ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ литературэдж щIэныгъэм и лъэбакъуэщIэ

2021-05-25

  • Иджыблагъэ «Адыгэ литературэм и тхыдэ» къэхутэныгъэм и ещанэ тхылъыр дунейм къытехьащ. Ар темэр зэхуэзыщIыжщ. Япэрей томитIыр Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым илъэс зыбжанэ ипэкIэ къыдигъэкIат (япэрейр — 2010 гъэм, етIуанэрейр — 2013-м). Ещанэ томри хьэзырт, ауэ щхьэусыгъуэкIэ зыкъомрэ щылъащ. Иджы ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, абы и президент Къанокъуэ Арсен я фIыщIэкIэ ар къыдэкIащ. Литературэм и тхыдэр зэфIэгъэувэным мыхьэнэшхуэ иIэщ щIэныгъэмкIи егъэджэныгъэмкIи. Ар къагурыIуэрт совет зэманым унафэщIхэми, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм пыщIа псоми. Пэжщ, 20 — 40 гъэхэм литературэм и тхыдэр къэзыхутэн щIэныгъэлI щыIэтэкъым, ауэ зауэ нэужьым лъэпкъ цIыкIухэм къахэкIащ щIэныгъэмкIэ кандидатхэри, докторхэри. 60 гъэхэм къыдагъэкIыу щIадзащ литературэм и тхыдэм теухуа тхыгъэ купщIафIэхэр. Апхуэдэ лэжьыгъэ ин — «Къэбэрдей литературэмрэ къэбэрдей тхакIуэхэмрэ» — итхыгъащ Теунэ Хьэчим.

  • «Къэбэрдей литературэм и тхыдэм и очеркхэр» 1962 гъэм дунейм къытехьащ. УрысыбзэкIэ ар нэхъ убгъуауэ къыдэкIащ 1968 гъэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дызытепсэлъыхь «Адыгэ литературэм и тхыдэр», тхылъищу зэхэтыр, къыдэкIыху а Iуэху зэIумыбзыр къэзыхутэн гуп къыкъуэкIакъым.
  • ХыщI-блыщI гъэхэм нэхъ жыджэру елэжь хъуахэщ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я литературэм и тхыдэр къэхутэным: «Къэрэшей литературэм и очеркхэр» 1966 гъэм къыдигъэкIащ Караевэ Iэсият (нобэр къыздэсым къэрэшей литературэм и тхыдэр къэхута хъуакъым); «Абазэ литературэм теухуа очеркыр» 1970 гъэм къыдигъэкIащ ТIыгу Владимир.
  • Шэшэн-ингуш литературэм и очеркхэр къыщыдэкIар 1963 гъэрщ, ауэ а лъэпкъитIыр зэрызэгуэкIрэ я литературэм хуэфащэ тхыдэ иджыри къэс дунейм къытехьакъым. Осетинхэм я литературэм и очеркхэри къыщыдэкIар 1967 гъэрщ, ауэ литературэм и тхыдэ нэс иджыри яIэкъым. (Хетагуров Коста теухуауэ тхылъ куэд ятхащ, абы и библиографие къудейр напэкIуэцI 1200-рэ мэхъу, ар къилэжьагъэнщ тхакIуэшхуэм, ауэ зы жыгыр мэз хъуркъым, лъэпкъ литературэ псом хуэфащэ лъысыпхъэщ).
  • Лъэпкъ щхьэхуэ куэдым я литературэхэм я тхыдэр иджыри къахутакъым, литературэ процессыр и лъабжьэу. Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ псори къызэщIиубыдэу апхуэдэ къэхутэныгъэ ирагъэкIуэкIыркъым.
  • Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я литературэхэм я тхыдэр къызэщIикъуэжын и мураду, тхылъ къыдигъэкIащ Корзун Борис, ауэ и щхьэзакъуэкIэ апхуэдэ темэ хуэгъэзэщIакъым абы.
