Зэман кIыхькIэ япэщIэтащ
2021-05-19
- Шахэ и псыхъуэр тхыдэ и лъэныкъуэкIэ телъыджащэщ. Ар лIэщIыгъуэкIэрэ Шапсыгъымрэ Убыхымрэ я гъунапкъэу щытащ. Абы къыдэкIуэуи, илъэси 157-рэ ипэкIэ мы къуэладжэм къуажэ 70-м щIигъу дэсащ. Мыпхуэдэуи къыжыпIэ хъунущ: тIуащIэр къэзыухъурехь Iуащхьэхэмрэ мэзхэмрэ иджыри къыздэсым «я нэгу» щIэтщ Iэхэлъахэм илъэс мин бжыгъэкIэрэ щызэдэпсэуа адыгэхэмрэ аптIэхъуэхэмрэ (убыххэр) я зэдекIуэкIыкIар.
- Илъэс зыбжанэ ипэкIэ Интернетым сыщрихьэлIат убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм ди лъахэм къизэрыгуа зэрыпхъуакIуэхэм, лIыгъэшхуэ зэрахьэу, зэрапэщIэтар къызыхэщыж тхыгъэхэм. ПсэзэпылъхьэпIэу лъэхъэнэ гугъум екIуэкIа Iуэхугъуэхэр зэкIэлъыгъэкIуауэ къыщратхэкIыжа сатырхэм я нэхъыбапIэр зейр а зэманым ахэр зи нэгу щIэкIа цIыхухэрщ.
- XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм хы ФIыцIэ Iуфэм къегъэщIылIа щIыналъэхэми зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIащ. Урысей географие обществэм и Сочэ къалэ къудамэм хэт, лъахэхутэ емызэшыж Ворошилов Владимир «Убых хэкум и тхыдэ-этнографие очеркхэр» зыфIища и Iэрытх гъэщIэгъуэным къызэрыщигъэлъэгъуэжамкIэ, убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ я щIыр щызэпыхьэ Шахэ псышхуэр хым щыхэхуэжым деж, 1839 гъэм и мэлыжьыхь — накъыгъэ мазэхэм я зэблэкIыгъуэ махуэхэм къриубыдэу, пащтыхьыдзэр псы щIыIукIэ къесылIэри, абдежым залымыгъэ хэлъу зыщигъэбыдауэ щытащ. Ардыдэм щыхьэт тохъуэ «1839 илъэсым Шахэпэ щитIысыкIа урысыдзэр» зыфIаща тхыгъэу Интернетым къралъхьари.
- Къызэризэум къыдэкIуэу, а щIыпIэм зыщригъэнэну унафэ зыхуащIа генерал Раевский Николай хузэщIагъэуIуа дзэм хэтт Кавказ Ищхъэрэм щыIэ Тенгинскэ, Навагинскэ полкхэм къыхаша батальону 8, хы ФIыцIэ (черноморскэ) къэзакъ-ныбэрыпщхэм (пластунхэм) я лъэсырыкIуэ-губгъуэхутэ полкыу 2, Iэщэ шынагъуэу а зэманым къалъытэу щыта топ 24-р зыгъэIэрыхуэ ротэу 2.
- Сэ къызэрыслъытэмкIэ, зауэ гущIэгъуншэр иухыным иджыри илъэс 25-рэ хуэдиз иIэжу, Шахэ псыр хым щыхэхуэжым и деж зыщызыубгъуа мэзылъэ тафэмрэ абы къегъэщIылIа ныджэ бгъуфIэшхуэмрэ зыщигъэбыдэн папщIэ, урысыдзэм къаруушхуэ ирихьэлIауэ зэрыщытар къызыхэщыж дэфтэрхэр Интернетым иджы тыншу къызэридгъуатэр фIыщ. Сыту жыпIэмэ, зи гугъу тщIы тхыгъэхэри къоув ди лъахэм къеща зэрыпхъуакIуэхэм адыгэхэр зы махуи зэрамыгъэтыншар, хэкупсэхэм, я хуитыныгъэмрэ я щIымрэ яхъумэжын папщIэ, лъы мащIэ зэрамыгъэжар, лIыгъэу зэрахьар зыхуэдизыр къэзыгъэлъагъуэ IэмалыфIу. Абы къыхэкIыуи, зэпэщIэувэныгъэ гуащIэрэ гущIэгъуншагъэкIэ гъэнщIа а лъэхъэнэ бзаджэр зи нэгу щIэкIа цIыхухэм къаIэпыкIа я тхыгъэхэм хэплъэжу, щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ ахэр къизыхьэжыфхэми фIыщIэ щхьэхуэ яхуэфащэу къыщIэкIынщ.
