Гукъыдэжыр щагуэш пшыхьт
2021-06-04
- ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал драмэ театрым Акъ Мухьэрбэч и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Шэрджэс драмэ театрым и актёрхэм щагъэлъэгъуащ «Мамэ и къуэ закъуэ» комедиер.
- «Мамэ и къуэ закъуэ» пьесэр зытха Бемырзэ Зураб псоми фIыуэ доцIыху и тхыгъэ купщIафIэхэмкIэ, гъащIэм къыщыхъу-къыщыщIэхэм гупсысэ жанкIэ зэрыпэджэж и усэхэмкIэ. Режиссёрыр лэжьыгъэфIхэмкIэ дызыгъэгушхуэ ЕмкIуж Андзорщ. АтIэ, зи гур лъэпкъым хуэгъэза цIыху зэчиифIэхэм зэдалэжьа Iуэхур щIэщыгъуэ хъуащ. Спектаклым щыджэгуахэщ Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ и артисткэ Тут Тезадэ (нанэ), Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ и артисткэ Къаргъей Заремэ (анэ — ФатIимэ Хущхъуэлъыхъуэвнэ), ДыщэкI Руслан (адэ), КIэм Ася (я пхъур), Мамыжь Азрэт (Ромэ), Хьэжы Щамил (мамэ и къуэ закъуэ), Къалмыкъ Маринэ (нысащIэр).
- ГушыIэ дахэкIэ гъащIэм и пэж къаIуэтащ. Утемызашэу, гукъыдэжым зригъэIэту, удыхьэшх пэтми, гупсысэ жылэхэр гум къыщытIэпIу узэплъщ «Мамэ и къуэ закъуэр». ГушыIэ пьесэм и мыхьэнэр уигъэдыхьэшхын къудейм нэхърэ нэхъ куущ. Ар екIуэкIыху щэхуу къыпхыхьэ гупсысэхэм уаIыгъщ. Уетхьэкъу нанэм и джэгукIэм. И лIыхъужьыр зыхэт гурыгъузхэм тыншу ухешэ. Хуиту, тегушхуауэ зэрыт утыкур и унэ хуэдэти, джэгуу хуэбгъэфащэртэкъым. Гурэ псэкIэ етауэ лIыхъужьым и дуней къигъэщIырт: унафэ ищIырт, гушыIэрт, хъуэрхэр къызыкъуипхъуэтырт, пасэрейм я псэлъафэхэр и Iупэм телът, иджырейхэми къакIэрыхуртэкъым. Мы бзылъхугъэм и деж лъэхъэнэхэр щызэлъэщIыхьэж хуэдэт!
- Мамэ и къуэ закъуэхэр куэд щохъу гъащIэм — ТIопIэхэр бэгъуащ. И пэжыпIэращи, езыр-езырурэ бэгъуакъым. Пьесэм и пэм къыщыщIедзэри, и кIэм нэсыху зы гупсысэ къуеIуэкI: лIы (бын) зыгъасэр бзылъхугъэщ.
- Унагъуэм къыхыхьа нысащIэм гугъэ кърелъхьэ ди гум. Нэрыбгэр хуабагъэ гуэрым и нэщэнэ хуэдэщ. Къахохьэри, унагъуэм ису хъуам я хьэл-щэн нэхъ гуапэхэр, зэдауэмрэ псалъэмакъ лейхэмрэ щIахъумэу щытахэр, къегъэщIэрэщIэж. Ауанымрэ дыхьэшхэнымрэ кIащхъэ мэхъури, унагъуэхэм дащIогупсыс. Хьэуэ, мо утыкум ит унагъуэракъым, атIэ ар зытращIыкIыжа нэгъуэщI унагъуэ куэдырщ.
- Пьесэр къэзыгъэщIа драматургым и псалъэ гъэджэгукIэр лъэщщ. ЗэщIэжьыуэрэ укъагъэуIэбжьу къэIу къудей мыхъуу, мыхьэнэкIи жанщ. «Зызэхэзымыхыж зэщхьэгъусэхэр я гъунэгъухэм зэхахыу хуожьэ» яжреIэ нанэм унагъуэ зыухуахэр щиущийкIэ.
- «Ей, си дыщэ хъурейхэ, сынывоплъри, си гур мэгуфIэ», — яжреIэ нанэм ныбжьыщIэхэм, адэкIэ абыхэм я гъащIэр дахэ зэрыхъунур къыдигъащIэу. Нэхъыжьым унагъуэ зыухуагъащIэхэм яжриIэ ущие псалъэхэр акъыл зыхэлъщ: «Фи зэхуаку хабзэншагъэ мафIэ дэвмыщIыхь, абы уигъэхуабэркъым, яжьэу ухисхьэж мыхъумэ!»
- Театреплъхэм ягу дыхьащ спектаклыр. Режиссёрыр къыщалъхуа махуэу техуат ар щагъэлъэгъуа пщыхьэщхьэр. Театреплъхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ, режиссёрым ехъуэхъуащ Къэрэшей-Шэрджэс драмэ театрым и унафэщI Акъ Динэ. Езым я театрым къыбгъэдэкIыу торт гъэщIэрэщIа къритащ ЕмкIуж Андзор, сценэм и теплъэм щIалэм и лэжьыгъэхэм я цIэхэр тетхауэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал драмэ театрым и режиссёр нэхъыщхьэ Шыбзыхъуэ Басир театрыр зыгъэувахэм, актёрхэм ехъуэхъуащ, театритIыр зэрыщIэну, зэкIэлъыкIуэну зэригуапэр къыхигъэщу.
- — Мы щIалэр ди деж накIуэри, нобэ фэдгъэлъэгъуа пьесэр игъэуващ. Абы щыIэху и гукъыдэжыр зэрыхуэтIэтыным и ужь диту дызэдэлэжьащ. Иджы нобэ режиссёр щIалэр къыщалъхуа махуэщи, дыкъакIуэу дызэрыджэгуар дэри ди гуапэщ, езым и дежкIи саугъэт лъапIэу си гугъэщ. Сыту жыпIэмэ, езым и гумрэ и псэмрэ зыхэлъ лэжьыгъэщ фи пащхьэ къитлъхьар, — жиIащ Тут Тезадэ.
- Гугъуэт Заремэ,
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.