ХъуаскIэр къызыпих щIэныгъэлI
2021-05-26
- Адыгэ тхыдэтх цIэрыкIуэ Гугу Рашад Хъусен и къуэр
- Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэм, щэнхабзэм, тхыдэм теухуауэ Псыхуабэ щекIуэкIыгъа зы щIэныгъэ зэхуэс гуэрым и утыкум адыгэ пыIэ къекIушхуэр щхьэрыгъыу зылI къыщихьэм, щIэс щIалэгъуалэм зыми дигу къэкIакъым ар лъэпкъкIэ урысхэм къахэкIауи, и гъащIэр Шэшэным щрихьэкIауи. ЛIы лъагъугъуафIэр тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, Шэшэн къэрал университетым и профессор Крикунов Владимирт. Псалъэмакъ купщIафIэу иригъэкIуэкIам псори дыдихьэхыу дедэIуащ, ауэ ар гуимыхуж зыщIа псалъэ дыгъэл зыбжанэ къыхигъэхуащи, къэсIуэтэжмэ сфIэигъуэт.
- «Зым и дежкIи щэхукъым, абы гурыщхъуэ гуэри къыщIыхэкIын щыIэкъым, — жиIащ хэкъузауэ профессорым, — зы лъэхъэнэфIкIэ Къэбэрдейм уей-уей жригъэIэу, абы и жьауэр Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм ялъэIэсу зэрыщытам. Егъэзыгърэ гъэпцIагъэкIэ и тепщэныгъэр къракъутэхами, кавказ лъэпкъыбэм ящыщу Къэбэрдеижьырщ (езы щIэныгъэлIым «Могучая Кабарда» жиIэрт) япэу Урысейм хуэкIуэ лъагъуэм теувар, иужькIэ гъуэгушхуэу зызыубгъужам гушхуауэ ирикIуар. Тхыдэм и пэжыр, ар сыт хуэдизу дыджми, нэр ирищIми, гум Iэпимыхми, зэрыщытам хуэдэу жыIэни къэгъэлъэгъуэни хуейщ. Абы мащIэкъым лъэкIынур, ауэ, псом ящхьэращи, гъащIэм зэришэлIа лъэпкъ зэщымыщхэр нэхъ гъунэгъуж зэхуищIыфыну, зым и гур адрейм хузэIуихыну гуащIэ иIэщ. Гулъытэ лей зыхурагъэщIын щхьэкIэ, мис а сызытепсэлъыхь тхыдэм и пэжыр щызэблашым десэжауэ дыкъэгъуэгурыкIуэрт. ДызыхапIыкIа икIи дызыхэпсэукIа къэрал системэр къызэрекъутэхыу, ди щIыналъэм езыхэр зэрыпсалъэ бзэрэ гукIэ ягъафIэу тхыдэрэ яIэу лъэпкъ куэд ису къыщIэкIащ, жыпIэнуращи, абыхэм я щIэжыр зыщIыпIи кIуатэкъым.
- ПфIэзахуэр букъуэдииныр фIыщ, абы тегъэщIапIэ иIэмэ. Ауэ къэралыр зэрыхуэ щытыкIэм зыдэбгъэшурэ а захуагъэм пIалъэ-пIалъэкIэрэ зебгъэхъуэжмэ, тхыдэми абы къыщытлъыхъуэж пэжми пщIэи щхьэи яIэнукъым. СэркIэ щIэныгъэлI нэсым и щапхъэщ Къэбэрдейм щыщ адыгэ тхыдэтх Гугу Рашад. Зэгуэрым, 1954 гъэм, Налшык къалэ къыщызэрагъэпэщауэ щекIуэкIырт тхыдэмкIэ щIэныгъэ зэхуэсышхуэ. Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм щыхыхьар 1555 гъэрауэ трагъэчыныхьу щIэныгъэлI куэдым зэщIэжьыуэу щыжаIэм, утыку къихьа щIалэщIэр абыхэм къапэувыну зыми я пщIыхьэпIэ къыхэхуатэкъым. Пасэрей урыс тхыдэ тхылъымпIэхэр тегъэщIапIэ ищIурэ, щIэныгъэлI щIалэщIэм ар къыщыхъуар 1557 гъэрауэ тригъэчыныхьу хуежьащ. Зыри зыпэмыплъа гупсысэм къикIа зэныкъуэкъум Гугур и Iуэху еплъыкIэм яхутешакъым, ар