  • 80 гъэхэм къыщыщIэдзауэ литературэм и тхыдэр къэхутэным елэжьхэр мащIэ мэхъу. Абы щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ. Япэрейр епхащ диссертацэ тхыныр «модэ» зэрыхъум. Апхуэдэ къэхутэныгъэм щIэныгъэлIхэм я зэман куэдыIуэ токIуадэ.
  • Диссертацэр Iэрытх щхьэкIэ, ар пхыбгъэкIын папщIэ монографие, статья куэд дыдэ къыдэбгъэкIын хуейщ. Ахэр къызытебдзэ хъуну журналхэр ВАК-м игъэува тираж цIыкIукIэ къыдэкIхэрщ, ауэ ахъшэ мымащIэ зыщIэптын хуейхэрщ. ЩIэныгъэм уи лъэр щыбгъэувын щхьэкIэ, хуэфащэ пщIэ къэблэжьын папщIэ диссертацэу тIу птхын хуейщ (хамэ къэрал куэдым зы диссертацэ щыпхыбгъэкIмэ, зэуэ щIэныгъэмкIэ доктор уохъу). ЩIэныгъэлIхэм квалификацэ къалэжьын щхьэкIэ мылъкуи, бампIи, зэман куэд дыди трагъэкIуадэ. Университетым зэрыщеджэм, аспирантурэм зэрыщIэсым диссертацэу тIу зэритх илъэсхэр хэплъхьэжмэ, филологхэр доктор, профессор щыхъухэр илъэс щэ ныкъуэ щыхъуам дежт совет зэманым. Псалъэм папщIэ, шофёр IэщIагъэ зэгъэгъуэтыным текIуадэр илъэс ныкъуэщ, нэгъуэщI IэщIагъэ зэхуэмыдэхэм трагъэкIуадэ илъэс, илъэс зытIущ хуэдиз. ЩIэныгъэлIым и гъащIэм и нэхъыбэр ехь кандидат, доктор хъун щхьэкIэ. А зэман псом зы темэм епхауэ щытын хуейщ и къэхутэныгъэхэри.
  • Гугъущ диссертацэ зытххэр я темэм къытепшу гуп зэбгъэпэщу «литературэм и тхыдэм» ебгъэлэжьыну. Иджыри зы щхьэусыгъуэ: Кавказ Ищхъэрэр къапщтэмэ, абы гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ щыIэ институтхэм IуэрыIуатэм, бзэм, литературэм елэжьу яIэ къудамэхэм я лэжьакIуэхэр мащIэ дыдэщ. Псалъэм папщIэ, Къэрэшей-Шэрджэсым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым адыгэ литературэмкIэ и къудамэм цIыхуитIщ щылажьэр. КуэдкIэ нэхъыбэкъым Адыгейм я институтым щIэс филологхэм я бжыгъэри. ТIэкIу нэхъыфIщ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и Iуэхур. «Адыгэ литературэм и тхыдэ» проектыр щызэхалъхьам литературэм елэжьу щытар цIыху зытхух хъурт, ауэ абы и Iыхьэ щанэм адыгэ литературэр къызэрахутэфыр урысыбзэ къудейт. Щыкуэдкъым ди университетхэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм щылажьэхэм лъэпкъ литературэмкIэ щыIэ кафедрэхэм адыгэ литературэр зи IэщIагъэхэр.
  • Адыгэ литературэм и блэкIам теухуауэ ятхар мащIэу пхужыIэнукъым. Адыгэ литературэм и тхыдэм пыщIа Iуэху зэIумыбз зыбжанэ щызэпкърахащ диссертацэхэм, статья хэтахэм, ауэ абыхэм щхьэхуэу къыщыгъэлъэгъуар жанрхэм зэрызаужьарщ. Адыгэ литературэм и тхыдэр «къыхэтэджыкIын» хуейщ литературэ процесс псом, абы къыщыгъэлъэгъуэн хуейщ къыхэжаныкIа тхакIуэхэм я гъащIэмрэ я творчествэмрэ, абыхэм литературэм щIэуэ халъхьар, литературэм и зыужьыныгъэм зэрыхуэлэжьар абы щIыгъуу.
  • Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я литературэм, литературэдж щIэныгъэм хузэфIэкIахэр къэплъытэмэ, Адыгэ Республикэм и IэщIагъэлIхэр япэ иту къыщIэкIынщ. Абы къыдагъэкIащ томищ хъууэ «История адыгейской литературы» (1999 — япэ томыр, 2002 — етIуанэр, 2006 — ещанэр). Проектым елэжьахэщ автор тIощI (къэбэрдей-шэрджэс литературэм и тхыдэм елэжьам нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэ). Щхьэхуэу я гъащIэмрэ я творчествэмрэ тетхыхьахэщ усакIуэ, тхакIуэ, драматург щэщIрэ щым! (Дэ щы къудейщ къыхэдгъэщхьэхукIар). Адыгейхэм тIэкIу щIрагъэгъуауэ къыщIэкIынщ персоналиехэм я бжыгъэмкIэ, къэбэрдей-шэрджэс литературэм и тхыдэм ар зыхуагъэфэщар мащIэIуэщ.
  • «Къэбэрдей литературэм и тхыдэм» гъуэгуанэ кIыхь къикIуащ. Абы и проектыр Гъут Iэдэм зэхилъхьат 2019 гъэм. Абы елэжьыну арэзы хъуахэт ди институтым, КъБКъУ-м, нэгъуэщI лэжьапIэхэм Iут еджагъэшхуэ зыбжанэ, ауэ зэманыр кIуэтэхукIэ, щхьэусыгъуэ гуэрхэр тегъэщIапIэ ящIурэ, авторхэм я бжыгъэм зыкъом хэкIыжащ. Дэ къыддэлэжьэну къэнар профессор ХьэкIуащэ Андрей и закъуэщ. Темэр кIуатэртэкъым, ирикъуртэкъым а къэхутэныгъэшхуэм елэжьыну къэна авторхэр. Зэман пыухыкIа блэкIа нэужь, къэбэрдей литературэм и къудамэм щылэжьэну институтым къэуващ щIэныгъэлI зыбжанэ: БакIуу Хъанджэрий, ТIымыжь Хьэмыщэ, ХьэкIуащэ Мадинэ, Мэшыкъуэ Тэзал. Секторым и цIэми зихъуэжащ: къэбэрдей-шэрджэс литературэм и къудамэ. Шэрджэс литературэри щIагъужащ проектым, къыхагъэхьэжащ хамэ къэрал щыпсэу адыгэ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Проектым адыгэ IуэрыIуатэм къыщыщIэдзауэ ди литературэм лъэхъэнэ зыбжанэм къикIуа гъуэгуанэр щIиплъыкIащ, тхакIуэхэм я мызакъуэу, къыщыхьащ литературэджхэм къахута лэжьыгъэхэри, критикхэм я IэдакъэщIэкIхэри. Къащыгъупщакъым урысыбзэкIэ тхэуэ щыта, XIX лIэщIыгъуэм псэуа тхакIуэ-узэщIакIуэкIэ дызэджэхэри.
  • Мыхьэнэшхуэ иIэщ ещанэ тхылъым и кIэм деж къыщыхьа гуэдзэн иным. Ар зэхэзыгъэувар ЩакIуэ Марьянэщ. Иужь дыдэу итщ 20 — 30 гъэхэм политикэ репрессие залымыгъэм ихьа тхакIуэхэм я гъащIэмрэ я творчествэмрэ ятеухуа тхыгъэ кIэщIхэр. Зи гугъу сщIы гуэдзэнхэр сэбэп яхуэхъунущ студентхэм, аспирантхэм, адыгэ литературэм елэжь щIэныгъэлIхэм. Гуэдзэнхэм убгъуауэ къыщыхьащ адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыдэкIа монографиехэр, статьяхэр, тхакIуэхэм я тхыгъэхэр.
  • Тхылъищми зэгъусэу утепсэлъыхьмэ, абы и авторхэм Iуэхугъуэшхуэ зэфIахащ, абы я IэдакъэщIэкIхэм сэбэпышхуэ къахуихьынущ теориеми, еджапIэхэми, литературэр къэзыхутэ дэтхэнэми.
