ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩытыкIэ зэпIэзэрыт дыхуэныкъуэщ

2021-05-26

  • ЦIыхухэр, псэущхьэхэр, къэкIыгъэхэр зи хэщIапIэ ЩIы Хъурейм гулъытэ хэха хуэщIыным теухуауэ ООН-м къыхигъэунэхукIа пIалъэм Биологие зэмылIэужьыгъуагъэм и махуэкIэ йоджэ. Ар 2001 гъэм къыщыщIэдзауэ накъыгъэм и 22-м дуней псом щагъэлъапIэ.

  • УсакIуэхэми гупсысакIуэхэми псалъэ дахэ куэд зыхужаIа, лъэпкъ къэс къыддекIуэкI IуэрыIуатэхэми гулъытэншэ щымыхъуа, гъащIэм мыхьэнэ ин дыдэ щызыгъэзащIэ щIыуэпсым, ди жагъуэ зэрыхъунщи, иужьрей илъэси 100-м къриубыдэу тхьэмыщкIагъэу къылъыдгъэсым хэхъуэ зэпытщ. ЩIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, ди планетэм биологие лIэужьыгъуэу тетхэм ящыщ куэдыр щIэгъэхуэбжьауэ щIытекIуэдыкIыжым и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр къыщылъыхъуапхъэр къэралхэм, жылагъуэм ди псэукIэм зыщедгъэужькIэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр, щысхьырабгъу лъэпкъ худимыIэу, зэрызэхэдуфIаерщ.
  • Зи гугъу тщIы махуэр хуэгъэзащ ди зэхэмыщIыкIыныгъэкIэ щIыуэпсым етх лейр зыхуэдизыр къыдгурыIуэжу, ар дгъэзэкIуэжын папщIэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм дыкъэзылъхуа ди адэ-анэм хуэдэу дызэрыхущытыпхъэм дызэрегупсысыным, щIыгум щызекIуэ псэущхьэхэм, уэгур зэпрызыгъэз бзухэм, гъудэ-бадзэ хуэдэхэм я зэмылIэужьыгъуагъым кIэрыдгъэху зэрымыхъунур нэхъри зыхэтщIэным.
  • Къыхэгъэщыпхъэщ, ди планетэм цIыхуIэ зылъэмыIэса щIы Iыхьэу къыщызэтенахэр кIуэтэху къэс нэхъ мащIэ зэрыщыхъури. Илъэси 100 — 150-рэ хуэдизкIэ дызэIэбэкIыжмэ, ЩIы Хъурейр зэрыщыту къэтщтэнщи, зи щIыуэпсыр щемыкIэкIуа щIыпIэхэр (экосистемэхэр), я бжыгъэкIэ, дэнэ лъэныкъуэкIи щызэхуэдэт. Ауэ, цIыхухэм, къызэтеувыIэжыкIэ ямыщIэу, я Iэужьым нэхъри зыщрагъэужьым, дыкъэзыухъуреихь дунейм леишхуэ къытехьащ: ЩIы Хъурейр экосистемэ куэдым «хэкIыжащ», къыщызэтена тIэкIуми, загъэгуса фIэкIа умыщIэну, зыщызэкIуэцIауплIанщIэ хъуащ.
  • Эколог цIэрыIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, щIыуэпсыр зыхуэкIуа щытыкIэм Iэмал гуэрхэр икIэщIыпIэкIэ къыхуэдмыгупсысмэ, зэман гъунэгъум къриубыдэу щыхьэт дытехъуэнущ къэкIыгъэрэ псэущхьэу къыщызэтенахэм ящыщу лIэужьыгъуэ мин 11-м нэблагъэр иджыри ди планетэм зэрытекIуэдыкIыжынум. Хэти къыгурыIуапхъэщ, псэущхьэрэ къуалэбзууэ, гъудэ-бадзэрэ хьэпщхупщу апхуэдиз лъэпкъыгъуэ зэуэ, лъэхъэнэ кIэщIым къриубыдэу, ЩIы Хъурейм тебзэхыкIыжыным щIыуэпсым къыхуихьынкIэ хъуну шынагъуэр зыхуэдизыр.
  • Дауи, цIыхухэми гу зэрылъатауэ, мы дунейм, езыр-езыру, псэущхьэ-къэкIыгъэхэм ящыщу лIэужьыгъуэ гуэрхэри тобзэхыкIыж, нэгъуэщIхэри къыщоунэху. АтIэ, мис а IуэхугъуитIыр щызэдемыкIуэкIыжыфу, щIым къытехъуэхэм нэхърэ текIуэдыкIыжыр нэхъыбэ хъуамэ, ди планетэм лей етхыу аращи, апхуэдэ Iуэху зехьэкIэм шынагъуагъэ иным дызэрыхуишэми шэч хэлъкъым.