щыгъэтауэ, тIысыжыну къыщежьэжым, зэрызэригъэзэхуар Тхьэм ещIэ, къигъэзэжри пищэжат: «Къэбэрдейр Урысейм фIэфIу хыхьар сщIэркъым, ауэ зэгурыIуэныгъэ гуэрхэр зэращIылIэу зэбгъэдэмыувауэ пIэрэт», жиIэри. Ар шэ къэуэжым хуэдэт. ЩIэныгъэлIым зи гугъу ищIа 1557 гъэр кIэщI дыдэу гъэнэхуа хъури, тхыдэ щIэныгъэм лъэ быдэкIэ щыуващ, мыдрей зэгурыIуэныгъэм ехьэлIа пэжри иужьрей илъэсхэм наIуэ хъууэ хуежьащ. АтIэ, а пэжыр утыку зэрыхъуар зи фIыщIэр Гугурт, ар абы зэи текIакъым. Зэрыщыта дыдэр жытIэфмэ, абы дригъуазэу щытмэ, Шэшэным къыщекIуэкIри къэхъунутэкъым, зэш зауэхэри екIуэкIынутэкъым. КъыздэфIыгърэ жысIэр?»
- Нобэ хуэдэу си нэгу щIэтщ, ар щыжиIэм, пэш хуитышхуэм щIэс щIэныгъэлIхэри, щIэныгъэхутэхэри, тхыдэдж ныбжьыщIэхэри къэзэщIэтаджэу ину Iэгу зэрыхуеуауэ щытар, адыгэ тхыдэтх Гугу Рашад и пщIэр лъагэу яIэту. Ди нэгу щIэкIар хьэлэмэт зэрытщыхъуар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и профессор Быж Алий тхьэмыщкIэм щыжетIэжым, кIэщIт и псалъэр: «Рашад хъуаскIэр къызыпих щIэныгъэлIщ», — жиIэгъат пыгуфIыкIыу.
- ИпэжыпIэкIэ уеплъмэ, Тхьэм дрижагъуэтэкъым Елбэд Хьэсэн, ГъукIэмыхъу Iэубэчыр, КъардэнгъущI Зырамыку, Щхьэлахъуэ Iэбу, Налохэ Зауррэ Женярэ, КIэрашэ Зейнэб, Къумыкъу Тыгъуэн, Балъкъэр Борис, ХьэдэгъэлI Аскэр, Аулъэхэ Малычрэ Сариетрэ, Мерэтыкъуэхэ Мухътаррэ Къасымрэ, Гугу Рашад, Мамбэт Хьэлым, Апажэ Мухьэмэд, Щэрдан Iэбу, Урыс Хьэталий, Къумахуэ Мухьэдин, Шагъыр Iэмин, Быж Алий, Къэжэр Валерэ, Хьэщхъуэжь Рае, Бэчыжь Лейлэ, Мыжей Михаил, Темыр Рае, ШэкIыхьэщIэ Марие, Бгъэжьнокъуэ Барэсбий хуэдэ щIэныгъэлI гъуэзэджэхэр адыгэм къытхэкIыну къыщытхуигъэфэщам. «ИкIутар из хъужыркъым», жаIэ адыгэхэм. Ауэ адыгэ щIэныгъэр налъэ-налъэу зэхуахьэсыжу яджа къудейм къыщымынэу, зи цIэ къитIуахэм языхэзри нэгъэсауэ лэжьакIуэ набдзэгубдзаплъэт, зэрыгъуэзэну яIэ мащIэм и лъащIэр къыщIагъалъэу, унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм я псыпэхэш хъууэ, къэхутэныгъэщIэхэм я лъабжьэр ягъэтIылъу. Мы нэхъыжьыфIхэм къащIэна щIэныгъэ гъуэмылэращ адыгэхэм я псэкупсэ дунейм нобэ зезыгъэIэтыр, ужьыхыпIэ езымытыр. Дэтхэнэми зэдайуэ, гъунэгъу зэхуищIу щэн гъэщIэгъуэн яIэт — щхьэж зэлэжь Iуэхум гурэ псэкIэ етат, тезашэртэкъым, ар къэзыгъэщIа лъэпкъым бгъэдэлъхьэжыным, и щIэжым хэухуэнэжыным мыхьэнэшхуэ иратырт. ШыIэныгъэшхуэ яхэлът, армыхъумэ къэмышынэуэжыну зы гупсысэ пыухыкIам ухуэкIуэн щхьэкIэ, зэпрыбгъэзэн хуей архив тхылъымпIэми, узыщыгъуэзэн хуей диалект щхьэхуэныгъэбэми, зэбгъэпщэн хуей IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэми гъуни нэзи яIэтэкъым.
