ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-05-29

  • Псалъэжьхэр
  • Дахагъэм гур егъэгушхуэ
  •  Жьыр здепщэмкIэ зегъазэ.
  •  Жьыр щхьэукъуэрейщи, щIалэр джэгурейщ.
  •  ЗэрымыщIэу щIалищ егъэудж.
  •  ЗызыгъэщIалэ лIыжьыр щIэнэкIалъэщ.
  •  АдакъэщIэрэ хущIэ пIастэрэ.
  •  Бгым джэдыкIэкIэ еуэ.
  •  Бжьыхьэ бадзэ дзэкъэрейщ.

  •  Гум къэмыкI лажьэ къыпщыщIыркъым.
  •  Дахагъэм гур егъэгушхуэ.
  •  Джэлэрей и натIэ быдэ мэхъу.
  •  Джэд жыпIэми, зы джэдыкIэщ.
  •  Хъыбар щIэупщIэ хъыбар ещIэ.
  •  ЦIыхугъэ зиIэм жагъуэгъуи иIэщ.
  •  Шэм нэхърэ бзэр нэхъ жэрщ.
  •  ШыгъупIастэм хьэтыр иIэщ.
  •  Iущ и акъыл и гъуэмылэщ.
  •  Унагъуэ умыхъуу къуажэ ухъунукъым.
  •  Мывэ дзыкIэ зымыщIэм и щхьэ къохуэж.
  •  
  • Дыщалъхуа щIыналъэм
  • Дунейр гъэмахуэхуэплъэ хъуащ.

  •  
  • ЖыIэгъуэхэр
  • Щхьэматэм акъыл изагъэркъым
  • Хэти и кIэр паупщI, хэти и кIэм толъэщIыхь.
  • Чы щIыкIэ къимыгъэшар, бжэгъу хъури, и джыдэр къикъутащ.
  • Шэ цIыварэ гу шынарэ зэрыгъуэтыгъуафIэщ.
  • Шхэгъуэм жьантIакIуэр лэжьэгъуэм щхьэгъэрытщ.
  • Шы дахэ мыжэ нэхърэ — шыд.
  • Шы гъэсам уанэ телъхьи, цIыху сэхъуам аркъэн едз.
  • Шыр лIыхъужьым и ныбжьэгъущ, лIым и лIыгъэр и Iэжьэгъущ.
  • Щэм ящIа унафэр зы унафэщIым екъутэжыф.
  • Щхьэхуещэ здэщыIэм хьэ щэхурыпхъуи щыIэщ.
  • Щхьэматэм акъыл изагъэркъым.
  • Щхьэщытхъум щытхъур кIэропщIэ.
  • КIэрэф Хьэсэнбий.
  • Зи мыIуэху зезыхуэр емынэм зэрехуэ
  • ФIы къыпхуэзыщIар пщыгъупщэжмэ, фIы зыхуэпщIари здегъэхь.
  • ХэIэтыкIа нагъыщэм нэхърэ, упщIэ нагъыщэр нэхъыбэрэ къэгъэсэбэпыпхъэщ.
  • Зэран хъу и гугъэурэ сэбэп хъуам нэхъей.
  • ФIыр щыхуалэм Iейр щогъагъэ.
  • ЖиIам яхутемычыр цIыху IуэнтIащ, темытыжыфыр хьэлыншэщ.
  • Зэрыщымыту зыкъыпщызыгъэхъур зэрыщытым тоукIытыхьыж.
  • Зи мыIуэху зезыхуэр емынэм зэрехуэ.
  • Сабиймэ, зэхихыр жеIэж, балигъмэ, щIигъуурэ егъэIу.
  • Щхьэщытхъурэ кIыгуугурэ зэхуэдэщ.
  • Щхьэщытхъум и щхьэм шэч хуищIыжыркъым.
  • Бейтыгъуэн Сэфарбий.
  • Къуажэхьхэр
  • Хым и  щыгур зи зекIуапIэ
  • ГъущIыдзэ зи бэ,
  • Вагъэр зыгъэщабэ.
  •  
  • Хым и Iуфэр зи хэщIапIэ,
  • Хым и щыгур зи зекIуапIэ.
  •  
  • Хьэуам хэту къэзыкIухь,
  • ЩIылъэм тету къэзыжыхь.
  •  
  • Iунэ закъуэм зэриIулI,
  • ЗэIулIауэ сэ жанитI.
