Утыку зэрихьэр напэщи, къызэрикIыжыр лъапэщ
2021-04-29
- ХьэтIoхъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэщри, Кэнжэ (Къуэшыркъуей), къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ «Iуэрсэр» зыфIища хэгъэгупсо литературэ зэпеуэр. Ар хуэунэтIат еджакIуэхэм анэдэлъхубзэм хуаIэ щытыкIэм нэхъри зрагъэIэтыным, прозэм щызекIуэ литературэ IэмалхэмкIэ я бзэр нэхъ бей, дахэ егъэщIыным, жьабзэм зрагъэужьы-ным, литературэ лIыхъужьхэр псэкIэ зыхащIэу, дихьэхыу, я гурыгъу-гурыщIэхэр анэдэлъхубзэкIэ къаIуэтэфу егъэсэным, адыгэ щIалэгъуалэр щэнхабзэм дригъэхьэ-хыу, псэлъэкIэм пыщIауэ сэнаущыгъэ зыбгъэдэлъ сабийхэм заужьыну Iэмал егъэгъуэтыным.
- КъищынэмыщIауэ, «Iуэрсэр» литературэ зэпеуэм пщэрылъ зыщищIыжхэм ящыщщ литературэбзэр зы къупхъэ иувауэ адыгэ лъэпкъым щыщ цIыху псоми къагурыIуэ щIэныгъэу зэрыщытым еджакIуэхэм гу лъегъэтэныр, тхыгъэ зэгъэпэщар псэлъэкIэ зэмылIэужьыгъуэ зекIуэхэм ящхьэу зэрыувыр къагурыгъэIуэныр, анэдэлъхубзэкIэ псэлъэныр, гупсысэныр, еджэныр адыгэ дэтхэнэми и пщIэр зыIэт Iуэхугъуэу зэрыщытыр и фIэщ щIыныр.
- Мыбдеж къыхэдгъэщмэ тфIэигъуэт, «Iуэрсэр» зэпеуэр Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм къахэкIа, иджырей тырку литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ, новеллэ тхынымкIэ дуней псом щыцIэрыIуэ тхакIуэ Хьэткъуэ Умар и фэеплъу зэрекIуэкIар. Хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ зэрызэпищIэ лъэмыжущ ар Адыгэбзэ Хасэм къызэрилъытэр. Хьэткъуэ Умар къигъэщIар мащIэ дыдэми (илъэс щэщIрэ тхурэ къудейщ зэрыпсэуар), абы щыщу тхэным лъысар нэхъ мащIэжми (илъэсийм къреубыдэ абы и тхэныр), уи щхьэр лъагэу уэзыгъэлъагъуж, дамэр уэзыгъэшэщI лэжьыгъэкIэ и гъащIэр игъэнщIащ. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ новелли 150-м щIигъу, повесть зыбжанэ, зы пьесэ, и кIэм нимыгъэсауэ романитI. Абы къыдэкIуэу, Хьэткъуэ Умар къытрыригъэдзащ литературэр зыубзыху, бзэм теухуа лэжьыгъэ куэд. Тхыгъэ зыбжани тыркубзэкIэ зэридзэкIащ. Псори зыхуэунэтIар зы Iуэхут — гупсысэкIэ зыщIэ, дунейм щекIуэкIхэм набдзэгубдзаплъэу хэплъэф, пэжымрэ пцIымрэ зэпэщIэзыхыф, фIым и лъэныкъуэу щыт щIэблэ узыншэ къэгъэтэджынырщ. КIуэдыж зимыIэ, къызыхэкIа лъэпкъымрэ зэрихьэ динымрэ емылъытауэ, дэтхэнэ цIыхуми и зэхуэдэу щыт а гупсысэхэр гъэсэны-гъэм и пкъощIэсэщ. А псом я мыхьэнэм нэхъри зеIэт, абыхэм адыгэ щIэжьыуэ зэращIэтыр, лъэпкъ гупсысэкIэм зэрыпэмыжыжьэр къапщтэ-мэ. Адыгэбзэ Хасэм ахэр къилъытэ-ри, тхакIуэ цIэрыIуэм и фэеплъу зэхьэзэхуэр иригъэкIуэкIащ.
- Мыри къыхэгъэщын хуейуэ къыдолъытэ. Жагъуэ зэрыхъунщи, дунейр зэщIэзыщта узыфэм и ягъэкIэ, Адыгэбзэ Хасэм зэпеуэр утыкушхуэ хуихьакъым. КъекIуэкI санитар мардэхэр къызэпамыуду, зэхьэзэхуэм къыхыхьа еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ пIалъэ гъэувам тету зэблэкIыурэ ЩэнхабзэмкIэ унэм къекIуэлIащ, цIыху Iув зэрымыгъэхъууи Iуэхури екIуу дахащ.
- Зэпеуэм жыджэру хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым ит курыт еджапIэхэм къикIа еджакIуэ 49-рэ. Ахэр ягъэхьэзыращ егъэджакIуэ 19-м. Утыку къихьа дэтхэнэ зы еджакIуэми и пщэрылът адыгэ литературэм и тхыгъэ нэхъыфIхэм щыщу ягу дыхьэ пычыгъуэхэр къыхахыу къызэхуэсахэм я пащхьэ гукIэ къыщеджэну. ГукIэ тхыгъэм къеджэным хыхьэрт ар гъэхуауэ зэкIэлъыгъэкIуэныр, макъхэр IупщIу икIи гурыIуэгъуэу къэпсэлъыныр.