- ПлъэмыкIыу уигу къыдредзеиж пасэрей алыдж философ Диоген теухуа зы хъыбар: цIыхум хуащIэри хуалэжьри псыхэкIуадэ хъу фIэкIа, зыри къызэрыфIэмыIуэхум щхьэлажьэ ищIа Диоген зэгуэрым, махуэ шэджагъуэшхуэу, уэздыгъэнэфыр иIыгъыу зэхуэсыпIэшхуэ хъу бэзэрым техьат. Дурэши плIэрэши къимыгъанэу зыгуэр къилъыхъуэу щыдэплъэм, «Узылъыхъуэр сыт?» – жаIэу еупщIащ. «ЦIыху къызолъыхъуэ!» – япидзыжат абыхэм философым. Лъэпкъ къэс цIыхум фIагъ нэщэнэ къыхуегъуэтри, апхуэдэу уеплъыжмэ, сыт къэмыхъуами, дауэрэ я гъащIэр къемыкIуэкIами, адыгэ щIэныгъэлI нэхъыжьхэр адыгэ цIыхуу къэнащ, ящIэри ялэжьри зыхуэгъэзар адыгэ цIыхут, къалъыхъуэри адыгэ цIыхут.
- Мы тхыгъэр зытеухуа Гугу Рашад нэгъэсауэ адыгэлIт, уригушхуэ икIи уриин хъуну цIыху щыпкъэт, щIэныгъэлI гъуэзэджэт. Рашад кIыхьу сцIыхуну къысхуихуакъым, ауэ хэслъагъукIа мащIэми удихьэхырт. И зэпIэзэрытагъым, зэрыпсалъэм нэхърэ зэрыдаIуэр нэхъыбэу, къыппидзыжыну псалъэр зэрызэпэлъытам, я нэхъ зэфIэхыгъуейуэ къыпщыхъу Iуэхум и хэкIыпIэр псынщIэ дыдэу къызэригъуэтыфым уитхьэкъурт. Зэ еплъыгъуэкIэ Рашад цIыху зэкIуэцIылъу къыпщыхъунут, игу къыпхуилъ псори къимыIуатэу къыпфIэщIынут, ауэ къысхуэщIэжыркъым Рашад къызэрыпщыгуфIыкIыр, и гур уи ехъулIэныгъэм зэрыхигъахъуэр хуэбзыщIыну щытауэ. ЩIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым иужьрей илъэсхэм къекIуалIэ щIалэгъуалэм хуабжьу щыгуфIыкIырт Гугур. Адыгэбзэр ящIэу, абы ирипсалъэу, анэдэлъхубзэмкIэ уэршэру ахэр щилъагъукIэ, нэхъри гушхуэрт.
