ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Гур здэщыIэм псэр  мэкIуэж

2021-05-26

  • Накъыгъэм и 21-м адыгэу дунейм тет псоми ягу къагъэкIыж илъэси 157-кIэ узэIэбэкIыжмэ, Кавказым щиуха лъапсэрых зауэм ди лъэпкъым къыхуихьауэ щыта бэлыхьхэмрэ гугъуехьхэмрэ, щыщIэныгъэ инхэмрэ насыпыншагъэшхуэмрэ. Апхуэдиз зэман дэкIа пэтми, зэрынэрылъагъущи, зыкIи нэхъ кIащхъэ хъуакъым Урыс-Кавказ илъэсищэ зауэм кърикIуа хьэзабыр адыгэпсэм зэрызыхищIэр. Зи хэкур фIыуэ зылъагъу, абы и блэкIар зыщымыгъупщэ, и къэкIуэнум ирипIейтей куэдым ноби я нэпс къафIокIуэ, лъапсэрыхыр къытхуэзыгъэкIуа а зауэжьым епха хъыбархэмрэ гъыбзэхэмрэ щыщIэдэIукIэ.

  • А псори нэрылъагъу щыхъу фэеплъ зэIущIэ купщIафIэ адыгэхэм ди щыгъуэ-щIэж махуэм ирихьэлIэу щекIуэкIащ ди республикэм и курыт еджапIэхэм ящыщ куэдым, щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм. КупщIафIэт икIи гукъинэжт КъБКъУ-м и медколледжым иджыблагъэ къыщызэрагъэпэща апхуэдэ фэеплъ пшыхьыр. Ар иригъэкIуэкIащ медколледжым и егъэджакIуэ Токъбей Анетэ. Iуэхур къызыхуэтыншэу зэфIэха хъуным я зэфIэкI куэд ирахьэлIащ еджапIэм и лэжьакIуэхэу БжьыхьэлI Этери, Нало Маргаритэ, ПщыхьэщIэ Iэсият, Абэзокъуэ Татьянэ, Шапсыгъ Мурат, КъуэщIысокъуэ Зухра сымэ, езанэ курсым и студентхэр. Фэеплъ пшыхь егъэкIуэкIыным ехьэлIа лэжьыгъэ псори, сыт щыгъуи хуэдэу, абыхэм ядиIыгъащ медколледжым и унафэщI Пщыбий Светланэ.
  • Пшыхьыр къызэIуахащ хамэщI щыIэ адыгэхэм хэкужьым хуауса «Iуащхьэмахуэ» гъыбзэмкIэ. Абы щIэдэIуу еджапIэм и актовэ пэшышхуэм щIэсхэм яхэтт уэрэдыжьым я нэгу къищIэгъэхьа теплъэгъуэхэм зи нэпс къыщIигъэкIхэр, адыгэ лъэпкъым и щхьэм кърикIуа гуихыр псэкIэ зэрызыхащIэр плъагъуу. АдэкIэ студентхэр шэщIауэ тепсэлъыхьащ Урыс-Кавказ зауэм и къекIуэкIыкIамрэ абы къыкIэлъыкIуа Iуэхугъуэхэмрэ.
  • — Илъэси 157-рэ ипэкIэ гъуэгуанэ кIыхь икIи хьэлъэ теуващ ди лъэпкъыр. Кавказыр зэщIилъа-щIэу къыщылыда зауэжьым и лыгъейм хисхьар мащIэтэкъым. Къэна тIэкIум я нэхъыбапIэм я псэр лъэпкъым хуахъумэу, тенджыз ФIыцIэм техьащ, Iэмалыншагъэ-кIэ, нэгъуэщI хэкIыпIэ ямыгъуэтыжу, — жаIэрт ныбжьыщIэхэм. — Нобэ адыгэхэр дуней псом щызэбгрыпхъа хъуащ. Ди къуэшхуэр щопсэу Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Германием, нэгъуэщI къэрал куэдым. Апхуэдэу адыгэ лъэпкъыр зэкъуэуда хъуащ. Лъэпкъым и щIыфэм, и гум телъщ пащтыхь джатэ жаным къытридза уIэгъэм и дыркъуэр, 1763 — 1864 гъэхэм щыIа гуIэгъуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ хьэлъэу. Илъэси 101-кIэ екIуэкIа зауэм апхуэдэу лъапсэрыхыр къытхуигъэкIуащ адыгэхэм: цIыхуи 10 къэс 9-р зауэм хэкIуэдащ е хамэщIыр псэупIэ хуэхъуащ.
