ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ислъамым и нур

2021-05-29

  • Уаз
  • ХьэжыщIым ехьэлIа Iуэхугъуэхэр
  • Мазэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщу къалъытэ, хьэж щащI мазэр къызэрыблэгъам ипкъ иткIэ, абы ехьэлIа Iуэхугъуэхэр иджыри зэ фигу къэдгъэкIыжынщ, ар къызыхуэтыншэу гъэзэщIа хъун папщIэ.

  • Хэт хьэж зыщIыну къызытехуэр?
  • И гъащIэм къриубыдэу зэ нэхъ мыхъуми хьэж ищIыну и къалэнщ:
  1. Муслъымэным;
  2. Балигъым;
  3. АкъылкIэ узыншэм;
  4. Зи гъуэгуанэр шынагъуэншэу щытым;
  5. Мылъку зиIэм.
  • Хьэж зыщIынум мылъку бгъэдэлъу, ауэ а къалэныр зэригъэзэщIэн Iэмал имыIэу, псалъэм и хьэтыркIэ, ныкъуэдыкъуэу, сымаджэу, е жьы хъуарэ хузэфIэмыкIыжмэ, ахъшэ ириту езым и пIэкIэ нэгъуэщI гуэрым хьэж иригъэщI хъунущ, ауэ щыхъукIи, хьэж зригъэщIыну цIыхум нэхъ пасэу хьэж ищIауэ щытын хуейщ.
  • Бзылъхугъэр и закъуэу хьэжыщI кIуэ хъунукъым, атIэ абы щIыгъун хуейщ мэхьрэм. МэхьрэмкIэ дызэджэр Алыхьым игъэхьэлэлауэ цIыхубзым гъусэ ищI хъунухэращ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, и щхьэгъусэр, и къуэр, и адэр, и анэкъилъху дэлъху хуэдэхэращ. Ауэ апхуэдэ имыгъусэмэ, цIыхубз гупым яхэту ежьэми хъунущ.
  • Хьэжыр къабыл хъун папщIэ.
  • Хьэжыр къабыл хъун папщIэ цIыхум мы къалэнхэр игъэзэщIапхъэщ:
  1. Ихьрам фащэр щыщыптIагъэм и деж нет тыныр;
  2. Зуль-хьиджэ мазэм и ебгъуанэ махуэм Хьэрэфат щIыпIэм щыIэныр;
  3. Чэбэм и хъуреягъыр къэкIухьыныр;
  4. Ас-Сафэ Iуащхьэмрэ Марвэ Iуащхьэмрэ я зэхуакум къыщыкIухьыныр;
  5. Щхьэцыр е упсын, е щIэщэн (щхьэц налъищ нэхъ мыхъуми техыпхъэщ);
  6. Хьэжым ехьэлIа Iуэхугъуэхэр зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу гъэзэщIэныр.
  • КъищынэмыщIауэ, хьэжым ехьэлIауэ «уаджиб» щыIэщ. «Уаджиб» жиIэмэ, и мыхьэнэр «къалэн» жиIэу аращ. Уаджибыр гъэзэщIапхъэщ, ауэ абы щыщу языхэзыр ямыгъэзэщIа щхьэкIэ хьэжыр къутэркъым, ауэ а благъэкIа уаджибхэр къазэрыхуэгъун мылъку щхьэщатыкIын хуейщ (хьэж щащI зэманым къриубыдэу).
  • Зуль-хьиджэ мазэм и ебланэ махуэм «Аль-Хьэрам» мэжджытым уаз щат, хьэжым ехьэлIа Iуэхугъуэ псори щызэпкърах. Еянэ махуэм, зрикъун псы къыздащтэри, Хьэрэфат Iуащхьэм макIуэ (а Iуащхьэр километр 25-кIэ Мэчэм пэжыжьэщ). ХьэжыщI кIуахэр еянэ жэщым щегъэжьауэ ебгъуанэ пщIондэ Минэ Iуащхьэм щыIэщ. Ебгъуанэ махуэм Хьэрэфат Iуащхьэм къалэныр щагъэзащIэ. Зуль-хьиджэ мазэм и епщIанэ   махуэм пщэдджыжьым жьыуэ нэмэзыр ящIа нэужь, Минэм ягъэзэжри, абдежми къалэным щыпащэ, мывэ цIыкIуиблыр ядз. АдэкIэ зуль-хьиджэ мазэм и епщIанэ махуэр муслъымэн псоми ди зэхуэдэ Къурмэн махуэ лъапIэращи, абдежым къурмэныр щаукI.
