Уэрэдырщ къанэр
2021-04-20
- Иджыблагъэ дунейм къытехьащ ЗэрамыщIэ Заретэ «Лъахэ уэрэдхэр» зыфIища уэрэдылъэ телъыджэр.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЗэрамыщIэ Заретэ и тхылъ еханэщ иджырейр. Адыгэ уэрэди 101-рэ зэхуихьэсыжауэ, зэригъэпэщыжауэ, нотэкIэ итхыжауэ мы къыдэкIыгъуэм ихуащ. Ахэр еджакIуэхэм, уэрэджыIакIуэхэм нэхъ тыншу зэрызрагъэщIэфынум хуэгъэпсащ.
- Композитор цIэрыIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист ХьэIупэ ДжэбрэIил тхылъым и псалъэпэм Заретэ и зэфIэкI лъагэм гуапэу щытопсэлъыхь:
- — Адыгэм къыщIэна псалъэ пэжхэм ящыщщ «Псори мэкIуэдри, уэрэдыр къонэ» жыIэгъуэр. Уэрэд зыфIэфIу Заретэ къэзымыцIыху Къэбэрдейм ису си фIэщ хъуркъым. Ар уэрэдусщ, пшынауэ Iэзэщ, уэрэд жеIэ, ауэ куэдым ящIэу къыщIэкIынкъым абы IуэрыIуатэ зэрызэхуихьэсыжыр. НэхъапэкIэ езы Заретэ зэхуихьэсы- жауэ, нотэкIэ тхыжауэ, пшынауэхэм я псэукIэр игъусэжу «Ди хэкум и пшыналъэхэр» къафалъэр 2003 гъэм къыдигъэкIащ. 2008-м, 2009-м тхылъитI: «Насыпыр аращ» (уэрэдылъэ), «Адыгэ лъэпкъ уэрэдхэмрэ дзапэ уэрэдхэмрэ» (пшынэм папщIэ). Иджы ди пащхьэ кърилъхьар куэд хъу къудейкъым — ахэр губзыгъэу зэхэдзащ, нобэр къыздэсым зейр ды- мыщIэу жытIэ, дыкъызыдэфэ куэдым я къежьапIэр къиугъуеящ. Уи лъэпкъ тхыдэм къыщIэнауэ зыри бгъэкIуэд хъунукъым, икIи абы ипкъ иткIэ, Заре-тэ ищIэ, ищIа лэжьыгъэхэм пщIэ лей яхуэфащэщ. Сэ мыпхуэдэу жысIэнт: «Адыгэ лъэпкъым уэрэду, къафэу зэбгрипхъа налкъутналмэсыр къищыпыжауэ щыгъэ дахэу (тхылъу) ди пащхьэ кърелъхьэж». И лэжьыгъэр псалъащхьэ 15-у гуэшащ. Абыхэм зэрыслъэкIкIэ сапхыплъати, къыхэсхар зыщ: сыту фIыт ЗэрамыщIэ Заретэ хуэдэ цIыху дызэриIэр. Лъэпкъым Тхьэм тхуигъэпсэу ар! Дэтхэ- нэ зы адыгэми и хьэкъыу собж апхуэ-дэ цIыху гумызагъэ зиIэм зыщIигъэкъуэн хуейуэ.
- ЦIыхубэу къалъытэу щыта языныкъуэ уэрэдхэр зи IэдакъэщIэкIхэр ЗэрамыщIэм и фIыгъэкIэ наIуэ хъужащ. Хамэ къэралхэм щыжаIэу щытахэм ящыщ куэд ПащIэ Ленэ къиIуэтэжащ, езы Заретэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм къагъэнэIуахэри мащIэкъым.
- — Музейхэм я махуэу, сабий езгъаджэхэр си гъусэу, ПащIэ Ленэ Бэчмырзэ и музейм дригъэблагъэри, и творчествэм къытхутепсэлъыхьа иужькIэ усакIуэм теухуауэ тхылъ гъуэзэджэ тыгъэ къысхуищIат, — тхылъым и къежьапIэ хъуамкIэ къыддогуашэ ЗэрамыщIэ Заретэ. — Сэ абы сригъэгупсысащ: «Уэзы Мурат» уэрэдыр Бэчмырзэ зэритхар сощIэ, КъардэнгъущI Зырамыку «Бэчмырзэ и тхьэусыхэм» щытепсэлъыхьым, жиIащ: «Зы уэрэд, уэрэ- дитI ПащIэм иусащ». АтIэ, апхуэдизу джэгуакIуэшхуэу, хъуэхъу шэрыуэхэр зыщIэу щытам, хьэрып хьэрфхэр къигъэсэбэпурэ, алфавит зэхэзылъхьам, ярэби, уэрэдитI фIэкIа имытхар пэж? А упщIэм и жэуапым Iэнкун сищIащ: «ЦIыхур дунейм токIыж, уэрэдхэр къонэри. ЦIыхубэм пса-лъэр ягъэбэгъуэжурэ, лъэхъэнэм елъытауэ ягъэщIэрэщIэжурэ, уеблэмэ уэрэдыжь фIащри, зытхар къыпхуэмыгъуэтыж мэхъу!». А лъэхьэнэм хуэзэу псэуа уэрэдусхэу, джэгуа- кIуэ-уэрэджыIакIуэхэу Къэбэрдейм я цIэ къыщраIуэу щытащ ПащIэ Бэчмырзэ, Сыжажэ Къылъшыкъуэ, Лэтокъуэ Iэсхьэд, Абазэ Къамбот, Щоджэн Iэсхьэд, Къазий Мамышэ, Црым Жэмалдин, Агънокъуэ Лашэ, ХьэхъупащIэ Амырхъан, Къэжэр Индрис сымэ. Абыхэм я тхыгъэхэм хэти гушыIэр и лъабжьэщ, хэти гъыбзэхэр и бэщ. ЗэманкIэ зызогъапщэри, хэти нэхъыжьщ, хэти нэхъыщIэщ. Языныкъуэхэри уэрэджыIакIуэу, уэрэдыжьхэр ягъэзащIэу, яхъумэжауэ щытщ. Апхуэдэу щыхъум, Бэчмырзэ тепсэ- лъыхьахэр къэслъыхъуэурэ, абы итха уэрэдхэр нэхъыбэу къыщIэкIащ. Ар къыхощ Нало Заур, КIурашын БетIал, Пщыбий Инал сымэ я тхыгъэхэм. ПащIэ Бэчмырзэ япэ цIыхубэ усакIуэу ябж, уэрэдрэ гъыбзэу иусам и бжыгъэр зыми ищIэркъым, псалъэхэри макъамэхэри цIыхубэ хъужауэ, цIыхум къахэнэжауэ щыIэр нэхъыбэжщ.