  • Пшыхьыр езыгъэкIуэкIхэм къыхалъхьэри, абы кърихьэлIахэр абдежым дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ зауэжьым хэкIуэдахэм, здэIэпхъуэ щIыналъэми нэмысу хэхэс гъуэгуанэ хьэлъэм текIуэдахэм.
  • Щыгъуэ дакъикъэм пыувэ хуэдэ, студентхэр адэкIэ къеджащ Урыс-Кавказ зауэм теухуа усэхэм. Апхуэдэт, къапщтэмэ, Шорэ Маринэ и къалэмыпэм къыпыкIа «Гугъэ» усэр.
  • Псэ гъы макъ сэ кIуэцIкIэ
  • зыхызощIэ.
  • ХэкIыпIэншэу псэ хамэщI къина…
  • ЗыдэкIуэнур дэнэкIэм имыщIэу,
  • Джэрэзауэ щIылъэм къытена.
  • Тыншыжын къафIощIыр я псэр,
  • псынэ
  • Зэ Iубгъуэ я хэкужьым щаIухуам.
  • Хуэдэщ, и хэкужь имыс адыгэр,
  • НыкъуэукIыу, ныкъуэдыкъуэу
  • къагъэнам.
  • Уи хэку губгъуэ нэкIукIэ зыхэпIубэу,
  • Псэм фIэIэфI хьэуар уэ
  • жьэдэпшам,
  • Къэбгъэзэжрэ уувыжатэмэ
  • лъэ быдэу,
  • Хуэдэти уи хэку урамышам!
  • Гъыбзэ дапщэхэр буса уэ,
  • си адыгэ?
  • Нэпсу нэхэм дапхуэдизи
  • щIэбгъэкIа?
  • УкIэзызыу, мыл къыпфIэщIу
  • хамэщI дыгъэр,
  • УщалъхуамкIэ Iэхэр дапщэрэ
  •  пшия?
  • Хэт къыгурыIуэнут птелъ
  •  бэлыхьыр?
  • Хэти уи гукъеуэр зыхищIэнт?
  • Уэ хамэщIым фIыгъуэм
  • ухакухьми,
  • Уи лъэпкъ уардэр хэт
  • пщигъэгъупщэнт?
  • Сыт Iэмалт, хэкIыпIэ
  • щывмыгъуэткIэ —
  • ХамэщIым бынунагъуэ
  • фыщыхъуащ,
  • ЕгъэзыпIи гъащIэм
  • къыщывгъуэтри,
  • НыбжьэгъущIи куэд
  • зэвгъэпэщащ.
  • Арт Iэмалу уиIэр, си адыгэ…
  • УгуитIщхьитIу гъащIэр ибохьэкI.
  • Ауэ, упсэухукIэ зэ, уогугъэ,
  • къэбгъэзэнуи — Тхьэм
  • пхузэфIигъэкI!
  • — Илъэси 101-кIэ екIуэкIа зауэжьым мыгъуагъэ куэд къыхуихьащ ди лъэпкъым. Хэкум къинахэм нэплъэжыгъуэ ягъуэтыжами, ноби гугъуехь куэдым хэтщ «хэхэс» псалъэр зи цIэм патхауэ нэщIыбагъкIэ зыхужаIэу зи гъащIэр езыхьэкIыу хамэщI щыпсэу адыгэхэм, — щыжаIэрт утыкум ныбжьыщIэхэм. — Апхуэдэу щытми, кIуэдакъым, Тхьэм и фIыщIэкIэ, ди лъэпкъ уардэр. Сыт хуэдэ къэрал щыпсэуми, ахэр яхозагъэ икIи ягуроIуэ зыхэс лъэпкъхэм, уеблэмэ а хамэ щIыналъэхэм унафэщI, къулыкъущIэ щохъуф. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, ди адыгэбзэр, лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ яхъумэжыф, адэжь щIыналъэм хуаIэ пыщIэныгъэхэри ягъэбыдэ.