- Теуэм зэрызыхуагъэхьэзырар
- Чэруан зекIуэр зэрызэщIагъэуIуа щIыкIэм дежкIэ къэдгъэзэжынщи, 1839 гъэм, мэлыжьыхьым и 23-м Севастополь кхъухь тедзапIэм къыIукIри, Керчь псы дэлъэдапIэм (хыжьэм) дыхьащ тенджыз ФIыцIэ флотым и 2-нэ эскадрэр. «Императрица Екатерина», «Память Евстафия», «Адрианополь», «Султан Махмуд», «Силистрия» кхъухьхэмрэ «Штандарт» фрегатымрэ зыхэт хыдзэм я унафэщIыр адмирал Лазарев Михаилт. Махуэ бжыгъэ нэхъ дэмыкIыу абыхэм гъусэ яхуэхъуащ «Агатополь», «Тендос», «Бургас», «Браилов» фрегатхэр, «Меркурий» бригыр, «Северная звезда» бахъэрызекIуэ кхъухьыр, «Легкий» тендерыр, «Ориандэ» яхтэр.
- Мыбыхэм я цIэхэр тхыгъэм къызэрыщыхьам хуэдэ дыдэу къыщIедбжэкIыжыр, ди лъэпкъэгъухэм я щIыналъэм и зы кIапэ къудейм зыщигъэбыдэн папщIэ, Урысей пащтыхьыгъуэм къарууэ ирихьэлIар зыхуэдизыр къридгъэлъэгъуэжын щхьэкIэщ. Теуэм апхуэдизкIэ ерыщу икIи зэгъэкIуауэ зыхуагъэхьэзырати, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа кхъухьхэм къищынэмыщIа, зекIуэм хузэщIагъэуIуа дзэм папщIэ, Темрыкъуэ (Темрюк) тедзапIэм нэхъ пасэу щагъэхьэзырат сатуущI кхъухьхэм хуэдэу 9. Абыхэм щIэгъэхуэбжьауэ иралъхьэрт зэрыпхъуакIуэхэр щитIысыкIыну щIы-пIэм щаухуэну быдапIэм ирахьэлIэну пкъыгъуэхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ, лэжьакIуэ папщIэу къагъэсэбэп выхэмрэ шыхэмрэ, Iэщым ирагъэшх мэкъумылэмрэ ахэр зыщIащIэ шыгу-выгухэмрэ, Симферополь Ерыскъы комиссэм къахузэригъэпэщауэ, шэрджэсыщIым щитIысыкIыну дзэр мазитIкIэ зыхурикъун шхынри абы хэтыжу.
- Къэнэжар зауэлIхэмрэ ахэр здэIэпхъуэм зыщIэсыну чэтэн унэхэмрэ, зауэм хуэгъэпса топхэмрэ топышэхэмрэ, нэгъуэщI-къинэмыщIхэри кхъуафэхэм ирагъэзэгъэжыныр арати, къыздикIари-къыздихуари ямыщIэ хыжькуийм къыкIэлъыкIуэ махуитIым и кIуэцIкIэ дзэм зригъэгъэхъеякъым.
