, къыкIэлъыкIуэ гъэм ар Хабаровск и «СКА-Энергия»-м хыхьащ. АрщхьэкIэ абыи зыщиIэжьакъым — 2015 гъэм ирагъэблэгъащ Куржым (Грузием) и чемпион Гори къалэм и «Дила» командэм.
  • Хьэчим

    Ислъам а щIыпIэм хэпщIыкIыу зыщиужьащ. ЖыпIэну ирикъунщ «Ди-ла»-м дэщIыгъуу ар Европэм и Чемпионхэм я лигэм зэрыхэтар. Куржым зэIущIэ 20 щригъэкIуэкIарэ я хьэрхуэ-рэгъухэм топи 5 яхудигъэкIауэ абы Урысей Федерацэм къигъэзэжащ. Астрахань и «Волгарь»-м, «Оренбург»-м, «Химки»-м илъэс зытIущкIэ хэтауэ, Мэшыкъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ, етIуанэ дивизионым щIилъэфа «Спартак-Налшыкым» дэIэпыкъуну.

  • Ислъам фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ 2018 — 2019 гъэхэм екIуэкIа зэхьэзэхуэм.  ЖыпIэну  ирикъунщ  ди командэм хэту абы иригъэкIуэкIа зэIущIэ 19-м топ  11 я хьэрхуэрэгъухэм зэрыщыхудигъэкIар. Дауи, а Iуэхугъуэм Мэшыкъуэм и пщIэр нэхъри иIэтащ. ИкIи Владикавказ и «Алания»-м къалэнэшхуэхэр зыщыхуигъэувыжым ирагъэблэгъащ, сэбэп къазэрыхуэхъунум шэч лъэпкъ къытрамыхьэу. ЯщIэжырт илъэситху ипэкIэ фIыуэ зэрахуэджэгуар.
  • Ди гъунэгъухэм хуабжьу защIигъэкъуащ Ислъам. ЗыкъомкIэ абы и фIыгъэщ зыхэт гупым щытекIуэу нэгъабэ «Алания»-р япэ дивизионым зэрыкIуамрэ иджы премьер-лигэм хыхьэну зэрыныкъуэкъуамрэ. Владикавказдэсхэм еплIанэ увыпIэр яIыгъыу зэхьэзэхуэр яухащ икIи абы Iэмал къаритырт зэпэщIэуэ зэIущIэхэм зыкъыщагъэлъэгъуэну. АрщхьэкIэ я стадионыр зэкIэ зэрымыхьэзырым къыхэкIыу, бэнэныгъэм адэкIэ хагъэтакъым.
  • Хьэчим и топ джэгукIэр нэхъ гугъуу зэфIэуващ. 2014 гъэм абы къыщы-щIидзащ зыщигъэса «Спартак-Налшыкым». АрщхьэкIэ мыгувэу Мейкъуапэ и «Дружба»-мрэ Песчанокопскэм и «Чайка»-мрэ къыщыхутащ. НэгъуэщI щIыпIэхэм и насып къыщимыкIыщауэ, Мэшыкъуэ Хьэчим Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ.
  • «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэ нэхъыфIхэм ящыщ зы мыгувэу ар хъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и футболист нэхъыфIу 2018 гъэм журналистхэм къалъыта, илъэс 23-рэ зи ныбжь Мэшыкъуэ Хьэчим къыкIэлъыкIуэ гъэм зэрыщIидзэу Курск и «Авангард»-м кIуащ икIи абы и тренерхэр  и  зэфIэкIым  я нэкIэ къыкIэлъыплъащ, зыгъэсэныгъэхэмрэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэмрэ хагъэтурэ. Къазэрыхуэсэбэпынур хьэкъ ящыхъуа иужькIэ илъэсрэ ныкъуэкIэ зэгурыIуэныгъэ къращIылIащ.
  • «Авангард»-м хэту Мэшыкъуэм зэIущIэ зыбжанэ ехъулIэныгъэкIэ иригъэкIуэкIащ икIи Кипрым къыщызэрагъэпэща ФНЛ-м и кубокыр командэщIэм дэщIыгъуу зыIэригъэхьащ. КъищынэмыщIауэ, курскдэсхэр япэ дивизионым бжьыпэр щызыIыгъхэм ящыщ зыт икIи мазэ зыбжанэ дэкIмэ премьер-лигэм хыхьэну Iэмал гъуэзэджэ иIэт.
  • АрщхьэкIэ, абы зэIущIэ 38-рэ щригъэкIуэкIарэ 5 къыщыхэжаныкIауэ, гупыр зэхуащIыжащ, ахъшэ щIыхуэ куэд зэрызэтрагъэхьам къыхэкIыу. «Авангард»-м къыщыщIидзэжын хуей хъуащ етIуанэ дивизионым.
  • Хуит къызэрыхъуу, Мэшыкъуэ Хьэчим ирагъэблэгъащ япэ дивизионым хэт нэгъуэщI командэм — иджы Ивановэ и «Текстильщик»-м. Мы гъэм щегъэжьауэ ар абы хэтщ.
  • — «Спартак-Налшыкым» и Iуэхухэр зэрекIуэкIым сыт щыгъуи сыкIэлъоплъ, — жеIэ Хьэчим. —
  • Аращ сэ къежьапIэ схуэхъуар. СызыкIэлъыплъыр «Спартак-Налшыкым» и закъуэкъым, атIэ ди республикэм щыщу адрей командэхэм хэтхэми си нэIэ ятезгъэтщ, я хъыбарыфI зэхэсхмэ си гуапэу. Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым лъабжьэ быдэ щиIэщ. Абы къыщалъхуа куэдым а спорт лIэужьыгъуэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ, нобэми зэфIэкI лъагэхэр къэзыгъэлъагъуэхэри ди мащIэкъым. Быдэу си фIэщ мэхъу «Спартак-Налшыкми» хуэфэщэн увыпIэ къэралым и командэ лъэщхэм я деж зэрыщиубыдыжынур. Ди щIыпIэм щыпсэухэм аращ яхуэфащэр икIи текIуэныгъэ инхэр къэзыхьыфыну гуп лъэщрэ зэкъуэтрэ яIэну къалэжь.
  • Мис апхуэдэу Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым пщIэрэ щIыхьрэ яIэу зыкъыщагъэлъагъуэ Мэшыкъуэ зэтIолъхуэныкъуэ зэкъуэшхэм. Абыхэм я къару илъыгъуэ дыдэщ икIи я ныбжьыр здынэса илъэс тIощIрэ хым ирихьэлIэущ спортсменхэм я зэфIэкIым и лъагапIэр къыщызыкъуахыр. Тхьэм я зэфIэкIыр лъагэ ищI!
  • Жыласэ  Заурбэч.