- ИужькIэ, ПащIэ Ленэ и творчест-вэм нэхъ гъунэгъу зыхуэсщIати, и гъащIэм теухуауэ гъэщIэгъуэн куэд къэсщIащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, Ле-нэрэ сэрэ ди гъуэгухэр зырызу екIуэкIами, си уэрэдхэмкIэ дызэпыщIауэ къыщIэкIащ. Абы и концертхэр зытет пленкэхэм сеплъурэ солъагъу: си уэрэдхэм ящыщ яжреIэ хамэ къэ- рал щыпсэу адыгэхэм, Iэгуауэ ин-хэри хуаIэт. Сэ стхауи дэнэ щищIэнт? Сэри зэхуэсхьэсыжа уэрэдхэм щыгъуазэ сщIащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ПащIэ Ленэ мы уэрэдылъэм елэжьыным щIэдзапIэфI хуэхъуащ. ФIыщIэ ин хузощI, и гъащIэм, и творчествэм, и гукъыдэжым пищэну сыхуохъуахъуэ.
- Тхылъыр къызэIуех ПащIэ Бэчмырзэ и творчествэмкIэ, абы и IэдакъэщIэкIхэмкIэ. Абы къыкIэлъокIуэ Лэтокъуэ Iэсхьэд, Мэсей Исуп, Абазэ Къамбот, Къатхъэн Назир, Къарэмырзэ Мухьэмэд, Сыжажэ Къылъшыкъуэ, Шумахуэ Инарыкъуэ, ХьэхъупащIэ Амырхъан, ХьэIупэ Нинэ сымэ, нэгъуэщIхэми я уэрэдхэр, нарт пшыналъэхэр. Апхуэдэуи къыдэкIыгъуэм итщ цIыхубэ лIыхъужь уэрэдхэр, цIыхухъу лъагъуныгъэ, тхьэусыхэ уэрэдхэмрэ гъыбзэхэмрэ, псоми я нотэхэри ягъусэщ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ уэрэд къэс и хъыбарыр зэрыдэщIыгъум тхылъым и фIагъыр, и мыхьэнэр нэхъ лъагэ зэращIыр.
- ЗэрамыщIэр хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм жыджэру ядолажьэ. Авторым жеIэ хэхэс адыгэхэм, хэкум зэрырахам хуэдэу, зэхъуэкIыныгъэшхуэ ямыгъуэтауэ IуэрыIуатэм и Iыхьэ куэд зэрахъумар, уэрэдымрэ макъамэмрэ абы дэщIыгъуу. Заретэ зыкъыщIэзыгъэкъуауэ фIыщIэ ин зыхуищIхэм ящыщщ адыгэлI ахъырзэман, и IуэхущIафэхэмрэ уэрэд дахэхэмкIэ хамэ къэралми адэжь хэкуми щыцIэрыIуэ Къущхьэ Догъэн.
- ЗэрамыщIэм и «Лъахэ уэрэдхэр» серием и япэ тхылъщ. Абы къыкIэлъыкIуэ Iыхьэм цIыхубз уэрэдхэр щызэхуэхьэсащ, ещанэ тхылъым хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэм къащIэна уэрэдхэр, еплIанэмрэ етхуанэмрэ хэкум, щIыналъэм, анэм ятеухуауэ цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа уэрэдхэр итынущ.
- Тхылъым и етIуанэ Iыхьэри мыгу-вэу дунейм къытехьэнущи, тIуми зэгъусэу лъэтеувэ хуащIыну я мурадщ. Уэрэдылъэм и тиражыр 1000 мэхъу, Налшык дэт «Печатный двор»-м зыхуей хуэзэу, тхылъымпIэфIкIэ тедзауэ къыщыдэкIащ. Ар дунейм къытехьэнымкIэ щIэгъэкъуэн хъуа хьэрычэтыщIэхэу Хьэрэдурэ Заурбийрэ ЛъэнкIэпIашэ Ларисэрэ фIыщIэ псалъэкIэ захуегъазэ Заретэ.
- Япэ Iыхьэр къэзыщэхуну хуейхэм «Книжная среда» тхылъ щапIэм щагъуэтынущ.
- ЗэрамыщIэ Зарети, тхылъыр къызыхэхъуа адыгэ лъэпкъми дохъуэхъу.Шэч хэмылъу, ар лъэпкъым сыт зэмани къыхуэсэбэпын, къигъэщхьэпэн къыдэкIыгъуэщ. АдэкIи ефIэкIуэну ди гуапэщ.
- Щомахуэ Залинэ.