  • ФIыщIэ лей яхуэфащэщ авторхэу: Гъут Iэдэм (абы проектыр зэхилъхьащ, IуэрыIуатэм, япэрей тхакIуэхэм ятеухуа тхыгъэ зыбжани итхащ); ТIымыжь Хьэмыщэ (редакцэр игъэзэщIащ, тхыгъэ зыбжанэ итхащ); БакIуу Хъанджэрий (шэрджэс тхакIуэхэм ятеухуа псори аращ хэзыгъэхьар, сонетым, гушыIэм ятеухуахэри итхащ), мащIэкъым Къэжэр Иннэ, Алъхъэс Светланэ, ЩакIуэ Марьянэ сымэ я хэлъхьэныгъэхэри.
  • КъыжыIапхъэщ авторхэр зыхунэмысауэ а тхылъищым ядэп-лъагъухэри. Ахэр абыкIэ къуаншэкъым: щыщIэныгъэхэр къызыхэкIар нэгъуэщI щхьэусыгъуэщ. Проектыр щызэхалъхьам щхьэхуэу зи творчествэр зэпкърахыну траухуар щы къудейщ: ПащIэ Бэчмырзэ, ЩоджэнцIыкIу Алий, КIыщокъуэ Алим. Ар мащIэIуэт. Пэжщ, а зэманым адыгэ усакIуэ, тхакIуэ, драматург куэдым я творчествэр лъагапIэшхуэ дэкIуеятэкъым, ауэ IутIыж Борис, Бещтокъуэ Хьэбас, Бемырзэ Мухьэдин, Дыгъужь Къурмэн, Нэхущ Мухьэмэд сымэ яхэбгъэувэ хъунут. Тхылъищыр ятхыху, къыдагъэкIыху я лъэкIыныгъэр, я Iэзагъыр «къызыкъуахащ» Ацкъан Руслан, Мыкъуэжь Анатолэ, Пхъэш МуIэед, Бицу Анатолэ, Уэрэзей Афлик сымэ.
  • Институтым и адыгэ къудамэм зи гугъу тщIы щыщIэныгъэр зэригъэзэхуэжын мурад иIэщ. Абы и планым хигъэхьащ тхылъищым щхьэхуэу зи творчествэр къамыхута тхакIуэ пажэхэм ятеухуа монографие щхьэхуэ игъэхьэзыру дяпэкIэ къыдигъэкIыну. Зи гугъу тщIы усакIуэхэр, тхакIуэхэр тхылъищ къыдэкIахэм «Iыхьэншэ» щыхъуауэ пхужыIэнукъым, абыхэм я IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэр анализ щыщIащ абы, ауэ ар мащIэщ зи цIэ къитIуахэм я дежкIэ. Абыхэм я гъащIэмрэ я творчествэмрэ нэхъ убгъуауэ къытеувыIэн хуейщ.
  • Адыгэ литературэм зиужьын зэрыщIидзэрэ сабийхэм ятеухуа тхыгъэхэм увыпIэшхуэ щаубыд, ауэ литературэдж щIэныгъэлIхэми критикхэми абы теухуауэ ятхар мащIэщ. Аращ «Адыгэ литературэм и тхыдэм» и ещанэ тхылъым а темэм щIыпIэшхуэ щIыхухахар. Сабий литературэм хуэлэжьащ Бырсей Умар и деж щегъэжьауэ нобэрей адыгэ тхакIуэхэм я деж къэсу. Абы и жанр щхьэхуэхэр щIаплъыкIащ ещанэ тхылъым и авторхэм: сабий усэхэр, прозэм и жанрхэм сабийхэм ятеухуауэ хэтыр, сабийхэм ятеухуа драматургиер (ТIымыжь Хь., ХьэкIуащэ М., Абазэ А., Къэжэр И., ЩакIуэ М.).
