ЕпщыкIутIанэм къигъэпэжакъым
2021-04-22
- Дунейм къэрал куэдыкIей тетщ, я ухуэкIэми щызекIуэ хабзэхэми дэ зыри хэдмыкIыщIыу. Шэч хэмылъу абыхэм ящыщщ Африкэм и нэхъ къэрал цIыкIу дыдэ Свазилендыр. Зы щIыпIэ гуэрым Мозамбикым зымащIэкIэ къыщыпыщIами, абы и гъунапкъэ псори ЮАР-м и щIыналъэмкIэ къэухъуреихьащ.
- Испан гъуэгурыкIуэ Гальярдэ Хуго итхыгъащ: «Сэ мызэ-мытIэу Свазилендым сыщыIащ. НэгъуэщI къэралым и цIыху сэ абы щызекIуэ политикэ хабзэхэм си Iуэху хэлъкъым, ауэ и щIыуэпсыр зэрытелъыджэ дыдэр икIи зэмылIэужьыгъуэ куэдыкIейуэ зэрызэхэлъыр жысIэфынущ. И дуней щытыкIэр-щэ? Абы и хьэуам зыщыбгъэнщIыркъым. Сэ Iэджэрэ зэхэсхащ щIыналъэм щыпсэухэм жаIэу: «Мыгувэу щIыIэ хъунущ — щIымахуэр къокIуэ». ГушыIэххэтэкъым. Ауэ ар дыхьэшхэнщ: мыбы гъэмахуэмрэ щIымахуэмрэ градуси 3 — 4 нэхърэ нэхъыбэкIэ щызэщхьэщыкIыркъым. Сэ щIыпIэ куэдым сыщыIащ, ауэ Свазилендым нэхърэ нэхъ къэрал телъыджэ срихьэлIакъым».
- Къэралым щынэхъыбэ свазихэр зэгуэр Iусащ Индие хым и Iуфэм. Абыхэм зэпымыууэ ятеуэрт фIы зигу имылъ я гъунэгъухэр. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу ХVIII лIэщIыгъуэм ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ Iэпхъуэн хуей хъуащ. Абдеж щыпсэурт зулу лъэпкъым щыщ цIыхухэр. Абыхэмрэ свазихэмрэ зыкъомрэ зэзэуа иужь текIуащ къэIэпхъуахэр. Свазихэм я деж тетыгъуэр щызыIыгъ Собхузэ къэралыщIэм и пащтыхьу зыкъилъытэжащ. Мис апхуэдэу къэунэхуащ Свазилендыр.
- ХIХ лIэщIыгъуэм мыбы къакIуэу хуежьащ бурхэр. ИкIэм икIэжым 1894 гъэм къэралыр езыхэм я республикэм хагъэхьэпащ.
- Инджылызхэр бурхэм ятекIуэри, Свазилендыр Британием и протекторат хъуащ. Ахэр а къэралым щызекIуэ хабзэхэм хэIэбакъым: пащтыхьхэм я властыр къызэтрагъэнащ 1968 гъэм Свазилендыр щхьэхуит хъуащ.
- УнагъуэлI хъарзынэщ
- КъухьэпIэм и лъапIэныгъэхэм дихьэха пащтыхьым мурад ищIащ демократие зэфIигъэувэну. Къэралым конституци политикэ партхэри иIэ хъуащ. 1964 гъэм, уеблэмэ, парламент хэхыныгъэхэр щекIуэкIащ. Абы щыгъуэм пащтыхь Собхузэ ЕтIуанэм къызэригъэпэща партыр зэрытекIуам къыхэкIыу псори зэпIэзэрыту къэнэжащ.
- 1973 гъэм екIуэкIа зи чэзу хэхыныгъэхэм хэхакIуэхэм я процент 18-м Iэ щыхуаIэтащ оппозицэм и партым. Ар пащтыхьым езым и властым дежкIэ шынагъуэу къилъытащ. АпхуэдизкIэ губжьати, парламентыр зэрызэбгрихуам, конституцэр зэрикъутэжам и мызакъуэу, партхэри профсоюзхэри щыIэну хуит зымыщI унафэ къыдигъэкIащ, ахэр «щIэпхъаджащIэ зэгухьэныгъэхэу» жиIэри.
- Мы зэманым Мсвати Ещанэм и закъуэщ къанэ щымыIэу къэралым и власть псори зыIэщIэлъу Африкэм узыщрихьэлIэнур. Езы Мсвати лъагъуныгъэр къызэбэкI цIыхущ, ауэ сыт щыгъуи къыхигъэщхьэхукIын фIэфIщ унагъуэлI хъарзынэу зэрыщытыр икIи фIыуэ илъагъухэм зэи зэремыпцIыжыр. АрщхьэкIэ пащтыхьым и пIэ итамэ, зи щхьэгъусэхэм епцIыжыну цIыхухъу къэгъуэтыгъуейщ. Мсвати игу ирихьа цIыхубзыр фызу къишэ хъунущ лъэпощхьэпо гуэри къыхэмыкIыу. Абы ар зыми пиубыдыфынукъым — езыращ, зэрыжаIэщи, щхьэри лъакъуэри зыIэщIэлъыр.
- Апхуэдэ щIыкIэкIэ Мсвати Ещанэм фыз 15 иIэт и ныбжьыр илъэс 49-рэ щрикъуам. Къэралым и къулеигъэ псори зэрызэригъакIуэм и фIыгъэкIэ абы сыт хуэдиз бынри хуэгъэшхэнущ. Арати, Мсвати бын 25-м я адэ хъуащ.
- Пэжщ, Свазилендым, уеблэмэ, пащтыхьым и дежкIи лъэпощхьэпо закъуэ щыIэщ: а къэралым щIалэмрэ хъыджэбзымрэ щызэрышэн папщIэ зэрыузыншэм щыхьэт техъуэ медицинэ тхылъ яIэн хуейщ — мыбы СПИД щапкърытщ дэтхэнэ цIыху еплIанэми.
- Мсвати Ещанэм бын 25-рэ зэриIэр зыми игъэщIагъуэркъым, хэбгъэзыхьмэ, языныкъуэхэм ар яфIэмащIэщ. Мсвати зыдэплъеин иIэщ — абы и адэ Собхузэ етIуанэм къуэ къудейуэ 67-рэ иIащ. Пэжщ, иджырей пащтыхьым зэман иIэщ и адэм лъэщIыхьэжыну.
- Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ
- Зи чэзу бзылъхугъэр щхьэгъусэ ищIын папщIэ пащтыхьыр гугъу ехьыркъым. Свазилендым илъэс къэс щаIэт умханга гуфIэгъуэр. Ар еух ныкъуэпцIанэ хъыджэбз ныбжьыщIэ мин 70 хуэдизыр пащтыхьым и пащхьэм къыщофэри. Ахэр псори абы къыдэкIуэну хуейщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, цIыху къызэрыгуэкIым и дежкIэ абыхэм яхэдэныр тыншкъым, хэбгъэзыхьмэ, хузэфIэмыкIынщ. Ауэ ар хузэфIокI пащтыхьым. Зэгуэр Мсвати журналистым абы теухуа и упшIэм мыпхуэдэ жэуап иритауэ щытащ: «Сэ си фызыр си нэхэмкIэ я мызакъуэу, сигукIи къыхызох».
- АрщхьэкIэ щылъэпэрэпаи щыIащ: Мсвати Ещанэм къищIащ и епщыкIутIанэ щхьэгъусэ Нотандэ къызэрепцIыжыр. Ар апхуэдизкIэ и жагъуэ хъуати, гууз хих пэтащ.
- Зэгуэр абы жраIащ: «Иджыпсту уи уардэунэр ибгынащ уи фыз 12-нэм ещхьыркъабзэ сэлэтым». Абы щыгъуэм пащтыхьым ар къыфIэIуэхуакъым, ауэ и фызыр и пэшым щIэмысу къыщIэкIащ. Лъапсэр зэрыщыту къаплъыхьри, ягъуэтакъым. ИтIанэ пащтыхьым унафэ ищIащ Ноландэ кIэлъыплъыну. Мыгувэу къыжраIащ и фыз епщыкIутIанэр хьэщIэщым зэрыкIуар, зыщIыхьа номерыр Мсвати езым и щхьэкIэ а номерым щыкIуам абы Нотандэ юстицэмкIэ министрым, жытIэнщи, и ныбжьэгъу дыдэм, щригъусэу ирихьэлIащ.
- МинистрырягъэтIысащ, ауэНотандэ разводи иратакъым. Ар пащтыхьым и анэябгэм и дежягъэкIуакъудейщщыпсэуну. Ауэ, зэрыжаIэмкIэ, абы апхуэдизужьэ бзаджэзэщIехри, и гъусэуупсэунэхърэ, лъэхъуэщымуисминэхъыфIщ.