  • Мэжджыт цIэрыIуэхэр
  • Илъэс 590-рэ зи ныбжь
  • Индием и Мумбаи къалэм 1431 гъэм мэжджытышхуэ дищIыхьауэ щытащ сату Iуэхум хэт лIы къулей Хьэджи Алий.
  • Хьэджи Алий хьэж ищIыну мурад щищIым, мылъкуу зэхуихьэсар сэдэкъэуэ итат. Ауэ, къызэраIуэтэжымкIэ, ар хьэж щащI Мэчэм нэмысу и псэр хэкIащ. А псэ къабзэр щыщIалъхьащ езым и мылъкукIэ иригъэщIа мэжджытышхуэм пэгъунэгъуу икIи мэжджытым фIащыжащ Iиман щыпкъэ зыбгъэдэлъа Хьэджи Алий и цIэр.
  • Мэжджытышхуэр ноби мэлажьэ. Абы и теплъэр апхуэдизкIэ дахэщи, ар зрагъэлъагъун къудей щхьэкIэ турист куэд макIуэ а щIыпIэм.
  • Хьэдисхэр
  • * * *
  • «Пхъухэм яхуэгумащIэ, абыхэм яхуэтэмакъкIыхь адэхэр Алыхьым фIыуэ зэрилъагъум шэч лъэпкъ хэлъкъым».
  • * * *
  • «ДунеягъэкIи ахърэткIи ехъулIащ мыпхуэдэу щытхэр: гурэ псэкIэ Алыхьым хуэарэзыхэр; Алыхьыр зи бзэгупэм темыкI цIыхухэр; уз ягъэвымкIэ шыIэныгъэ зыхэлъхэр; IэпкълъэпкъкIи мылъкукIи зилI къэзымыгъапцIэ бзылъхугъэхэр».
  • * * *
  • «Жэнэтыр фи анэхэм я лъэгум щIэлъщ».
  • * * *
  • «Адэ-анэхэр щывгъэгуфIэкIэ, Алыхьыр мэгуфIэ. Ахэр щывгъэгубжькIэ, Тхьэр мэгубжь».
  • * * *
  • «Зызыгъэпагэхэм, адрей цIыхухэм ефIэкIыу зыкъэзылъытэжхэм къащIихьэнукъым жэнэтым и мэр».
  • * * *
  • «ЗэфIэнахэр зэзыгъэкIужым и псапэр Тхьэм хуегъэбагъуэ».
  • * *  *
  • «Мылъку зиIэ цIыхуракъым къулейр, атIэ, псэкIэ къулейращ».
  • *  *  *
  • «Алыхьым игъэхьэрэмахэм пэIэщIэ зыпщIыныр уэркIэ нэхъ тыншщ, жыхьэнмэ мафIэм зыщыпхъумэным нэхърэ».
  • Быным  иракъутыхьа  анэгур
  • Илъэс 28-м иту зи щхьэгъусэр зыфIэкIуэда бзылъхугъэм щIалиплI къыхуэнат. Быным я нэхъыжьыр илъэс 11-м иту арат.
  • ДэкIуэжын Iуэху зэримыхуэу фызабэм, и ныбэмрэ и фэмрэ игъэныкъуэурэ, быниплIыр зэщIипIащ, дэтхэнэ зыми щIэныгъэ нэхъыщхьэ яригъэгъуэтащ, псори унагъуэу игъэтIысыжащ. Ауэ щыхъукIи, анэ гумащIэр еш имыщIэу ятелажьэрт зыхуей хуэза быным. АрщхьэкIэ, апхуэдиз гугъуехьыр зэуэ къыщIы-хьэжри, анэр сымаджэ хъуащ, и Iэ-и лъэхэр къыдэмыбзыж хъуащ. Нысэхэми я гуапэтэкъым гуащэ Iэрызехьэ къазэрыхуэнар. Хуэмурэ наIуэ къэхъуащ щIалэхэми анэр къазэрытехьэлъэр. Зэкъуэшхэм чэзу защIауэ анэр зэрахьэрт.
