ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зи фочышэр блэкIам тезыунащIэм  а блэкIар топышэкIэ къыхэуэжынущ

2021-04-29

  • Хэку  зауэшхуэм  нацистхэмрэ   абыхэм  я дэIуэдэжэ- хэмрэ лажьэ ямыIэу ягъэкIуэда совет цIыхубэм и фэеплъ махуэм теухуа пшыхьхэр Урысейм курыт щIэныгъэ, IэщIагъэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэту ит еджапIэхэм щрагъэкIуэкIащ. Фэеплъ махуэр зытраухуар мэлыжьыхьым и 19-рщ. Мы махуэр къыщIыхахами щхьэусыгъуэ иIэщ. СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1943 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м «Лажьэ ямыIэу икIи хьэкIэкхъуэкIагъэ хэлъу совет цIыхубэр зыукIа, гъэр хъуа зауэлIхэм лей езыха нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм, щалъхуа хэкум епцIыжахэм, нацистхэмрэ абыхэм  я  дэIуэдэжэхэмрэ тезыр ятелъхьэным теухуауэ» зи фIэщыгъэ унафэр къищтэгъат. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр, абыхэм телъхьэгъу яхуэхъуахэмрэ хэкум епцIыжахэмрэ хабзэм тету жэуапым ешэлIэным мы унафэр тегъэщIапIэ хуэхъуат икIи лажьи хьэкъи ямыIэу зэхэзехуэн ящIа цIыху куэдым я ягъэ езыгъэкIа щIэпхъаджащIэхэм яхуэфащэ тезырыр тралъхьауэ щытат.

  • ИпэжыпIэкIэ къапщтэмэ, Хэку зауэшхуэм и илъэсхэр СССР-м дежкIэ къызэрымыкIуэу хьэлъэу щытащ. Нэмыцэдзэм и унафэщIхэр «Ост»-кIэ зэджа планым ипкъ иткIэ, СССР-м щыпсэу цIыхубэм я ныкъуэр гъэкIуэдын, къэна ныкъуэри щалъхуа щIыналъэхэм егъэзыгъэкIэ ирашу щхьэхуимыт лэжьыгъэм пэрыгъэувэн хуейт. Зэхэзехуэн ящIынур зыщыщ лъэпкъми, зэрихьэ динми, ныбжьми мыхьэнэ яIэтэкъым — псори гъэкIуэдын хуейт, абыхэм къащIэна щIыгумрэ мылъкумрэ нэмыцэ хъугъуэфIыгъуэ хъун хуэдэу.
  • Фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм ягу къагъэкIыж бжыгъэхэр шынагъуэщ. Хэку зауэшхуэм цIыху мелуан 26,6-рэ хуэдиз хэкIуэдащ. Абы щыщу цIыху 13684692-м нэблагъэр зэуапIэм Iумыта цIыху къызэрыгуэкIхэрщ. Мы бжыгъэм хохьэ щIыIэм, мэжэщIалIагъэм, егъэзыгъэ Iэпхъуэ-шапхъуэм ихьа цIыху 11520379-р, адрей къэна цIыху 2164313-р нэмыцэIуэхэм ираубыдэу ирагъэлIыхьахэрщ. Къапщтэмэ, псори зэгъусэу Совет щIыналъэм щхьэхуимыту ирашауэ щытащ цIыху    5259513-м нэблагъэ. Мис а тхьэмыщкIэхэрщ мы махуэхэм цIыхухэм ягу къагъэкIыжыр.
  • Хэку зауэшхуэм нацистхэмрэ абыхэм я дэIуэдэжэхэмрэ лажьэ ямыIэу ягъэкIуэда совет цIыхубэм я фэеплъ махуэр къыхэзылъхьар Урысейм ЩIэныгъэм-рэ щIэныгъэ нэхъыщхьэм-кIэ и министерствэрщ, ар абы даIыгъащ «Технологиемрэ коммуникацие IэмалхэмкIэ IуэхущIапIэ» жылагъуэ зэхухьэныгъэмрэ «ЗэуапIэхэм я лъэужь» урысейпсо зэщIэхъееныгъэм-рэ. Фэеплъ махуэр къызэгъэпэщакIуэхэм къыщыхалъхьэми зыхущIэкъуар зы Iуэхущ — нацистхэмрэ абыхэм я дэIуэдэжэхэмрэ ла-жьэ зимыIэ совет цIыхубэм кIэлъызэрахьа хьэкIэкхъуэкIагъэм теухуа пэжыр хэIущIыIу щIынырщ. «УзыщыгуфIыкI икIи узэрыгушхуэ            хъун Iуэхугъуэхэм къадэкIуэу, уигу зыщIэузын щапхъэхэр щыкуэдщ блэкIам. ЩIэблэр абыхэм щыгъэгъуэзэныр, апхуэдэ щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъуным и ужь итыныр гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ я пщэрылъщ», — жаIэ фэеплъ Iуэхугъуэхэр къыхэзылъхьахэм.
  • Фэеплъ пшыхьым ипкъ иткIэ еджапIэхэм псоми          «Ар пщыгъупщэ хъуну-къым» жыхуиIэ видеофильмыр щагъэлъэгъуащ, Хэку зауэшхуэм и теплъэгъуэхэр къызыхэщ сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр ящIащ, зауэм хэкIуэдахэмрэ лей зыкIэлъызэрахьахэмрэ яхуэгъэза письмохэр ятхащ.
  • Фэеплъ пшыхьхэр щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ еджапIэхэми. ЦIыху хъарзынэ кърихьэлIэу, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтымрэ абы хыхьэ колледжхэмрэ я студентхэри, аспирантхэри, егъэджакIуэхэри хэту фэеплъ пшыхь къызэрагъэпэщри, блэкIа зауэм цIыхухэм къахуихьа насыпыншагъэм, абы и лъэужьхэр нобэр къыздэсым зэрыхэмыгъуэщэжам, зи Iыхьлы къэзылъыхъуэр, зи адэжьхэм я къекIуэкIыкIам щIэупщIэр куэду зэрыщыIэм и гугъу ящIащ, псалъэмакъ купщIафIэхэр ирагъэкIуэкIащ, тхыдэ дерсхэр, дерс зэIу-      хахэр щагъэлъэгъуащ.
  • ЗэIущIэм кърихьэлIахэм зэдэарэзыуэ къыхагъэщащ мыхьэнэ зиIэ зы Iуэхугъуэ: «Зи фочышэр блэкIам тезыунащIэм а блэкIар топышэкIэ къыхэуэжынущ», жаIэ. ДызэплъэкIрэ ди     щIыб дэлъ тхыдэм щыгъуазэ зыхуэтщIыфмэщ, ди адэжьхэм я нэгу щIэкIа тхьэмыщкIагъэ псори нэсу зэхэтщIыкIмэщ, ди къэкIуэнур зэтес щытщIыфынур, дызэрыкIуэ лъагъуэри лъапощхьэпоуншэу щыткIуфынур. Ди япэ итахэм, лажьэншэу кIуэдахэм я фэеплъыр мыкIуэдыжынщ».
  • ШУРДЫМ  Динэ.