- ИкIэм-икIэжым, мэлыжьыхьым и 28-м, жьапщаер щыувыIэм, хыдзэм хэтхэм кхъуафэхэм зрагуэшащ. Апхуэдэ щIыкIэм тету, теуэм хуэгъэпса зекIуэ шынагъуэр Тамань тедзапIэм къыIукIри, Керчь псы дэжыпIэмкIэ хы ФIыцIэм къытехьащ. Ауэ мыбдежми, езы Тхьэшхуэр зауэшыхэм закъригъэщIэжыну хэта фIэкIа умыщIэну, хыжькуийм аргуэру «зыкъигъэубэлэцыжащ». УвыIэгъуэ имыIэу къепща жьапщэм зэтриIыгъа кхъухьхэр Шахэ Iуфэ щынэсар шэджагъуэ нэужьыфI хъуауэ накъыгъэм и 2 махуэрщ. ПщыхьэщхьэхуэкIуэу хамэ щIыгу дзэр ибутIыпщхьэну дзыхьщIыгъуэджэти, Шахэрэ Субэшрэ (Шупашэ, иджы Матросская щель) хым щыхэхуэжым я зэхуаку дэлъ псы гущIыIум деж, зауэлIхэр зэрыс кхъуафэхэр жэщ псом и кIуэцIкIэ уфафэ-уфэразэу щаIыгъащ.
- ЗэрытпимыкIуэтынури къыдгурыIуат
- ИщхьэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, кхъухь псоми я Iэтащхьэр адмирал Лазарев Михаилт, десантыдзэхэм — генерал Раевский Николайт.
- Теуэр зэрекIуэкIынум и хъыбарыр нэхъ пасэу зыIэрыхьа убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ, кхъухьхэр гъунэгъу къазэрыхуэхъур щалъагъум, лъэныкъуэ псомкIи къикIыу, хыдзэр щитIысыкIыну щIыпIэм къекIуэлIэн щIадзащ.
- Генерал Раевскэм зэрыжиIэжымкIи, бгырысхэм дзэр щитIысыкIыну зыхуагъэфэща щIыпIэм апщIондэхукIэ я къарухэр тIэкIу-тIэкIуурэ кърашалIэрт. Теуэм щIимыдзэ ипэ, Iэгъуэблагъэм къегъэщIылIа къуажэ цIыкIу псоми къикIыу, Iуащхьэхэм къыщхьэдэхыурэ, хэкупсэхэр гуп-гупурэ джабэ нэкIухэм къеххэрт.
- ЯпэщIыкIэ бгырысхэм щызэхуэсу щIадзащ Шахэ хы ныджэм къыщытелъадэм и гъунэгъуу ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ щыIа жыг гуэрэныбэм и Iэгъуэблагъэм. Абдежыр хэкупсэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI я тхьэелъэIупIэт, «Тхьэхущынэ щыгу» зыфIаща лъагапIэм и лъабжьэкIэ щыIэу.
- КъищынэмыщIауэ, километрищ зи кIыхьагъ хы псыIумрэ абы къыщхьэщыт мэзылъэ джабэ нэкIухэмрэ зысея бгырыс хэкупсэхэми теуэм и пэ къихуэ жэщым щызэщIагъэста мафIэхэм къапих бзийхэр дэнэ лъэныкъуэкIи къыщылъагъуэрт.
- ИпэжыпIэкIи (дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ), иджырей Сочэ къалэм храгъэубыда Головинкэ (Шахэпэ) къуажэм хы псыIумкIэ гъэза и гъунэм уардэу къыщыхэщхьэхукI, ныбжьышхуэ зиIэ «Жыгдахэ» здэщыт щIыпIэр шапсыгъ адыгэхэмрэ абдежым гъунэгъуу щыпсэуа убыххэмрэ пасэ зэманхэм къыщыщIэдзауэ я тхьэелъэIупIэжьу къекIуэкIащ. Ауэ щыхъукIи, зи гугъу тщIы лъэхъэнэм урысыдзэм хэта я пашэхэм ятхыжа я гукъэкIыжхэм къызэрыщыгъэлъэгъуэжамкIи, Шахэ хым щыхэлъэдэжым и ижьырабгъу лъэныкъуэмкIэ жыгей абрагъуэхэр итыгъащ.