  • Ар щIэрыпсу къащэхуащ, ГъуанэпщIанэу къыщIэкIащ.
  •  
  • ЖЭУАПХЭР:
  •  Къитхъ. Кхъухь. Кхъухьлъатэ. Лэныстэ. Кхъузанэ.
  • Зэхэзылъхьар Щоджэн Леонидщ.
  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • КIэртIофыщIэ кхъуейжьапхъэ лъэ кIыхь
  • КIэртIоф укъэбзар шыгъу хадзэри, ягъавэ, псыр щIагъэжри, зэрыпщтыру яуб, абы бжьыныщхьэ гъэлыбжьа халъхьэ, шатэ хакIэри, мафIэм трагъэувэ. ЗэIащIэурэ зэ къытрагъэкъуалъэ, итIанэ джэдыкIэ цIынэ уда халъхьэри, зэрызэIащIэм хуэдэурэ, дакъикъи     10-15-кIэ къагъавэ. Абы иужькIэ кхъуей цIынэ упщIэта, шыгъу халъхьэ. МафIэ мыиным тету зэIащIэурэ дакъикъи 5 — 6-кIэ къагъавэ.
  • Хьэзыр хъуа кхъуейжьапхъэм джэдгын хаудэ, шыуаныщхьэр трапIэжри, пэшхьэкубгъум трагъэувэ дакъикъитху-хыкIэ, мэ дахэ къыхихын щхьэкIэ. Кхъуейжьапхъэр гъуэжьыфэу, тхъу къыщIидзауэ, зэпышу щытын хуейщ. Пщтыру яшх, пIастэ, чыржын, щIакхъуэ и гъусэу.
  • Халъхьэхэр (цIыхуищ Iыхьэ): кIэртIоф укъэбзауэ — г 400, шатэу — г 400, кхъуей цIынэу — г 50, джэдыкIэу — 1, тхъууэ — г 30, бжьын укъэбзауэ — г 20, шыбжий сыр хьэжауэ, шыгъуу, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
  • Мырамысэ, кхъуей хэлъ
  • Шэ щIэмыху шыуанкIэ хьэкум трагъэувэри, къагъэкъуалъэ, абы тхъуцIынэ халъхьэ, нартыху хьэжыгъэ хаудэри, хьэзыр хъуху бэлагъкIэ зэIащIэурэ ягъажьэ, мафIэр ирашэхри, мырамысэм кхъуей быдэ хагъэщащэ, зэIащIэурэ тхъуцIынэ халъхьэри, зы дакъикъэ хуэдизкIэ ягъэжьэж.
  • Хьэзыр хъуа мырамысэр шыуаным къыкIэрощэт. Iэнэм тепщэч куукIэ трагъэувэ, шатэ, шху дашх.
  • Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): шэуэ — г 500, тхъуцIынэу — г 50, нартыху хьэжыгъэу — г 100, кхъуей быдэу — г 50.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр»
  •  тхылъым къитхыжащ.
  •  
  •  ГъащIэм щыщ теплъэгъуэхэр
  • Зыри пхуэсщIэфынукъым
  • ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, журналистхэм яхэтащ колхозхэм, совхозхэм кIуэурэ тIэкIу яфIефэн-яфIешхэн, якIэрышхыхьын зимыжагъуэхэр. Зы гъэ корреспондентитI зэщIыгъуу кIуат Бахъсэн щIыналъэм хиубыдэ колхоз гуэрым. Ятхынур зэфIэкIа нэужь, колхоз тхьэмадэм къыгурыIуащ щIалэжьитIым шэджагъуашхэ ящIмэ, зэрамыжагъуэр. Езым хущIыхьэртэкъыми, и шофёрыр къриджэри жриIащ:
  • — Ди хьэщIэхэр шхапIэм шэи, тIэкIу егъэдзакъэ. Сэ отчётым иужь ситынущ, сыхущIыхьэркъым.
  •  Шофёрым ахъшэ иритри, зэбгъэдэкIыжащ. Абы щIалитIыр и машинэм иригъэтIысхьэщ, шхапIэм ишэри, Iэнэ хъарзынэ къахузэригъэпэщащ, зы аркъэ абджи къахуищтащ. Iэнэр яухъуэнщIауэ, къэтэджыжын гъунэгъу щыхъум, корреспондентитIым я зым жеIэ:
  • — Уэрей, зызмыгъэнщIа, Iэнэм телъам хуэдизыбзэ иджыри схуэшхынум. Фадэм Iейуэ си шхэныгур къегъэхъей.
