Iэпщацэр «Чайка»-м хохьэ
2021-06-04
- Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым зыкъыщызыгъэлъагъуэ Песчанокопскэм и «Чайка» командэм илъэситIкIэ хэтыну зэгурыIуэныгъэм Iэ тридзащ «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэныкъуэ щIалэщIэ Iэпщацэ Марат.
- Ар къыщалъхуари топ джэгуным зыщыхуигъэсари Налшыкщ. И ныбжьыр илъэс пщыкIуплI щыхъум Краснодар ирагъэблагъэри, Галицкий Сергей и футбол академие цIэрыIуэм адэкIэ и зэфIэкIым щыхигъэхъуащ. Ар къиуха иужькIэ къигъэзэжри, «Спартак-Налшыкым» джэгун щыщIидзащ икIи псынщIэ дыдэу зыкъызэкъуихащ.
- Абы щыгъуэм илъэс пщыкIуий зи ныбжь Iэпщацэ Марат лъэ быдэкIэ губгъуэм къызэрихьам и щыхьэтщ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2018-2019 гъэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ди командэм и щIыхьыр ихъумэу зэIущIэ 24-рэ зэрыригъэкIуэкIар. IэщIагъэлIхэм и джэгукIэр хуабжьу ягу ирихьащ — аращ къэралым и ныбжьыщIэ гуп къыхэхам щIраджари.
- 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 4 — 14-хэм Санкт-Петербург щекIуэкIащ ФИФА-м и вице-президенту щыта Гранаткин Валентин и цIэкIэ къызэрагъэпэща XXXI дунейпсо зэхьэзэхуэ. Iэпщацэ Марат здрагъэблэгъа, гъуащхьауэ цIэрыIуэу щыта Кержаков Александр зи тренер нэхъыщхьэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхам хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуат Ираным, Аргентинэм, Армением я гуп лъэщхэр. Ди лъахэгъум абыхэм фIы дыдэу зыкъыщигъэлъэгъуащ. Уеблэмэ, Iэпщацэм дигъэкIа топым и фIыгъэкIэ Армением и командэ къыхэхар хагъэщIащ. Ебланэ дакъикъэм абы и хьэрхуэрэгъум топыр къытрихащ икIи гъуащхьэхъумэхэм яIэщIэкIри, бжыгъэр къызэIуихащ.
- Урысей Федерацэм и етIуанэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхар зыхэт гупым щытекIуахэм ящыщ зы хъури, финал ныкъуэм нэсащ. Абы къыщыпэщIэува ди къэралым и япэ гупыр къызэрыпэлъэщар зэIущIэ нэужь пенальтихэмкIэщ.
- КъищынэмыщIауэ, а махуэ дыдэхэм Iэпщацэ Марат ираджат етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым и командэ къыхэхам. Профессионал Футбол Лигэм и «Переправа» кубокыр къэхьынымкIэ зэхьэзэхуэм адыгэ щIалэщIэр ирагъэблэгъат, арщхьэкIэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ ныбжьыщIэ командэ къыхэхам щыджэгуным нэхъ пщIэ иIэу къалъытэри, и гъэсакIуэхэм ар япэ ирагъэщащ.
- Гранаткин Валентин и цIэкIэ щыIа XXXI дунейпсо зэхьэзэхуэм набдзэгубдзаплъэу хущыта къэралым и чемпион «Зенит»-м и тренерхэм Iэпщацэм и джэгукIэр хуабжьу ягу ирихьащ икIи я щIалэгъуалэ гупым дэщIыгъуу зигъэсэну Iэмал къратащ, нэгъуэщI ди лъахэгъу Жылэ Ислъам дэщIыгъуу.
- Мыгувэу зэфIэкIыну Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэми Iэпщацэ Марат щынэхъыфIахэм ящыщщ. «Спартак-Налшыкым» хэту ар зэIущIэ 26-м къыщихьащ икIи я хьэрхуэрэгъухэм топищ щахудигъэкIащ.
- Гъуащхьэхъумэныкъуэ Iэпщацэ Марат иужьрей зэманым футболым лъэбакъуэ лъэщхэр зэрыщичам шэч хэлъкъым. Ди гуапэщ иджы зыхыхьа Песчанокопскэм и «Чайка»-м хэту адэкIи и ехъулIэныгъэхэмкIэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым дыщигъэгуфIэмэ, адрей ди лъахэгъухэу Мэшыкъуэхэ Ислъамрэ Хьэчимрэ, Къалмыкъ Амур, Аппаев Хъызыр сымэ хуэдэу.
- Жыласэ Заурбэч.