ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIэныгъэщIэкъум и  дуней  телъыджэ

2021-06-05

  • Бейтыгъуэн Сэфарбий иджыри и зы щIэнгъуазэ къыдэкIащ. «Панорама мировых имён: вершины в оригинальных терминах» — аращ и лэжьыгъэм фIищар.

  • Мыбы ипэкIэ, 2010 гъэм, дунейм къытехьащ «Великие личности и ценности. Мир острой критики», 2015 гъэм — «Пионеры всемирной истории», «Кабардинцы: факты истории в архивных документах и материалах» (2018) щIэнгъуазэхэр.
  • IуэхуитIым зэуэ гу лъывэзгъэтэнут: тхылъиплIыр къыщыдэкIа гъэхэмрэ мы тхылъхэр псори зэрыщIэнгъуазэмрэ. ИлъэсипщIым къриубыдащ а лэжьыгъэшхуэр!
  • Сыщыуэнри хэлъщ, ауэ зы цIыху щIэнгъуазэ зэхигъэувэным тегушхуэн папщIэ, е абы щIэныгъэшхуэ бгъэдэлъщ, е апхуэдэу закъищигъэхъуну хэтщ. Бейтыгъуэным и лэжьэкIэм щыгъуазэхэм ящIэ «закъыщигъэхъуным» ар зэрыпэжыжьэр. Ар езыр-езыру, щIэныгъэр и гъуазэу ирокIуэ зэгуэр зытеува лъагъуэм, дуней зэрызехьэм къыхэмыхьащэу. Апхуэдизу щIэщIауэ щIэлажьэри езым ищIэмкIэ къытщхьэпэну зэрыхуейр арагъэнщ.
  • ЩIэныгъэ зиIэ, щхьэхуитыныгъэ зэзытыжыфа, гушыIэ зыхэлъ цIыхущ мыр, жиIэнщ, езыр имыцIыхуу, абы и тхылъхэр щIэзыджыкIым. Ар къыпхужаIэн папщIэ уи нэхъыжьхэм яхэлъам щыщ уи лъым къыхэнауэ, гугъу зебгъэхьу уеджауэ, узэджам акъыл къыхэпхауэ зы ныбжь гуэрым унэсын хуейщ.
  • Кууагърэ дахагъэкIэ гъэнщIа гупсысэм и лъыхъуакIуэу и гъащIэр ихьами ярейуэ, Сэфарбий и тхылъхэр ди зэманым къокIупс: тхыгъэхэр кIэщIщ, гурыIуэгъуэщ, щIэныгъэ къызыхэпхщ. Ахэр илъэс пщIы бжыгъэкIэ зэхуихьэсщ, зытеухуам елъытауэ зэригъэуIухэри, тхылъ гъэщIэгъуэныщэу тыгъэ къытхуищIащ. НэгъуэщIхэм ятхам игу ирихьу къыхихам езым и IэдакъэщIэкIи дыщIигъуащ, дыдейхэри яцIыхупхъэщ, жыхуиIэ щIыкIэу. Сэфарбий зэхигъэува щIэнгъуазэхэм я гугъу щещI ди республикэм, Кавказ Ищхъэрэм щыщ щIэныгъэлI, тхакIуэ, усакIуэ, драматург, политик, жылагъуэ лэжьакIуэ куэдым.
  • Мы псор жытIэн хуей щIэхъуа иужьрей щIэнгъуазэр IыхьипщIу гуэшащ. Псалъэм папщIэ, япэ, етIуанэ Iыхьэхэр ятеухуащ Урысей Федерацэмрэ хамэ къэралхэмрэ: пащтыхьхэр; къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэхэр; дзэлIхэр; революцэ-демократ зэщIэхъееныгъэм хэтахэр; тхакIуэхэр. Адрей Iыхьэхэр — философхэм, щIэныгъэлIхэм, цIыхубзхэм, экономикэм, тIасхъэщIэххэм, гъуазджэм, спортым ятеухуащ.
  • Бейтыгъуэным и щIэнгъуазэм еджэхэм гу лъатэнущ ди тхьэкIумэм ирамыгъэкIыурэ щихъ, тхьэпэлъытэ тщащIа куэдым я дуней тетыкIам нэгъуэщI нэкIэ узэрыригъэплъым, зытебгъэува лъагапIэм языныкъуэхэр «къызэрыпфIридзыхым». Сэфарбий ар щIищIэр зы идеологием зыдедмыгъэхьэхын, цIыхум и хьэл-щэнымрэ и гуращэмрэ здынэсыр дымыщIэу и «нып» дыщIэмыувэн папщIэу къысщохъу. Ар щыпхузэфIэкIынури щIэныгъэ уиIэмэщ, ЩIыр куэд щIауэ къызэрекIэрэхъуэкIыр, цIыхухэм я хьэл-щэным щIагъуэу зэрызимыхъуэжыр къыбгурыIуэмэщ.
  • Сэфарбий ейуэ сызэджам тызощIыхьри, ахэр зэригъэнщIа щIэныгъэми, гушыIэми, нэр изыщI пэжми япэ сфIищу хэлъыр тхакIуэм и щхьэхуитыныгъэращ — и акъылыр зыхуэкIуар игурэ и псэрэ хуиту къеIуатэ. Зощенкэ Михаил «писатель с перепуганной душой» жыхуиIэ щытыкIэр Бейтыгъуэным пхуехьэлIэнукъым. Девгъэплъыт Сэфарбий и жыIэгъуэхэм, эссехэм, тхыгъэ кIэщIхэм щхьэхуитыныгъэу хэлъым! ГъащIэ гъуэмылэ (щIэныгъэрэ акъылу жыхуэсIэщ) зэхуэзыхьэсыфаращ апхуэдэ хуитыныгъэ зэзытыжыфынури ар зэкIунури.
  • Мы тхылъыр зыхуэгъэзар тхыдэ, филологие, философие, политикэ Iуэхухэм щыщ зи лэжьыгъэращ. Мы щIэнгъуазэм итым гугъу зригъэхьу еджэн студентхэм къахэкIмэ, Iущ, жьакIуэ хъунымкIэ къахуэщхьэпэнущ.
  • ШИРДИЙ  Маринэ.