Удз гъэгъа Iэрамэ
2021-06-09
- Илъэс 20-м нэблэгъащ гукъинэ сщыхъуауэ фхуэсIуэтэж мы Iуэхугъуэр къызэрыхъу лъандэрэ, атIэми псори си нэгу щыщIэкIар дыгъуасэ хуэдэщ…
- 2001 гъэм и дыгъэгъазэ мазэт. Дунейр уэсым щIигъэнати, ихъуреягъкIэ хужьыгъэт. А махуэм Налшык къэлъатэрт щIэныгъэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, «Урысейм и философ нэхъыфIи 100» щIэнгъуазэм зи цIэр иратха, ди деж- кIэ нэхъыщхьэрати, Лъостэн Володя и щIалэгъуэм гу зыхуищIауэ, абы и япэ щхьэгъусэу щыта Добрынинэ Валентинэ. А бзылъхугъэ щыпкъэр зэдгъэцIыхуауэ щытащ Лъостэным и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ нэхъ куууэ щыдджыжа, абы теухуа куэд къыщыдугъуея лъэхъэнэм.
- «Сэ къэкIуэну зэманым сыщыщщ» зыфIэтща, Лъостэным теухуауэ а бжьыхьэм дунейм къытехьауэ щыта тхылъыр Iэрыдгъэхьат Добрынинэм. ИужькIэ абы телефонкIэ къыджиIат тхыгъэр гъэхьэзыра зэрыхъуар и гум зэрыдыхьар икIи Владимир щалъхуа щIыналъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ мыгу-вэу къызэрыкIуэнур: и гъэсэнхэм ящыщ зым и диссертацэр Налшык щыпхигъэкIынути, абы зыкъригъэхьэлIэну и мурадт Валентинэ.
- Уэсымрэ борэнымрэ я зэранкIэ Налшык къыщымытIысыфу, Добрынинэр зэрыс кхъухьлъатэр Минводы щетIысэхат. Абы хьэщIэм щыIущIэри, Налшык къигъэсыжащ диссертан-тым. Сыхьэт зытIущ нэхъ дэмыкIыу, Добрынинэмрэ дэрэ дызэхуэзащ икIи Лъостэным и къуажэ АушыджэркIэ дунэтIащ, абы и кхъащхьэр зэдгъэлъагъуну. Валентинэ IэщIэлът хризантемэ удз гъэгъа Iэрамэ. Абы и дежкIэ абыхэм мыхьэнэ хэха яIэт: абыхэм нобэ зэпащIэжырт бзылъхугъэм и блэкIамрэ и нобэмрэ…
- Добрынинэ Валярэ Лъостэн Володярэ зэщхьэгъусэ хъуащ 1952 гъэм дыгъэгъазэм и 13-м. Абы щыгъуэ ахэр МКъУ-м и философие факультетым и 3-нэ курсым и студентхэт. КIыхьтэкъым а ныбжьыщIитIым я унагъуэ насыпыр. Илъэси 7-кIэ зэдэпсэуауэ, ахэр зэбгъэдэкIыжащ, гъащIэми щхьэж и лъагъуэ адэкIэ щыпхишыжащ. ГурыщIэ лъэщым, иным зы ищIауэ щыта ныбжьыщIитIыр нобэкIэ мыхьэнэшхуэ зимыIэу къыпщыхъу щхьэусыгъуэхэм зырыз ящIыжауэ щытащ. Куэд мэхъу ахэр: зэтемыхуэ хьэл-щэнхэри, зыщыщ лъэпкъхэм я хабзэ зэпэщIэувэхэри, нэгъуэщIхэри.