- «МызыгъуэгукIэ Раевскэм урыс Iэщэр ирихьэрт зауэшы дыдэу къалъытэ убыххэм я щIыгум, — щитхыжащ «ГукъэкIыжхэр» зыфIища и тхыгъэм, «Шахэпэ теуэм» и курыкупсэм хэта декабрист Лорер Николай. — Пщэдджыжьыпэм зыкъэзыIэта дыгъэм и япэрей бзийхэм къызэщIагъэнэхуа теплъэгъуэр апхуэдизу телъыджащэти, псори дитхьэкъуами ярейт: хы ныджэм илъэсищэ бжыгъэ зи ныбжьу ит жыгеижьхэм я лъабжьэм IэщэкIэ зэщIэузэда убых 500-м нэблагъэр тхьэ щелъэIурт. Убыххэм лъэгуажьэмыщхьэ зрагъэуат. Абыхэм я пащхьэ зи щхьэм щэкI хужь къешэкIа ефэндыри итт. ДымыгъэщIэгъуэн тхузэфIэкIакъым, мажусийхэм я дуней хущытыкIэмрэ чыристэн динымрэ зэхэухуэнауэ ижь-ижьыж лъандэрэ зезыхьэ шэрджэсхэм я пащхьэ (Тхьэхущынэ щыгум деж) муслъымэн диным и лэжьакIуэ зэритыр! Ар и щыхьэтт къащхьэщыхьа шынагъуэр тырку ефэндыхэми къызэрагъэсэбэпами, езы бгырысхэр абы зэрыригъэувэлIами, Тхьэхущынэ щыгур тыншу икIи пщIэншэу абыхэм къызэрыдамытынуми».
- Десантыдзэм я пашэ Раевскэм зэритхыжамкIэ, а щIыпIэм щызэхуэса хэкупсэхэм я пащхьэ тхьэмадэ 20-30-м нэблагъэр, яшхэм тесу щызэхэзекIуэрт. Дэ абдежым къыдгурыIуащ бгырысхэм а щIыпIэр къыдамыгъэубыдын папщIэ, яхузэфIэкI псори зэрырахьэлIэнури, къарууэ яIэр яухыхункIэ зэрытпимыкIуэтынури, — къыщыпищэжат Раевскэм и тхыгъэм.
- А сатырхэм пэджэжу, адмирал Лазарев Михаил отставкэм щыIэ и ныбжьэгъу, капитан-лейтенант Верёвкин Александр мыпхуэдэу хуитхат: «Шэрджэс мини 3-м нэблагъэм лъэгуажьэмыщхьэ зрагъэуат. ГурыIуэгъуэт ахэр Тхьэм зэрелъэIур, я адэжьхэр щалъхуа щIыналъэр бийм щахъумэжыфын папщIэ, зыхурикъун лIыгъэрэ хахуагъэкIэ къетэну. Ди нэгу къыщIэува теплъэгъуэм дапхуэдизу гумащIэ дыкъищIами, дыкъыщIежьа Iуэхур дгъэзэщIэн хуейт»…
- Я икIуэтыкIэр телъыджащэт
- Арати, накъыгъэм и 3-р къыщихьа жэщ псом хы щхьэфэм уфафэ-уфэразэу тета кхъухьхэр нэхутхьэху-пшэкIэплъ къыщищI пщэдджыжьыпэм тенджыз Iуфэм нэхъ гъунэгъуу екIуалIэхэри, хъурзэхэр щрадзыхащ, арыххэуи дзэр ирагъэтIысыкIыу щIадзащ. Топхэр, кхъухьхэм я мызакъуэу, псы Iуфэм ирагъэсылIэ кхъуафэ псоми къызэдиукIырт.
- Кхъухьхэр топкIэ щызэдиукIым, шэкъэуэжхэм зэхафыщIэрт бгырысхэр зыкъуэс щIытI-къуэтIыхьхэри, Iэгъуэблагъэм къыпэгъу-нэгъу мэзхэри зэщIагъэгъуагъуэрт, илъэсищэ зи ныбжь жыгхэри, удз ираупщIыкIым хуэдэу, зэтрагъэгъуалъхьэрт. Хы ныджэр топышэхэмкIэ, увыIэгъуэ ямыIэу, къаудыныхьа иужькIэщ, зэрыпхъуакIуэхэр щIым техьэным щытегушхуар.