  • Биологие беягъэм йогуауэ экосистемэхэр зэрызэкъуачри, лъэныкъуэкIэ къраш лъэпкъыгъуэхэр а щIы-пIэм «щыхэгъэрей» къэкIыгъэ-псэущхьэхэм зэрыхаутIыпщхьэри, климатым зэхъуэкIыныгъэ гуемыIухэр къызэрыщыхъури, дунейм цIыхуу тетым я бжыгъэм зэрыхэхъуэри, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр губзыгъагъэ хэлъу зэрызэрамыгъэзэхуэфри. Иужьрейм ехьэлIауэ къыхэдгъэщынщи, ООН-м иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, ЩIы Хъурейм и экологие системэхэм ящыщу процент 60-м щIигъур къызэрагъэсэбэпыр акъылыншагъэ дыдэ хэлъущ.
  • Мэзхэр зэрыраупщIыкIым, абыхэм мафIэсхэр къызэрыщагъэхъум, алъандэрэ цIыхуIэ зылъэмыIэса щIы Iыхьэхэм ухуэныгъэщIэхэр зэрыщаухуэм щIыгум и теплъэм къыпхуэмыцIыхужын хуэдизу зрегъэхъуэж. И нэхъыбэм къызэрекIуэкIыр аращи, электростанцхэмрэ гъуэгущIэхэмрэ къыщыунэху щIыпIэхэм щраупщIыкI жыгхэм я пIэкIэ нэгъуэщI щхъуантIагъэхэр щыхасэркъым. Ауэ щыхъукIи, апхуэдэхэр зи хэщIапIэу щыта, зи щхьэр здэзыхьын зымыщIэу утыку кърана псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ, къэунэхуа щытыкIэр яхуэмыхьыжу, а Iуэху мыщхьэпэм йокIуэдыкI, къатепсыха шынагъуэр лъапсэрых яхуэхъуу.
  • Щыпсэу Iэгъуэблагъэм хуэсакъын зэрыхуейм цIыхур къыхуезыджэ Iэмалхэм ящыщу иужьрей зэманым дунейм къытехьащ «экологие туризм», «мэкъумэш экологие», «псыр хъумэным хуэгъэза экологие щэнхабзэ» унэтIыныгъэщIэхэр, пхъэм пэхъун нэгъуэщI гъэсыныпхъэхэр зэхэлъхьэныр, нэгъуэщIхэри.
  • ЦIыхуIэ зыхэмыIэба, «зи щхьэ зезыхьэжыф» щIы Iыхьэхэм хуэсакъыныр щIэныгъэлIхэм щIагъэнэхъапэр, ахэр зи хэщIапIэ псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ езыр-езыру зыкъызэраужьыжыфын къаруушхуэ къазэрыкъуэкIырщ.
  • А псом къыхэкIыуи, щIыуэпсыр хъумэным телажьэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ дыкъэзыухъуреихь дунейм къыщхьэщыжыным хуэгъэзауэ, къэралхэм, абыхэм щыпсэу цIыхухэм зэдрагъэкIуэкIыпхъэ лэжьыгъэхэр убзыхуныр. Абы къыдэкIуэуи, ЩIы Хъурейм биологие зэмылIэужьыгъуагъэм щыкIэрымыхун папщIэ, псом япэрауэ, езы политикхэм-рэ къулыкъущIэхэмрэ щIыуэпсым ехьэлIа щIэныгъэ зрагъэгъуэтыпхъэщ, абы иужькIи, а Iуэхум хуэгъэза дерсхэр хьэрычэтыщIэхэм, жылагъуэм драгъэкIуэкIыпхъэщ.
  • Дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэр егъэфIэкIуэным теухуауэ ООН-м зыхуигъэувыжа къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ 2015 гъэм къыщыщIэдзауэ ЩIы Хъурейм экологие и лъэныкъуэкIэ щытыкIэ зэпIэзэрыт къыщызэгъэпэщыныр.
  • КЪУМАХУЭ Аслъэн.