- ЗэрышагъащIэхэм хьэгъуэлIыгъуэ гуэри ящIыну я мурадакъым, арщхьэкIэ Владимир и анэ Дахэужьэ тригъэчыныхьри, абыхэм траухуат а махуэр ягъэлъэпIэну. Валентинэ и адэ-анэм я фэтэрым щызэхуэсат ныбжьыщIитIым я ныбжьэгъухэр, Iыхьлыхэр, благъэхэр. Псори хьэзыр хуэдэт Iуэ-хур ублэным. Абдежым зыгуэрым гу лъитащ нысащIэм удз гъэгъа Iэрамэ зэрыIэщIэмылъым. «Ар дауэ? Удз гъэгъа зымыIыгъ нысащIэ щыIэ?» — хъыджэбзхэм языхэзым и псалъэхэр зэрызэхихыу, Владимир, бэлъто тIэкIури зытримыдзэу, щIэжащ, хьэгъуэлIыгъуэ нэсыр зыхуэчэм дамыгъэм и лъыхъуакIуэ. Дунейр уает, уэсыр Iуву телът — удз гъэгъа зыщэхэри пщыхьэщхьэм дэнэ къипхыжынт. Iэгъуэблагъэр къызэхижыхьащ Владимир икIи, сыхьэтитI хуэдэ дэкIауэ, хризантемэ гъэгъа Iэрамэ иIыгъыу фIыуэ илъагъум и пащхьэ къихутэжащ…
- Валентинэ и нэгум IупщIу къыщIыхьэжащ а теплъэгъуэр. ЩIыIэм игъэдия хужьыфэ-тхьэмбылыфэ гъэгъа тхьэмпэ цIыкIухэр кIэрыхуауэ унэ лъэгум илът. НысащIэм фIэкIа абыхэм зыми гу лъатэртэкъым… Апхуэдэу, зырыз-тIурытIурэ кIэрыхуурэ, лъэлъэжащ Владимиррэ Валентинэрэ я лъагъуныгъэр.
- А дыгъэгъазэмрэ бзылъхугъэ щыпкъэр си гъусэу Лъостэным и кхъащхьэм дыщыкIуауэ щыта дыгъэгъазэмрэ илъэс 39-рэ я зэхуакущ… Валентинэ хуокIуэ и япэ лъагъуныгъэм и кхъащхьэм, хризантемэхэр хуихьу. ХуокIуэ, сэлам ирихыну, гукъэкIыж-хэм зэщIаIыгъэрэ псэр пIейтейуэ. ЩIыIэм игъэдия гъэгъа хужьыфэ-тхьэмбылыфэхэр аргуэру щIы щхьэфэм телъ уэсым тощащэ, гурылъ лъэщым щыщу къэнахэм налъэ зырыз-хэр къахичу… КъапщIийхэм къапих мэ гуакIуэр Iум изщ, кхъэ пщIантIэм дэз хъуащ удз гъэгъа Iэрамэ… БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ Iуданэ… ГуфIэгъуэми гузэвэгъуэми я зы нэщэнэ хъуа удз… Зэманыр къэхъугъэ хьэлэмэтщ — языныкъуэхэм деж къыпщохъу, напIэр ебдзыхмэ, абы блэкIаи къэкIуэни имыIэу, атIэ псори а зы напIэзыпIэм уи нэгу щIэкIыу, уи псэм щыщIэу, уи гум щыхъэу. Аращ Гиляровскэм щIыжиIар: «Дэ дыпсэухукIэ — щыIэкъым лIэныгъэ, ар къэсмэ — дэ щымыIэж»…