- ПсыIур зэхэубэрэжьыхьын щыщагъэтар, езы урысхэр етIысылIэпа иужькIэщ. Зылъэгъуахэм зэрыжаIэжымкIэ, пащтыхьыдзэм хэтахэм хым къытекIыу тафэм техьэным сыхьэтитIым къыщыщIэдзауэ сыхьэтиплIым нэблагъэ трагъэкIуэдащ.
- Хыдзэр щитIысыкIар Шахэ и ижьырабгъу лъэныкъуэрщ, нэхъ тэмэму къыжытIэмэ, Шахэрэ Къуэдэшрэ (Шупашэрэ) я зэхуаку дэлъ тенджыз Iуфэрщ. Къуэдэш-псы цIыкIущ, Шахэпэ зы километр хуэдизкIэ ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ пэжыжьэми аращ. А тIум я зэхаку дэлъ щIыгур бгырысхэм 1839 гъэм и мэлыжьы-хьым ирихьэлIэу (Раевскэм нэхъ пасэу хъыбар зэрырагъэщIамкIэ) щIытI-къуэтIыхьхэмкIэ кърагъэбыдэкIат…
- Телъыджэр аращи, зи гугъу тщIа теплъэгъуэхэм ящыщ а лъэхъэнэм псэуа, Шахэпэ теуэр зи нэгу щIэкIа, сурэтыщI гъуэзэджэ Айвазовский Иван и IэдакъэщIэкIхэм языхэзым къыщигъэлъэгъуэжауэ щытащ.
- Шахэпэ и къыщхьэщыжакIуэхэм я нэхъыбэр къыздикIар гъунэгъу къуажэхэрат, ауэ, а махуэхэм шэрджэсхэм яхэта, политикэ Iуэхухэми хуэIэзэ, инджылыз коммерсант Белл Джеймс зэритхыжымкIэ, ПсыфIыпс (Псезуапсе) къуэбэкъум дэса шапсыгъхэри мы щIыпIэм гупышхуэ хъууэ къызэрыхьат. ИужькIэ ахэр, абдежым махуэ бжыгъэкIэ щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм, «зы къэмынэу» зэрыжаIэу, хэти уIэгъэ щыхъуащ, хэти щаукIащ. Белл щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, а махуэхэм Шахэ тIуащIэ «зыгъэзджызджа» зэпэщIэувэныгъэ хьэлъэм ПсыфIыпс дэса шапсыгъхэм ящыщу, лIыгъэкIэ, къызыхэкIа лIакъуэкIэ цIэрыIуэ дыдэ лIакъуэлIэш пашэу 50-м нэблагъэ хэкIуэдащ.
- ТIуащIэм бийр къыдэзымыгъэхьэну хущIэкъуахэм а махуэхэм икъусыкъужкIэ лIыгъэш-хуэ зэрахьащ, хахуагъэ ини къагъэлъэгъуащ. АрщхьэкIэ, зэпэщIэува лъэныкъуитIым къару-уэ ябгъэдэлъа и лъэныкъуэкIэ хуабжьу зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ яIащ. Раевскэм зэритхыжамкIэ, «Хыдзэм зыкъызэрызэкъуиха Iэщэ шынагъуэу зэдигъэуа топхэм лъэрыщIыкIыр къащыхуигъакIуэм, адыгэхэмрэ убыххэмрэ хыныджэм щаухуауэ щыта я къуэтIыхьхэр ябгынэн хуей хъуащ. Абы щыгъуэми, я икIуэтыкIэр телъыджащэт: щIэпхъуэж зи цIэ къахэмыкIыу, уIэгъэ хъуахэмрэ хаукIыкIахэмрэ, зэрахузэфIэкIкIэ, къыщамынэу, хуэм дыдэурэ зэщIэкIуэжахэщ…»
- Мы щIыпIэм абы иужькIэ урысхэм быдапIэ щаухуащ. АрщхьэкIэ, накъыгъэм и 3-м къыкIэлъыкIуа махуэхэми, зэрыщыту къэтщтэнщи, а илъэсыр иухыхункIи, абы иужь ита лъэхъэнэхэми а Iэхэлъахэм зэхэуэ гуащIэхэр зэман кIыхькIэ щекIуэкIащ, 1864 гъэм убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ я Хэкур ирагъэбгынэху…
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.