- Къызэрыхэзгъэщащи, Гугу Рашад хэслъагъукIа мащIэм нэхъыбэу сигу къызэринэжар ар псэлъакIуэу, уэршэракIуэу зэрыщымытарщ. Апхуэдэу щыт пэтми, абы къыбгъэдэпхыфыну щIэныгъэр псалъэмакъ куэдым къыхыумыхыфынкIи хъунут. Адыгэбзэр дахэу ищIэрт, лъэпкъ хабзэхэм фIыуэ хищIыкIырт. Гугур зигу къэзыгъэкIыжхэм зы Iуэхугъуэм гу лъатэ: псалъэм и купщIэм кIуэцIрыплърэ къикIыр курыхыу къыбжиIэфу щытащ. ЗанщIэу жиIэртэкъым, егупсысырт, зэригъэзахуэрти, махуэ бжыгъэ дэкIами, къызэрыщыхъум иужькIэ ущигъэгъуэзэжырт. «Псыхъуэ-псыхъуэкIэ зэщхьэщыкI Iэнэ хабзэхэм ехьэлIауэ жыIэгъуэрэ псэлъафэу куэд дыдэ схузэтрихьауэ абы яхэлъ нэщэнэхэр зэщхьэщызгъэкIырти, гугъу сыдехьырт дэтхэнэ псалъэр дэтхэнэ щIыпIэм хуэсхьынуми. Хуабжьу сыхэгупсысыхьауэ сыздэщысым, гу лъыстакъым Рашад къызэрыщIыхьам. Си дамэм къытеуIуэри, сызыхэзылъэса Iуэхугъуэм сыкъыхишыжри, къызэупщIат. Сэри си гурыгъузыр щыжесIэм, жэуап занщIэу къызитыжатэкъым, ауэ тхыгъэр мис иджы хьэзыр сщIа хъунщ, жысIэу сыщриплъэж гуэрым хуэзэу къыщIыхьэри, Бахъсэн псыхъуэ щызэрахьэу щыта хабзэхэмкIэ къэсхутам хуэдиз схухигъэхъуэжри, гупсысапIэ сыхидзарэ езыр абы хуабжьу арэзы техъуэу щIэкIыжыгъат. Абдеж къыщежьэри, Гугур куэдкIэ чэнджэщэгъуу сиIащ», — къыджиIэрт Бгъэжьнокъуэ Барэсбий тхьэмыщкIэм, къыдэлэжьа нэхъыжьхэр игу къыщигъэкIыжкIэ. «УмыщIэм емыкIу хэлъкъым, къэпщIэну Iэмал уиIэу ар къыщумыулъэпхъэщым дежщ хьэдэгъуэдахэр», – жиIэрт Нало Заур. НэхъыжьыфIым игъэщIагъуэу зиумысыжырт Гугум хуэдэу нэгъэсауэ езы лъэпкъым къыхэкIыкI щIэныгъэ имыIэу зыкъызэрилъытэжымкIэ. Рашад къыдэлэжьахэм хуащI пщIэмрэ лъытэныгъэмрэ мис апхуэдэу къызэрымыкIуэу инт.
- Тыркум къикIауэ нэхъыжь гуп щыIэт Хэкум, абыхэм я деж дыкIуэу дгъэуэршэрыну, IуэрыIуатэжьхэр къапытхыну дызэрыхуейр къыщищIам Рашад къигуфIар пхужыIэнукъым, езыхэм фигу къэкIащ, Iуэху къыфщащIакъым, жиIэри. Ауэ аратэкъым нэхъыщхьэр. ГъэщIэгъуэныр абы дызыхуигъэIущауэ щытарат. Нэхъыжьхэм къыпхуаIуэтэжыну IуэрыIуатэр зэхэпхами, яIэщIумыуду едаIуэ, ухэпэщыщыхьыжмэ, телъыджэлажьэхэр къыхэкIыжынкIэ хъунущ. ХамэщI щыпсэу адыгэ лIыжьхэм адыгэ пхъашагъэр къахэнащи, уи щытыкIэм хуэсакъ, япэ псалъэр абыхэм ет, къыплъыса уи псалъэм и кIапэр Iыгъ, утыку илъ гупсысэр зыIэщIумыгъэкI. УпщIэж къыуахьэлIэнумэ, IуэрыIуатэщыпэ япэу кIуэм дежкIэ зимыуасэ щыIэтэкъым а псалъэхэр.