- Нэм нэпсыр щIэзщи, напIэр зэребдзыхыу ткIуэпс пщтырхэм лъагъуэ щыпхащIыкIынущ щIыIэм игъэдия нэкIущхьэхэм. Валентинэ удз гъэгъахэр щы ирещIыкI. Япэ Iыхьэр бзылъхугъэм трелъхьэ и тхьэмадэ Чэлимэт и кхъащхьэм — а тIум яку гуапагъэрэ щабагъэрэ фIэкIа зыри дэлъакъым. ЕтIуанэмкIэ ар хуоупсэ япэ дыдэу лъагъуныгъэ гуащIэ зыхуищIауэ щыта, зи сабий кърихьэкIа цIыхухъум — Владимир. Уэрэдми жиIауэ, удзыр гъужами, гурыщIэр псэм щохыщIэ. Ещанэ Iэрамэр хуегъэфащэ и гуащэ Дахэужьэ и кхъащхьэм. «Сыту мыхьэнэншэт гум ежалIэхэр, гужьгъэжь къызэрыкIхэр. А бзылъхугъэри къыбгурыIуэ хъунут — модэ, Урысейм къикIа хъыджэбз къамылыфэжь цIыкIум нэкурэ набдзэу къэплъытэ уи къуэ гъэфIэныр пIихыу — ар гум техуэгъуафIэтэкъым-тIэ», — Добрынинэм и щхьэм апхуэдэ гупсысэ куэд щызэблож. Дахэужьэ и иужьрей махуэхэм бгъэдэсам жиIэжат и къуэмрэ и нысэмрэ зэрызэбгъэдэкIыжам щхьэкIэ езым зигъэкъуэншэжу зэрыщытар. Ауэ къэхъуар къэхъуащ, зэманыр къыпхуигъэкIуэтыжынукъым…
- Кхъэм дыкъыдэкIыжа нэужь, дэ иджыри заулкIэ абдеж зыщытIэжьэжащ. Сызигъусэ бзылъхугъэм къысхуиIуэтэжырт блэкIа и гъащIэм щыщу Лъостэнхэ япыщIауэ и гум къыдридзеижа Iуэхугъуэхэр. Ахэр ятеухуат Владимири, ар къызыхэкIа унагъуэ-ми, щалъхуа жылэ Iумахуэми.
- Гъуэгу кIыхь зэпытчыжу къалащ-хьэм къыдыхьэжа нэужь, Валентинэ дэрэ дыкIуащ Володярэ абырэ я унагъуэр щыпсэуа Долинск щIыпIэм. Пироговым и цIэр зезыхьэ уэрам цIыкIум тетщ Лъостэнхэ щыпсэуа унэр. Бзылъхугъэ хьэщIэм и гугъащ абы и пщIантIэм дэплъэну, абы дэту щыта жыгеишхуэм сэлам ирихыну, гъэма-хуэ хуабейм зыщигъэщIыIэтыIэу щыта псыутх лъагэр щыIэжрэ щымыIэж-рэ еплъыну, арщхьэкIэ хабзэхъумэ фащэкIэ хуэпауэ къытпежьа щIалэ-хэм абдеж зыщытIэжьэу ауи къытхуадакъым. Лъостэным и цIэ къитIуари япэу зэхахыу къытщыхъуащ. Зи щIалэгъуэм иджыри зэ «IущIэжыну» зи гугъа Валентинэ и мурадхэр апхуэдэу къызэпыуда хъуащ. А лъэхъэнэм ицIыхуа гуэрхэм яхуэзгъэзэну Iэмал сызэриIэр жесIа пэтми, Добрынинэм абы и жэуапыр къыпысхыфакъым, нобэрей зэхуэзэм хуэдэ иджыри зэ диIэну сыкъызэримыгъэгугъэфам хуэдэу.
- КъызытекIухьа диссертацэ Iуэхур тэмэму зэфIэкIри, дыгъэгъазэм и 29-м Добрынинэр Москва лъэтэжащ. Езыр уафэгум ихьэжа кхъухьлъатэм исми, дэ ди щхьэм илът Валентинэ и псалъэ шэрыуэхэр, гукъэкIыж жыжьэхэр. Ахэр къытхуэзыIуэтэжар илъэс 70 хъу бзылъхугъэу къытщыхъуртэкъым, атIэ илъэс тIощIым ит хъыджэбз ныбжьыщIэу, гъащIэр иджыри зыфIэхьэлэмэт цIыхуу къытфIэщIырт.
- Кхъухьлъатэм къыпих гъуэзым хризантемэ удз гъэгъа Iэрамэм и мэ гуакIуэри щIэту къытIурыуэ хуэдэт.
- КОТЛЯРОВ Виктор.