  • Зы махуэ гуэрым щIалэ нэхъыщIэр и унагъуэр игъусэу и ныбжьэгъухэм ирагъэблэгъат. АрщхьэкIэ, а махуэм абы и чэзут и анэм кIэлъыплъыну. Апхуэдэу щыхъум, и къуэ-шым телефонкIэ зыпищIэри, ар елъэIуащ и анэм езым и пIэкIэ кIэлъыплъыну, ауэ и къуэшым къыхуидакъым, «сэ Iуэху сиIэщ» жери. ЩIалэ нэхъыщIэр губжьщ, и къуэшыр псалъэу къигъанэри, телефоныр тридзэжащ, «ди анэр хуэсшэмэ, сыт ищIэжын» жиIэри, и къуэшым и деж ишащ анэр. АрщхьэкIэ, абыхэм бжэр къыхуIуахакъым. Апхуэдэу щыхъум, анэр бжэIупэм деж щигъэтIысри, жиIащ: «Ди анэр мыбдежым къыщызонэ, бжэр Iуфхынуми Iувмыхынуми фэ фыхуитыжщ», — жиIэри, щIалэр епIэщIэкIыу хьэщIапIэ кIуащ. Бжэри зыми къыIуахакъым.
  • А псори зэхэзыха анэм быным щхьэкIэ игъэва гугъуехь псори зэуэ и нэгум къыщIыхьэжащ.
  • Быным иракъутыхьа анэгур абдеж къыщыувыIащ…
  • ГуащIэщ дыкъэзылъхуам я хьэкъыр
  • Жэщ-махуэ имыIэу Алыхьым дыхуэпщылIми, Тхьэр арэзы къытхуэхъунукъым, ди адэ-анэр къытхуэмыарэзымэ. Абыхэм сыт хуэдэ хьэл-щэн яхэмылъми, абы емылъытауэ, щабэу дабгъэдэтыпхъэщ.
  • Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ущрихьэлIэ къохъу быныр адэ-анэм яхуэмыарэзыуэ. Уеблэмэ, дыкъэзылъхуахэм нэмэз ящIу щытакъыми, и кхъаблэм сыщIэувэнукъым жызыIэхэми уарохьэлIэ. Ар ислъам диным щыщкъым. Ислъам диным дыкъыхуреджэ адэ-анэм сыт хуэ-дэ хьэл-щэн яхэмылъми, щабэу дабгъэдэтын хуейуэ. Аращи, диным щымыщ хэзылъхьэхэм уедаIуэмэ, щIэх дыдэу уагъэунэхъунущ, игъащIэкIэ пхуэмыпшыныжын гуэныхь къуагъэхьынущ. А псори къызыхэкIыр щIэныгъэншэми, зызыгъэIэзэхэр куэд зэрыхъуарщ. Къемэт махуэр къызэрыблагъэм и нэщэнэхэм ящыщ зыщ апхуэдэ щытыкIэр. Насып диIэмэ, дызэдэIуапхъэхэри зызыщыддзеипхъэхэри тщIэнщ, армыхъумэ, щIэх дыдэ Алыхьым и гъуэгум дытрашыфынущ.
  • ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, адэ-анэм я хьэкъыр гуащIэщ. КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ адэ-анэм ятеухуауэ Iэят куэд. Абыхэм ящыщщ мыхэр: «Алыхьым щхьэщэ хуэфщI. Адэ-анэм щабэу фахущыт». «Дэ цIыхум къалэн ящытщIащ адэ-анэм хьэлэлу ябгъэдэтыныр». «Сэ фIыщIэ къысхуэщI. Уи адэ-анэм фIыщIэ яхуэщI». «Тхьэм и нейр щыхуащ адэ-анэр зыхуэмыарэзыхэм. Алыхьым и нэфIыр щыхуащ адэ-анэр арэзы зыщIхэм».
  • НэгъуэщI Iэят куэдми хьэдисхэми щыгъуазэ дащI адэ-анэм я хьэкъыр зымыгъэзащIэхэм къапэщылъ гузэвэгъуэм. Тхьэм и нэ-фIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым жиIащ: «Жэщ-махуэ имыIэу нэмэз фщIыми, илъэс псокIэ Тхьэм папщIэ фынэщIми, абыхэм ящыщу зыри къабыл хъунукъым, фи адэ-анэр къыфхуэмыарэзымэ».
  • БлэкIа зы дакъикъэми къытхуегъэгъэзэжыну-къым. Адэ-анэхэр псэухукIэ щабэу дахущывгъэт, иужь-кIэ дыхущIемыгъуэжын хуэдэу.
  • И щхьэр хихыжакIэ зэфIэкIакъым
  • Алыхьым ХьэзрэIил мелыIычым (псэхэхым) Iэмыр хуищIат зы къуажэ гуэрым дыхьэу, абы щыпсэу псоми я псэхэр хихыну. МелыIычыр къуажэм щыдыхьэм, илъэгъуащ а жылэм пщIэи нэмыси зэрыдэмылъыр.
