ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Нартхэм  я  шыуан лъапIэр Хэкум къашэж

2021-06-08

  • Адыгэ Республикэм хыхьэ Улап къуажэм и Iэгъуэблагъэм пасэрей кхъэлъахэ къыщагъуэтыжри, археологхэр щылэжьэн щIадзауэ щытащ.

  • Улап кхъэлъахэм епха тхыдэ фэеплъ нэхъ щхьэпэ дыдэу къалъытэ 1982 гъэм абы къыщыщIатIыкIыжауэ щыта «Нартхэм я шыуан лъапIэр». Килограмм 300 зи хьэлъагъ, сантиметр 80-м нэс зи къэухь шыуанышхуэр къызэрагъуэтыжу, Мэзкуу дэт, КъухьэпIэ лъэпкъхэм я гъуазджэм и музейм яшауэ щытащ, нэхъ зыхуей хуэзауэ яджын папщIэ. Къэралым и щыхьэрым илъэс 37-кIэ щыIа шыуаныр 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 3-м къалащхьэ музейм и къудамэу Мейкъуапэ дэтым къашэжащ. Домбеякъым къыхэщIыкIа шыуанышхуэр ди лъэхъэнэм ипэкIэ V — VI лIэщIыгъуэхэм ящIауэ хуагъэфащэ.
  • «Нартхэм я шыуан лъапIэ» фIэщыгъэр дызытепсэлъыхь тхыдэ фэеплъым щIигъуэтар къару щэху зрапх апхуэдэ шыуаным и гугъу нарт хъыбархэм къызэрыхэщырщ. ЗэрагъэхъыбарымкIэ, абыкIэ пщэфIэху, нартхэр зыми хуэмыныкъуэу псэуащ. ИужькIэ, нэхъыжьхэм я унафэкIэ ар зыIэщIалъхьа Уэзырмэдж шыуаным псы ирикIащ, арати, итыр къызэрыкъуалъэм хуэдэурэ, щIы щIагъым ехащ. Адыгэ Республикэм къыщыщIэж псы хущхъуэхэр а шыуаным къыщыкъуэлъа псым ирепх хъыбарым.
  • Чэрим Марианнэ.