  • Шофёрыр тIасхъэ цIыкIуу къыщIэкIынтэкъыми, абы пидзыжащ:
  • — Зыри пхуэсщIэфынукъым, председателым къызита ахъшэм къыщIэкIымкIэ фызгъэхьэщIащ.
  • ЩIэщхъу
  •  Зы гъэ, гъэмахуэку мазэу, ди лэжьапIэм и автобусымкIэ гъуэгуанэ дытеуват Каспий тенджызым и Iуфэм махуэ зытIущкIэ дыщыIэн мурадкIэ. ЦIыху 15 хуэдиз дыхъурт зэлэжьэгъухэр. ДыздэкIуэм къуажэ, къалэ дызыблэжхэм дыкъыщыувыIэурэ псы къэтщэхурт, цIыхухъухэм IэфIыкIэ, морожнэ бзылъхугъэхэм щхьэкIэ къащтэрт. ЗылI дигъусэт Мурадин (и цIэр зэсхъуэкIащ) жари. Хуабжьу къузгъунт. «Мурадин, ди хъыджэбзхэм морожнэ зырыз къахуэпщэхумэ хъуркъэ», — жаIэу къраIуэкI щхьэкIэ, дыхьэшх нэпцI зищIырти, жэуап яритыжыртэкъым. Автобус кIуэцIым тIэкIу дыщедзакъэми къытхыхьэртэкъым. Езым иIыгъ гъуэмылэм къыпишхыкIырт хуэм цIыкIуурэ. Дагъыстэн щIыналъэм дихьауэ, зы къуажэ гуэрым деж дыкъыщоувыIэ. Ди гъусэ жьэнахуэхэм ящыщ зы мо лIым щохьэпэ:
  • — Мурадин, ди хъыджэбзхэм хъарбыз яшхыну хуейщ. Зы къахуэпщэхумэ хъуркъэ.
  • Мор укIыта, сытми, хъыджэбзитI зыщIегъури, хъарбыз зыщэм бгъэдохьэ:
  • — Дапщэ и уасэр?
  • — КIэпIейкIэ 70, — урысыбзэкIэ жэуап къретыж.
  • — Зы къызэт-тIэ.
  • ЦIыхубзым хъарбызыр тэрэзэм трелъхьэ, ешэч, апщIондэху Мурадиным и жыпым сом кърехри, еший:
  • — Мыбы сомищрэ ныкъуэрэ хуозэ, — жеIэ хъарбызыр зыщэм.
  • — Сыт щхьэкIэ? — къоуIэбжь Мурадину плъагъур, — кIэпIейкIэ 70 жыпIати?
  • — Ар килограммым хуэзэу аращ. Мыр килограммитху мэхъу.
  • Сыт ищIэжынт Мурадин, и лэжьэгъу цIыхубзитIыр къыбгъурытт, и гум къыщIитхъыпэурэ сомитху зэгуэт и жыпым кърихри, хъарбызыр къищэхуащ.
  • Саут СулътIан.
  • ГушыIэхэр
  • Мыбы зэ  укъекIуэлIэжынкъэ?
  • Хъуэжэ и щIыхуэ зытелъ хэгъэрей гуэрым, зыкъыщигъэпщкIуурэ, щIыхуэр къритыжыртэкъым. ЩIы-
  • хуэр къыIихыжыну кIэлъыкIуэху, хэгъэрейм зыкъримыгъэгъуэтурэ, Хъуэжэ и щхьэр иригъэужэгъуат. Щымыхъум, Хъуэжэ кIуэри, кхъэм дэтIысхьащ.
  • — Дауэрэ зыкъысщумыгъэпщкIуми, мыбы зэ укъе-
  • кIуэлIэжынкъэ? — жиIэри.
  •  
  • ПыIэм и уасэр
  • Хъуэжэ пыIэщIэ щхьэрыгъыу бэзэрым техьат. И пыIэр къыщищэхум ахъшэу щIитар къащIэн папщIэ, абы къыхуэзэхэр къеупщIырт:
  • — Уи пыIэр сыт къызэрыпщэхуар?
  • — Уи пыIэр сыт хуэдизкIэ ебгъэщIа?
  • — Уи пыIэм сыт и уасэ?