  • Литературэм и жанр нэхъ гугъу дыдэр сонетырщ, ар усакIуэ куэдым яхуэгуэщIыркъым, псом хуэмыдэу гугъущ сонет Iэрамэр (венок сонетыр). Мыр «ягъэIэсащ», къыхагъэхьащ адыгэ усакIуэхэу Бэрэтарэ Хьэмид (адыгей), Бемырзэ Мухьэдин (шэрджэс), IутIыж Борис, Ацкъан Руслан, Уэрэзей Афлик, Къармэ Iэсият, Жылэтеж Сэлэдин, н. (къэбэрдей). Сонетым теухуауэ статья гуэрхэр щыIэщ, ауэ абы и теориери адыгэ усакIуэ а жанрым телэжьахэм я IэдакъэщIэкIхэри убгъуауэ къыщыгъэлъэгъуар «Адыгэ литературэм и тхылъ» ещанэрщ. БакIуу Хъанджэрийщ гушыIэмрэ ауанымрэ теухуа Iыхьэшхуэри зытхар. Нэхъ пасэу а темэм теухуа монографие 2013 гъэм абы къыдигъэкIащ.
  • «Адыгэ литературэм и тхыдэ» япэрей тхылъитIми авторхэм къалэну зыхуагъэувыжат, тхакIуэхэм я творчествэр литературэ процессым зэрыхэувэм нэмыщI, а процессым щхьэж сыт щIэуэ хилъхьа жыхуиIэ упщIэм жэуап иратыну. Япэрей тхылъым, къэбэрдей-шэрджэс литературэм и щIэдзапIэр щыщIаплъыкIым, щIэуэ хагъэхьэжащ репрессием хэкIуэдахэми, хэхэс литературэм елэжьахэми, публицистикэми ятеухуа тхыгъэхэр. ТхакIуэхэм нэмыщI, литературэм елэжь еджагъэшхуэхэмрэ критикхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэри къыщыгъэлъэгъуащ. ФIыщIэ хэха хуэфащэщ профессор ХьэкIуащэ Андрей, адыгэ тхакIуэ-узэщIакIуэхэмрэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ ятеухуа Iыхьэхэр нэсу зэригъэзэщIам щхьэкIэ.
  • Куэдым жаIэ XXI лIэщIыгъуэр гуманитар щIэныгъэм ейуэ, ауэ илъэс тIощI екIуэкIар абы щыхьэт техъуэркъым. Бзэр, литературэр, тхыдэр, егъэджэныгъэр япэ ирагъэщыркъым ди зэманым. Апхуэдэу щытми, гуманитар щIэныгъэм епхахэр хущIэкъун хуейщ бзэм, литературэм, тхыдэм, гъуазджэ лъагэм я пщIэр къэIэтыжыным. Литературэджхэм псом япэ зэфIагъэувэжын хуейщ лъэпкъ къэс я литературэм и тхыдэр, адэкIэ щIыналъэ къэс ис лъэпкъхэм я литературэхэм я тхыдэр абы «къыхакъузыкIын» яхузэфIэкIынущ. ИкIэм-икIэжым, зэрыкъэралу щекIуэкI литературэ процессыр зэрыкIуэ гъуэгур наIуэ хъунущ. Абы теухуа тхыдэр зэфIэгъэувэнри зэфIэкIынущ.
  • Нобэ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я литературэм и тхыдэр я нэхъыбапIэм къахутауэ пхужыIэнукъым. Адыгэ щIэныгъэлIхэр къапщтэмэ, ахэр яхэтщ ар зыхузэфIэкIахэм. Аращ тхылъищ къыдэкIам и пщIэр къэзыIэтыр. Литературэр зэи къэувыIэркъым, ар зыдж щIэныгъэлIхэр, критикхэр а процессым къыкIэрыху хъунукъым. ЩIыхуэ къыптехуэмэ, ар пшыныжыгъуейщ. ФIыщIэ яхуэщIын хуейщ дызытепсэлъыхьа къэхутэныгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIахэм, абыхэм я лэжьыгъэр зыунэтIа, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, абы и президент Къанокъуэ Арсен.
  •  
  • БАКIУУ Хъанджэрий,
  • филологие  щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик.