ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъ гупсысэм теухуауэ

2021-05-19

  • Мейкъуапэ къыщыдэкIа «Адыгэ-абхъаз диаспорэмрэ репатриацэмрэ. Тыркум къикIыу Абхъазымрэ Адыгеймрэ» тхылъыр зи IэдакъэщIэкI Жьадэ Эрджийес Джемре ар фэеплъ хуищIащ и адэшхуэм.

  • «И ныбжьыр илъэси 3 щрикъуам щегъэжьауэ Хэкум игъэзэжыныр зи хъуэпсапIэу щыта, ауэ Кавказым къихьэжыну къызыхуимыхуа, сэ Абхъазым сыкъызэрыкIуэну визэр къыщызата махуэм, 2007 гъэм и мазаем, дунейм ехыжа си адэшхуэ Жьадэ Эртуке Казым фэеплъ хузощI» псалъэхэр тетщ тхылъым.
  • 2007 гъэм Жьадэ Эрджийес Джемре Абхъазым къэIэпхъуэри абхъазыбзэмрэ урысыбзэмрэ зэригъэщIащ. 2008 гъэм щегъэжьауэ 2019 гъэ пщIондэ ар щылэжьащ Абхъаз Республикэм и Президентым и деж щыIэ СтратегиемкIэ центрым. Мы зэманым «Кавказ къэхутэныгъэхэр» журналым и редакторщ.
  • Тхылъыр зи IэдакъэщIэкIыр и IэщIагъэкIэ социологщ, и доктор диссертацэр 2014 гъэм пхигъэкIащ. Хэкум икIа, зыгъэзэжа адыгэхэм ятеухуахэр едж. Мы тхылъри апхуэдэ къэхутэныгъэхэр щызэхуэхьэса щIэныгъэ лэжьыгъэщ, IыхьитIу зэхэту. «Адыгэ-абхъаз диаспорэмрэ Кавказым гъэзэжынымрэ» япэ Iыхьэр Инджылызым и Сассек университетым щыпхигъэкIа доктор диссертацэм къыхихыжащ. ЕтIуанэ Iыхьэм щызэхуихьэсащ лъэпкъым теухуауэ 2010 — 2014 гъэхэм къриубыдэу итха щIэныгъэ лэжьыгъэхэр.
  • Лъэпкъ гупсысэ щIэщыгъуэхэр къыщыхьа тхылъыр куэдым ягу дыхьащ икIи къыпэджэжащ. Тхылъым пэублэ хуэзытха Жьадэ Зуриет къыхигъэщащ лъэпкъ Iуэхум зи гупсысэр хэт дэтхэнэми а лэжьыгъэр щIэщыгъуэ зэрыщыхъунур. Езыр абы къыщыхьахэмкIэ авторым и акъылэгъущ.
  • Тхылъыр зытхам фIыщIэ псалъэкIэ захуегъэзэ сэбэп къыхуэхъуахэм: «Илъэс 12-м къриубыдэу Тыркум, Адыгейм, Абхъазым, Великобританием я зэхуаку сыдэту езгъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэмкIэ сэбэп къысхуэхъуа дэтхэнэми фIыщIэ хузощI. Хэти сыкъимыцIыхуххэу си лэжьыгъэм и гуащIэ къыхилъхьащ, хэти си ныбжьэгъути, Хэкум икIынымрэ гъэзэжынымрэ теухуауэ я гурыгъуз къысхуиIуэтащ. Мы тхылъым зи унэцIэ къыщызмыхьа къыфхэт хъужыкъуэми, фэ псори абы щыщ Iыхьэ фыхъуащ».
  • НафIэдз Данэ.