- ФIым и фIыжыр къыхэхын и Iуэху-кIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIихащ Къэп-щытакIуэ гупым. Абы хэтащ: Горький Максим и цIэр зезыхьэ цIыхубэ театрым и джэгуакIуэ, Къуэшыркъуей къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэ Къанкъул Ислъам, Налшык къалэ дэт 1-нэ курыт еджапIэм, Науржан Ибрэхьим и цIэр зезыхьэм, адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Махуэ Маринэ, Горький Максим и цIэр зезыхьэ цIыхубэ театрым и джэгуакIуэ, Къуэшыркъуей къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и лэжьакIуэ Къуэныкъуей Залинэ.
- «Iуэрсэр» зэпеуэм хыхьэну хуитт курыт еджапIэхэм я 5 — 8-нэ классхэм щеджэхэр. Зэпеуэм кърикIуахэр щаубзыхужым, текIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ гупищу зэщхьэщыгъэкIа хъуащ: 6-нэ классхэр зы гупу, 7-нэ классым и еджакIуэхэр зы гупу, 8-нэ классым щеджэхэри щхьэхуэу. Мыгъэрей зэхьэзэхуэм 5-нэ классым щеджэ цIыкIухэм ящыщ зыри хэтакъым, аращ абыхэм я гугъу щIэдмыщIыр.
- 6-нэ классым щеджэ ныбжьыщIэхэм къахьа увыпIэхэр:
- Япэ увыпIэр хуагъэфэщащ Урыс Нурбек — Ислъэмей къуажэм дэт 1-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Къейсын ФатIимэщ.
- ЕтIуанэ увыпIэр зэдагуэшащ:
- 1) Къардэн Темирлан — Дохъушыкъуей къуажэм дэт 1-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Нэгъуд Аминэщ.
- 2) КIэнцIэлий Ислъам — Налшык къалэ дэт 26-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Дэхъу Ритэщ.
- Ещанэ увыпIэр хуагъэфэщащ:
- 1) Iэпщэ Элинэ — Абыкъухьэблэ дэт 1-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Бей Жансурэтщ.
- 2) Пэунэж Данэ — Лафыщхьэблэ дэт, генерал-лейтенант Батыр Мухьэмэд и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Къардэн ФатIимэщ.
- 3) Мэрзей Даянэ — ХьэпцIей къуажэм дэт, Махъсидэ Залымхъан и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар ФочыщIэ Майещ.
- 7-нэ классым щеджэхэм ящыщу зэпеуэм къыхэжаныкIахэр:
- Япэ увыпIэр ихьащ Мэлыхъуэ Къантемыр — Ислъэмей къуажэм дэт 1-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Мэлыхъуэ Самарэщ.
- ЕтIуанэ увыпIэр зэдагуэшащ:
- 1) Къущхьэ Арианнэ — Тохъутэмыщей къуажэм дэт, Къуэныкъуей Назир и цIэр зезыхьэ 1-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Къуэныкъуей Раещ.
- 2) Аброкъуэ Радимэ — Абыкъухьэблэ дэт 1-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Бей Жансурэтщ.
- Ещанэ увыпIэр хуагъэфэщащ:
- 1) Чэрим Элинэ — ХьэпцIей къуа- жэм дэт, Махъсидэ Залымхъан и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар ФочыщIэ Майещ.
- 2) Къейсын Аллэ — Ислъэмей къуажэм дэт 1-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Къейсын ФатIимэщ.
- 3) Степан Миланэ — Ислъэмей къуажэм дэт 1-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Мэлыхъуэ Самарэщ.
- 8-нэ классым щIэсхэм я Iуэхур мыпхуэдэу зэхуэкIуащ:
- Япэ увыпIэр хуагъэфэщащ Пыл Аделинэ — Къуэшыркъуей къуажэм дэт 20-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Къэзанш Нинэщ.
- ЕтIуанэ увыпIэр зэдагуэшащ:
- 1) Жамырзэ Миланэ — Ислъэмей къуажэм дэт 1-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Къанщэуей Оксанэщ.
- 2) Щамырзэ Алинэ — ХьэпцIей къуажэм дэт, Махъсидэ Залымхъан и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар ФочыщIэ Майещ.
- Ещанэ увыпIэр хуагъэфэщащ:
- 1) Ян Даринэ — Къуэшыркъуей къуажэм дэт 20-нэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар МахуэлI Ларисэщ.
- 2) Къумыкъу Розанэ — Мэртэзей къуажэм дэт, Къанкъуэщ Ахьмэдхъан и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Уэрзей Джульеттэщ.
- 3) Лашэ Марьянэ — Хьэтуей къуажэм дэт, Дол Хьэсэнбий и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэ. Зыгъэхьэзырар Къанло Аминэщ.
- КъэпщытакIуэ гупми зэпеуэм кIэлъыплъахэми зэдэарэзыуэ къыхагъэщащ ныбжьыщIэ цIыкIухэм лэжьыгъэм екIуу зэрызыхуагъэхьэзырар, пщэрылъу яIами фIы дыдэу зэрыпэлъэщар. Хэтахэми, текIуахэми, къыхэжаныкIахэми, гугъу зрагъэхьащ, къыхэпхынур умыщIэу хъарзынэуи утыкур ягъэбжьыфIащ.
- НыбжьыщIэ цIыкIухэр зыгъэхьэзы-ра егъэджакIуэхэр я гуащIэ еблэжакъым, Iуэхур зрагъэхъулIэн щхьэкIэ. ЦIыкIухэр къызэджэр къагурыIуэ къудейм къыщымынэу, зыхащIэу гъэхьэзырыным зэрегугъуар нэрылъагъут.
- ЗэрыжаIэщи, утыку зэрихьэр напэщи, къызэрикIыжыр лъапэщ. ЦIыкIуи ини уагъэгушхуэу дахэу загъэлъэгъуащ, дэтхэнэми фIыщIэ хуэфащэщ.
- ТАБЫЩ Мурат.