  • Хъуэжэ зыри жимыIэурэ, бэзэрыкум нэс кIуащ, икIэм цIыхур нэхъ щыIув щIыпIэм къыщыувыIэщ, и шыпэхужьым и уанэгум къиувэри, бэзэрым тетхэм къахэкIиящ:
  • — Уа, бэзэракIуэ лъапIэхэ, зыщывмыгъэгъупщэ, си пыIэр ахъшэкIэ къэсщэхуащ, си пыIэм и уасэр сом фIыцIитхущ, ауэ сэ щIэстащ зы тумэн! — жиIэри.
  •  КъардэнгъущI  Зырамыку.
  •  
  • Сабийхэм папщIэ
  • Хьэщыкъуей Олег
  • Си ныбжьэгъу нэхъыфIыр
  • Си ныбжьэгъу нэхъыфIыр —
  • Ар сэ си гъунэгъущ.
  • Си ныбжьэгъу нэхъыфIыр —
  • Ар сэ си партэгъущ.
  • Си ныбжьэгъу нэхъыфIым
  • ПцIы иупскъым зэи.
  • Си ныбжьэгъу нэхъыфIым
  • Къищтэркъым имеи.
  • Си ныбжьэгъу нэхъыфIыр
  • Ныбжьэгъу псом ялейщ.
  • Си ныбжьэгъу нэхъыфIым
  • Сэри сыдоплъей!..
  •  
  • Сыту пIэрэт?
  •  — Уарэ, уарэ, сыт къэхъуарэт?!
  •  — Хьэжьым бажэ къиубыдарэт,
  • ЛIыжьыр псынщIэу кIэлъысарэт,
  • Бажэр къэпым иридзарэт,
  • И фызыжьым ар хуихьарэт,
  • Бажэм пщампIэ къыхэкIарэт,
  • Хьэжьым къупщхьэ къыхуадзарэт…
  •  
  • — Уарэ, уарэ, сыт флъэгъуарэт?!
  •  
  • — Бажэм къэпыр иугъуэнарэт,
  • Бажэр къэпым къипщыжарэт,
  • Мэзым бажэр щIыхьэжарэт,
  • ЛIыжьыр цыплъым кIэлъыжарэт,
  • ПщампIэм лIыжьыр хэкIыжарэт,
  • Хьэжьым къупщхьэр къыхуэнарэт…
  •  
  • — Уарэ, уарэ, сыту пIэрэт?!
  •  — Ди хьэм мыщэ къиубыдарэт…
  •  
  •  Дадэкъуапэ
  •  Дадэкъуапэ,
  • Дадэ пыIэ,
  • Дадэ къуагъым
  • Къыкъуэмыщ.
  • Ичым дадэ
  • Зы лъэбакъуэ,
  • Деч лIы цIыкIум
  • Лъэбакъуищ.
  • Дадэкъуапэ
  • ЖыIэдаIуэщ —
  • Дадэ жиIэр
  • ТIу имыщI.
  • Папи мами
  • ИгъэгуфIэу
  • Къихькъым
  • Унэм
  • «Тху» нэмыщI…
  • Дадэкъуапэ,
  • Дадэ пыIэ,
  • Нэ топышхуэу
  • ЩIалэфI нэгу
  • КъыкIэрыкIи
  • Нобэ дадэ,
  • Уи ныбжьэгъухэм
  • Ядэджэгу.
  •  
  • Хэт зышхар?
  •  Мазэ ныкъуэ,
  • Чыржын ныкъуэ,
  • ТIури ныкъуэщ —
  • Уныкъуащ.
  • Зыуныкъуари?!
  • Чыржын ныкъуэр
  • Сэ сшхыжамэ,
  • Мазэр ныкъуэ
  • Хэт зыщIар?..
