ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мао бзухэм ярищIылIазауэр

2021-04-22

  • ЛIэщIыгъуэ куэдкIэ ягъэунэхуащ щIыуэпсым къызэрыпхуимыгъэгъур: ди Тхьэшхуэм лей гуэри къигъэщIакъым. А хабзэм ебакъуэри фIы хуэзэнукъым. 50 гъэхэм я кIэухым Китай ЦIыхубэ Республикэм политикэ щытыкIэр зэпIэзэрыт щыхъуат: къэралыщIэр быдэу техьат социализмэм и гъуэгум. Пэжщ, ар иджыри хуабжьу къыкIэрыхуат, цIыхухэр къулейсызу, зыхуей ямыгъуэту псэурт. АрщхьэкIэ яIэт зэрыгушхуэн — егъэджакIуэ Iущ икIи вождь Цзэдун Мао. Абы къигупсысащ къэрал2222ым и экономикэм псынщIэ дыдэу зэрызиужьыну Iэмалхэр щызэхуэхьэса «ПсынщIэу зичын» программэр. А стратегием увыпIэшхуэ щиубыдырт «зэран хъухэм ебэныным». ЯпэщIыкIэ щыIэну зыхуэмыфащэхэм хагъэхьащ дзыгъуэшхуэхэр, уз зэрыцIалэхэр зезыхьэ бадзэхэмрэ гъудэхэмрэ. Ауэ зыкъомрэ иризэдэуа иужь, абыхэм щIагъужащ бзу гъуабжьэжь цIыкIухэри. Еджагъэшхуэхэм «социализмэр зыухуэхэм я бийуэ» къыщIрагъэдзащ мэкъумэшыщIэхэм я гъавэ хьэсэхэр зыунэщI я а «дыгъуакIуэхэр». Есэпхэр зэпалъыта иужь, абыхэм зы илъэсым цIыху мелуан 35-рэ зрикъуну гъавэ яшхыу къабжащ.

  • Пэжщ, еджагъэшхуэхэм къахэкIащ бзухэр зэтебукIэ зэрымыхъунур, ар щIыуэпсым и дежкIэ удыну зэрыщытыр къызыгурыIуэ.
  • Псым и дежкIэ егъэлеяуэ зэрышынагъуэр къагуригъэIуэну хущIэкъуахэри яхэтащ. Ауэ апхуэдэ щIэныгъэлIхэм жаIэхэм едэIуакъым.
  • Арати, Iуэхум яужь ихьащ зрамылъэфыхьу. ЯпэщIыкIэ къахутащ къуалэжь цIыкIухэр лъэтауэ дакъикъэ 15 нэхъыбэкIэ уэгум зэримытыфыр. Ар уващ 1958 гъэм накъыгъэм и 18-м КПК-м и VIII съездым и етIуанэ сессием къыщащта унафэр зэрагъэзащIэ лъабжьэу. Бзухэм иращIылIа зауэм хыхьащ балигъхэри сабийхэри. Къалэшхуэхэм цIыхухэр бэрэбан еуэу, чэтэн зыфIэпха баш кIыхьхэр ягъэхуарзэу уэрамхэм щыдэтт а псэущхьэ тхьэмыщкIэхэр ягъащтэу. КъамыгъэтIыс бзухэр къехуэхырти лIэрт, я къарур зэраухыу. КъыхэжаныкIырт мывэ зэрадз хьэфэхэмкIэ ахэр шэрыуэу къэзыукI пионерхэри. МэкъумэшыщIэхэри жыджэрт: къыхуащIа унафэр ягъэзащIэу ахэр губгъуэхэм итт, Iуащхьэхэм тест кIэструлхэм еуэурэ Iэуэлъэуэшхуэ ирагъэщIу. Бзухэм Iэмал иратыртэкъым къэтIысу загъэпсэхуну. А псоми къадэкIуэу ахэр щхъухь зыхэлъ удзхэмкIэ ягъалIэрт, фочхэмкIэ зэтраукIэрт. Махуищым къриубыдэу Пекинрэ Шанхайрэ бзу мин 900 хуэдиз дунейм щрагъэхыжащ. Зэрыщыту къэрал псор къапщтэмэ, апхуэдэ псэущхьэ меларди 2-м щIигъу щагъэлIащ. Коммунистхэр гуфIэрт: бзу гъуабжэжь цIыкIухэм ятекIуат. Зыри егупсысыртэкъым абы зыхуишэнум. Пэжу, япэ илъэсым гъавэу зыкъомкIэ нэхыбэ кърахьэлIащ. Ауэ мыгъуагъэр кыщыкIуар иужькIэщ. Бзухэм я хабзэт щIымахуэр цIыхухэм я псэупIэхэм я гъунэгъуу щрахыу, ауэ гъатхэр къызэрысу губгъуэхэм Iэпхъуэрти, хьэпIацIэхэр, хьэпщхупщ зэмылIэужьыгъуэхэр яшхырт. Хуит хъуа иужьрейхэм хьэсэхэр ягъэкIуэщIу хуежьащ къэкIыгъэхэр щIым къызэрыхэкIыу.
  • ЗэкIэлъыкIуэу иужь илъэсищым гъавэу кърахьэлIар мащIэ дыдэщ. Къэралыр гъаблэ ткIийм зэщIиIулIащ. Тхыдэм ищIэжыркъым апхуэдэ насыпыншагъэ ин нэхъапэм щыIауэ. Псори зэхэту цIыху мелуан 30-м нэс мэжэщIалIагъэм илIыкIауэ къалъытэ. ЩIыпIэ-щIыпIэхэм цIыхул яшхыу щыщIадзащ.
  • АрщхьэкIэ парт къулыкъущIэхэм щытыкIэр зэрахьэкIырти, гъавэ бэв кърахьэлIа хуэдэу ягъэвурт: Мао Цзэдун здэкIуэ щIыналъэм гъавэ псори щызэхуахьэсырти, ирагъэлъагъурт зыщытхъужу.
  • Ауэ пэжыр яхущIэуфакъым. Пэжщ, къэхъуар Мао и гум ежэлIакъым. ЗэрыщыуамкIэ зиумысыжри, жиIащ: «Бзухэр укIын хуейкъым». Иджы дунейм егъэхыжын хуейр дзыгъуэшхуэхэм, бадзэхэм, аргъуейхэм я закъуэт. Бзухэр епIэщIэкIыу ирашащ СССР-мрэ Канадэмрэ. Мис апхуэдэу иухащ «щэнхабзэ революцэм» ещхьу цIыху мелуанхэм я гъащIэр зыхьа Iуэхур.