  • ЦIыхухъухэри цIыхубзхэри зэхуэдэу фадэ ефэрт, псалъэ фIей къажьэдэкIырт, Алыхьым игъэхьэрэма Iуэхугъуэхэр ялэжьырт. Зым адрейм лей ирихыу, ерыскъыр Iисраф ящIу, щIэблэр езыхэм хуэдэу ягъасэу апхуэдэт.
  • А къуажэм зы унэ къыхэгъэщхьэхукIауэ дэтт. Псэхэхыр абы щыщIыхьэм илъэгъуащ нэмэз зыщIу щыс лIыжьыр. Абы игъащIэм зы нэмэз уахъты зэрыблимыгъэкIар наIуэт, нэмэзлыкъ лэжьахэр куэ- ду и блынджабэм фIэлът. Ар щилъагъум, ХьэзрэIил мелыIычым Алыхьым зыхуигъазэри, жиIащ: «Уа, дэ ди Тхьэу, Тхьэшхуэ! Зыми щымыгугъыу, псори дызыщыгугъ, зыми емылъэIуу, псори дызэлъэIу, зыми дымылъагъуу, псори зылъагъу! Уэ умыщIэ щэху щыIэкъым. Дин щIэныгъэ зыбгъэдэлъ мы лIыжь закъуэ Уэ пхуэпщылIым есщIэнур сыт?».
  • Алыхьым жэуап къитащ: «Псом япэу зи псэ хэпхынур аращ. Сэ абы сыхуэупсат щIэныгъэкIи акъылкIи. Ар хуеямэ, мы жылэм дэс цIыху щхьэ-рыуа къомыр гъуэгу захуэм тришэфынут. Ауэ и щхьэ закъуэм фIэкIа зыри къыфIэIуэхуакъым. Абы ипкъ иткIэ, си тезырыр тызолъхьэ».
  • УпщIэ –жэуап
  • Муслъымэным пцIы иупсынкIэ хъуну?
  • ЗыгуэркIэ щымыуэ зыри дунейм дытеткъым,   ауэ Iиман зыбгъэдэлъ цIыхум сыт хуэдэ щыуагъэ къыIэщIэщIэми, пцIы IэщIэкIын хуейкъым.
  • ПцIыр хьэл Iейуэ щыIэм ящхьэщ. Абы теухуауэ мыпхуэдэ хьэдис щыIэщ: «Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэм къеупщIахэт: «Уа, ЛIыкIэ лъапIэ! Муслъымэныр шынэкъэрабгъэу щытынкIэ хъуну?» «Хъунущ». «Муслъымэныр нэпсейуэ щытынкIэ хъуну?» «Хъунущ». «Муслъымэным пцIы иусынкIэ хъуну?» «Хьэуэ!»
  • Аращи, сыт хуэдэ мыхъумыщIагъэ муслъымэным и хьэлым хэмылъами, пцIыр псом ящхьэ къокIуэ. Зыщыдвгъэдзей а хьэл Iейм.
  • Гузэвэгъуэм и хущхъуэгъуэр
  • Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэм жиIауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «Гузэвэгъуэм и хущхъуэгъуэр фэзгъэщIэну фыхуей?»
  • «Дыхуейщ, ЛIыкIуэ лъапIэ, дэгъащIэ», — жэуап ятащ цIыхухэм.
  • Бегъымбарым абыхэм яжриIащ: «ЛаIилахьэилла Iэнтэ, субхьанэкэ Iинни кунту минэ залимин» ду-     хьэр къэвбжи, фылъаIуэ. Муслъымэн псоми фахуэлъаIуэ. А духьэр къыщывбжым деж мелыIычхэр къыфщхьэщытщ «Iэмин! Алыхьым и нэфIыр къыпщыхуэ», — жаIэри.
  • Алыхьым фIэфIщ дыщелъэIум деж
  • Духьэм («духьэ» жиIэмэ, «лъэIу» жиIэу аращ) къыпэкIуэ фIыгъуэр дэтхэнэ зыми дгъуэтыжынущ.
  • Алыхьым фIэфIщ лъэIукIэ зыщыхуэдгъазэм деж. Ауэ лъэIур Тхьэм къытхуигъэува мардэм тетын хуейщ:
  1. Алыхь закъуэм фIэкIа нэгъуэщI дэIэпыкъуэгъу зэрыщымыIэмкIэ Iиман щыпкъэ уиIэущ узэрылъэIуэн хуейр. ИтIанэ, япэу Тхьэм фIыщIэ хуэпщIу, иужькIэ Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа Мухьэмэд бегъымбарым щхьэкIэ лъэIуэн хуейщ. ИтIанэщ дэ дызыхуеймкIэ дыщылъэIуэнур.