  •  
  •  Псалъэзэблэдз
  •   
  • ЕкIуэкIыу:3. Зи Iуэ ит нэхърэ — зи … ит. 7. Адыгэ макъамэ Iэмэпсымэ. 8. Кхъуей хаха нэужь къанэ псыр. 9. Языныкъуэ пхъэщхьэмыщхьэхэм я кум илъщ. 10. Сауд Хьэрыпым кIуэуэ къикIыжа, дин Iуэхум зезыта цIыху. 11. Зыгуэрым ипхъу ирахьэжьамэ е и шы гуартэ ирахужьамэ, абыхэм якIэлъыщIэпхъуэ гуп. 12. Уанэр шым и щIыбагъымкIэ зымыгъэкIуатэ Iэпслъэпс. 13. Хэку зауэшхуэм и зэманым партым и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и япэ секретару лэжьа. 16. Нэхъ пасэм цIыхубзхэм ящIу щыта тутынылъэ. 18. … мыплъэмэ, нэр плъэркъым. 19. Къуэш … нэхърэ — ныбжьэгъуфI. 21. Пхъэ дзакIэм къыгуэлъэта папцIэ цIыкIу. 22. IэщэкIэ ЗэщIэузэда дзэм къулыкъу щызыщIэ. 23. Гуауэ къэхъуамэ, ар хъыбарегъащIэщ. 26. … хуэмыфI хьэдрыхэ кIуэркъым. 27. … цIыкIу бжьакъуэшхуэ. 31. … уэрэд. 34. ЩIалэ пкъыфIэ, бжьыфIэ, зэкIуж. 35. Зи къудамэхэр теухъуэнщIыкIа жыг лъэдий гъум. 36. Нартыху гъэтIылъыпIэ. 37. УэрэджыIакIуэ Iэзэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист. 38. Жыг кугъуанэхэр зи хэщIапIэ псэущхьэ цIыкIу. 40. Пасэм щыIа, щхьэ зытелъ шыгу. 41. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, абы и кIуэдыжыгъуэм дамэ къытокIэ. 43. … и жапIэр езым къегъуэтыж. 44. … блэкIам щIакIуэ кIэлъащтэркъым. 46. МахуэцIэ. 47. Езыр-езыру къэкI, кIэртIофым ещхь хадэхэкI. 48. Жэмыш, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Пащты … 49. Уэлбанэ нэужьым уэрамхэр … хъуащ.
  • Къехыу:1. Абы пэгунитI фIадзэурэ, псыхьэ ирокIуэ. 2. Къэпща, къэушырыба гуэр. 4. Хьэсэхэм, хадэхэм зэран хъууэ къыщыкI удз щхьэ гъуэжь. 5. Адыгэ композитор икIи усакIуэ. 6. Гъатхэм пасэу щIым къыхэж удз къащхъуафэ-шакъафэ цIыкIу. 14. Дин лэжьакIуэ. 15. МафIэр ину щыдэлыдейкIэ къыпех. 16. Iуащхьэмахуэ щыгу япэ дыдэу дэкIа Хьэшыр … 17. Дунейр щыуае зэманым адэкIэ-мыдэкIэ трищIэ уэс пIащIэ. 18. Къуажэхэм куэду дэт псэуалъэ: гъэтIылъыпIэ, къуэдзапIэ. 20. Зыгуэрым щIыгъуу гъуэгуанэ теувэ цIыху. 24. Шым и кIуэкIэ. 25. Пшынауэ Iэзэу щыта, РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ Къашыргъэ … 28. Былымыфэ кIапсэ зэрыхъам къыхэщIыкIа, нэхъапэм зэрахьэу щыта цIыхухъу вакъэ. 29. ЩIыналъэ, и хъуреягъэр зэрыщыту псыуэ. 30. Мэрем махуэм мэжджытым щащI нэмэз. 31. Iэщ … бгъашхэмэ, уи Iупэр дагъэкъищIынщ, цIыху … бгъашхэмэ, уи Iупэм къеуэжынщ. 32. «Бгы лъапэхэм …» — КIыщокъуэ Алим и поэмэ. 33. Алыдж-… бэнэкIэ. 39. Махуэ псом хьэулея и щIалэ цIыкIум анэр йошхыдэ: «УкъыщызэмыдаIуэкIэ, пщэдей къыщыщIэдзауэ пщIантIэм … дозгъэчыкIынкъым!» 41. Къэрэгъул, плъыр, … 42. Тэрч щIыналъэм щыщ къуажэ. 43. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 45. УимыIыхьлы, уимыблагъэ.
  •  Зэхэзылъхьар  Мыз Ахьмэдщ.
  •  Накъыгъэм и 15-м ди газетым тета «ТекIуэныгъэ»
  • псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  •  ЕкIуэкIыу:4. Иуан. 5. Нало. 7. Яныкъуей. 8. Курп. 10. Мэсей. 11. Думэн. 14. Къанкъуэщ. 16. КIэн. 17. Хьэх. 18. Гъэмахуэ. 19. КIуащ. 21. Анэм. 23. Минск.
  • Къехыу:1. Фау. 2. Къуэныкъуей. 3. Топ. 6. Къардэн. 7. Яхэгуауэ. 9. Тут. 12. Къущхьэ. 13. Нэлат. 15. Къудамэ. 20. Псы. 22. Нып. 23. Мэз.