- Гугум и цIыхугъэ иныр хыболъагъуэ и IэдакъэщIэкIхэми. «Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ XVIII лIэщIыгъуэм зэрыта щытыкIэмрэ абыхэмрэ Урысеймрэ яку дэлъа зэпыщIэныгъэхэмрэ» зи фIэщыгъэ монографиер нэгъэсауэ тхыдэ щIэнгъуазэщ. Къэхутэныгъэр япэу дунейм къыщытехьам абы пэублэ псалъэ хуэзыщIыгъа Бгъэжьнокъуэ Барэсбий къызэрыхигъэщащи, ди щIыналъэм ипэкIэ зэи къыщымыхъуауэ зы Iуэхугъуэшхуэщ а лэжьыгъэр, ар щыгъэтауэ кавказ щIэныгъэми и зы лъэбакъуэщIэщ. Монографиер къызыхуэкIуэ гупсысэхэр иджыри куэдрэ тхыдэ щIэныгъэм жьы къэшапIэу зэриIэнум пцIы хэлъкъым. Гугум иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэм къызэщIимыубыда къэнакъым: лъэпкъхэм яIэщIэлъа щIымрэ я бжыгъэмрэ щегъэжьауэ, абыхэм я жылагъуэ ухуэкIэмрэ политикэмрэ, сату-экономикэ зэхущытыкIэмрэ щэнхабзэмрэ щыщIэкIыжу щIэныгъэ шыбзэм щIегъэкI. Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ я тхыдэм ехьэлIауэ сыт хуэдэ лэжьыгъэ утыку къимыхьэми, ар Гугум и щIэнгъуазэм блэкIыфынкIэ Iэмал иIэкъым, апхуэдизкIэ куущ, курыхщ, купщIафIэщ ари.
- Гугу Рашад и гъащIэм щыщу илъэс щэ ныкъуэм щIигъур Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым щигъэкIуащ. ЩIэныгъэ лэжьакIуэ къызэрыгуэкIыу щыщIидзэри, ар тхыдэмкIэ къудамэм и унафэщIым нэсащ, илъэсипщIым нэблагъэкIи абы и унафэщIу щытащ. Дунейм ехыжыхункIэ Гугур тхыдэмкIэ къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ пашэу щытащ. И акъылыр сыт щыгъуи зыт зытеухуар — пэжыр къэтIэщIын, къэхутэн, джын. ГуащIафIэт Гугур. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа къэхутэныгъэшхуэм къищынэмыщIауэ, абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхыдэ щIэныгъэм и дыщэ фондым халъытэ «Къэбэрдей-Балъкъэрым революцэ зэщIэхъееныгъэр зэрыщекIуэкIар», «Тэрч щIыналъэм Советхэр зэрыщытекIуар», «Кавказ зауэм адыгэхэм къахуихьа насыпыншагъэр», статья пщIы бжыгъэхэр. Нэмытхысауэ къэнащ «Къалмыкъ БетIал» зыфIища и лэжьыгъэр. Рашад и гуащIэ хэлъщ «Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и тхыдэ», «КПСС-м Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэхэм теухуа тхыдэ тхыгъэхэр» лэжьыгъэшхуэхэм. Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым том куэд хъууэ къыщыдэкIа «Фэеплъ тхылъыр» зыгъэхьэзыр гупым я унафэщIу щытащ. ЖыпIэнурамэ, Гугу Рашад и Iэдакъэ къыщIэкIащ автор лист 200-м щIигъу, абы щыщу пщIыр монографие къэхутэныгъэт.
- Гугум тхыдэ щIэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэр гулъытэншэ хъуакъым. Ар ящыщщ «РСФСР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «КъБАССР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр япэу зыхуагъэфэщахэм, фIыщIэгуапэ тхылъ бжыгъэншэхэр зратахэм.
- Сыт щыгъуи цIыху зэпIэзэрыту, зэтеубыдауэ дунейм тета нэхъыжьыфI гуащIафIэр ноби ящыгъупщэркъым ар зи гъащIэм хэта и лэжьэгъухэм, иригъэджахэм, зыцIыхуахэм. Дапщэщи псалъэ гуапэкIэ ягу къагъэкIыж. Гугу Рашад къызэралъхурэ мы махуэхэм илъэс 93-рэ ирокъу, къызэрытхэмытыжрэ илъэс 18 мэхъу. ЦIыху гъащIэр вагъуэижым хуэдэщ, къызэщIоблэри тэлайкIэ уэгум итщ, итIанэ йожри щыIэныгъэм хелъэсэж. Ауэ фэеплъыр уахътыншэщ, сыту жыпIэмэ ар зыхуагъэфащэр лъэпкъым и гум къипсэлъыкIырщ, абы и гъащIэр кIыхь щIыным и гуащIэр езытырщ. Рашад апхуэдэ цIыхуу дунейм тетащ – и лъэкIри, и гуащIэри къызыхэкIа лъэпкъым щхьэузыхь хуищIащ.
- ТАБЫЩ Мурат,
- «Адыгэ псалъэ» газетым и щIэныгъэ обозреватель.