  • Хьэдисым къыщыкIуащ: «Зы лIы гуэр нэмэз ищIын иухри, Тхьэм фIыщIэ хуимыщIу, Бегъымбарым щхьэ-кIи мылъаIуэу, езыр зыхуейхэмкIэ елъэIури, къэтэджыжащ. Ар щилъагъум, Тхьэм и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэм жиIащ: «ТIэкIу епэщIэкIащ ар». «Фэ фщыщу Тхьэм лъэIукIэ зыхуэзыгъэзэну хуейм, япэщIыкIэ Алыхьым фIыщIэ хуэфщI, итIанэ бегъымбарым щхьэкIэ фылъаIуэ, итIанэщ фэ фызыхуеймкIэ фыщелъэIунур».
  1. Андез къэщтапхъэщ.
  2. Iуэхугъуэшхуэ гуэркIэ уелъэIунумэ, зыбгъэпскIын хуейщ.
  • Уи Iэгухэр шияуэ улъэIуэн хуейщ, итIанэ бэрычэтыр къызэрыхьа уи Iэгухэр уи нэкIум щыпхуэжын хуейщ.
  1. УщылъаIуэм деж къэблэмкIэ зыбгъазэмэ нэхъыфIщ.
  2. Iэдэбу лъэIуэн хуейщ, уи гъусэу унэм щIэсхэм жыпIэр зэхамыхыу.
  3. ЛъэIуэн буха нэужь, аргуэру Алыхьым фIыщIэ хуэпщIу Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа бегъымбарым щэлэуат къыхуэпхьын хуейщ.
  • Мис а мардэхэм дытетущ Алыхьым дызэрелъэIун хуейр. Абы къыпэкIуэну фIыгъуэм Тхьэм зыри дыхимын!
  • Диным  щымыщ  хэзылъхьэхэр
  • КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ диным щымыщ хэзылъхьэхэми хэлъыр хэзыххэми (ар зымащIэ дыдэ фIэкIа мыхъуми) Къемэт махуэм абыкIэ жэуап зэрахьынур.
  • Ислъам диным хэзыщIыкIыр а и щIэныгъэмкIэ адрейхэм ядэгуэшэн хуейщ. Ауэ абы хэзымыщIыкIым апхуэдэ къалэн и пщэ дилъхьэж хъунукъым. Сыту жыпIэмэ, абы нэхърэ нэхъ жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэхугъуэ зыри щыIэкъым. Нобэ дэ длэжь Iуэхугъуэхэращ пщэдейрей ди ахърэтым щыдиIэну увыпIэр зэлъытар. Аращи, псом япэ дызэдэIуапхъэри зызыщыддзеипхъэри зэхэдгъэкIыфу дыщытын хуейщ.
  • Нобэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, цIыху куэд урохьэлIэ муслъымэныгъэр фIыщэу зэралъагъум, абы зэрыхуэнэхъуеиншэм ипкъ иткIэ, диным щымыщ гуэрхэр халъхьэу. Мыдрей абы дэплъеяхэм абы жиIэ псори пэж яфIэщIрэ, абы хиша лъагъуэм техьэу. Ар икъукIэ зыхуэсакъыпхъэ Iуэхугъуэщ.
  • Ислъам диным илъэс зыбжанэкIэ хуеджа дин щIэныгъэлIхэм Алыхьым щымышынэу жаIэфыркъым «щIэныгъэ нэс збгъэдэлъщ» жаIэу. Сыту жыпIэмэ, зи щIэныгъэр нэхъ куум къыгуроIуэ дин щIэныгъэм гъунапкъэ зэримыIэр. Аращи, нэмэз пщIы къудейкIэ, е КъурIэн уеджэфу зебгъэса къудейкIэ, дин щIэныгъэ ббгъэдэлъу зыббжыж хъунукъым. Ислъам диным цIыхубэр къыхуебджэн щхьэкIэ, ислъам диным ухуеджауэ щытын хуейщ. Армыхъуамэ, уэри уунэхъунущ, цIыхури гъуэгу нэпцIым тепшэнкIэ хъунущ.
  • Аращи, дин щIэныгъэ ббгъэдэмылъмэ, цIыхур умыгъэщхьэрыуэ. Дин щIэныгъэ уиIэмэ, уи щIэныгъэмкIэ адрейхэм Iэмал имыIэу ядэгуашэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Алыхьым къалэн тщищIащи.