  • Апхуэдэу яублэри, студентхэр зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу щIыналъэхэм абыхэм щаубыд увыпIэмрэ щаIэ псэукIэ-щытыкIэмрэ. А щIыпIэхэм я нэхъыбапIэм адыгэхэр щыхуитщ я анэдэлъхубзэмкIэ псэлъэну, анэбзэр щадж курыт школхэр къыщызэрагъэпэща къэралхэри щыIэщ, Тхьэм и фIыщIэкIэ. Дауэ хъуми, хэхэс гъащIэр хьэлъэщ. Ар къызыхэщт студентхэр зыхэщIэгъуэу къызэджа усэ сатырхэр.
  • Кхъужьей къудамэ, тхьэмпэ пыту,
  • Ди Хэкум къиши къысхуэгъэс.
  • Арат цIыхубзым къысхуищIэну
  • СызэрелъэIур махуэ къэс.
  • Кхъужьей къудамэм и гъусэнут
  • Псы уэр уэрэду си гъэфIэн.
  • Псынэншэу къуршхэр
  • къеуджэкIмэ,
  • Сахэт си гугъэу сыгуфIэнт.
  • Сызыхуэныкъуэу сэ сыт щыIэ —
  • Данэм сыхэсми, сыХЭХЭСЩ
  • Кхъужьей къудамэ, тхьэмпэ пыту,
  • Ди Хэкум къиши къысхуэгъэс.
  • Ди кхъужьеижьыр сигу ихуакъым,
  • Езыр жыг уардэу щIым хэкIащ.
  • Жыг щхьэкIэ дыдэм сэ сыпысу
  • Си сабиигъуэр щIиупскIащ.
  • Уэлбанэ хъуамэ, шкIахъуэ пщыIэт,
  • ДыщIэст жыг щIагъым,
  • дыщыджэгут.
  • Жэщ хъуамэ, бзухэм я
  • тIысыпIэт.
  • А жыгыр ноби щIэтщ си нэгу.
  • Согъазэ нобэ, жысIэ защIэу
  • НэгъуэщI къэралхэм салъоIэс.
  • Кхъужьей къудамэ тхьэмпэ пыту,
  • Ди Хэкум къиши къысхуэгъэс.
  • КIыщокъуэ Алим и «Кхъужьей къудамэ» усэ цIэрыIуэм пищэ хуэдэт Хъунэгу Надия и « ПщIыхьэпIэ» тхыгъэми:
  • Си лъэпкъ псалъэжьхэр гъуэгу
  • гъуэмылэу
  • Гъуэгуанэ сытеувэжащ.
  • Iэр къишияуэ Хэкур къаплъэу
  • Къысщыхъури, псэр
  • къэушыжащ…
  • ПщIыхьэпIэр къигупсысами
  • си гум,
  • Си хэхэс гъащIэм сохутэж.
  • АрщхьэкIэ къоблэ адэжь жьэгур,
  • Гур здэщыIэм псэр мэкIуэж.
  • Апхуэдэт пшыхьыр зэрызэхуащIыжа псалъэхэу Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романым щыщхэри. Ахэр теухуат уи блэкIам ущыгъуазэу, абы дерс щхьэпэхэр къыхэпхыу псэун зэрыхуейм.
  • Вагъуэ 12-р IупщIу икIи лыдыжу къызытещ адыгэ ныпыр утыкум лъагэу щыхуарзэт, ар зей лъэпкъ уардэм къэкIуэну дахэ зэриIэмкIэ щIалэгъуалэм быдагъэ я гум зэрилъым и щыхьэту. Аддэ жыжьэ къиIукI хуэдэт «ИстамбылакIуэри».
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.